Андемыркъан и лIыхъужь хъыбархэм щIапIыкIа цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
2021-07-29
- ДифI догъэлъапIэ
- Зэманым зихъуэжми, псэм зихъуэж хъунукъым
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Бицу Анатолэ и ныбжьыр бадзэуэгъуэм и 26-м илъэс 75-рэ ирикъуащ. Къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу дэ абы зыхуэдгъэзащ, икIи упщIэ зыбжанэм жэуап иредгъэтащ.
- — Толэ, уи ныбжьыр здынэса лъагапIэм укъеплъыхыу уи сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм, зыми хыумылъхьэу плъагъу уи къуажэми я гугъу ди газетым еджэхэм къахуэпщIамэ ди гуапэт.
- — Зы цIыху балигъ щыIэу къыщIэкIынкъым зи сабиигъуэр щIэх-щIэхыурэ зигу къэмыкIыж, зи пщIыхьхэм пакIэ-пакIэурэ ар къыхэмыхьэж, зэми, пIэм зыдыхэлъым, и Iупэр зэтежу къигъэгуфIэу, зэми, и дзэхэр зэтрикъузэу къыхигъэIуэщхъукIыу… Сабиигъуэр ар зы дуней псо мэхъу, сыт хуэдэу щытами, бетэмал, абы зэ сыкъихутэжарэт, жыдигъэIэу. ЩIыжыуигъэIэр, сыт хуэдиз дыджагъ хэлъами, абы нэхъ зэман IэфIрэ дахэрэ уиIэкъым икIи зэи уиIэнукъыми аращ. Ухуейми, илъэсищэкIэ псэу!
- Сэ си сабиигъуэр зыхиубыдар зауэ нэужь лъэхъэнэрщ. Хэку зауэшхуэр иухри, илъэс дэкIыжауэщ сыкъыщалъхуар. А лъэхъэнэм халъхуахэр псори дынасыпыфIэщ зауэ-банэ тлъэгъуакъыми, дуней мамыр дыкъытехьауэ нобэр къыздэсым дытетщи. Аращ куэдрэ си нэгу къыщIэувэж си сабиигъуэр насыпыфIэу щытауэ щIыжысIэр. Сигу къинэжащ, куэдрэ сопщIыхьыж а зэман дахэм — хьэблэ щIалэ цIыкIухэр дызэрызехьэу, лъапэкIэ хьэфэ топ къетхуэкIыу ди Шэрэдж псыхъуэ дызэрыдэтар, езы Шэрэджыжь уэр дызэпырысыкI-дыкъызэпырысыкIыжу, зыдгъэпскIыу дызэрыхэсар, ди Аушыджэр жьэгъу джабэ нэкIу щхъуантIэм мэракIуэ къыщытщыпрэ чыпылъэкIэ къэтхьыу зэрыщытар… Куэд, куэд IэфIу къокIыж гум. Апхуэдабзэуи къокIыж а зэман дахэр пIалъэкIэ фагъуэ зыщIэхъукIыж, дыдж къыпщызыщIыж теплъэгъуэхэри. Ахэр зауэ бзаджэ блэкIам и лъэужь хэмыкIуэдэжахэрщ, абы и лъэужь Iейуэ, шынагъуэу махуэ къэс тлъагъуу щытахэрщ.
