ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-31

  • Гупсысэ кIэщIхэр
  • ЕхъулIэныгъэр уафэм  къехуэхыркъым
  • ГурыщIэр — гушыIэжьейкъым, дыхьэшхэн ухъуну ухуэмеймэ, псоми яхуумыIуатэ. УусакIуэмэ — ар нэгъуэщI Iуэхущ: цIыхур уи гу пцIанагъэм есэжащи, къыпхупыгуфIыкI мыхъумэ, къыпщыдыхьэшхыжыркъым (гущIэгъу къыпхуещI).

  • * * *
  • Гужьгъэжь, лъагъумыхъуныгъэ цIыху гуэрхэм яхудиIэху, а цIыхухэм нэхърэ нэхъыкIэ дызэрыхъур тщIэжу е зыдумысыжыфу щытамэ, ди уэредадэт!
  • * * *
  • Гу хьэлэл-псэ къабзэм пцIыи псалъэ фIеи кIэрызагъэркъыми, зэхэщIыкI лъагэ зиIэр уубкIи къызэрыфIэIуэху щыIэкъым; псом хуэмыдэу ар творческэ цIыхумэ, и зэфIэкIым, и IуэхущIафэм, хигъахъуэ мыхъумэ, хигъэщIыркъым. Апхуэдэ цIыхухэр зымыгъэпсэууэ кIэрыхъыжьэми пщIэншэу и зэман егъэкIуэд, ауэ псэкIэ зызымыужьам, лIы мыхъум, цIыху гъэикIэным и насып къыхэкIыну хэзылъагъуэм, абы дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ къриту къызыщыхъум зыри пхуещIэнукъым… Ахьмакъ Iуэхуншэм а хьэл мыгъуэр къытепхмэ — лIэни!..
  • * * *
  • ГъащIэр псыежэхыу щIыжаIэр псымрэ гъащIэмрэ псынщIэу зэрыжэр арауэ фIэкIа япэм нэгъуэщIу къызгурыIуэртэкъыми, иджы фIы дыдэу къызгурыIуащ: дунейм теткъым псым фIейуэ (пхъэнкIийуэ) хамыдзэ, гъэкIэрэ щызэтримыхьэ…
  • * * *
  • Дахагъэр, хабзэр, пщIэ-нэмысыр, хьэл-щэныфIагъэр, дуней псор къызэхэпкIухьами, зыщIыпIи щыбгъуэтынукъым — умылъыхъуэ, укъыщыщIэкIым ахэр уи унэм къыздыщIумыхамэ.
  • * * *
  • Дэ псоми цIыхуфI ткIуэцIысщ, гу хьэлэл-псэ къабзэ иIэу, ауэ дунейм къытехьэну таучэл щищIыр зэзэмызэххэщ, — нэгъуэщIым къыгурымыIуэнкIэ, ауан къащIынкIэ мэшынэ.
  • * * *
  • Дэтхэнэ цIыхуми фIыуэ хэлъыр хэплъэгъуэныр Iущыгъэм и нэщэнэщ; Iейуэ хэлъым, и ныкъусаныгъэ-щыщIэныгъэхэм фIэкIа хэзымылъагъуэм псэкIэ зиужьауи, езыр цIыхуфIыуи жыIэгъуейщ.
  • * * *
  • ЕхъулIэныгъэр уафэм къехуэхыркъым. Ар гугъэм пыщIащ. Гугъэр — фIы и лъэныкъуэкIэ хъуэпсапIэщ. ХъуэпсапIэр — Iуэху хэмылъу зэфIэкIыркъым. Iуэхум и кIэухыр зэхъуэкIыныгъэщ. Уи гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжамэ — уи гугъэм утеIэбэжащ. Уи гугъэм утеIэбэжамэ — узыщIэхъуэпсар къохъулIащ. Ауэ щыхъукIэ, гугъэм и кIэухыр — ехъулIэныгъэщ. Гугъэурэ лIэжащ, жиIэмэ — и гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зимыхъуэжауэ аращ.
  • * * *
  • Зэманыр шыщхьэмыгъазэ-шэ цIывауэ макIуэ… ТIэкIу нэхъ хуэм зищIыну, къызэплъэкIыу ди зэхэтыкIэм Iуплъэну укIытэу къыщIэкIынущ.
