Билал Париж щытлъагъуну?
2021-10-14
- БэнэкIэ хуитымкIэ Олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом щытекIуа Махуэ Билал илъэсиплIкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыну хуимыту унафэ къыщащтащ УФ-м Допингым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм (РУСАДА).
- Допингым ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр къызэрызэпиудам къыхэкIыу ди лъэпкъэгъум тралъхьа тезырыр къабжынущ 2020 гъэм и щIышылэм и 27-м къыщыщIэдзауэ. Урысей Федерацэм Спорт бэнэкIэмкIэ федерацэм и президент Мамиашвили Михаил и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, операцэ зэращIамкIэ икIи зэфIэувэжын щхьэкIэ зрихьэлIа хущхъуэхэмкIэ Махуэм хуэфэщэн IэнатIэхэм хъыбар яригъэщIакъым. Абы къыхэкIащ допинг-анализым къемызэгъ хэлъу къигъэлъэгъуэнри.
- «ЩытыкIэм кърикIуэну псор къыгурыIуэу, спортсменым а лъэбакъуэр ичащ. Сэ Билал сепсэлъащ. А зэманым ирихьэлIэу ар спорт зэхьэзэхуэшхуэхэм хэтыжтэкъым. Дызэрыщыгъуазэщи, и спорт гъащIэ псом къриубыдэу Махуэм къыкIэлъакIухьырт фэбжьышхуэхэм икIи Германием зыщигъэхъужащ, — жиIащ Мамиашвили. — Абы щыIэху зрихьэлIэ мыхъуну зыри къыхигъэщхьэхукIакъым. Операцэ щащIми наркоз къратащ. Къигъэзэжа нэужь занщIэу анализ ирагъэтащ. Апхуэдэу къыщекIэрэхъуэкIым, щытыкIэр къыфIэIуэхужакъым икIи езыр-езыру Iуэхур иутIыпщащ. Махуэр щIалэ гуапэщ, къабзэщ, дагъуэ лъэпкъ зэи къыхуащIакъым. Абы къыхэкIыуи зыкIи щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым».
- УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, кёрлингымкIэ къэралым и федерацэм и Iэтащхьэ Свищев Дмитрий и нэIэ щIэт спортсмен куэди допинг щхьэусыгъуэкIэ зэхьэзэхуэхэм къызэрыхагъэкIам ирогузавэ. КъищынэмыщIауэ, РУСАДА-м хъыбар къитащ лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ Касеновэ Каринэ, регбисткэ Магомедовэ Дианэ, тхэквондист Закрепин Дмитрий (псори илъэситIкIэ), атлетикэ хьэлъэмкIэ спортсмен Мурадов Геннадий, академическэ греблям хэт Смоленская Полинэ, зи узыншагъэм щыщIэныгъэ иIэ спортсмен Шангереев Джамалдин (псори илъэсиплIкIэ), пауэрлифтер Шуцкий Алексей (илъэсихкIэ) сымэ зэхьэзэхуэхэм къызэрыхагъэкIар.
- «Сэ сызыгъэпIейтейр дамыгъэмрэ цIэмрэкъым, атIэ допингым щхьэкIэ къыхагъэкIа спортсменхэм я бжыгъэрщ. Пэж дыдэу, ар хъыбар мыхъумыщIэщ, — жеIэ Свищевым. — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, допинг хабзэхэм ебэкъуа спортсменхэм къащыщIахэр адрейхэм дерс яхуэхъуркъым. Зыбжанэрэ яжетIащ Дуней псом допингым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм (WADA) къимыщта хущ-хъуэхэр Урысей Федерацэми щызэпхьэлIэ зэрымыхъунур. Унафэхэр къызэгурымыIуэхэм хуэфэщэн жэуаплыныгъэ яхьыпхъэщ. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа спортсменхэм дызэхахакъым — абы хэтщ щэнейрэ дунейпсо чемпион, Олимп чемпион Махуэ Билали».
- Свищевым зэрыхуигъэфащэмкIэ, дэтхэнэ зы щытыкIэми дохутырхэм я щыуагъи хэтыфынущ. Ауэ хущхъуэр уи Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьам и щхьэусыгъуэр дэтхэнэ зыми къиIуэтэфын хуейщ. «Дэнэ ущышхэр, уздэщысыр, хэт и гъусэу къэпкIухьрэ? Уэ лъэпкъ командэм ухэтщ, Олимп джэгухэм е дунейпсо чемпионатхэм уокIуэ. ЗэхэпщIыкIыпхъэщ хуэдитI-щыкIэ нэхъыбэу къызэрыпкIэлъыплъынур», — дыщIигъужащ кёрлингымкIэ федерацэм и президентым.
- РУСАДА-м щыдаIыгъащ Свищевым и еплъыкIэри. Махуэм гурыIуэгъуэ ищIакъым хабзэм къимыдэ хущхъуэхэкIыр и Iэпкълъэкъым зэрыхыхьар. IэнатIэм щыжаIащ, Билал операцэ зэращIамкIэ хъыбар къазэрыригъэщIар, ауэ ирахьэлIа препаратхэм ятеухуа дэфтэрхэр къазэрыIэрымыхьар.
- НэхъапэIуэкIэ спортсменым къыхигъэщащ хамэ къэралым зыщигъэхъужам щыгъуэ дохутырым и чэнджэщкIэ къигъэсэбэпа хущхъуэхэм допинг пкъыгъуэр хэтынкIэ Iэмал зэриIам. Ауэ, дохутырхэм апхуэдэ хущхъуэ Махуэм къызэрыхуатхам щыхьэт техъуэ тхылъымпIэ кIапи дыщIигъуфакъым псалъэхэм. Арати, IэнатIэм унафэ къищтащ бэнакIуэр зэхьэзэхуэхэм къыхагъэкIыну.
- «РУСАДА-м и унафэм Махуэр едэуэну хэтынукъым. Абы къыгуроIуэ щыуагъэ IэщIэкIар, Германием къикIыжа нэужь зрихьэлIа препаратхэм ехьэлIа дэфтэрхэр зэримыгъэхьэзырамкIэ, — жеIэ бэнэкIэ хуитымкIэ олимп чемпионым и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Аванян Тигран. — Спортым и гугъу пщIымэ, Билал зыгъэсэныгъэхэр иримыгъэкIуэкIыу хъунукъым, ар и узыншагъэм и дежкIэ Iэмалыншэщ, физическэ щытыкIэри зэтриIыгъэн хуейщ. Дисквалификацэр 2024 гъэм и щIышылэм и 26-м иухынущ, аращи, и щхьэр течауэ жыпIэ хъунукъым, ауэ Махуэр хуеймэ хэтыфынущ Париж щекIуэкIыну Олимп джэгухэм кIуэнухэр къыщыхах зэхьэзэхуэхэм…».
- МЭЗКУУ Къанщобий.