Уи Хэку и мывэхэри дыщэщ
2021-07-31
- Гулъытэ
- ЩIэблэм зрагъэгъэпсэху
- Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иджыблагъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ республикэм щригъэкIуэкIащ.
- Абыхэм ящыщщ мы махуэхэм Iэтауэ къызэIуаха сабий зыгъэпсэхупIэр. Гъэ къэс ДАХ-м хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгей республикэхэм ящыщ ныбжьыщIэхэмрэ зэхуашэсурэ гуимыхужу зрагъэгъэпсэху. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсхэм къежьа уз зэрыцIалэм (Сovid-19) и зэранкIэ ар къайхъулIэркъым. Мы гъэм Iуэхум бгъэдыхьэкIэщIэ къыхуагъуэтащ: сабий зыгъэпсэхупIэм щызэхуашэс хэкум щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэмрэ къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэмрэ.
- НыбжьыщIэ 30-м тхьэмахуищкIэ «Вершина» санаторэм щыIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ а цIыкIухэр зыгъэпсэхупIэм щызэрыцIыхум и мызакъуэу, программэ гъэщIэгъуэн къазэрыпэплъэр. Санаторэм зэрыщыIэну пIалъэм ныбжьыщIэхэм адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIынущ, Налшык дэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм яшэнущ, ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьынущ, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ я зэфIэкI ягъэунэхунущ, нэгузыужь пшыхьхэр хуащIынущ.
- Сабий зыгъэпсэхупIэр къыщызэIуах пшыхьым щIэблэщIэм псалъэ гуапэкIэ зыщыхуагъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» (КъШР) зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан, Мэздэгу адыгэхэм я хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан, Ставрополь хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ, хэкум къэзыгъэзэжа нэхъыжьыфIхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- — Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр лъапIэщ дэркIи къэкIуэжахэм я дежкIи. Дуней псом дыщикъухьами, нобэкIэ дызэрыщIэну, дызэрыгъуэтыну Iэмал гъуэзэджэхэр диIэ хъуащи, ари фIыщ. ТIуащIэу гуапэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэм-хуэмурэ адэжь щIыналъэмкIэ къызэреIэр щыплъагъукIэ. Сыхуейт апхуэдэхэм я бжыгъэм нэхъри хэхъуэну, ХэкумкIэ къэхъуапсэ дэтхэнэми и мурад дахэр къехъулIэну, адыгэу дунейм текъухьар зэгуэр дызэрыгъуэтыжыну, къеблэгъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ щыувыну, щыбэгъуэну! — къекIуэлIахэм захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм.
- Ар тепсэлъыхьащ къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъ-хэм пщIэ къыхуащIу, къалъытэу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къызэрысам. Абы зэIущIэм хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэр къыхуриджащ блэкIар зыщамыгъэгъупщэу, лъэпкъым и Iуэху зэрырагъэфIэкIуэнум хущIэкъуу, я нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу псэуну.
- Сэхъурокъуэм и псалъэхэм къыпищащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём.
- — ДАХ-м лэжьыгъэ щхьэпэ куэд зэфIегъэкI, хэхэс адыгэхэм, хэкум къэзыгъэзэжахэм я Iуэху дегъэкI, я псэукIэр ефIэкIуэнымкIэ хузэфIэкI къигъанэркъым. Сэ си фIэщ мэхъу гъэма-хуэ зыгъэпсэхупIэм зэхашэ адыгэ щIэблэм лъэпкъым и тхыдэр зытхынухэр, абы и къэкIуэнур езыгъэфIэкIуэнухэр мымащIэу зэрахэтыр. Сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщауэ гъащIэ дахэ яIэну ди гуапэщ, абы папщIэ дэри ди зэфIэкI деблэжынкъым.