- … Гур игъэузырт «си къуэр фи деж щыIэмэ, кхъыIэ, къызэфтыж»,- жиIэу къуажэр унащхьэчэзууэ къикIухьу уэрамым къыдэна ди хьэблэ лIыжьым. Абы и къуэ закъуэр зауэм хэкIуэдат, езыри, и щхьэм сэкъат игъуэтауэ абы къикIыжат. Къуажэр иухырти, ар ди къуажэкхъэм кIуэрт, сын къуагъхэм къуэплъэу, и щIалэр къилъыхъуэжырт… Ди хьэблэм дэст МэдэкIэ еджэу нэгъуэщI лIыжьи, и лъакъуитIри пымытыжу зауэм къикIыжауэ, шэнт щхьэгуэм куэпкъкIэ тетрэ, ар IитIкIэ игъэIэпхъуэурэ къикIухьу. Щхьэл е нэгъуэщIыпIэ кIуэнумэ, шыдыгу иIэти, абы дэпщейрт, итIысхьэрти ежьэрт. Ар ди унэмкIэ куэдрэ блэкIырт, дзапэ уэрэд гуэр къришу. Иджыпсту зэхэсхым хуэдэу сощIэж а уэрэдым хэт мыпхуэдэ псалъэхэр: «Жьындури къаджэмэ, лIыжьым и джакIуэр къэсащ. Хьэуэ, хьэуэ, тIу, ар жумыIэ, тIу». А псалъэхэм къикIыу сэ къысфIэщIырт шынэ имыIэу, хахуэу зауэм хэта цIыхур иджы ажалым щышынэ хъуауэ, псэуну хуейуэ… Дэтт къуажэм нэгъуэщI лIы гуэри, башкIэ Iэбэрабэу къикIухьу, и нитIри нэф хъуауэ зауэм къикIыжауэ… Мамыр хъужа къуажэм къыдэхъуэрт гуауэшхуэ — губгъуэм джэгуу ит сабийхэр зэрымыщIэкIэ теувэрти, лагъым узэда гуэр къауэрт, абы Iыхьэ-Iыхьэу зэпкъриуда Iэпкълъэпкъхэр къэпкIэ къащыпыжырти, хьэдагъэшхуэкIэ щIалъхьэрт… Сэ си щхьэкIэ стелъщ зауэ блэкIам и уIэгъэ, зэи стемыкIыжыну. Ар илъэсихкIэ сэр нэхърэ нэхъыжь си кхъуэш ПIотIэщ. Ар илъэсищ ирикъуат, нэмыцэхэр ди къуажэм къыщысам. «КIэдыкъуакъуэхэм кърадзых лагъымхэм ящихъумэну ди анэм щIыунэм иригъэтIысхьэрт и бынхэр — и щIалиплIымрэ и пхъумрэ. ИригъэтIысхьэрти, лагъым къыщыуэкIэ, защхьэщиубгъуэжырт. Апхуэдэ махуэ гуэрым щIыунэм пэгъунэгъу дыдэу къыщыуа лагъымым ПIотIэ и тхьэкIумэ Iупсыр Iуиудащ, иужькIэ, Iэзи гъуази хуамыгъуэту, ар дэгум и мызакъуэу, бзагуи хъуащ. Апхуэдэуи къэнащ. IэпэтэрмэшкIэщ нобэр къыздэсым дызэрепсалъэр…
- — Усэным гу хуозыгъэщIар, литературэм укъызэрыхыхьа щIыкIэм къытхутепсэлъыхьыт.
- — Сэ япэ дыдэу стха усэхэм ящыщщ «Си къуэш» зыфIэсщар. Ар мыпхуэдэ сатырхэмкIэ иухырт: «Си къуэш, сыусакIуэм нобэ, уэрщ зи фIыщIэр. КъысщыпщIащ уэ тIуащIэ си къалэн. Зэхэсхын хуейщ нэбэ, си къуэш, сэ тIум папщIэ, ТIум жаIэни си закъуэ жысIэнщ». Мис а «тIум жаIэни жысIэнщ» мурадыр сиIэущ адэкIэ тхэным зэрыпысщар. Сэ сызыщIапIыкIар ди къуажапщэм зи кхъэ-Iуащхьэ тет лъэпкъ лIыхъужь хахуэ Андемыркъан и хъыбар гъэщIэгъуэнхэрщ, ди нэхъыжьыфIхэм, тхьэлъэIу гуэри ирехъу, хьэгъуэлIыгъуи ирехъу, гуфIэгъуэ Iэнэм пэрысу жаIэу щыта адыгэ уэрэдыжьхэрщ, апхуэдэ зэхыхьэхэм сыт щыгъуи къыщыIу пшынауэ макъхэрщ. Ахэр псори я лъабжьэщ гум дахагъэу къыщыушым.
