«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм санитар хабзэхэр щызокIуэ
2021-10-28
- Жэпуэгъуэм и 27-м щыщIэдзауэ «Iуащхьэмахуэ» курортым и кIапсэ гъуэгухэм урикIуэн папщIэ QR-код, иужьрей мазихым къриубыдэу зэрысымэджамкIэ тхылъ е узыфэр зэрыпкърымытымкIэ ПЦР-тест уиIэн хуейщ. Абы теухуа унафэр КъБР-м и Iэтащхьэм и сайтым къралъхьащ.
- Бгы-лыжэ лъэхъэнэр къызэIуахыным ипэ зыплъыхьакIуэ билетхэр къыщащэху кассэм деж зи гугъу тщIа тхылъымпIэхэр бгъэлъагъуэну къыпхуагъэувынущ. ИужькIэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм трагъэкIуадэ зэманыр ягъэмэщIэн папщIэ ахэр къыщапщытэнущ кассэм пэгъунэгъуу иIэ щIыпIэм. АдэкIэ кIуэну хуитыныгъэ яIэ хъуа нэужь, хьэщIэхэм къратынущ Iэпщэхъу щхьэхуэхэр, бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм удэзыхьей машинэхэм зэрырагъэтIысхьэну тхылъхэр (ски-пасс) къращэхуну.
- Унафэм зэритымкIэ, цIыхухэм яIыгъын хуейщ я паспортыр, узыр зэрыпкърымытым щыхьэт техъуэ тхылъ пэжыр. QR-кодыр электрон жыпхъэм тету бгъэлъагъуэ хъунущ.
- Мы зэманым «Iуащхьэмахуэ» курортым зыщызыгъэпсэхухэм Iэмал имыIэу медицинэ нэкIуIулъхьэр е лыжэм тетхэм я щхьэфIэкъуэр (балаклава) къагъэсэбэпын хуейщ. Щыгум удэзыхьей машинэхэм цIыхуиплI нэхъыбэ ирагъэтIысхьэркъым, зэпыIукIуэтауэ щытын папщIэ. ЗыгъэпсэхупIэм щагъэува шынагъуэншагъэ хабзэхэр зымыгъэзащIэхэм я «ски-пасс»-хэр зэхуащI.
- — Коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэр къэтхутэн папщIэ экспресс-тестхэр щатын мобильнэ лабораторэхэр зыгъэпсэхупIэм къыщызэдгъэпэщыну ди мурадщ. Ар сэбэп хъунущ QR-кодыр зэзыгъэпэщыну хунэмыса хьэщIэхэм дежкIэ. Узыфэр зэрапкърымытым щыхьэт техъуэ тестхэр къаIэрыхьэжа нэужь, абыхэм къащэхуфынущ бгым дэкIыну хуит зыщI тхылъыр. А Iэмалыр лъэхъэнэр къыщызэIутхыным ирихьэлIэу ди лэжьыгъэм къыхэдгъэхьэнущ, — жиIащ «КСК» АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
- «Iуащхьэмахуэ» курортым Covid-19-м зыщемыгъэубгъунымкIэ шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу цIыхухэр куэду щызэблэкI щIыпIэхэр щIэх-щIэхыурэ дезинфекцэ ящI, Iэхэр зэрагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр ягъэуващ.
- Тхьэхущынэ Ланэ.