- Ди гуапэщ хэкум къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэр мы зэхыхьэм щытлъагъуну, сэбэп дызэрыфхуэхъуфкIэ дыфхуэхъунущ, фыкъыздэкIуэжа къэралым фыхэзэгъэну, фыщефIэкIуэну, Iуэхугъуэ щхьэпэхэмкIэ дяпэкIи дызэхуэзэну сынывохъуэхъу, — жиIащ Къуэжейм.
- Хэкум къэIэпхъуэжа нэхъыжьыфIхэм ящыщ Къущхьэ Надим ДАХ-м фIыщIэ хуищIащ.
- — Гухэхъуэщ хэкум щыпсэуну къэкIуэжахэм я щIэблэр гъащIэм зэрыхэзагъэр, зыхэт гупым зэрызыдрагъэкIур плъагъуну. ЛъэпкъымкIэ я гупэр гъэзауэ къэхъуну сахуохъуахъуэ. Дэнэ щIыпIэ дыщыпсэуами, ди гум хэкум дыкъришэлIэжащ. Мыбы гупсэхугъуэу щыдгъуэтар уасэншэщ, ар дэркIэ фIыгъуэшхуэщ. Хэхэс хъуа адыгэ псоми къабгъэдэкIыу хэкур тхуэзыхъума, абы жылапхъэу къинауэ иса ди лъэпкъэгъухэм фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ. Фэр нэмыщIамэ, дэ дэнэ декIуэлIэжынт?! Фэращ ди лъэпкъ жьэгур зэхэзымыгъэкIыжар, — жиIащ Надим.
- Гъэмахуэ зыгъэпсэху-пIэм кIуэ ныбжьыщIэ цIыкIухэм ДАХ-м къыбгъэдэкIыу IэфIыкIэхэмрэ еджапIэм къащыхуэсэбэпыну хьэпшыпхэмрэ тыгъэ хуащIащ.
- Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кавказ пшэплъхэр» ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупымрэ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Михаил и гъэсэн цIыкIухэмрэ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
- Ди нэхъыжьыфIхэр
- Зи гъащIэмрэ гуащIэмрэ адэжь щIыналъэм епха
- Лъабжьэ быдэ Хэкужьым щызыщIыжахэм ящыщщ егъэджакIуэ, усакIуэ, журналист, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Надим. ХамэщIым куэд зи нэгу щыщIэкIа адыгэлIыр иджыпсту дэсщ Нартан къуажэм, унагъуэ дахэм я нэхъыжьу, и щхьэгъусэмрэ и бын дыгъэхэм-рэ яхэсу.
- Надим и адэшхуэ Мыхьэмэтмырзэ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм ди хэкум икIахэм ящыщщ. Ахэр лъэпкъкIэ Абейкъуажэ (Урожайнэм) къыдэкIащ. Къущхьэр КъунейтIрэ къалэм и гъунэгъуу щыIэ Хъышней зи цIэ къэбэрдей къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуащ. А щIыпIэм щызригъэгъуэтащ курыт щIэныгъэ, иужькIэ нэхъ куууэ хуеджащ хьэрыпыбзэмрэ хьэрып щэнхабзэмрэ я зэхэлъыкIэм. АбыхэмкIэ магистр лэжьыгъэхэр игъэзэщIащ икIи ахэр ехъулIэныгъэкIэ Сирием щыпхигъэкIащ. ХьэрыпыбзэмкIэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIым а бзэр илъэс куэдкIэ щригъэджащ Сирием, Мароккэм, Сауд Хьэрыпым я еджапIэ нэхъыщхьэхэм.
- ИригъэкIуэкIа апхуэдэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Надим жыджэру хэтащ Сирие къэралым щекIуэкI политикэ-жылагъуэ гъащIэми. Джолан щIыналъэм и губернаторым и къуэдзэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ ар. КъинэмыщIауэ, а щIыналъэм къыщызэрагъэпэща Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэту куэдрэ екIуэкIащ.