- Школым сыщIэтIысхьауэ, 5-6-нэ классхэм сыщынэсам, усэ тетрадь зытIущ зэзгъэпэщат. Адыгэ литературэмкIэ дезыгъаджэ Бэрбэч Жылэбий абыхэм къезгъаджэу «уэ усакIуэ къыпхэкIынущ, сэ литературэ гупжьей къызызогъэпэщри, Iэмал имыIэу абы накIуэ, мы тхыгъэхэри усакIуэ дыдэ гуэрым ебгъэлъэгъуамэ арат»,- къыщызжиIам, си фIэщу зестащ усэным. «УсакIуэ дыдэ» гуэрым стхахэр езыгъэлъэгъуари, абы сыкъезыгъэцIыхуари си къуэш Жорэщ. Жорэ фIыуэ ицIыхурт Тхьэгъэзит Зубер, а тIур зэдеджат — ди университетыр къызэдаухат. Си къуэшым сишащ ар щылажьэ «Советская молодежь» газетым и редакцэм. Зубер гуапэ дыдэу къысIущIат, стхахэр лъэныкъуэкIэ иримыгъэтIылъэкIыу, «мыпхуэдэ махуэм къакIуэ» къызжимыIэу, и пащхьэ сыздисым мыпIащIэу хэплъат усэ хуэсхьахэм, къызжиIари дамэ къыптезыгъэкIэн псалъэт: «СыбгъэгуфIащ, щIалэ, щIэщыгъуэщ, гурыхьщ сыкъызэджахэм я нэхъыбэр, ахэр газет, журналхэм къытредгъэдзэнщ, умыукIытэу, ущыхуейм деж си деж къакIуэ». Апхуэдэуи ищIат, езым яритурэ «Ленин гъуэгу» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым къытригъэдзат си усэ зыбжанэ. А зэманым (сэ сышколакIуэу) къыщыщIидзащ Зубер сэрэ дякум дэлъа творческэ зэпыщIэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм. Мы псор щIыжысIэр зыщ: куэд иIыгъщ тхэну къыщIэзыдза ныбжьыщIэм япэу гъуэгугъэлъагъуэ, чэнджэщэгъу, гъэсакIуэ-ущиякIуэ хуэхъу цIыхум, тхакIуэ нэхъыжьым. Сэ абыкIэ си насып къикIат — зэрыжаIэу, си Iэпэр яIыгъыу литературэм сыхэзышар япэщIыкIэ Тхьэгъэзит Зуберщ, итIанэ КIыщокъуэ Алимщ. А тIур уи гъуазэу ущыуэнкIэ, зыщIыпIэкIэ дэбдзыхынкIэ Iэмал иIэтэкъм…
- — Литературэ институтым узэрыкIуа щIыкIэм, абы щыбгъэкIуа илъэсхэм, ныбжьэгъу къыщыпхуэхъуахэм ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт.
- — Аушыджэр курыт еджапIэр къэзухри, литературэт си щхьэм илъри, сыщIэтIысхьащ ди университетым филогиемкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмрэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Сызыхэхуар гуп телъыджэт — иужькIэ бзэ щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, журналист Iэзэ къызыхэкIа гупт. Ди курсым хэсащ IутIыж Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Абдокъуэ Iэуес, Сонэ Абдулчэрим, Гъэунэ Борис, Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, Джэрыджэ Арсен, Ацкъан Руслан. Мы зи цIэ къисIуахэм сэ сазэрыхэтар илъэситIщ. ЕтIуанэ курсыр къэзухауэ, университетыр къэзгъанэри, Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым си еджэным щыпысщащ. Ауэ псори дызэхуэзэжащ. Вузхэр къэдухри, IэнатIэ зырыз дыпэрыувауэ, къызэредгъэжьам хуэдэуи дызэныбжьэгъушхуэу етхьэкIащ, иджыри идохьэкI, ди жагъуэ зэрыхъущи, къэнэжахэм. Ди гуп дыгъэлым куэд хэщIащ. ХэщIащ драматургышхуэ IутIыжыр, еджагъэшхуэ Абдокъуэр, прозаик бэлыхь Гъэунэр, усакIуэ Iэзэ Сонэр…
- Литературэ институтым теухуауэ… си нэ къикIырт абы сыщеджэну. Абы поэзиемкIэ къудамэ щхьэхуэ иIэти, арат къэзухыну сызыхуейр. Мурад сщIащ Москва дэт Литературэ институт цIэрыIуэм сыкIуэну. Ди университетым япэ курсыр къызэрыщызухыу, абы си дэфтэрхэр езгъэхьащ, зэпеуэм сызэрыпхыкIын усэ гуп, Аушыджэр курыт еджапIэр къызэрызуха аттестатыр, ди ТхакIуэхэм я союзым и напревленэ щIыгъуу. Си тхыгъэхэр зэпеуэм пхыкIри, сыкIуэу экзамен стыну къысхуаIуэхуат. ЭкзамениплI стыри, сыщIэхуащ институтым, ауэ сыкъызэращтар заочнэут. Сыт сщIэнт? Сыщеджащ вузитIым илъэскIэ. Экзамен, зачётхэр сфIызэтехуэрти, Налшык «досрочнэ» жыхуаIэм хуэдэу, Москва и пIалъэм щыстырт. Япэ курсыр фIы дыдэу къызэрызухам и фIыгъэкIэ, Литинститутым очнэу седжэну хуит сищIащ. Абы къыхэкIкIи ди университетыр къэзгъэнэн хуей хъуащ.
