КъаруущIэхэр зиIэ, мурадхэр зи куэд
2021-10-19
- Ди республикэм щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къызэрызэIуахрэ илъэс 40 зэрырикъур. Юбилейм ехьэлIа зэхыхьэхэр, конференцхэр еджапIэ нэхъыщхьэм щокIуэкI.
- Махуэшхуэм хухаха гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм мэрем блэкIам захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. И къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэу абы фIыщIэ яхуищIащ хьэщIэхэм. КъыкIэлъыкIуэу профессор-егъэджакIуэ гупым, аспирантхэмрэ студентхэмрэ ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и илъэс 40 юбилеимкIэ.
- «Шэч хэмылъу, университетым и ныбжьыр мы илъэсхэм я закъуэкIэ къабжыркъым. Абы и тхыдэр къыщо-жьэ лIэщIыгъуэ блэкIам и щэщI гъэхэм, Коммунист мэкъумэш школ нэхъыщхьэр Налшык къыщызэIуахам. Абы къыхэкIкIэ, жыпIэ хъу-нущ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ-педагогикэ увыныгъэр илъэсипщI бжыгъэкIэ зэфIэувауэ, — къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм. — Нобэ щыIэу къыщIэкIынукъым гъащIэм и унэтIыныгъэ, еджапIэм къыщIигъэкIахэр щымылажьэу. Абыхэм я лэжьапIэ IэнатIэр щрахьэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэми».
- Къапщтэмэ, университетым къи- кIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, къыхэгъэщыпхъэщ республикэм и мызакъуэу, къэрал псом щхьэкIи зи IэщIагъэм хуэIэижь цIыху пэрытхэр абы къызэрыщIэкIар. Апхуэдэхэщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-мрэ Карелиемрэ я хабзэгъэув къэрал IэнатIэхэм я лIыкIуэу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Федерацэм-кIэ и Советым щыIэ Ульбашев Мухьэрбийрэ Зубарев Игоррэ, Шэшэным и мэкъумэш щIэныгъэлI пэрыт Амерханов Харон, КъБКъМУ-м и ректору щыта Жэрыкъуэ Борис, спортсмен цIэрыIуэхэу Хъущт Аслъэнбэч, Урыш Анзор сымэ, нэгъуэщIхэри.
- УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къулыкъущIапIэм (Рособрнадзор) нэгъабэ къипщытащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и пщэрылъхэр зэригъэзащIэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, ар къалъытащ зи къалэнхэм къызыхуэтыншэу пэлъэщ еджапIэ нэхъыщ- хьэу икIи адэкIи лэжьэну хуит зыщI дэфтэрри къратыжащ.
- КъБКъМУ-м щрагъэкIуэкIа къэп-щытэныгъэхэр йозагъэ къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ егъэджэныгъэ мардэхэмрэ. Ахэр я тегъэщIапIэу лэжьа эксперт къэпщытакIуэ гупым зэфIаха лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, а еджапIэ нэхъыщхьэм къэрал хуитыныгъэ иратащ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр лъэпкъ экономикэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и пщэрылъ къалэнхэр адэкIи зэфIихыну.
- Аккредитацэм ипкъ иткIэ, КъБКъМУ-м нэхъапэкIэ зыщыхурагъаджэу щыта унэтIыныгъэхэмрэ щагъэхьэзыру щыта IэщIагъэлIхэмрэ иджыри къахэхъуащ «Экономикэмрэ управленэмрэ», «Юриспруденцие» IэщIагъэхэр. КъинэмыщIауэ, къэпщытэныгъэхэм къарита хуитыныгъэмкIэ университетым щагъэхьэзырынущ «Ветеринарие» IэщIагъэм хыхьэ унэтIыныгъэу 22-мкIэ бакалаврхэр. Магистратурэм я щIэны-гъэм щыхагъэхъуэфынущ унэтIыныгъэ 17-мкIэ, аспирантурэм — унэтIыныгъи 6-мкIэ. Университетым Тэрч щиIэ къудамэм унэтIыныгъи 5-мкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр аккредитацэм ехъулIэныгъэ иIэу зэрыпхыкIыфар я фIыгъэщ щылажьэ щIэныгъэлIхэм, профессорхэм, доцентхэмрэ аспирантхэмрэ — егъэджакIуэ псоми, апхуэдэу ди деж щеджэ студентхэм, — жеIэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректор Апажэ Аслъэн.
- КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр зызыужь, ефIакIуэ, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Абы и щыхьэтщ университетым зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэщIэхэр. КъБКъМУ-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ ягъэхьэзыра иужьрей щIэныгъэ-инновацэ лэжьыгъэм гулъытэ лъагэ щигъуэтащ 2020 гъэм Мэзкуу и ВДНХ-м щекIуэкIа «Бжьы-хьэ дыщафэ» Урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм.
- Проектхэр теухуауэ щытащ мэкъумэш хозяйствэм Iуэху зехьэкIэщIэ мардэхэр хэгъэхьэным. Къэралпсо гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум лэжьыгъэщIэу блы ирахьати, абыхэм ящыщу щым дыщэ медалхэр, плIым — дыжьынхэр къыхуагъэфэщащ. КъинэмыщIауэ, проектхэр зи IэдакъэщIэкIхэм иратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- Университетым щеджэ студентхэм ядолажьэ квалификацэ нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэхэр. Процент 90-м щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр яIэщ, абыхэм я процент 27-р щIэныгъэм и доктор, профессорщ.
