ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къармэ Iэсият: «Уи  анэдэлъхубзэм  уригушхуэу, урипагэу  упсэун  хуейщ»  

2021-10-21

  • Адыгэбзэр хъумэным, хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэщIыным, анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъу къэгъэхъуным, сыт щыгъуи хуэдэу, иджыпстуи куэд ирогузавэ. Ауэ псалъэ къудей мыхъуу, ар IуэхукIэ щIэзыгъэбыдэфхэм ящыщщ ди псэлъэгъу, зи IэщIагъэкIэ психолог Къармэ Iэсият.

  • — Iэсият, «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм щызэфIэфх лэжьыгъэхэм куэд щIауэ ИнтернеткIэ сыкIэлъоплъ. Ар къызэIуфха зэрыхъуам и гугъу къытхуэщIыт.
  • — Сабийхэм я анэдэлъхубзэр егъэджыным теухуауэ ядэлэжьэн жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар, Iуэхур къыхэзылъхьар зи цIэ зыгъэIуну хуэмей адыгэ щIалихщ. Абыхэм мурад ящIат бэджэнду пэш къащтэу щIэблэм ди бзэр ирагъэджыну. Срагъэблагъэу, егъэджакIуэ къалэныр пщэрылъ къыщысщащIым арэзы сытехъуащ, сыту жыпIэмэ си щхьэкIэ си сабииплIым я нэхъыщIитIым сызэрыхуейм хуэдэу анэдэлъхубзэр зэраIурымылъыр си гукъеуэти. Пэжщ, сабийхэр зэкIуалIэ гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ зыхэт я ныбжьэгъухэм зыдрагъэкIун хуей мэхъу. Аращ си сабийхэм адыгэбзэр нэхъ зэраIэщIэмыхуным зэпымыууэ си нэIэ щIытезгъэтыр. IуэхущIапIэм къыщызэзгъэпэщ дерсхэм къекIуалIэ цIыкIухэм ныбжькIэ си сабий ещанэр — хъыджэбз цIыкIур — хеубыдэри къыздызошэ. Дерсхэр щызгъэхьэзыркIэ нэхъыжьитIыр здызогъэIэпыкъу. Апхуэдэу ахэри дерсхэм зэрыхъукIэ къокIуалIэри щIэсщ, кIэлъоплъ. Ар щIыжысIэращи, си бынхэмкIи мы Iуэхур зэрыщхьэпэр къызгурыIуэу 2020 гъэм и пэщIэдзэм сыхыхьащ лэжьыгъэм.
  • Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №38-м къыдэ-кIуэу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Дельфин» центрми психологыу сыщыIэщ. ЦIыкIухэм гуп-гупуи щхьэхуэуи садолажьэ. Бзэр щхьэхуэу сымыджами, адыгэ къуажэ сыкъыщыхъуащ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэфI дыди диIащ.
  • — Сыт хуэдэ ныбжьым ит уи деж къекIуалIэ цIыкIухэр? Сабий дапщэм уадэлажьэрэ иджыпсту?
  • — Я ныбжькIэ гуэшауэ гупитI диIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди деж къекIуалIэхэм я бжыгъэр иджыпсту тIэкIу нэхъ мащIэ хъуащ. Нэхъыжь гупым илъэси 9 — 13, нэхъыщIэхэм илъэси 5 — 7 хъухэр къекIуалIэу къекIуэкIащ. Иужьрейхэр нэхъыбэу пандемием и зэранкIэ нэгъуэщI къэралхэм, къалэхэм къикIыжа унагъуэхэм ящыщти, ягъэзэжащ.
  • Дылажьэурэ, жэрдэмщIакIуэ щIалэхэм я Iуэху дэмыкIыж хъуащ. IуэхущIапIэр зи жэрдэмхэм къызэIуаха фондыр щымыIэжми, апхуэдэу сыдэзыхьэха, гукъыдэж къызэзыт лэжьыгъэр зэпызгъэужыну сигу щимыдэм, щэбэт махуэм дыщызэхуэсын пэш пщIэкIэ нэхъ егъэзырабгъуу къэзгъуэтри, цIыкIухэр яфIэфIу къызэкIуалIэ дерсхэр адэкIи езгъэкIуэкIыну мурад быдэ сщIащ. Аращ и ужь зэманым ди дерсым къекIуалIэхэм уасэ яхуэзгъэувыным щхьэусыгъуэ хуэхъуари, щезгъаджэ пэшым, дерсхэм къыщыдгъэсэбэпыну дызыхуэныкъуэхэм хухэтхыну. Сабийхэми я адэ-анэхэм яжызоIэ ди дерсхэм къекIуэлIэну гукъыдэж зиIэ щыIэмэ, пщIэншэу къекIуалIэми дызэринэр, дызэрипсэр.
