Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-09-25
- Дуней псом къыщацIыху «емыджэфхэр»
- Зэчий зыбгъэдэлъ цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къэзыхутэхэм жаIэ ахэр школакIуэ, студент «хуэмыхухэм» ящыщу зэрыщытар. Къапщтэмэ:
- Ньютон Исаак нэхъ мыхьэнэншэу еджэхэм ящыщт. Зэгуэр и классым щIэс щIалэ цIыкIум езауэри, къиубэрэжьати, щIэныгъэкIэ ипэ ищыну мураду зыхуигъэувыжри, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу псом нэхърэ нэхъыфIу еджэ хъуащ;
- Отто фон Бисмарк — Германие пащтыхьыгъуэм и канцлер, щIагъуэу еджэу щытакъым, лэжьыгъэкIи жыджэракъым;
- Наполеон фIыуэ еджэу щытакъым, ауэ математикэм хъарзынэу хищIыкIырт;
- Бетховен Людвиг щыуагъэ хэту фIэкIа тхэфыртэкъым, зыхэлъхьэн-зыхэхынхэри фIыуэ къехъулIэртэкъым. АбыкIэ Дюма Александр-адэм ещхьт;
- Нобель саугъэтым и лауреат Эйнштейн Альберт ику иту еджэрт. И адэ-анэм жаIэу щытащ абы щIэныгъэ куу зэрызримыгъэгъуэтыфынур, къызэрыгуэкI IэнатIэ гуэрым пэрыгъэувэн зэрыхуейр;
- Маяковский Владимир тхылъыр къыфIэIуэхутэкъым, уеблэмэ «Анна Каренинэ» и кIэм нэсу зэремыджамкIэ зиумысыжырт;
- Пушкин Александр лицейм щыщIэсым еджэным щIагъуэу хэзагъэу щытакъым, уеблэмэ, есэпымкIэ дерсхэм щыщIэсым деж гъыуэ щытащ;
- Чехов Антон курыт школым щыщIэсым тIэу кърагъэнэжауэ щытащ;
- Королев Сергей, япэ ракетэхэр, спутникхэр къэзыгупсысар, «Восток», «Восход» космическэ кхъухьхэр къэзыгъэщIар «3»-кIэ еджауэ аращ.
- Дохъушокъуэ Синэ.
- Гухэлъыр щыкIуэдыр
- Гуапагъэр — зи лейри зэран мыхъу хьэлщ.
- КъэкIуэнум фемыгупсысмэ, апхуэдэ фиIэнукъым.
- Закъуэныгъэракъым цIыхум дежкIэ нэхъ Iей дыдэу щыIэр, атIэ уи Iэр зэтедзауэ ущысынырщ.
- Дэтхэнэри пэжу щытыным хущIокъу, ауэ куэдым къайхъулIэркъым.
- ЛIэныгъэм Iейуэ хэлъри — уэ дунейм утокIыжри, фIыуэ плъагъу псори къонэ.
- Лъэпощхьэпохэм щышынэ лъагъуныгъэр лъагъуныгъэкъым.
- ГушыIэныр зыхэвмын. ЦIыхум дежкIэ гушыIэр зыхуэдэр розэм мэ гуакIуэ къыпихынырщ.
- Делэращ псори ищIэу жызыIэфынур.
- ГъащIэм нэхъ Iейуэ хэлъхэм ящыщщ пщIар зэпхъуэкIыжыну Iэмал ущимыIэм деж.
- ЦIыхум пщIэ яхуэпщIыным къикIыр уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжынырщ.
- ЦIыху псори зэщхьщ: зэрахузэфIэкIкIэ нэхъыбэ къащтэ, ауэ ятыр нэхъ мащIэщ.
- Гухэлъыр мэкIуэд жьыбгъэм щыхэбутIыпщхьэм деж.
- ЦIыхум укъызэрыщыхъур уэ зыкъызэрыбгъэлъагъуэм хуэдэущ.