  • Хьэту  Пётр.
  • ГушыIэ
  • Дзажэ  пшэрым урезгъэхьэхынщ
  • Хъуэжэ мэжэлIауэ и хэгъэрей гуэрым деж еблагъэри, ягъэшхэну елъэIуащ.
  • — Иджыпсту хьэзыру мырамысэ гъущэ фIэкIа зыри симыIэ, — жиIэри уэнжакъым дзажэ гъэгъуа фIэлъ пэтми, унэгуащэм Хъуэжэ мырамысэ къудей къыхутригъэуващ.
  • Абы мырамысэр ишхыу щIидзащ. АрщхьэкIэ мырамысэ гъущэ пхуэшхынт — и тэмакъым тенэурэ хуегъэхыртэкъым. Абы нэмыщIауэ лым и мэр къыщIихьэрти, Хъуэжэ жиIащ:
  • — Мырамысэ, мырамысэ, уехынумэ ех, уемыхынумэ, мо уэнжакъым фIэдза дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ!
  • Ар зэхэзыха унэгуащэр укIытэжри жиIащ:
  • — Сигу къэкIыжатэкъым, на, дзажэр зэрыдиIэр, — икIи лы хуигъажьэри иригъэшхащ.
  •  Махуэ  Iэлисэхь.
  • Къуажэхьхэр
  • Унэр  пэкIэ зыщI
  • Нэхущ сыхьэт,
  • Сыхьэт щIамыIуантIэ.
  •  
  • Мэл хъушэм и пашэ,
  • Пашэ мышынэ.
  •  
  • ЖэщкIэ лъэтэрей,
  • Жейуэ хэлъым щыхьэрей.
  •  
  • Жыг щхьэкIэр зи унэ,
  • Унэр пэкIэ зыщI.
  •  
  • ЩIыIэ хъуамэ,
  •  ди щыгъын,
  • Хуабэ хъуамэ,
  •  хъуным ихъу.
  •  
  • Уэшхым къыдаIэт,
  • Iэтауэ кърахьэкI.
  •  
  • ЖЭУАПХЭР:
  •  Адакъэ. Ажэ. Аргъуей. Бзу. Джэдыгу. Жьауэ.
  • Зэхэзылъхьар Щоджэн  Леонидщ.
  • ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь
  • Пхъэлъантхъуэ
  • Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. ПхъэлъантхъуэкIэ йоджэ абыхэм. Лы, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ апхуэдэхэм нэхъапэм. Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ къыщIокI…
  • Адыгэхэм иджыри къэс ягъэлъапIэ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр, ар илъэсыщхьэу къалъытэ.
  • Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, унагъуэ къэс пхъэлъантхъуэ зырыз зэрахьэрт, Созрэщ и пхъэлъантхъуэкIэ еджэу. Ар хьэмкIутIейм е кхъужьейм къыхащIыкIырт, илъэс хъурейм гуэным щахъумэрт, гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэм гуэным кърахырт. Пхъэлъантхъуэр гуэным къыщрахкIэ я пашэр нысащIэт. Гуэныбжэм бгъэдыхьэрти, нысащIэм жиIэрт: «Созрэщ, бжэр Iухи, дыныщIэгъэхьэ!» Бжэр «къызэIукIырти», нысащIэм пхъэлъантхъуэр къищтэрт, абы и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пагъанэрти, унэм щIахьэрт, жыхафэгум трагъэувэрти, езыхэр къетIысэкIыжырт, зыхуагъазэурэ тхьэ елъэIурт: «Я дэ ди Тхьэу Тхьэшхуэ, гъэфI къыдэт, ди гъавэр гъэбагъуэ, мафIэм дыщыхъумэ…» А пщыхьэщхьэм Созрэщ къигъэзэжауэ къалъытэрт, илъэс хъурейм хы гущIыIум тетауэ; Созрэщ къыщигъэзэжа махуэм гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ къалъытэрти, жылэм я гуфIэгъуэт, джэгушхуэ, тхьэлъэIу ящIырт.