  • ТщIэр мащIэми, ди гупыр зэкIэ мыинми, сыхуейщ адэкIи зыдубгъуну, ди деж къекIуалIэхэм я бжыгъэм хэхъуэну. Нэхъыщхьэращи, сабийхэм дамыгъэхуу, яфIэфIу къокIуалIэ. Я бынхэр анэдэлъхубзэм зэрыдихьэхыр нэхъыжьхэми я гуапэщ.
  • — Фи IуэхущIапIэм зэреджэ «Адыгэ цIыкIу» логотипыр къыхэфха зэрыхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
  • — «Адыгэ цIыкIу» логотипыр сэр-сэру сщIащ. Сегупсысри, цIыхур еплъмэ нэхъ игу ириубыдэн папщIэ сыт къыщызгъэлъэгъуэн жысIэри, унэ цIыкIур къезэгъыу къэслъытащ. Бзэ лIэужьыгъуэ дапщэ пщIэми ар IункIыбзэIухщ, бжэ гуэр къыпхузэIузыхщ. Аращ абы щIэлъ мыхьэнэр. И хэку и куэщI исыжыну е хамэ щIыпIэ щыпсэуну къыхуихуэми, хамэ къэрал зыплъыхьакIуэ кIуэми, цIыхум бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпыну къыщыхуэщхьэпэ щыIэщ. Дэнэ щIыпIэ укъыщыхутэми, уи унэ ущIэсыжми, уи анэдэлъхубзэм и пщIэр пхъумэжын зэрыхуейр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Аращ а унэ цIыкIухэм къыщызгъэлъэгъуа гупсысэр.
  • Фи лэжьыгъэм къыпэджэжхэр зэрымымащIэр гуапэщ. Дерсхэр егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъухэм я гугъу уэзгъэщIынут.
  • — Мазищ ипэкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ зыбжанэм захуэзгъэзащ згъэхьэзыра планым къыщызгъэлъэгъуа темэм тету, я Iуэху зэрыхуэкIуэм хуэдэу, тхьэмахуэм зэ къытхуеблагъэу дерс ятыну. Абы егъэджакIуэ зыбжанэ къыпэджэжащ. Апхуэдэщ Шэджэм къалэм и курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу илъэс 20-м щIигъуауэ щылажьэ Къармэ Мадинэ, Налшык и курыт еджапIэ №8-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэмдэхъу Анфусэ, Налшык и курыт еджапIэ №4-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Къумахуэ Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Инстаграм напэкIуэцIым и фIыгъэкIэ цIыхуфI, цIыху гуапэ куэд къэсцIыхуащ. Ныкъусаныгъэ гуэрхэри къытхуэзыщIхэри щыIэщ, ауэ зыгуэркIэ сэбэп къытхуэхъумэ яфIэфIу къыддэIэпыкъуну хьэзыру зыкъытхуэзыгъазэ цIыху гуапэхэр нэхъыбэщ. Апхуэдэу цIыхухэр къызэрытпэджэжыр хуабжьу гуапэ сщохъу. Ди лэжьыгъэр зэхэзыхахэм ящыщу сомрэ чэнджэщкIэ къыддэIэпыкъухэр, хузэфIэкIымкIэ зыкъытщIэзыгъакъуэ цIыху щхьэхуэхэр зэрыщыIэр гуапэщ. Псоми я цIэ къыхэзгъэщынкъым, ауэ апхуэдэщ Къармэхьэблэ къуажэм Абыкъухэ я хьэщIэщыр зыгъэлажьэ щIалэр. ИнджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэ, адыгэбзэр егъэджынми гулъытэ ин хуэзыщI Дзасэжь Ларисэ и лэжьыгъэ щхьэпэхэр, Мэлей ФатIимэ и «Азбукэ», «Сабиигъуэ» тхылъхэр ди дерсхэм къыщыдогъэсэбэп. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу адыгэ щIалэ Емышэ Жантий Инстаграм напэкIуэцIымкIэ зыкъысхуигъазэри, адыгэбзэр зэребгъэджыну тхылъым и ссылкэр къысIэригъэхьащ. Иджыри ди лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэпыну дыхунэмысами, ари хьэлэмэтщ, щхьэпэщ.
  • — Iэсият, Инстаграм напэкIуэцIым сабийхэм папщIэ къыщызэбгъэпэщ зэпеуэхэм цIыкIухэр я зэфIэкI зэрыщеплъыжыр, адыгэбзэм нэхъри зэрыдригъэхьэхыр, абыхэм я фIыгъэкIэ бзэм гулъытэ нэхъыбэ зэрыхуащIыр нэрылъагъущ. А зэхьэзэхуэхэр дауэ къыхэплъхьа хъуа?
