ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэтуейм  и  тхыдэм къыпещэ

2021-10-28

  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Мамхэгъ Астемыр зэлэжь «Хатуей. Штрихи к истории селения и генеалогии жителей» проектым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр. Япэрей тхылъми хуэдэу, мыбыи щызэхуэхьэсащ Хьэтуей къуажэм и тхыдэм теухуауэ «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ хэку», «Газета Юга», «Советская молодежь», «Лескенская газета» (КъБР), «Вестник Карачаево-Черкессии» (КъШР) газетхэм къытехуа тхыгъэхэр.

  • КъыдэкIыгъуэм ихуахэм я нэхъыбэр зи IэдакъэщIэкIыр Мамхэгъ Астемырщ. Генерал-майор Анзор Хьэту и жылэм и къекIуэкIыкIам куууэ ухэзыгъэплъэж лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ Москва, Санкт-Петербург, Краснодар, Ставрополь, Тбилиси, Владикавказ, Налшык дэт къэрал дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхыгъэхэр. КъызыхэкIа лъэпкъым, къызыдэкIа къуажэм и блэкIар зэзыгъэщIэну хуеймкIэ мы тхылъыр хъугъуэфIыгъуэ мылъытэщ. Анзорхэ я лъэпкъым къыщрегъажьэри, жылэр зейуэ щыта Анзор Хьэту и гъащIэр, зэман зэхуэмыдэхэм къуажэм игъуэта зыужьыныгъэр, абы и цIыхухэм я псэукIар зэпкърыхауэ къегъэлъэгъуэж.
  • Совет властыр ягъэува нэужь, Анзор Хьэту и жылэм Старэ Урыху фIэщыгъэр иратауэ щытащ. 2005 гъэм УФ-м и Президентым и унафэм ипкъ иткIэ къуажэм фIащыжащ япэм иIа цIэр — Хьэтуей. А Iуэхугъуэ гуапэм, ар иджыпсту здэщыс щIыпIэм къызэрыIэпхъуэрэ илъэси 155-рэ, кIэлъыкIуэу илъэси 170-рэ щрикъум ягъэхьэзыра тхыгъэхэр къызэщIэзыкъуэжщ мы къыдэкIыгъуэр. Тхыгъэхэм я мызакъуэу, абы къыщыхьащ  жылэм  Хьэтуей цIэр зэригъуэтыжам теухуа махуэшхуэм ухэзыгъэплъэж сурэтхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ тхылъым и жинтыр, и гупэмкIи и щIыбымкIи, къуажэр зея генерал-майор Анзор Хьэту и сурэтымкIэ зэрыгъэщIэрэщIар.
  • ЦIыхум Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр къыщежьэр къыщыхъуа къуажэрщ. И жылэм  и  къэкIуэнум фIыкIэ щыгугъ, абы хузэфIэкI хуэзыщIэ цIыхущ зи гугъу тщIы тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Мамхэгъ Астемыр. Ар хэкупсэ, лъэпкъыпсэ нэсу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ Хьэтуей къуажэм и тхыдэм теухуауэ къыдэкIыгъуэ зыбжанэ зэригъэхьэзырам, адэкIи а Iуэхум къыпищэну зэримурадым.
  • Зи гугъу тщIы тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Лэскэн район Советым и депутат, 2003 — 2008 гъэхэм Хьэтуей къуажэм и администрацэм и унафэщIу щыта Мэремкъул Iумар- бий.
  • — Тхылъыр бгъэхьэзырыныр зы лэжьыгъэшхуэщ, абы и къыдэгъэкIынми Iуэхушхуэ пыщIащ. Къуажэм теухуауэ згъэхьэзыра тхылъхэр къыдэгъэкIынымкIэ сытым дежи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ жылэм къыдэкIа цIыху гуащIафIэхэр. Мы Iуэхур къыздиIыгъащ Мэремкъул Iумарбий. Къуажэм и тхыдэм хуищIа хэлъхьэныгъэущ ар сэ къызэрыслъытэри, адэкIи апхуэдэ Iуэху щхьэпэ куэд къехъулIэну си гуапэщ, — жиIащ Мамхэгъ Астемыр.
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.