  • Созрэщ нэмыщI, пасэрей адыгэхэм тхьэуэ е тхьэпэлъытэу яIащ Мэзытхьэ (мэз псэущхьэхэм я тхьэ), ЗекIуэтхьэ (зекIуэлIхэм, гъуэгу тетхэм я тхьэ), Хыгуащэ (хым и тхьэ), Псыхъуэгуащэ (псым и тхьэ), нэгъуэщIхэри. Уафэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм я тхьэр Уащхъуэт, уафэгъуагъуэм, уафэхъуэпскIым я тхьэр Щыблэт, цIыхум и гъащIэр, и псэр зи IэмыщIэ илъыр Псатхьэт. Мэкъумэш зыщIэхэм тхьэуэ ялъытэр Тхьэгъэлэджт, Iэщ зыгъэхъухэм — Амыщ, гъукIэхэм — Лъэпщ.
  • Къартул  Хьисэ.
  • Псалъэжьхэр
  • Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым
  • Iуэхур жыIэгъуафIэ щхьэкIэ — щIэгъуафIэкъым.
  • Хамэ пщIэнтIэпс хъер хъуркъым.
  • Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
  • Дахэм къимыхь Iейм къихьыркъым.
  • Делэ лIыкIуэ умыщI.
  • Гум имылъ жьэм къиIуатэркъым.
  • Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
  • ХьэщIапIэр фIыми, уи унэжь нэхъыфIыжщ.
  • Мыщэм зыщихъумэурэ мащэм ихуащ.
  • Ныбэр нэщIмэ, лъакъуэр щIэкIыркъым.
  • Пкъымрэ псэмрэ зэIэпыкIыгъуейщ.
  • Псалъэ гуапэ гугъэдахэщ.
  • Псалъэм и пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым.
  • Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
  • Кхъахэ хъуари кхъэм ехъуапсэркъым.
  • Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.
  • Къалэн зыщыпщIыжыр къалэн пхуохъу.
  • Къундэпсо гуащIэм кхъуэщыныр зэрегъэкIуэкI.
  • МазэщIэр куэдрэ блэркъым.
  • МафIэншэри гъавэншэри зэлъытащ.
  •  
  • Ди  анэм  къиIуэтэжа  хъыбар
  • ЛIыжь цIыкIумрэ пщымрэ
  • Пасэм щыгъуэ ди къуажэм дэсащ зы лIыжь цIыкIу. Ар хуабжьу гушыIэрейт, зыгуэр ауан ищIыну е щIэнэкIэну иужь ихьамэ, абыкIэ къыпэлъэщын жылэ кIыхьым къыдэкIынутэкъым. Псом хуэмыдэу абы фIыуэ илъагъур пщы пагэхэмрэ уэркъ зызэфIэзышхэмрэ ехъурджэуэнырт, заригъэцIыхужынырт. ЛIыжь цIыкIур зэрыIуэрыIуэдзыр ящIэрти, пщыхэми абы зыщадзейрт, зыгуэркIэ игу къыдэбгъэрэ хъуэн къэдлэжьмэ жари.
  • Зэгуэрым псы икIыпIэм деж цIыхушхуэ щызэтрихьат. Абы ирихьэлIэу пщы щIалэщIэ къыIухьащ, ишкIи и IэщэфащэкIи екIуу зэгъэпэщауэ. Пщы щIалэщIэм ибгъу зырызымкIэ бейгуэлитI къыщытт. Ар егъэлеяуэ пагэт, нэрылъагъут и щхьэ трилъхьэмрэ и напщIэ телъымрэ хуэдиз зэрыкъуэмылъыр.
  • Псы икIыпIэм щытхэм яхэтт ди къуажэгъу лIыжь цIыкIу гушыIэрейри. Мо пщы пагэр щилъагъум лIыжь цIыкIум ину, псоми зэхахын хуэдэу, жиIащ:
  • — Я дэ ди Тхьэ, мы сэ слъагъур сыт? Ярэби, мыпхуэдэ щIалэ екIу, мыпхуэдэ цIыху зэкIуж щыIэжу си гугъакъыми! Тобэ, тобэ, адыгэу пIэрэ? Хэт къызжиIэн мы щауэр къыздикIа щIыпIэр? И насыпкъэ апхуэдэкъуэ зиIэ адэм! Хьэуэ, зи унэ насыпкIэ къибгъар ар къызыхэкIа лъэпкъырщ! КъызжыфIэ, хэт хъуну мы жэщи махуи тхьэ сызыхуелъэIуну щIалэ къуданыр?
