ГъущI лъапIэхэм къыхэщIыкIа ахъшэхэр
2021-10-28
- Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм дяпэкIэ щагъуэ-тынущ инвестицэ зыхалъхьэ «Георгий По бедоносец» дыщэ ахъшэхэр. Ахэр сом 25-рэ, 100, 200-м хуэкIуэу щытынущ. «Георгий Победоносец» ахъшэщIэхэр Урысейм и Банкым къыдигъэкIащ 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м. Псори зэхэту абыхэм я куэдагъыр 100000 хъууэ аращ. Ахъшэхэр къыхэщIыкIащ 999 фIагъ зиIэ дыщэм.
- КъищынэмыщIауэ, банкым ещэ нэхъапэIуэкIэ къыдагъэкIа, псоми яцIыху, сом 50 хъу «Георгий Победоносец» дыщэ ахъшэхэр. Ахэр къыщыпщэху хъунущ «Мэкъумэшбанкым» и маркетплейс интернет гуэдзэным. Дыщэ ахъшэ 20-м щIигъу къэзыщэхум дэзычых зиIэ уасэ щхьэхуэ къыхуагъэлъагъуэ. Апхуэдэу Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и дэтхэнэ къудамэми къыпIэрагъэхьэнущ. Абыхэм узыхуейм хуэдиз дыщэ ахъшэ щымыIэмэ, «Нэхъыбэ сыхуейщ» кнопкэмкIэ узыхуэныкъуэм хуэдиз къыпхуашэну хъыбар ебгъащIэ хъунущ.
- 2020 гъэм и фокIадэм «Мэкъумэшбанкым» иригъэжьащ маркетплейс интернет напэкIуэцIыр. Иджыпсту сайтым къыщыхьащ фэеплъ, инвестицэ ахъшэ зэмылIэужьыгъуэ 500-м щIигъу. НапэкIуэцIыр къызэIузыхам абы щигъуэтынущ езым е махуэшхуэ гуэрым хухэха хьэлэмэт куэд. Псоми зыщыбгъэгъуазэ хъунущ Банкым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэ-хэм е интернет-тыкуэным http://coins.rshb.ru.
- «2021 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ищащ ахъшэ 246-рэ, абыхэм ящыщу 124-рэ «Георгий Победоносец» кIыдэкIыгъуэм щыщщ. Псори зэхэту сом мелуани 4,3-рэ къыпэкIуащ икIи гъущI лъапIэхэм къыхэщыкIа ахъшэхэр щэным теухуауэ щыIэ планыр проценти 132-кIэ дгъэзэщIа хъуащ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа IуэхугъуэхэмкIэ къудамэм иригъэжьа жыджэрагъым тетщ», — къы-хигъэщащ Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.
- Къэхъун Бэч.