- КъБКъМУ-м и егъэджакIуэ пажэ-хэм ящыщщ мы махуэхэм илъэс 60 ирикъуа «Механизация и энерго- обеспечение предприятий» факультетым и декан, техническэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ШэкIыхьэщIэ Юрэ.
- 1984 гъэм ШэкIыхьэщIэм къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиорацэмкIэ институтым мэкъумэш хозяйствэр механизацэ щIынымкIэ и факультетыр. 1995 гъэм Владикавказ дэт Горскэ къэрал мэкъумэш университетым щыпхигъэкIащ техническэ щIэныгъэхэм я кандидат диссертацэр. Илъэсих дэкIри, Кубань къэ- рал мэкъумэш университетым (Краснодар къалэ) Юрий къыщыхуагъэфэщащ техническэ щIэныгъэхэм я доктор цIэ лъапIэр.
- ШэкIыхьэщIэ Юрэ и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 430-рэ, монографиерэ брошюрэу 35-рэ, сэбэпынагъ зыпылъ Iэмэпсымэ 29-м щыхьэт техъуэ СССР-м и тхылърэ УФ-м и патентрэ къигупсысащ. ЩIэныгъэлIым игъэхьэзыращ техническэ щIэныгъэхэм я кандидату 7-рэ доктору 2-рэ. «Бжьыхьэ дыщафэ» Урысейпсо мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм дыщэ медалу 7, дыжьыну 3, домбеякъыу 3 къыщратащ. КъБР-м щIэныгъэмрэ техникэмрэ я къэрал саугъэтым и лауреатщ. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ- сым и Къэрал Думэм и депутатхэм я хэхыныгъэр жыджэру къызэригъэпэщу зэрыригъэкIуэкIам папщIэ ШэкIыхьэщIэ Юрэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ щIэныгъэлIыр хэтщ республикэм и ХэхакIуэ комиссэм.
- КъБКъМУ-м «Механизация и энергообеспечение предприятий» факультетым и «Теплоэнергетикэмрэ теплотехникэмрэ» унэтIыныгъэм и етIуанэ курсым и студент, Ежевский А.А. и лъэпкъ премием и лауреат Мыщхъуэжь Къаземыр и «Разработ-ка модернизированного плоскореза для обработки горных кормовых угодий» лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам икIи и щIэныгъэ лъагэм папщIэ 2018 гъэм «Росспецмаш» техникэ щхьэхуэхэм-рэ Iэмэпсымэхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и президент Бабкин К.А. къыбгъэдэ-кIыу фIыщIэ къыхуащIащ КъБКъМУ-м и факультетым и декан ШэкIыхьэщIэ Юрэ. 2020 гъэм а зэгухьэныгъэ дыдэм аргуэру фIыщIэ къыхуищIащ ди лъэпкъэгъум студент Гъубжокъуэ Мурат и «Модернизация ультрамалообъемного опрыскивателя для химической защиты плодовых насаждений» лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ.
- Нобэ КъБКъМУ-р Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. ЕджапIэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэр дунейпсо мардэхэм, щIэныгъэ-инновацэ лъабжьэ зиIэхэм, хуокIуэ. ЛэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралым, хамэ щIыпIэхэм я еджа-пIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм, мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэхэм.
- СССР-м и Министрхэм я Советым и Унафэ №585-м ипкъ иткIэ 1981 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр агромелиорацэм и институт (КъБАМИ). Абы лъабжьэ хуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мэкъумэш хозяйствэм-кIэ и факультетхэр. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ еджапIэ нэхъыщхьэм фIащащ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъу-мэш институт. ИлъэсиплI нэхъ дэмыкIыу ар зэрахъуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академие фIэщыгъэмкIэ. 2007 гъэм академием КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрихьэн щIидзащ. 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ абы йоджэ «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет»-кIэ.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэрызэрагъэпэщрэ абы и ректору щытахэщ: ФиIэпщэ Борис (1981 — 2000), Жэрыкъуэ Борис (2000 — 2012), Щыхьмыр-зэ Мухьэмэд (2013 — 2014). 2014 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым университетым и ректорщ КъБР-м и Парламентым и депутат, профессор, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Апажэ Аслъэн.
- Апажэр сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми тыншу пэлъэщ, зи гупсысэр пхызыгъэкIыф, зи щапхъэхэмкIэ гупым гъуазэ яхуэхъу IэщIагъэлIщ. Апхуэдэ щэнхэр сэбэп къыхуохъу и нэIэ щIэт лэжьакIуэхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу игъэлэжьэнымкIэ.
- Ар ректор IэнатIэм зэрыпэрыувэрэ магистр къудамэу университетым 5 къыщызэIуахащ, иджыри программэщIэхэр зэхагъэувауэ Iуэхум зрагъэубгъун мурад яIэщ. Апхуэдэу, илъэс блэкIам еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыухахэм Iэмал иратащ, зыхуе-джа унэтIыныгъэхэмкIэ курс щхьэхуэхэм пхыкIыу, диплом гуэдзэни зыIэрагъэхьэну.
- КъБКъМУ-м и унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, студентхэми ехъулIэныгъэщIэхэм, текIуэныгъэ инхэм ухуэзышэ лъагъуэхэр пхаш. Зи лэжьыгъэр «фIы дыдэ» нагъыщэкIэ къалъытэ университетыр лъагапIэщIэхэм хущIокъу, къаруущIэхэр иIэу, мурадыщIэхэр и куэду.
- Жыласэ Замир.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.