  • ЛIыжь цIыкIум гу лъитащ пщым и напщIэр мащIэу зэрыхэлъэтам икIи нэбгъузкIэ къызэрыхуеплъэкIам. ЦIыхухэми ялъэгъуащ пщыр и гъусэхэм зыгуэркIэ зэреупщIар. ЗэрыхуагъэфэщамкIэ: «Хэт апхуэдизу хъийм икIауэ зигу срихьа, зи псэм сыдыхьа лIыжь цIыкIур?» — жиIэу щIэупщIауэ арат. Ар къыщыгурыIуэм, лIыжь цIыкIум нэхъри тригъалэу щIидзащ:
  • — Дауэ? Ди къуажэпщым и щIалэуи?! Е Алыхьым насыпыр зрита пщышхуэ, апхуэдэ щIалэ уиIэу хэт и гугъэнт. Нобэ сылIэми, солIэ жысIэнкъым апхуэдэлI адыгэм щыдиIэкIэ! АтIэми, ди къуажэу! Ауэ сытым щыгъуэ иджы ар сэ щыслъагъунур? НэгъуэщI мыхъуми и сурэтыр сщымыгъупщэну си нэгу щIэтамэ аратэкъэ! Ар зытесым хуэдэ зы шы-уанэ зэтелъ сиIатэмэ, сэ си Iуэхут абы и сурэтыр сщыгъупщэжтэмэ… Ауэ мыгъуэ, сэ факъырэм дэнэ къисхын апхуэдэ хуарэ, апхуэдэ адыгэ уанэ?..
  • ЛIыжь цIыкIум и мурадыр къехъулIащ. ЕтIуанэ махуэм пщым и лIыщIитI къэкIуащ, шы-уанэ зэтелъ зэгъэпэща къыхуашэри. Ар пщыр апхуэдизу гунэс зыщыхъуам къыхуищIа саугъэтт. ЛIыжь цIыкIум иджыпсту жиIэ псори къанэ щымыIэу пщым зэрыжраIэжынур тэмэму ищIэу къригъэжьащ:
  • — Я дэ ди Тхьэ, мыр сыту саугъэтышхуащэ сэ схуэдэ мэкъумэшыщIэ тхьэмыщкIэжь дежкIэ. Ди къуажэпщым и щIалэм и закъуэщ апхуэдэ псэ хьэлэл зиIэу мы дунеишхуэм тетынкIэ хъунур! Ауэ сыт иджы сэ факъырэм сщIэнур? Мы шым и цыр мыпхуэдэу цIуужу схузехьэну пIэрэ, выгу зэщIэщIа симыIэу? СыткIи сывэн, сыткIи сысэн мыбы езгъэшхын зэнтхъ сиIэн щхьэкIэ?
  • Аргуэру лIыжь цIыкIум и мурадыр къехъулIащ. ЕтIуанэ махуэм пщым абы выгу зэщIэщIа къыхуригъэхуащ. Ар щилъагъум, лIыжь цIыкIур пщым и къуэм щытхъури, и нэпсыр къекIуауэ жиIащ:
  • — Сыт мыгъуэкIэ сэбэп шы-уанэ зэтелъри, ушэсу уэрамым удыхьэ щымыхъунукIэ?
  • — Сыт щIэмыхъунур, ди адэ? — ягъэщIэгъуащ пщым и унэIутхэм.
  • — Дауэ пщым къысхуригъэша а шы дэгъуэм сышэсын мы си щыгъын бацэхэмкIэ? — щэтащ ар. — Апхуэдэшым екIу фащэ, жи!
  • ЖаIэж етIуанэ махуэм лIыжь цIыкIум фащэ екIу щыгърэ мо шы зэгъэпэщам тесу уэрамым къыдыхьауэ.
  • Апхуэдэу абы и къуажэгъухэм я фIэщ ищIыгъащ я пщыр зэрыделэр.
  • Къэзан  Хьэмзэт.
  • Дыщалъхуа щIыналъэм
  • Налшык щхъуантIагъэм и къалэщ.