- Ди лъэпкъым и щхьэ кърикIуа бэлыхьхэр я нэгу щIэкIащ лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэрей, ЕтIуанэрей дуней зауэшхуэхэри, 1946 гъэм щыIа Палестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэхэр зэтракъутэу ди лъэпкъэгъухэр аргуэру я псэупIэхэм къизыхуа Джолан щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зэпэщIэувэныгъэ гуащIэри. 2013 гъэм и унагъуэр щIыгъуу ар а къэралым къиIэпхъукIыжри, Хэкум къитIысхьэжащ. НэхъыжьыфIыр ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм я псэуныгъэр лъэпощхьэпоуншэу зэрызэтраублэм, абы гугъуехь гуэрхэр пыщIами. Абыхэм япэлъэщынымкIэ хэкурысхэр щIэгъэкъуэнышхуэ къазэрыхуэхъуар фIыщIэ ин ещI Надим.
- — Адыгэр дызэрыIыгъыу, дызэдэIэпыкъужу дызэрыпсэум и щыхьэтщ Сирием къиIэпхъукIыжахэм дгъуэта гулъытэр. Сэри си щIэблэми зэи ящыгъупщэнукъым ди хъыбарыр зэхэзыха ди унэкъуэщхэм «Уэ удикъуэшщ. УкъызэрыкIуэжам дыщогуфIыкI икIи дыбдэIэпыкъуну дыхуейщ», — къыджаIауэ зэрыщытар, — игу къегъэкIыж Надим Хэкум къыщигъэзэжауэ щыта зэманыр. — Абы щыгъуэ сэ иджыри зэ зыхэсщIащ лъэпкъ уиIэныр фIыгъуэшхуэу зэрыщытыр. «Унэ зимыIэм лъапсэ иIэкъым», — жаIэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита сом мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къыщызэфIэдгъэуващ, си къуэшхэр къыздэIэпыкъуурэ, ар зыхуей хуэдгъэзащ, хъарзынэуи дыщопсэу иджы, дыщIэтыншыхьу.
- Надим зэрыжиIэмкIэ, езыри и унагъуэри къызыхыхьэжа хэкурысхэр хуабжьу къогуэпэкI, сыт хуэдэ Iуэху иIэми, зэрощIэ, зэролъытэ, зэролъагъу. Ар щIохъуэпс дуней псом щикъухьауэ псэу адыгэхэр зы хъужу адэжь хэкум щетIысэхыжыным. Ар гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэм йогупсыс. Надим къызэрилъытэмкIэ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ ди лъэпкъэгъухэр абыкIэ сэбэп хъуфынут, сыту жыпIэмэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэм ящыщ куэдыр Хэкум къэгъэзэжэным щIытемыгушхуэр я Iуэху зэтемыувэжынкIэ шынагъэ яIэщи аращ.
- — Адыгэр дэнэ щыпсэуми, зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къалъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэш-хуэ щиIэщ ди лъэпкъым и жылагъуэ зэгухьэныгъэ иным — Дунейпсо Адыгэ Хасэм, — жеIэ Надим. — Сэ илъэс куэдкIэ сыхэтащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым, ноби къэзгъанэркъым зэгухьэныгъэм и зэIущIэхэм зрезмыгъэхьэлIэу. Абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутии Хасэм хэтхэми сыт хуэдэ Iуэхугъуэ кърамыхьэжьэми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу, екIуу зэфIах. Адыгэр дызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэрефIэкIуэнум шэч къытесхьэркъым.
- Зи Хэку зыгъуэтыжа нэхъыжьыфIыр унагъуэ узыншэу, и Iуэху дэкIыу дунейм тетщ нобэ, адэжь щIыналъэм хуиту щыбауэу, къыщIэхъуэ щIэблэм абыкIэ гуныкъуэгъуэ зэрамыIэм и лъэр щIигъэкIыу. Надим и щхьэгъусэ Хъадыжэ (ар лъэпкъкIэ Адыгейм хыхьэ Еджэрыкъуей жылэм къыдэкIауэ щыта Къанокъуэхэ япхъущ) илъэс куэдкIэ гъэсакIуэу лэжьащ. Зэщхьэгъусэхэм яIэщ зы хъыджэбрэ щIалитIрэ, ахэр псори унагъуэщ. Къуэрылъху-пхъурылъхуу 6 яIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ.
