ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Азербайджанхэр ди  республикэм щохьэщIэ

2021-10-28

  • Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр. Ар къызэрагъэпэщащ Кавказым и пщафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием.

  • ЗэIущIэр къыщызэIуахащ икIи хьэщIэхэмрэ журналистхэмрэ щызэхуэзащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым икIи щIидзэн и пэ къихуэу КIуэкIуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ.
  • Азербайджаным къикIахэр ирагъэблэгъащ КъБКъМУ-м и проректор Азычэ Светланэ, Сату-технологие факульте-тым и декан ЛIуп Тимур сымэ.
  • Дуней псом къыщацIыху IэщIагъэлI лъэрызехьэ защIэщ Азербайджаным щыщ пщафIэхэр. Пресс-конференцым хэтащ Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ  унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и президент, Дунейпсо ислъам пщафIэ зэгухьэныгъэм и вице-президент, инженер-технолог, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, профессор Амирасланов Тахир. Абы и гъусэт езым и къуэдзэу, технолог цIэрыIуэхэу, пщафIэ Iэзэхэу Аскеровэ Джейран, Алескеровэ-Кузу Гюльнар, Кулиевэ Тунзаля, Гасановэ Салтанат сымэ. Апхуэдэуи зэхыхьэм щыIащ Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм и правленэм хэт, WAGS и дунейпсо класс зиIэ судья Перевоз Денис.
  • Журналистхэм я упщIэхэм жэуап щратым, хьэщIэхэм жаIащ лъэпкъ ерыскъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыхум дежкIи псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр.
  • — Лъэпкъым езым и хабзэ, и бзэ, и пшыналъэ, къафэ зэриIэм, абы зэриIэтым хуэдабзэщ и шхыныгъуэхэри, — жеIэ Амираслановым. — Сэ къуажэм сыкъыщыхъуащ, ди анэшхуэхэм я пщэфIэкIэр слъэгъуащ. Балигъ гъащIэм сыхэбэкъуа нэужь, Ленинград еджапIэм сыщIэтIысхьэри, абдеж щыщIидзащ пщафIэм и гъуэгуанэм. Сызыпэрыт Iуэхур къызэрыгуэкIкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым ипщэфIымрэ ишхымрэ къегъэлъагъуэ абы и дуней тетыкIэри, и псэкупсэ къулеягъри, и шыфэлIыфэри. Апхуэдабзэу туризмэм зегъэужьынымкIэ япэ итхэм ящыщщ пщэфIапIэр. Уеблэмэ абы и хэхъуэм и процент 20 — 30-р къыхуэзы-хьыр ерыскъыращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, туристыр хамэ къэрал, хамэ къалэ щIэкIуэр зэса шхын щхьэкIэкъым, атIэ нэхъ щIэщыгъуэ гуэр зыIуигъэхуэн папщIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым франджы ресторан къыщызэIупхкIэ, франджы туристхэр къыпхудэхьэхынукъым, ауэ балъкъэр хъыршын, адыгэ джэдлыбжьэ ебгъэшхмэ, арэзы хъуауэ ежьэжы-       нущ.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым и генеральнэ унафэщI, Азербайджаным и пщафIэхэм         я лъэпкъ ассоциацэм и президент Амирасланов Тахир и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу зи ужь итыр азербайджан шхыныгъуэхэр дунейпсо утыку ихьэнырщ, ахэр цIэрыIуэ щIынырщ. Апхуэдэ мурадкIэ къэрал куэдым щIэх-щIэхыурэ макIуэ, уеблэмэ, къэрал унафэщIхэр кърихьэлIэу Азербайджан шхыныгъуэм и махуэхэр хамэ къэралхэм къыщызэрегъэпэщ. Апхуэдэу ар щыIащ Тыркум, Ираным, Украинэм, Кореем, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Пакистаным, Инджылызым, Германием, Молдовэм, Сербием, Узбекистаным, нэгъуэщI куэдми.
  • Журналистхэм къазэрепсэлъам нэмыщI, Амираслановыр КъБКъМУ-м и студентхэм яхуэзащ икIи азербайджан шхыныгъуэхэмрэ кавказ пщэфIапIэмрэ ди къэралми хамэ къэралхэми щаIэ мыхьэнэм яхутепсэлъыхьащ.
  • А махуэм хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну жыпхъэм теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
  • Махуищым къриубыдэу Iуэху дахэ икIи «IэфI» куэд щекIуэкIащ ди лъахэм. Кавказым и пщафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм хэтхэм ерыскъыхэр ягъэхьэзыращ, абы жэрдэм зиIэхэр хуагъэсащ. ХьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу азербайджан хэхэсхэм я центрым икIи пшыхь екIу къыхузэрагъэпэщащ.
  • Гукъинэж хъуащ «Акрополь» щэнхабзэ-нэгузыужь центрым щекIуэкIа Iуэху нэхъыщхьэри — абы хьэщIэ-хэм щагъэлъэгъуащ азербайджан ерыскъыхэкIхэм я пщэфIыкIэмрэ ар Iэнэм къызэрытрагъэувэмрэ. Пшыхьым кърагъэблэгъат ерыскъыхэм и IэфIагъыр къэзыпщытэну хьэщIэхэри. Iэнэм и тепщэу щытар, дауи, азербайджан плов гурыхьырт. Плов нэхъ IэфI дыдэу дунейм тетыр азербайджанхэм ящIрауэ хуагъэфащэ, абы и пщэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэу зыкъом зыщIэ Амирасланов Тахир и унафэм щIэт пщащэ пщафIэхэм ар къазэрехъулIам шэч хэлъкъым.
  • Зэхыхьэр дыгъуасэ щызэхуащIыжащ «Сосрыкъуэ» турист комплексым. Мис абдеж къеблэгъахэм хьэщIагъэ щрахащ ди хэкуэгъухэми. Бысымхэм хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я шхын хэплъыхьахэм я гъэхьэзырыкIэмрэ я IэфIагъымрэ. «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр — Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэхур щызэхуащIыжым Кавказ пщэфIапIэм щытепщэ лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыфIхэр зытет Iэнэ берычэт къагъэуващ, пщафIэ цIэрыIуэ куэди щызэхуэзащ, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэри щызэIэпахащ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.