  • — «Принт-центр» тхылъ тедзапIэр зи унафэм щIэт, «Адыгэ цIыкIу» эмблемэм и сурэтышхуэр тхуэзыщIа Бекъул Леонид «адыгэмэ зыщыуа» тетрадхэр къэдгъэсэбэпыну тыгъэ къыщытхуищIым, куэдрэ сымыгупсысэу сабийхэм я къуажэм, къалэм, щIыпIэм теухуа усэ къеджэнымкIэ, псынщIэрыпсалъэ жаIэнымкIэ зэпеуэхэр къызэзгъэпэщри, къыхэжаныкIа-хэм а тетрадхэмкIэ сахуэупсащ. Щыпсэу щIыпIэми емылъытауэ, гупыж зыщI дэтхэнэ зы адыгэ цIыкIури зэхьэзэхуэм хэты-ну къезгъэблэгъащ. Ди Инстаграм напэкIуэцIым зэпеуэм хэтхэм къагъэхьа видеохэр къислъхьэурэ хэIущIыIу сщIащ икIи Iэ нэхъыбэ зыхуаIэтахэр текIуауэ къэтлъытащ. Зэхьэзэхуэм хэта псори дгъэлъэпIащ, зыри Iыхьэншэ дымыщIу. Апхуэдэ зэпеуэхэм дяпэкIи къыпысщэну, сабий нэхъыбэ си лэжьыгъэм къыхэсшэну си мурадщ.
  • — Зым и дежкIи щэхукъым техникэ ехьэжьам я зэманым къэхъу иджырей сабийхэр бзэм дебгъэхьэхын папщIэ дерсхэр нэхъ гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу бухуэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпрэ?
  • — Пэжщ, иджырей са-бийхэр къыдэхьэхыгъуафIэкъым. Си лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп Iэмал, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сабийхэр нэхъ тегушхуауэ        я бзэм зэрырипсэлъэфыным хуэщIахэр. ЕгъэджакIуэхэр си гъусэу, дерсхэр доубзыху. Ахэр сабийхэм щIэщыгъуэ ящыхъун хуэдэу къэдгупсысурэ къызыдогъэпэщ. АдыгэбзэкIэ дыпсалъэурэ доджэгу, усэ зыдогъащIэ, диктант дотх, макъамэхэм додаIуэ, дыкъофэ, хабзэм теухуа Iуэхугъуэхэм, дауэдапщэхэми гулъытэ яхудощI. КIэщIу жыпIэмэ, сабийхэр темызашэу нэхъ гъэщIэгъуэну ди зэманыр зэрыдгъэкIуэным дыхущIокъу.
  • — Фи дерсхэм мы гъэм къевгъэблэгъэнум, щэху хэмылъмэ, утезгъэпсэлъыхьынут , Iэсият?
  • — ШыкIэпшынауэ Iэзэ, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Еуаз Зубер къезгъэблэгъэ-ну си мурадщ. А макъамэ Iэмэпсымэм дихьэхмэ, хэт ищIэрэ сабийхэм абы зыхуагъэсэнкIи хъунщ. Арджэн зыщI Мазло Руслани къытхуеблагъэу а пасэрей IэщIагъэм и щэхухэм цIыкIухэр хигъэгъуэзэну сыщIохъуэпс. Апхуэдэу щапхъэ зытрах, ехъулIэныгъэ зиIэ цIыкIуи ини къезгъэблэгъэурэ дерс щIэщыгъуэ ирисщIыну си мурадщ.
  • — «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм къекIуалIэ сабийхэм я къэкIуэнур дауэ зэрыплъагъур?
  • — КъызэрыслъытэмкIэ, бзэ куэд пщIэныр фIыщ, ауэ а псом япэр уи бзэрщ. Иджырей щIалэгъуалэм я гъуэгур зэIухащ: еджапIэ е лэжьапIэ IуэхукIэ дэни кIуэфынущ. ДэнэкIэ ягъазэми, дэнэ щIыпIэ къыщыхутэми, я бзэр, я хабзэр ящIэжу, хамэхэм абыхэр къыдалъа-гъуу щытмэ, ар къазэрыщхьэпэнум шэч хэлъкъым. Сабийр цIыкIуху ахэр яхэплъхьэмэ, ахэм дебгъэхьэхмэ, езыхэми къащIэхъуэну щIэблэр а псом хуагъэсэнущ. КIэщIу жыпIэмэ, бзэщIэкъу, хабзэ мыгъэкIуэд жыхуаIэ щIэблэм хуэдэ диIэну, а Iуэхум адэкIи къыпащэну сащогугъ.
  • Епсэлъар ТЕКIУЖЬ  Заретэщ.