- Зи гъащIэмрэ зи гуащIэмрэ Хэкум епха Къущхьэ Надим дохъуэхъу узыншэу, къыщIэувэ и щIэблэм я насып хэплъэу иджыри куэдрэ псэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- КъызэрыкIуэжам нэхъри къару къыхелъхьэ
- Къэзыгъэзэжауэ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис ди лъэпкъэгъухэм яхэтщ зыхуеджа IэщIагъэм ехъулIэныгъэхэр иIэу ирилажьэхэр, щыпсэуа къэралхэм щащIа лэжьыгъэм Хэкужьым екIуу щыпызыщэхэр. Апхуэдэщ дохутыр цIэрыIуэ, пластическэ хирург Хьэсэнхэ Мухьэмэд Лутфий.
- Мухьэмэд 1980 гъэм СХЬР-м къэрал университет къыщиухащ, 1980 — 1986 гъэхэм общая хирургиемкIэ, пластикэ, эстетикэ хирургиемкIэ ординатурэхэм щеджащ. 1987 — 1993 гъэхэм Франджым, Париж дэт сымаджэщхэм дохутыр-ординатору щылэжьащ. 1990 гъэм Франджым медицинэ еджапIэ щхьэхуэ къыщиухыжащ, 1991 гъэм микрохирургием хуеджэжащ. 1995 — 2017 гъэхэм Сирием щыIэ Altall Harasta, Al Mazeh сымаджэщхэм щыIащ.
- Иджыпсту ди лъэпкъэгъу дохутыр цIэрыIуэр Налшык къалэ дэт Поликлиникэ Нэхъыщхьэм щолажьэ.
- — Сэ сыкъыщалъхуари сыщыпсэуари Сириеращ, — жеIэ Мухьэмэд. — Сигурэ си псэкIэ къыхэсха IэщIагъэм сыхуеджэри, сфIэфIу илъэс куэдкIэ срилэжьащ. ИтIанэ Франджым срагъэблагъэри, илъэсихкIэ абы сыщыпсэуащ си щIэныгъэм хэзгъахъуэу, IэщIагъэм сыпэрыту. Сирием зауэ къыщыхъея нэужь, абы сымыгъэзэжу хъуакъым. Сэ си къалэну къэслъытащ уIэгъэ хъуахэм садэIэпыкъун хуейуэ, зауэ губгъуэм къихута сымаджэхэр згъэхъужыпхъэу.
- Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ, зауэ нэужьым хэкужьым къэкIуэжу абы къыщысэбэпыныр нэхъ къищтащ.
- — Апхуэдэ гукъыдэж куэд щIауэ сиIэт, къыщызэхъулIар иджыщ, — жеIэ дохутырым. — СфIэфIу сыщопсэу си адэжь хэкум, тыншуи сыщолажьэ. Сыкъызыхыхьэжа си къуэшхэр гуапэхэщ, цIыху щабэхэщ, гуфIэр я нэгу кърихыу апхуэдэщ. Поликлиникэ Нэхъыщхьэм сыщолажьэ, си дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ дэтхэнэми сэбэп сыхуэхъуну сыхьэзырщ. Пластикэ хирургиеращ си IэщIагъэри, пэ, тхьэкIумэ, Iэпкълъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зызогъэзэхуэж, мафIэ сыгъэ, фэбжь гуэр зиIэхэми садоIэпы-къуф.
