И гуащIэр ди гъуазэщ ноби
2021-10-19
- КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ.
- Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Iэтащхьэу щытахэу Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарым и къуэдзэ КIуэкIуэ Юрий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, сенаторхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ хэтхэр, щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэр, къэрал къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэр, политикэ партхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, журналистхэр.
- ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий. Абы къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъазэри, псалъэ иритащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий. Ар къеджащ УФ-м и Президент Путин Владимир КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа Iуэхум хэтхэм зэрызахуигъазэ телеграммэм.
- «КIуэкIуэ Валерэ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу, цIыху щыпкъэу, жыджэру щытащ. Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я зэIузэпэщыныгъэм хуэлэжьэным и гъащIэр теухуат. Урысей Федерацэм хэт щIыналъэм зыхуей хуэзэу зиужьынымкIэ куэд ищIащ, гурэ псэкIэ хуэлэжьащ и хэкуэгъухэм. Кавказ Ищхъэрэр щытыкIэ гугъу щита лъэхъэнэм лIыгъэ нэсрэ хахуагъэрэ къызэкъуихащ КIуэкIуэм. ХузэфIэкI псори хилъхьащ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, щIыналъэм мамырыгъэ илъыным, къэралыгъуэ зиIэж республикэ щхьэхуэр хъумэным. КъБР-м и япэ Президенту щыщытам КIуэкIуэ Валерэ къызэринэкIа IуэхущIафэхэмрэ дуней тетыкIэмрэ щапхъэ яхуэхъуу дяпэкIи щIыналъэм зэрызиужьынур, абы и Iуэхухэм иджыри къызэрыпащэнур си фIэщ мэхъу», — щыжеIэ Президентым телеграммэм.
- — Си щхьэм къыбгъэдэкIыу жысIэну сыхуейщ нобэ дигу къэдгъэкIыж лIыр хэкупсэ нэсу, лъэпкъылI пашэу щыткIэрэ, иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIар, — къыпищащ Чайкэ Юрий. — Сэ фIыуэ сцIыхуну си насып къихьащ КIуэкIуэ Валерэ. 1990 гъэхэм, 2000 гъэм и пэщIэдзэхэм куэдрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ дызэхуэзащ, дызэпсэлъащ. Сэ слъэгъуащ абы и хэкум ис лъэпкъхэм щхьэкIэ и гур зэрыузыр. Ар Iущыгъэ ин зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэ зыпылъ Iуэху зи пщэ дэзылъхьэжыф, пэжым и телъхьэ, хэкIыпIэ къэзыгъуэтыф совет, урысей политик лъэрызехьэхэм ящыщ зыт. Абы къигъэна щIэиныр фи гъуазэу дяпэкIи зыужьыныгъэм фызэрыхуэкIуэнум сэ шэч къытесхьэркъым.
- Зи хэкум, зи щIыналъэм, зи лъэпкъым хуэпэжу лэжьа, псэуа лIы щэджащэм къикIуа гъуэгуанэмрэ зэфIиха лэжьыгъэмрэ къыхэщу убгъуауэ къэпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.
- Ар тепсэлъыхьыжащ КIуэкIуэр «Лэскэн» совхозым и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм щегъэжьауэ къикIуа политикэ гъуэгум. 1974 — 1983 гъэхэм КПСС-м и Аруан райкомым и япэ секретару зэрыщытар, а лъэхъэнэм куейр экономикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIыналъэ зэрыхъуар, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым мэкъумэш IэнатIэмкIэ и секретару, обкомым и етIуанэ секретару, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару щылэжьахэм хузэфIэкIар, нэгъуэщI куэди къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ.
- Политик жыжьаплъэр щытыкIэ гугъу куэдым зэрыпэлъэщар, ди хэкум къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэхэр мамыру зэригъэзэкIуэжар, ар Президенту щыщыта илъэсхэм республикэм хэхъуэрэ ехъулIэныгъэу иIар зэпкърыхауэ къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ Бердым.
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президенту щыта, илъэс 16 ипэ дунейм ехыжа КIуэкIуэм и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэмрэ иIа зэфIэкIымрэ республикэм ис дэтхэнэ зым дежкIи зэрыщапхъэр.
- — Псоми дощIэ КIуэкIуэм и цIэр тхыдэм дахэу къызэрыхэнар. Ар псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьащ и лъахэм, гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ и хэкуэгъухэр икIи КъБР-м мамыры-гъэ щыIэнымкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым, — жиIащ Темрезовым. — Гугъущ абы къулыкъум щигъэува пщалъэм и лъагагъыр къэплъытэну. Жыжьаплъэу, Iущу зэрыщытам къыхэкIыу, Урысей къэралыгъуэм и дежкIэ мытыншу щыта лъэхъэнэм хузэфIэкIащ лъэпкъ, дин зэныбжьэгъугъэр и лъахэм щихъумэн, ар нэхъри игъэбыдэн. Политикэ гупсысэ зэпэлъыта зэриIам къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр гъуэгу захуэ тригъэувауэ щытащ. АбыкIэ пщIэшхуэ къыщилэжьат и хэкуэгъухэм я деж, апхуэдэуи и лэжьэгъухэм щIыхь къыхуащIырт.
