Фащэ къэс и тхыдэ иIэжщ
2021-10-14
- «Зы фащэм и хъыбар» фIэщыгъэм щIэту Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым Къуэжокъуэ Феня (ФатIимэт) зэрихьауэ щыта фащэ екIухэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ.
- — Утыку къитхьахэр дэркIэ хьэпшып лъапIэщ, ар ди блэкIам щыщ Iыхьэщ, ди нэхъыжьхэм я Iэужьщи. Зэман гугъу зэрыхэпсэукIам емылъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIащ а дахагъэ псори я щIэблэм хуахъумэн, — жиIащ Сэралъп Мадинэ зэIущIэр къыщызэIуихым.
- Данэм къыхэщIыкIауэ фащитI ягъэлъэгъуат — щIыху-шакъафэрэ удзыфэрэ. И анэм и фэилъхьэгъуэхэр Арт-центрым щахъумэмэ фIэкъабылу къезытар Наурыз (Тарбастаевэ) Лейлэщ. Зэ еплъыгъуэкIэ мы фащэм хуэсакъыу, егугъуу зэрахъумар нэрылъагъущ, ар мащIэу фаджэ зэрыхъуам нэхъ лажьэ иIэкъым.
- Сэралъп Мадинэ жеIэ бостейтIми лъэхъэнэм и нэпкъыжьэ зэрателъыр, апхуэдэщ ахэр щадым къагъэсэбэпа щэкIхэр, тхыпхъэхэр. Нэрылъагъущ зы-
- дахэм я IэпэIэсагъри.
- Пэшым фIэлъщ сурэт гъэщIэгъуэнхэри. Абыхэм я гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща Къэбэрдокъуэ Людмилэ къыщыпсалъэм, зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIа псори къыхуриджащ щхьэж я унэ щIэлъ сурэтхэм ахэр зытеухуар къэзыIуатэ тхыгъэ кIэщI кIэщIатхэну, ар къэкIуэну щIэблэм къахуэщхьэпэн хуэдэу.
- Сурэтхэмрэ бостейхэмрэ я мызакъуэу, выставкэм шылэхъар телъыджэ зыбжанэ щыплъагъунущ.
- Сэралъп Мадинэ къиIуэтэжащ мы бостейхэр зезыхьэу щыта Къуэжокъуэ Феня зы зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, Арт-центрым къакIуэу и фащэхэм я хъыбар къызэриIуэтар, уеблэмэ къытригъэзэну псалъэ зэрызэIэпахар. Абы яужькIэ Мадинэ бзылъхугъэр илъагъужакъым, ауэ, абы ипхъу Лейлэ езым игу къэкIри, бостейхэр Арт-центрым къритащ. Хъыджэбзым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы фащэхэмкIэ нысащIэ куэд унагъуэ ихьащ.
- ЗэIущIэм щыжаIащ бостейр зэрадрэ зыри зэрыхэмыIэбар, абы и зы дыпIи зэремыIусэжар. Зи гугъу ящI бостейр щыгъыу Къуэ- жокъуэ Феня зэрыт сурэт иныр къызэхуэсахэм яригъэлъагъури, а фащэ дыдэр ипхъу Лейлэ щрагъэтIагъэу сурэт трахыну, ари иужькIэ Арт-центрым щагъэлъэгъуэну зэрамурадыр жиIащ Сэралъп Мадинэ.
- Лейлэ и щхьэгъусэ Тарбастаев Алексей (медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Москва и Правительствэм и университетым къэхутэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ) псалъэ щратым, къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ лъэпкъ щэнхабзэм куэд щIауэ зэрыдихьэхыр. Абы и щыхьэтщ тхыпхъэхэмрэ я щIагъыбзэмрэ ятеухуауэ щIэныгъэлIым жиIар.
- Лъэпкъ щэнхабзэм и беягъым, Iэужьхэр хъумэным иIэ мыхьэнэм, гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыщыхъум теухуауэ абы къыщыпсэлъащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид, Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил сымэ.
- Щомахуэ Залинэ.