- Гупсэхугъуэ нэхъ ин дыдэ Мухьэмэд къезытыр и хэкужь къызэрыкIуэжаращ. Ар фIэфIу мэлажьэ, мэпсэу, адэжь щIыналъэм къару къыхилъхьэрэ адыгэбзэ зэрызэхихым, адыгэ цIыху махуэ къэс зэрырихьэлIэм дамэ къытригъакIэу.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- Дэ къытхуатх
- Си дежкIэ Псейтыкъуэ жылэ цIыкIукъым, атIэ хэкушхуэщ
- Хамэ къэрал щыпсэу дэтхэнэ адыгэри ХэкумкIэ къыщыгупсысэкIэ, япэу и нэгу къыщIыхьэр Мейкъуапэрэ Налшыкрэщ. Мейкъуапэ и утыку ит мэжджыт щхъуафэ дахэмрэ Налшык зыгъэбжьыфIэ Марие и фэеплъымрэ хуэмыпабгъэрэ ар нахуэу илъагъуну щIэмыхъуэпс-рэ щыIэу къыщIэкIынкъым.
- Шэч хэмылъу, псоми къащохъу адыгэ щIыгужьым и къалэхэм гъащIэр уэру щекIуэкIыу, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр щыдэкIрэ хабзэр дахэу щызэрахьэу. ИтIани, сэ си адэжь хэкум сыщегупсыскIэ, гущIэм зыкъыдигъазэу, си нэгу къыщIыхьэр си адэ-анэм я лъапсэр къыщежьэ Псейтыкъуэрэ Блашэпсынэрэщ.
- Сэ хэкум хузиIэ пыщIэныгъэр къыщежьэр Псейтыкъуэ шапсыгъ къуажэ цIыкIурщ. Ар Бжьэдыгъукъалэ кIуэцIрыкI Псыжь и Iуфэм Iус жылэ закъуэщ. Къуажэм япэу дэтIысхьауэ щытар шапсыгъхэращ, иужькIэ, Кавказ зауэр иуха нэужь, абазэх, натыхъуей, бжьэдыгъу, къэбэрдей зыбжанэ Iэпхъуащи, нобэ зэхэпхъауэ мэпсэу. Жылэр цIыкIуми, шапсыгъ хахуэхэм я щхьэр Iэтауэ абы дэсщ иджыри къыздэсым, зы мэжджыт дэтщи, ар жылагъуэм я зэхуэсыпIэщ.
- Си дежкIэ Псейтыкъуэ жылэ цIыкIукъым, атIэ хэкушхуэщ. Аращ сэ шапсыгъыбзэр щызэзгъэщIар, адыгэ лъэпкъым и щыIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзы-щIа адыгэлI щыпкъэхэр щызэзгъэцIыхуар, пщэдджыжь акъужь IэфIыр къыщысIууар. Сэ абы щыслъэгъуащ цIыху лэжьакIуэ, пщэдджыжьым жьыуэ тракторыр зэщIагъанэрэ губгъуэм дэкIыу, сыт хуэдэ гугъуехь Iумыуэми, зэкъуэту зэдэлажьэрэ зэхуэфIу зэдэпсэууэ.
- Сыт хуэдиз хъыбар гущIыхьэ, гухэхъуэ щызэхэсха сэ абы. Гугъуехь куэд хэтащ си лъэпкъэгъухэр, зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мэжэщIалIагъэр къызэранэкIащ, лъэпкъгъэкIуэдыр ягъэващ, уз зэрыцIалэхэм къелащ. Нобэ абы дэсхэр бжыгъэкIэ мащIэми, IэфIу мэпсэу.
- Адыгейм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэ- зыщI хьэрычэтыщIэ, цIыху цIэрыIуэ куэд къыдэкIащ Псейтыкъуэ. Езыр цIыкIуми, и цIэр ину Iуащ. Абы и «куэбжэхэр» сыт щыгъуи яхузэIухащ хьэщIэхэми и лъэпкъэгъухэми. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Сирием щекIуэкIа зауэм кърихужьэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ иужьрей илъэсхэм псэупIэ щагъуэтащ абы.