- Лъагъуныгъэм псори зэрехъуэкI, ар дуней псом щытепщэщ, щIэрыщIэуи къигъэщIыжыфынущ. Лъагъуныгъэр ди псэм и дыгъэщ икIи и жьыбгъэщ. Языныкъуэхэм дежи уэшх тхуохъу…
- * * *
- Инджылыз прозаик, драматург, Нобель саугъэтым и лауреат Голсуорси Джон 1867 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Кингстон-Хилл (Суррей графствэ) инджылыз къалэм къыщалъхуащ. Харроу школым адвокат Iуэхухэм щыхуеджащ, иужькIэ Оксворд университетым щIэтIысхьащ. Ауэ Голсуорси дихьэхтэкъым къыхиха IэщIагъэми, юриспруденцэ IэнатIэм пэрымыувэу, я унагъуэ хьэрычэтыщIэ Iуэхум кIэлъыплъын хуэдэу хамэ къэрал кIуащ.
- Голсуорси и япэ тхылъыр, рассказ зыбжанэ щызэхуэхьэсар, 1897 гъэм дунейм къытехьащ. Абыи адэкIэ къыкIэлъыкIуа зыбжанэми кIэщIитхар Синджон Джонщ. Абы пьесэхэри романхэри итхыу щытащ. Иджы Голсуорси нэхъыбэу къызэрацIыхур и романхэмкIэщ. Псом хуэмыдэу «Сага о Форсайтах» трилогием куэд щыгъуазэщ. Нобель саугъэтыр литературэмкIэ къратауэ щытащ 1932 гъэм. 1933 гъэм дунейм ехыжащ инджылыз тхакIуэр.
- Жэрумэ гъэгъуа, кIэртIоф щIэлъу гъэжьауэ
- Жэрумэ гъэгъуар см 2 и Iувагъыу хъурейуэ зэпаупщI, IуданэкIэ пхамэ, ар къыхах, тебэ къэплъам сатыру зэлъэмыIэсу Iубауэ иралъхьэ. Абы псы щIыIэ щIакIэри, и щхьэр трапIэ, мафIэ цIыкIум тету ягъавэ. МафIэр инмэ, жэрумэр мыжьэ щIыкIэ псыр щIоващIэ. Псыр дакъикъэ 25 — 30-кIэ щIэвэщIэн, жэрумэр абы дэвэн хуейщ. ИтIанэ упщIэтауэ кIэртIоф, бжьын, шыгъу, шыбжий плъыжь сыр халъхьэри, тебащхьэр тепIауэ, мафIэ цIыкIум тету аргуэру дакъикъи 6 — 8-кIэ ягъажьэ езым къыщIэжа дагъэмкIэ. Хьэзыр мэхъу щыжаIэм, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, зэIамыщIэу дакъикъи 8 — 10-кIэ мафIэм трагъэтыж. Iэнэм зэрытрагъэувэр пщтырущ. ПIастэ хуабэ, щIакхъуэ, чыржын, мэжаджэ дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- жэрумэ гъэгъуауэ — г 160-рэ,
- кIэртIоф укъэбзауэ — г 250-рэ,
- псывэу — г 150-рэ,
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30,
- етIуанэу щIакIэ псывэу — г 100,
- шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Дунейм зэрыщызэпсалъэ бзэхэр
- ХИНДИ УРДУ — Индием и бзэхэм ящыщщ. Ар цIыху мелуан 55-м я анэдэлъхубзэщ, ауэ цIыху мелуан 900-м нэс иропсалъэ. А бзэм щропсалъэ Индием, Пакистаным, Непалым, Фиджим, Маврикийм — псори зэхэту къэрал 20-м нэсым.
- * * *
- ИСПАНЫБЗЭР — роман бзэ гупым щыщщ. Ар цIыху мелуан 400-м я анэдэлъхубзэщ. Ауэ абы ирипсалъэхэр мелуан 450-м щIегъу — Испанием, Мексикэм, Колумбием, Эквадорым, Перум, Боливием, Аргентинэм, Уругвайм — къэрал 23-м щыпсэухэр.
- * * *
- ИНДЖЫЛЫЗЫБЗЭР цIыху мелуан 400-м я анэдэлъхубзэщ, ауэ абы цIыху мелардым щIигъу иропсалъэ: Великобританиер, США-р, Ирландиер, Австралиер, Новэ Зеландиер, Канадэр, нэгъуэщIхэри — псори зэхэту къэрал 76-рэ.