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ШхукIэ щIа лэкъум
  • Шху гуащIэм шыгъу, джэдыкIэ цIынэ, содэ, фошыгъу, сэхуран дагъэ халъхьэ, мафIэм трагъэувэри, зэIащIэурэ и хуабагъыр градус 35-рэ хъуху трагъэт, содэмрэ фошыгъумрэ ягъэткIуху. Шху хуэбар гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIам хакIэри, тхьэв япщ, хъыдан трапхъуэри, хуабапIэм щагъэтщ дакъикъэ 20 — 30-кIэ.
  • ИтIанэ Iэнэмрэ хупхъэмрэ сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэвыр мм 3 — 4 и Iувагъыу хупхъэкIэ яхури, сэкIэ зэпаупщI. Лэкъумыр сэхуран дагъэкIи тхъукIи бгъажьэ мэхъу. Тхьэв зэпыгъэжар фIыуэ къэплъа дагъэм халъхьэри, тхъуэплъ хъуху ягъажьэ.
  • Лэкъумыр щабэу, пIэрэпIэщэжу щытын хуейщ. Шатэ, фо, шей щIыгъуу хуабэу яшх.
  • Халъхьэхэр: гуэдз хьэжыгъэу — г 700, шхууэ — г 400, джэдыкIэу — 1, шыгъуу, содэу, фошыгъуу, зэрагъэжьэну дагъэу — зыхуейм хуэдиз.
  • Фоупсым хэгъэвыхьа дэ купщIэ
  • Дэ купщIэр яуб е лыхьэжым щIагъэкI, тебэ е шыуан гъущэм мыIув дыдэу иралъхьэ, мафIэм трагъэувэри, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, дыщафэ хъуху, мэ гуакIуэ къищтэху ягъэлыгъуэ. Ар яухуэнщI, зэIащIэурэ фо къэплъам хакIутэ, зэ къытрагъэкъуалъэри къытрахыж. ТIэкIу зэрыупщIыIуу кIэструлым е кхъуэщыным иракIэ, и щхьэр тепIауэ щIыIапIэ ягъэуври, зыхуейм хуэдиз къыгуахыурэ яшх. ЩIыIэ зыхыхьахэмрэ зи тхьэмщIыгъу узхэмрэ я дежкIэ сэбэпышхуэщ. Лэкъум хуабэ, щIакхъуэ дашх, шей драф.
  • Халъхьэхэр: фоуэ — г 300, дэ ущэбауэ — г 150-рэ.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Iуамыхыф  IункIыбзэ  щыIэкъым
  • Зыри зумыщIэфыну Iуэху гуауэр, лIыгъэ зыхэлъхьи, шэч.
  • ФIей хъуа псэр пхуэгъэкъэбзэжынукъым.
  • Аргъынэ уэдым Iэмбатэ пшэр зэи къуитынукъым.
  • Сыт хуэдэ удзми езым и гъэгъэкIэ иIэжщ, дэтхэнэ цIыхуми езым и псэукIэ зэриIэжым ещхьу.
  • Адэ-анэр зымыгъэпэжым пэжыныгъэкIэ ущымыгугъ.
  • ИкIи ужьмэ, икIи ужьеймэ, хэт уи гугъэ къыпхуеижыр?
  • Шынэ зымыщIэ цIыху щыIэкъым, укIытэ зымыщIэщ щыIэр.
  • Зэ узыпхыхуа мылым етIуанэу утемыхьэжи нэхъыфIщ.
  • Зи зэманыр къызэмэщIэкIыр зэгъэзэхуэкIэ зымыщIэрщ.
  • Мылъку фIэкIа илъагъу хъууэ дунейм зыри теттэкъым.
  • Зэзэмызэ зуплъыхьурэ псалъи, зэзэмызэ гупсысэурэ тIыс.
  • ЩIыхуэ къищтэурэ унэ ищIати, унэр ищэжри, щIыхуэр ипшыныжащ.
  • Зыгуэр хуэныкъуэу къэмыхъуам гукъеуэ щыIэу ищIэркъым.
  • Iей гуэр къыбдэзыщIэр ижэгъу умыщIи нэхъыфIщ.
  • ЩIым щIамытIэф, псалъэ къищынэмыщIа, щыIэкъым.
