ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Сату-промышленнэ палатэм и журналым интервью иритащ

2021-08-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек драгъэкIуэкIа интервью къытрадзащ Урысейм и Транспорым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ УФ-м и Сату-промышленнэ палатэмрэ къыдагъэкI «Дороги и транспорт» журналым бадзэуэгъуэм дунейм къытехьа и зи чэзу номерым.

  • КIуэкIуэ Казбек тхыгъэм щытопсэлъыхь республикэм и зыгъэпсэхупIэхэр фейдэ къату гъэлэжьэным хуэгъэзауэ къагъэсэбэп хэкIыпIэхэм, транспорт инфраструктурэр зэрызэтеухуамрэ къэрал кIуэцI туризмэм зэрызрагъэужьымрэ. Псом япэрауэ, Iэтащхьэм и гугъу ищIащ зи бгы лъагэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ къежэхыпIэхэмрэ зегъэужьыныр къэрал къалэну щыгъэува Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Iуэху абыкIэ зыIутым. Iуащхьэмахуэ лъапэ щагъэувакIэщ Урысейм щынэхъ лъагэ дыдэ кIапсэ гъуэгур, бгым къызэрежэхыну гъуэгущIэхэр ящI, щIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр иужьрей илъэсихым къриубыдэу хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ.
  • «Мы зэманым щIадзауэ иджыри кIапсэ гъуэгуитI яухуэ. Абыхэм лыжэрэ сноубордкIэ бгым къежэхынухэр иридэкIынущ метр 3515-рэ хъу лъагапIэм нэс. Ауэ дэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зедгъэужь къудейкIэ Iуэхур зэфIэдгъэкIыркъым. Туризмэм зегъэужьыным къызэщIыдогъэубыдэ Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэри», — къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
  • Абыхэм нэмыщI, республикэм и Iэтащхьэм и интервьюм щытепсэлъыхьащ къалащхьэм и аэропортым зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэми. Абы папщIэ зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ «Новапорт» холдингым, апхуэдэуи «Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэу зэфIагъэкI лэжьыгъэхэми къытеувыIащ. КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, республикэм зыхуей хуэзэу щызэрагъэпэщыжащ гъуэгу километр 230-рэ, мыбдежым гулъытэ хэха щыхуащI шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным: гъуэгухэр тэмэму къэгъэнэхуным, Iуфэхэм къэухьхэр щыгъэувыным, лъэс зэпрыкIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ гъуэгум къыщекIуэкI псори зытхыну Iэмэпсымэхэр гъэувынымрэ.
  • ЩIыналъэ проектхэр гъэзэщIэным щIыналъэхэр зэрехъулIэр щызэпалъытым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр гъуэгухэр ухуэнымкIэ къэралым щынэхъыфI щIыналъитхум ящыщу къалъытащ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.