Дызэрыгушхуэт
2021-10-19
- Ди республикэм и япэ Президент, политикэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIуэкIуэ Валерэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм зэхыхьэ гуапэхэр щокIуэкI.
- Дыгулыбгъуей фэеплъ сын къыщызэIуах
- Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и гупэм деж дыгъуасэ къыщызэIуахащ совет, урысей къэрал, политикэ лэжьакIуэ КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ сыныр.
- Ар ягъэуващ Бахъсэн дэс цIыхухэм я жэрдэмкIэ. Сыныр ищIащ Катони Станислав.
- Фэеплъыр къыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, ди республикэм щыщу УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ, щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я Iэтащхьэхэм фэеплъ сыныр къызэIуахыну хуагъэфэщащ. ИужькIэ абы удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм жэпуэгъуэм и 18-м «Человек долга и чести» зыфIаща фильмыр щагъэлъэгъуащ.
- ЩIалэгъуалэр хагъэгъуазэ
- КъБР-м и япэ Президентым и фэеплъу, Тэрч щIыналъэм и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ конференцхэмрэ презентацэхэмрэ. ЩIалэгъуалэр хагъэгъуэзащ КIуэкIуэ Валерэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу зэрыщытам, Хэкум гукIи псэкIи хуэлажьэу зэрыпсэуам, щапхъэ зэрыхъуам.
- Районым ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэхэми жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ Iуэхугъэ дахэхэр къыщызэрагъэпэщащ, библиотекэхэм КIуэкIуэ Валерэ теухуа тхылъ-сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм жраIащ политик Iущыр мамырыгъэм, зэкъуэтыныгъэм сыт щыгъуи зэрыхущIэкъуар.
- КъищынэмыщIауэ, «Точка роста» базэм къызэригъэпэщауэ, шахматхэмкIэ зэпеуэхэр школхэм щекIуэкIащ. Жэпуэгъуэм и 18-м Тэрч къалэм дэт «Ладья» шахмат клубми ныбжьыщIэхэр щызэхьэзэхуащ.
- «Урысейм пщIэшхуэ щызиIэ политикхэм ящыщ зыт КIуэкIуэ Валерэ. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэ пщIондэ Урысейм и лъэхъэнэ нэхъ гугъухэм абы хузэфIэкIащ лъэпкъ зэгурыIуэр ихъумэну. Ар щытетам щIэпхъаджагъэр нэхъ мащIэ хъуащ, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ заужьыжащ. Нэхъыщхьэрати, къэралым, и лъахэм къыщыхъум абы гууз-лыуз хуиIэт», — етх Тэрч районым и Iэтащхьэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.
- Тхыдэм и сыхьэт
- Жэпуэгъуэм и 16-м Аруан къуажэм дэт сабий библиотекэм тхыдэм и сыхьэт щекIуэкIащ, КIуэкIуэ Валерэ ягу къыщагъэкIыжу. Жэпуэгъуэм и 18-м Аруан район библиотекэм онлайн мардэм тету къыщызэрагъэпэщащ «ЦIыху Iущ икIи узэщIакIуэ» зыфIаща зэпсэлъэныгъэр. Старэ Шэрэдж къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «И гъащIэр Хэкум тыхь хуищIащ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ.
- Дерс щхьэпэ
- Дыгъуасэ Май районым Iуэхугъуи 7 къыщызэрагъэпэщащ КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу. Абыхэм яхэтт КъБР-м и япэ Президенту щытам къикIуа гъуэгуанэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхыдэмкIэ дерсхэр. Жэпуэгъуэм и 22-м траухуэ «КъБР-м и цIыху цIэрыIуэхэр» зыфIаща лъахэхутэ Iуэхур онлайн мардэм тету ирагъэкIуэкIыну.
- Ягу къагъэкIыж
- Жэпуэгъуэм и 15-м Къэщкъэтау курыт школым щагъэлъэгъуащ «ПщIэшхуэ зиIэ цIыху» зыфIаща видеороликыр. Ар зытепсэлъыхьыр КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэщ. Балъкъэр Ипщэм зэхуэс гуапэ щызэхэтащ. Апхуэдэуи къуажэ библиотекэхэм гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Жэпуэгъуэм и 17-м Безенги жылагъуэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм «КъБР-м и Япэ Президент» зыфIаща презентацэр щекIуэкIащ.
- МахуищкIэ зэкIэлъхьэужьу
- Жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ махуищкIэ Прохладнэ районми Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIащ КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и щIыхькIэ. Псалъэм папщIэ, Алътуд къуажэм «ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыхут» тхыдэмкIэ дерсыр щекIуэкIащ, «Ар и лъахэм хуэпсэуащ» фIэщыгъэр иIэу Благовещенкэ къыщызэрагъэпэща пшыхьми КIуэкIуэр ягу къыщагъэкIыжащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ Екатериноградскэ станицэм и библиотекэм альбом зэригъэхьэзырар, «В. М. Коков. Станица Екатериноградская. Фотофакты» фIащауэ.
- Къэрэгъэш дэт библиотекэм ущеплъ хъунущ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэ» онлайн-презентацэм. КIуэкIуэ Валерэ ягу къыщагъэкIыж зэхуэсхэр щекIуэкIащ Красносельскэ, Приближнэ, Прималкинскэ къуажэхэми. Ново-Полтавскэ къуажэм буклет щагъэхьэзыращ «Самый человечный человек» фIэщыгъэр иIэу. Малакановскэ къуажэ библиотекэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ. Къапщтэмэ, мы махуэхэм КIуэкIуэ Валерэ и цIэр щыжамыIа къуажэрэ жылэрэ республикэм къэнауэ къыщIэкIынукъым.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- ШахматхэмкIэ зэпеуэ
- Къармэхьэблэ дэт школ №2-м шахматымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ 5 — 8 классхэм щеджэхэр. Iуэхур къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъу. Зэпеуэм кIэлъыплъынухэр иригъэблэгъащ школым и унафэщI Маргъущ ФатIимэ. Абы республикэм и япэ Президентым псалъэ гуапэ хужиIащ, и гъащIэ гъуэгуанэм щыщ пычыгъуэхэмкIэ, республикэм папщIэ илэжьахэм теухуа гупсысэхэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуэшащ.
- Зэпеуэм пашэ щыхъуащ 8-нэ классым щеджэ Джатэ Албэч. ЕтIуанэ увыпIэр 5-нэ классым щIэс Гувэжыкъуэ Жаннетэ, ещанэр — 6 классым щеджэ Бей Iэдэм зыIэрагъэхьащ (сурэтым). Абыхэм щIыхь тхылъхэр, кубокхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр яритащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и лIыкIуэ Бжьахъуэ Анзор.
- Гугъуэт Заремэ.