Балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ
2021-07-29
- КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ балигъыпIэ имыувахэм яхуэгъэза хабзэхэр къызэпемыгъэудыным теухуа Iуэхухэм щыхэплъа зэIущIэ.
- Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ ЛIуп Индрис.
- Лъынэ Светланэ зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ сабийхэм ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъун и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм, балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ комиссэхэм, адэ-анэхэм я къалэнхэр я пщэ далъхьэжауэ сабийхэр зи нэIэ щIэтхэмрэ ныбжьыщIэхэм я Iуэху зытетым кIэлъыплъ органхэмрэ я лэжьэкIэм.
- КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ я сэбэп зыхэлъхэм къащхьэщыжыным, зыхуей хуэмызэ унагъуэхэм щапI ныбжьыщIэхэм я нэIэ трагъэтыным хуэгъэзауэ республикэм щыIэ хабзэхэр, мардэхэр зэпалъытыну. Апхуэдэуи абы къалэну яхуигъэуващ зы тхьэмахуэм къриубыдэу, КъБР-м и Правительствэм балигъ мыхъуахэмрэ абыхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ щыIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэм ирихьэлIэу, абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным хуэщхьэпэну чэнджэщхэр ягъэхьэзыру къыхалъхьэну. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жэуап зыхь IэнатIэхэм я лэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн, унагъуэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ зыIууэ гугъуехьхэр къэгъэнэIуэн зэрыхуейр, апхуэдэуи, адэ-анэхэм, е абыхэм я пIэкIэ щIэблэм якIэлъыплъхэм я къалэнхэр тэмэму щамыгъэзащIэ къэхъумэ, апхуэдэхэр къыщIэгъэщауэ и чэзум унафэ зэрытещIыхьыпхъэр.