ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ДэIэпыкъуэгъу  псынщIэхэм»  къахохъуэ

2021-09-11

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум деж республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомобиль 17 дыгъуасэ щаритыжащ.

  • Автомашинэхэр щIыналъэм къыIэрыхьащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир мы гъэм и мэлыжьыхь мазэм УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызахуигъазэм пщэрылъ ищIа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. УФ-м и Правительствэмрэ Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэмрэ я унафэкIэ 2021 — 2023 гъэхэм федеральнэ бюджетым и мылъкукIэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» автомашинэу минитху къэралым и щIыналъэхэм папщIэ къащэхунущ. Ахэр яIэрыхьэнущ къуажэхэм, къалэ теплъэ зиIэ жылагъуэхэм, къалэ цIыкIухэм.
  • — Иужьрей илъэсхэм республикэм и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» IэнатIэм и автомашинэхэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, зэрахъуэкIащ. Нобэ диIэ хэхъуэр щIыналъэр дызыхуэныкъуэ дэIэпыкъуэгъушхуэщ, иджы Iэмал диIэ хъуащ къуажэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ транспорткIэ къызэдгъэпэщыну, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек. — «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и автопаркым хэткъым илъэси     9 нэхърэ нэхъыбэкIэ лэжьа. Абыхэм я шофёрхэм зэрыжаIэмкIэ, транспортым ныкъусаныгъэншэу илъэситхукIэ урилэжьэфынущ. Аращи, тхужыIэнущ иджыпсту IэнатIэр автомашинэщIэхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ. УФ-м и Президентым Iуэхур къызэрыддиIыгъым, къэралым и Правительствэмрэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэмрэ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр хъарзынэу ефIэкIуащ. Сымаджэщхэр диагностикэ, хирургие Iэмыпсымэ лъэщхэмкIэ, иджырей техникэхэмкIэ къызэдгъэпэщын тхузэфIэкIащ. Иджыпсту цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм, амбулаторэхэмрэ поликлиникэхэмрэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щокIуэкI. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр зэрыщыту къапщтэмэ, мы зэманым             абы щокIуэкI зыужьыныгъэфIхэр.
  • ЩIыналъэм къыIэрыхьа «ГАЗель Next» автомобилхэр Бахъсэн, Дзэлыкъуэ, Шэджэм, Тэрч, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ, Май районхэм щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, Зеикъуэ, Iуащхьэмахуэ жылагъуэхэм дэт сымаджэщым иратащ.
  • Республикэм и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIа «эфир зан-щIэм» къэпсэлъа цIыхухэм я лъэIур ягъэзащIэу, Нарткъалэрэ Нартанрэ дэт медицинэ IуэхущIапIэхэми автомашинэ зырыз хуагъэкIуащ. Апхуэдэуи КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ Терскол жылагъуэмрэ Азау хуеймрэ жэщ-махуэм плъыру щыIэну «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэхэр» къалъысащ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.