- Адыгэгу сиIэу сыкъызэрыхъуар куэдкIэ я фIыщIэщ Псейтыкъуэрэ Блашэпсынэрэ. Си псэм хэлъам хэсхынукъым къэбэрдей къуажэр. Гум ихугъуейщ абы и Iуащхьэхэр, псы ежэххэр, удз щхъуантIэхэр, щыпсэу цIыху гуапэхэр.
- Жылэм сызэрыдыхьэу бысым схуэхъуащ си Iыхьлыхэр — КIэдыкIуей Мэхьмуд и унагъуэр. НэхъыжьыфIым къуэфIрэ нысэфIрэ иIэщ — Расулрэ Нэфисэтрэ. СагъэфIащ, сагъэтхъащ а унагъуэм. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къэбэрдей диалектыр щызэзгъэщIащ а жылэм. Блашэпсынэ къуажэ къызэрыгуэкIкъым. Сэ сыщыщыIам слъэгъуащ абы дэсхэр зэкъуэту, зэгурыIуэу, зэдэIэпыкъужу зэрыпсэур. Зыми химыгъэзыхьауэ, хьэрычэтыщIэхэм къуажэр ирагъэфIэкIуащ, сабий джэгупIэхэр ящIащ, гъуэгухэр зэрагъэпэщыжащ, мэжджытыр къагъэщIэрэщIащ.
- Абы дэс шууей хахуэхэмрэ мэкъумэш IэнатIэм елэжьхэмрэ гур хэзыгъахъуэ щIалэхэщ. ЯщIэни, ялэжьыни, яшхыни ягъуэту апхуэдэхэщ къуажэдэсхэр. Адыгэ щIыгужьым хыхьэу сыздэщыIа жылэхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ сигу дыхьар Блашэпсынэщ.
- Сэ нобэ Америкэм сыщыпсэуми, си насыпщ си лъабжьэр адыгэ хэкум къызэрыщежьар, насып тIууащIэщ зи гугъу сщIы жылэхэм сыкIуэну, сыщыIэну къызэрысхуихуар. Сыт хуэдэ къалэшхуэ удэмысми, сыт хуэдэ бзэ ехьэжьа пIурымылъми, Iэмал имыIэу уи къежьапIэр зэбгъэцIыхун хуейщ, итIанэщ цIыху зэпIэзэрыт, щыпкъэ къыщыпхэкIынур, уи гупсысэр зэтеубыда щыхъунур, укъызыхэкIам уи щхьэр лъагэу щыуигъэIэтынур. Сэ ар къызэхъулIащ.
- Зи гугъу сщIа къуажэхэми сыщыхьэщIа адрей жылэхэми къыщыспежьа, къыщысщыгуфIыкIа псоми фIыщIэ ин яхузощI, сэ абыхэм зыхызагъэщIащ сызищIысымрэ сыкъызыхэкIамрэ.
- КIэдыкIуей Батыр.
- Лос-Анджелес, США.
- Бемырзэ Зураб
- Хэусэ
- Зызогъэзыхри, бзэпсым соlусэ,
- Гупсысэ щэху къысхудэплъейуэ,
- Зызогъэзыхри зызогъэгусэ,
- Жылэр зыпыху мыlэрысейуэ.
- Сыкъыдоплъейри, удзу
- согъагъэ,
- Уэгу къалъэщlар къызэдэхащlэу,
- Сыкъыдоплъейри, шэху
- дыкъуэнагъыу,
- Си пкъыр хокlэж уафэм и лъащlэм.
- Зызогъэукlри, сохъу лъахэжь
- яжьэ,
- Къупщхьэу схэлъар сыну
- искъухьу,
- Узобгынэжри, си хэхэс гъащlэм
- Хэку къэзгъэнар къонэр
- и пщlыхьу.
