ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ

2021-09-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Нобэ дэ догъэлъапIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэ — Республикэм и махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал ухуэкIэр, жылагъуэ-политикэ и лъэныкъуэкIэ зытетыну мардэхэр зыхуэдэнур а махуэрщ щаубзыхуар икIи республикэм и тхыдэ гъуэгуанэр абы епхащ, ар зэкъуэтынымрэ зэрыIыгъынымрэ, зэныбжьэгъунымрэ зызэхэщIыкIынымрэ я дамыгъэщ.

  • Урысейм хэту автономие зэригъуэтар мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэ Iуэхуу уващ икIи республикэм щыпсэу цIыхубэм я дежкIэ къыпхуэмылъытэным хуэдиз къару иIащ, абы зиужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къыхузэIуихащ. Дэ пщIэшхуэ яхудощI Къэбэрдей-Балъкъэрыр ухуэным, абы зиужьыным зи Iущагъ, лэжьыгъэ, къару езыхьэлIахэм, дрогушхуэ ди лъахэгъу куэдым я лIыхъужьыгъэхэм, лэжьыгъэфIхэм, къэралми дуней псоми щыцIэрыIуэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ, усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ, музыкантхэмрэ спортсменхэмрэ я зэфIэкIхэм. Дэ ди къалэныр нэхъыжьхэм я хабзэфIхэм пытщэнырщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ехъулIэныгъэхэр дгъэбэгъуэнырщ, дыщалъхуа щIыналъэр нэхъри ефIэкIуэным хьэлэлу дыхуэлэжьэнырщ.
  • Нобэ республикэм ехъулIэныгъэкIэ щагъэзащIэ иджырей инвестицэ проектхэр, промышленностымрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмрэ, спортымрэ туризмэмрэ къыщыхалъхьэ жэрдэмыщIэхэр, жыджэру къагъэIэрыхуэ бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр. Республикэм и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэм и мурадыр цIыхухэм я псэукIэу къызэрыгуэкI пщалъэхэм изагъэхэр егъэфIэкIуэнырщ: Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дэтхэнэ зы цIыхури абы и унагъуэри тыншу, зыхуей хуэзэу псэунырщ; езым и зэфIэкIымрэ зэчиймрэ къигъэлъэгъуэнымкIэ Iэмал иIэнырщ; гугъуехь хэхуэмэ, абыхэм щыхъума зэрыхъуну хэкIыпIэхэр иIэнырщ; я сабийхэм я къэкIуэнумкIэ адэ-анэхэр мыгузэвэнырщ; нэхъыжьхэм гулъытэ яхуэщIынырщ; щалъхуа республикэм цIыхухэр ирипэгэнырщ.
  • Илъэс къакIуэ дэ дгъэлъэпIэнущ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ пIалъэр — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэсищэ гъуэгуанэм кърикIуахэр щыхьэт тохъуэ ди ехъулIэныгъэ псоми я лъабжьэу щытыр дэтхэнэ зыми егугъуу и лэжьыгъэр игъэзэщIэныр зэрыарар. Шэч къытесхьэркъым, дэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр, дызэдегугъумэ, зэрытхуэгъэзэщIэнум, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIи нэхъри зэрызедгъэужьыфынум.
  • Ди къарур зыхэлъыр ди зэкъуэтыныгъэрщ. Ди текIуэныгъэхэр къызыдэкIуэнури аращ.
  • Республикэм щыпсэу псоми си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу мамыру, фыузыншэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэу, зэIузэпэщу фыпсэуну.
  • МахуэшхуэмкIэ, си хэкуэгъу лъапIэхэ!