- КIуэкIуэм и политикэ гупсысэ убзыхуам и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и адрей хэгъуэгухэри зыужьыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм хуиунэтIащ. Псом ди дежкIи щапхъэщ абы и лэжьыгъэр. Казбек, нобэ Валерэ и IуэхущIафэхэм хуэфэщэну къыпыбощэ, и Iуэху еплъыкIэу щытахэр тегъэщIапIэ пщIыуэ. Си къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу узыншагъэ быдэрэ гъащIэ кIыхьрэ иIэну сехъуэхъуну сыхуейщ КIуэкIуэ Валерэ щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэу иIа КIуэкIуэ Виолеттэ.
- ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис жиIащ КIуэкIуэ Валерэ КъБР-м и япэ Президенту щыхахам тхьэрыIуэ зэрищIар нобэ хуэдэу зэрищIэжыр, езыри абы зэрыщIэсар.
- — КIуэкIуэр си дежкIэ Президент къудейуэкъым зэрыщытар, атIэ ныбжьэгъу пэжу, къуэш пэлъытэу дызэбгъэдэтащ, — къыхигъэщащ абы. — Ар и къалэным щыпэрыта лъэхъэнэр тыншу щытакъым. Псоми ящIэж абы щыгъуэм щыIа зэпэщIэувэныгъэхэр. КIуэкIуэм хузэфIэкIащ лъыгъажэ къыхэмыкIыу мамыру Iуэхур зэфIихыну. А лъэхъэнэм республикэмрэ цIыхубэмрэ я пащхьэ щытхь жэуаплыныгъэ иныр зы лIым и пщэ къыдэхуащ икIи пщIэрэ щIыхьрэ иIэу а къалэныр игъэзэщIауэ щытащ.
- КIуэкIуэм и гугъу щыпщIкIэ, хуабжьу цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъам укъытемыувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ар республикэм и ныбжьэгъухэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэмрэ зы унагъуэу къызэщIэзыкъуэфт. Совет Союзым и дэнэ плIанэпи къыщацIыхурт, къыщащIэрт. ФIыуэ ялъагъурт, пщIэшхуэ хуащIырт Валерэ. Ар зэи емызэшу, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэрыхуэу и къулыкъум пэрытащ. И гупсысэкIэр, къэIуэтэкIэр, утыку зэхуэмыдэхэм щиIэ къэпсэлъэкIэр куэдым ягъэщIагъуэрт, дэ дрипагэрт. Сэ зэи сщыгъупщэнукъым республикэр гугъуехь щыхэта лъэхъэнэм абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнур зэрыхъунумкIэ жэуаплыныгъэ зэрихьар икIи зэрынэхъыфIым хуэдэу Iуэхур зэрызэфIихар. Апхуэдэущ ар дигу къызэринэжари.
- Федеральнэ къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и лIыкIуэу Москва щыIэ-КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Губин Геннадий тепсэлъыхьащ КIуэкIуэм и цIэм республикэми къэралми я дежкIэ мыхьэнэуэ иIам. Iулыдж иIэу, цIыхугъэ хэлъу, еш имыщIэу, акъыл жанрэ гупсысэ куурэ къигъэлъагъуэу и къулыкъум зэрыпэрытар игу къигъэкIыжащ Губиным.
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм и япэ Президентыр гуапэу, дахэу ягу къызэрагъэкIыжам щхьэкIэ. «Нобэрей махуэр мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхуу къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий УФ-м и Президент Путин Владимир зыкъызэрытхуигъазэм мы пэшым къызэрыщеджам къегъэлъагъуэ гъуэгу захуэ дызэрытетыр, ди япэ итахэм я IуэхущIафэхэр ди гъуэгугъэлъагъуэу адэкIи зэрызыдужьыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ абы и унафэщIу щытащ цIыху хахуэхэр, щыпкъэхэр, Iущхэр. Дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ ди лъахэм и зэIузэпэщыныгъэм. Абы ипкъ иткIэ, дэ нобэ ди щхьэр лъагэу Iэтауэ тхухаша гъуэгум дрокIуэ, ар нэхъыфI зэрытщIыным дыхущIэкъуу. КъБР-м и япэ Президентым псом нэхърэ нэхъ игъэнэхъыщхьэу щытар республикэм и цIыхухэрт, сэ ар сощIэ. Абы и плъапIэр зыт — Урысейр къэрал лъэщу, уардэу илъагъунырт. И фIэщ хъурт къуэш нэхъыжьу къыдбгъурытым, къэрал лъэщу къытщхьэщытым и цIыхухэм лей къазэрытемыхьэнур. Ар нобэ щыгуфIыкIынут Урысейм и ехъулIэныгъэмрэ и лъэщагъымрэ. Сэ си къаруи, си гуащIи, хуей хъумэ, си гъащIи сыщысхьынукъым, ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна къалэнхэр згъэзэщIэн папщIэ, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- НэщIэпыджэ Замирэ.