- Уэгум вагъуэбэр щыкуэдщ
- Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм яужькIэ нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къахутащ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщI вагъуэбэхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
- * * *
- Зи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуабэ дыдэр джэдырщ — градус 43-рэ. Абы кIэлъокIуэ тхьэрыкъуэр, бзу цIыкIухэр — градус 42-рэ. Гуэгушым, къазым, бабыщым, жьындум, къашыргъэм я хуабагъыр зэхуэдизщ — градус 40 — 41-рэ. Iэщ пIащэм, мэлым, хьэм, джэдум — 37 — 39-рэ яIыгъщ. ЦIыхур, номиныр, шыдыр, шыр, пылыр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым — градус 35 — 38-рэ.
- * * *
- Ди эрэм ипэкIэ 3200 гъэм Мени фирхьэуным Мысырым щыIэ пщыгъуэхэр зэгуигъэхьэри, Мемфис
- зи къалащхьэ Мысыр къэралыгъуэр къызэригъэпэщащ, дунейм щыяпэ дыдэу. Илъэс 500 хуэдиз дэкIа нэужь ар лъэщ мэхъу икIи ди эрэм ипэкIэ 2725 гъэм зауэ зекIуэхэр ирегъажьэ, лъэныкъуэ куэдкIэ унэтIауэ. Апхуэдэурэ къизэуащ Суданыр, Сириер, Ливаныр зэрыс щIыналъэхэр.
- * * *
- Хэку зауэшхуэр щыщIидзам СССР-м и Дзэ-Тенджыз флотым иIащ зэрызауэ кхъухь зэмылIэужьыгъуэу 1000-м нэс. Абыхэм ящыщу 3-р линкорт, 54-р эсминецт, 212-р псыщIагъырыкIуэт, 22-р псы Iуфэхэр зыхъумэт, 80-р хьэлъэзешэт, 287-р торпедэ зезыхьэт. Абы нэмыщI ди къэралым иIащ тенджыз авиацэм и кхъухьлъатэу 2.800-рэ, артиллерием и псы Iуфэ батарееу 260-рэ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 1. НапIэзыпIэ. 4. Гъэм и зэман. 8. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 9. … лъакъуэ щIэткъым. 11. ДжэдыкIэ … 13. ЦIыху Iэсэ, Iэдэб. 16. Iэпслъэпсым щыщ. 17. Уэщым нэгъуэщIу зэреджэ. 18. Ар вым и пщэм тралъхьэри, гум щIащIэ. 22. Языныкъуэ псэущхьэхэм я щIыфэм хищIэ хьэпIацIэ. 23. Теплъэншэ, фэншэ.
- Къехыу: 2. Псыхъуэхэм, гуэл Iуфэхэм къыщыкI жыг, зи фэр щхъуафэ-гъуабжафэ. 3. Щхьэгъубжэм и зы Iыхьэ. 5. … тесу псым йопыдж. 6. Хьэлу гъэва. 7. Насып зимыIэм и … хъудырым IуещIыкI. 10. ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI … щощIэ. 11. Псыежэх, район. 12. МахуэцIэ. 14. Сосрыкъуэ бзаджагъэкIэ хигъэщIа биижь. 15. Зи гур иудауэ къэхъуа цIыху. 19. Жьэ бзаджэ зыщIэт. 20. Пшынауэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист. 21. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухъу.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ФокIадэм и 11-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 1. Пщыпхъу. 4. КъуапцIэ. 6. Пэщ. 7. ПщылI. 8. Мывэ. 9. Умэ. 11. Шылэ. 13. Инат. 16. Шынэкъэрабгъэ. 17. «Нанэ». 18. Джэрш. 19. Адэ. 20. Губгъуэ. 22. Жэпкъ. 24. Уэд. 26. Хьэмид. 27. УщIоуэ.
- Къехыу: 2. Щыщ. 3. Хъуп. 4. Къущ. 5. ЦIыв. 10. Мухьэмэд. 11. Шэшэн. 12. Ленин. 14. Набдзэ. 15. Тхьэгъуш. 21. Бгъэ. 23. Пэу. 24. Уд. 25. Ду.