  • Акъылым и пэ бзэгур илъадэмэ, Iуэхур зэIыхьэпауэ бжы.
  • КIурашын  Алий.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. «Си нанэ, а хьэлъэзехьэхэрщ нобэкIэ къызэдэхащIэр, «зеиншэщ мы … цIыкIур», жаIэурэ Iэ къыздэзылъэр» — ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ цIэрыIуэ «Нанэм» щыщ. 4. ЛъапсэщIэм … набжи хэлъкъым. 7. Уи бзэгур къэзыс гуэр. 9. Хьэкъущыкъу. 10. Ерыскъы … Е гум фIэфI гуэр. 11. Цым, цым, цым, … лъэбыцэжь. 12. Удын зэхэдзэ нэхърэ — … зэхэдзэ. 13. Iуэху мыублэ … хэсщ. 15. Пхъэ дзакIэ папцIэ цIыкIунитIэ. 17. Сабийр … хъухункIэ жеящ. 19. … зытеха къэбыр пшхыну нэхъ IэфIщ. 20. Бадзэшхуэ. 21. Адыгэ генерал. 24. МахуэцIэ. 25. … тхьэIухудым щIалэхэр хьэщыкъ къищIащ. 26. Ди гъунэгъум и … къикIащ: къулыкъуфI къратащ. 28. ХадэхэкI трасэн хьисэпкIэ унагъуэм ягъэщэба щIы Iыхьэ. 30. «Семыгупсысу дыгъуасэ псалъэ дыдж зэроздзар уи жагъуэ …», — зэлэжьэгъу лIитIым я зым зыхуегъазэ адрейм. 32. Балигъ мыхъупа цIыхухъу. 33. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 34. Iэпслъэпсым щыщ. 35. Бий гущIэгъуншэр къуажэм къыщыблагъэм, жылэр … ихьэжащ. 36. Бжэныфэм къыхаха Iуданэ.
  • Къехыу: 2. … Ипщэ къуажэ. 3. Фэм псы дищIэу къэушырыба щIыпIэ. 4. 1708 гъэм къыттеуа кърымыдзэм хьэлэчыпцIэр хэзылъхьа адыгэхэм я дзэзешэу щыта ХьэтIохъущокъуэ … 5. Къэбэрдей композитор. 6. ХэгъукI-хэфыкIыу щIэзыдза жыгым трищIэ Iэгъэбэгу. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф и къуажэ. 14. Хьэкъэлэрым нэгъуэщIу зэреджэ. 16. Ар щIэпым къыхах. 18. Тутнакъэщым нэгъуэщIу зэреджэ. 22. Пшынауэ цIэрыIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист. 23. ХадэхэкI хьэсэм хищIэ цIывыжь. 26. Адыгей тхакIуэ цIэрыIуэ … Тембот. 27. Илъэс зытIум ит шыщIэ. 29. Армэм къулыкъу щызыщIэ. 31. Жану лъа гуэр. Е джыдэ…
  • Зэхэзылъхьар Мыз  Ахьмэдщ.
  • Бадзэуэгъуэм и 24-м ди газетым тета
  • псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  •  ЕкIуэкIыу: 3. IэшкIэ. 5. Бланэ. 7. Iэуа. 8. Къуэдз. 10. Бжьэф. 12. Шухьэ. 14. ЛутIэ. 17. Ибэ. 18. КъыпцIэ. 19. Къыр. 22. Симферополь. 25. Тощ. 26. Щтауч. 28.Таж. 29. Хьэкъун. 31. ПцIым. 32. Мусэ. 34. Мыл. 35. Тхьэм. 39. Ержыб. 40. Армум.
  • Къехыу: 1. Джэду. 2. Къуныжь. 4. КIэ. 6. Лы. 7. Iэдииху. 8. Къурэ. 9. Дзэл. 11. Факъырэ. 13. Хьэкъ. 15. Усэ. 16. «Спартак». 20. Умэ. 21. Боз. 23. Птелъым. 24. Бжыхьым. 26. Щыкъу. 27. ЧыцI. 30. Нэм. 31. Пыл. 33. Сурэ. 36. ХьэукI. 37. Мы. 38. Хур.