- Зыкъызощlэжри, шыбгым
- сошэсыр,
- Пкъыкlэ шэгын къафlэсщыпыну,
- Сыкъызоплъэкlри — гупсысэ уэсу
- Къахуэзгъэнам — хотхъухь
- си быныр…
- Тхьэгъэзит Зубер
- Ди Хэку дыщэ
- Пшэ къытехьэм — бынхэм урадыгъэщ.
- Дыгъэр гуащIэм — жьауэ захубощI,
- Уи быдзышэр къабзэщ лъагъуныгъэу
- Анэм фIэкI узэщхь щымыIэу сфIощI.
- Уэ уи бынхэр лIыгъэм хуогъэIущыр,
- Лъагъуныгъэр уощIыр я Iэпэгъу,
- Аращ, дауи, дгъафIэу ди Хэку дыщэ,
- УщIэхъуар уэ анэм и цIэджэгъу.
- ПцIыр уи бийщ уэ, пэжым урителъхьэщ,
- ГъащIэр дахэм — нэгъуэщI ухуэмей.
- Аращ, дауи, анэм епцIыжауэ,
- КъыщIалъытэр уэ къозыхыр лей.
- Шынэ пщIэркъым уи щIым бий къихьамэ,
- Бийхэм я псэр уи къарум егъэн
- Уи сурэтыр анэм и сурэтым
- Ещхьу бынхэм щIащIыр арагъэнщ.
- ГъущIо Зариф
- Убыхыбзэ
- СыткIэ уеджэ хъуну си гум жьы
- къыщепщэм?
- СIыгъщ сурэт згъэлъапIэр, мэкIэзызыр
- си Iэр.
- Дэ ди гъащIэ гугъум пэжыра щытепщэр?
- ПцIым дыщIапIыкIамэ… Пэжыр дэнэ
- щыIэ?..
- Псэууэ ди Iубыххэр жаIэ, я сурэтыр
- Сагъэлъагъур, ауэ зыщ зыщIэжыр я бзэр.
- КъэувыIэнщ сыхьэтыр, ар дунейм
- ехыжым,
- Дуней псом щыIунущ ди адыгэ гъыбзэр.
- Гыбзэр абы хэту, шэч хэмылъ, къэIунущ.
- Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ,
- ЩIым щыпсэухэм я бжэм жьапщэр
- теуIуэнущ.
- Дэ тхъуэжын зыгуэр ди закъуэу
- щытлъэмыкIкIэ.
- МэкIуэдыж зы къуэпсыр, малIэ бзэ
- дахащэр,
- ЗокIуэ, ехьми гугъу, а зы убых закъуэр.
- Дэнэ щыIэ щIэблэр? Тыркухэм я бзэщ
- къэIур…
- Хуэчкъым зыми бзэм и деж лъэбакъуэ.
- Къищтэжатэм лъэпкъым зи псэ хэкI
- бзэ лъапIэр,
- Ар хъужынут къабзэ, уэсым хуэдэу хужьу.
- Ауэ сфIощIыр блэкIхэм зы убых яхэту,
- Дэ ди мынэIуасэу, езыми димыцIыхуу…
- Черкез Владимир
- Адэжь Хэку
- Хэкур — ар уэшхышхуэм и ужькIэ
- къепсыж дыгъэ хуабэщ,
- Жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь
- мэкъумэшыщIэрщ,
- ЖэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ
- вагъуэщ,
- Бийм пэува зауэлIым хьэлу Iыхьэ
- езыт анэщ.
- Псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх
- псыкъелъэщ,
- Губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ
- жыг хадэщ,
- Къуалэбзухэм я уэрэдыр зыщхьэщыт
- ныджэ инщ.
- Щащыху хужьыр и ныджэм телъщ
- щIымахуэм темыкIыу,
- Удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ
- инщ ар,
- КъыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт
- и хъугъэпсхэр;
- Хэкур — ар дэ ди унэрщ, ди жыг хадэрщ.
- Ди гум ди адэжь хэкур сытым
- дежи щопсэу!