- КIэщIу жыпIэмэ, зэрыхъум хуэдэу, сызэрыхуейм хуэдэу сщIащ — Москва илъэс бжыгъэкIэ сыдэсащ, литературэм и куупIэм сыхэту. Ар къэзыгъэщI куэдым сахэту. Абы махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу сащыхуэзэрт ди КIыщокъуэ Алим, Къэшэж Иннэ. Я литературэ пшыхьхэм сыкIуэну Iэмал згъуэтырт зи цIэхэр къэрал псом щыIуа усакIуэхэу Евтушенкэ Е., Вознесенский А., Рождественский Р., Ахмадулинэ Б., Казаковэ Р. сымэ — зи цIэхэр къэрал псом щыву усакIуэхэм. КIыщокъуэм и фIыгъэкIэ, Москва гъунэгъуу къыщысцIыхуат Гамзатов Р., Кугультинов Д., Мустай К., Айтматов Ч., Ду- дин М., — тхакIуэ-усакIуэшхуэхэр; Гребнёв Н., Козловский Я., Липкин С. — зэдзэкIакIуэ Iэзэхэр. Литинститутым ныбжьэгъуфI щысхуэхъуауэ щытащ Рубцов Николай — Урысейм етIуанэ Есенину щалъытэ усакIуэ телъыджэр, абы къуэшым хуэдэу щызиIащ си курсэгъу Ляпин Игорь — усакIуэ бэлыхьыр, иужькIэ Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьар….
- Куэдрэ сигу къокIыж Литературэ институт цIэрыIуэр, сщыгъупщэркъым абы щесхьэкIа студент гъащIэ дахэр, сыхуозэш езы Москва къалэшхуэм, абы и театрхэм, музейхэм, стадионхэм.
- — Зи хъэтI зиIэж усакIуэ цIэрыIуэхэм уащыщщ. УсакIуэр Iуэхуншэу щысыфынукъым. Нобэ нэхъ узэлэжьыр сыт?
- — Сэ зылI къигъэщIэн къэзгъэщIащ, зылI илъагъуни слъэгъуащ гуфIэгъуэуи гузэвэгъуэуи. Ауэ зылI ищIэн сщIащ схужыIэнукъым тхылъ пщIы бжыгъэ стхауэ, къыдэзгъэкIауэ щыт пэтми. Апхуэдэу и щхьэ хужиIэжакъым, дэри къыджиIакъым езы КIыщокъуэ Алим дыдэ, «Бгыщхьэ хужьым сыкъеплъыхыу» жиIэу зи гъащIэ гъуэгуанэр къезытхэкIыжам. ЦIыхур зэи и щхьэ хуэарэзыж хъунукъым ищIамрэ илэжьамкIэ. Ауэ цIыхур хуитщ (гъащIэшхуэ къигъэщIамэ) и нэгу щIэкIахэмрэ дерс къызыхэпх хъуну абыхэм яхилъэгъуахэмрэкIэ къыбдэгуэшэну. Сэри аращ нобэ сщIэр, сызэлэжьыр — мыхьэнэ зиIэу къэслъытэ гукъэкIыж гуэрхэр сотхыж, си ныбжьым сызытригъэува гъащIэ Iуащхьэм сыкъеплъыхыжурэ, абы къыдэкIуэуи, кхъахэ дыдэ мыхъуа си гум къыпылъадэ усэхэр сотх. Iуэхуншэу сыщыскъым, япэхэми хуэдэу, си IэнатIэм сыпэрытщ си къару семыблэжу, си ужь къихъуэнухэм «абы зылI ищIэн ищIащ» жезгъэIэныр си хъуэпсапIэу…
- — Уэ уи усэхэр хэкум, анэм, фIылъагъуныгъэм ехьэлIахэр, психологизм лъэщкIэ псыхьауэ щытщ, композицэкIи адрейхэм къахэщу, мыр зейр Бицу Анатолэщ, яхужыпIэу зэхэлъщ. Апхуэдэ усэхэр къэбгъэщIын щхьэкIэ зэфIэкI уиIэн къудейр мащIэщ. Уи усэхэм я лъабжьэр сыт?
- — Сыт хуэдэ темэшхуэ, темэ цIыкIу къыщыIэтауи щрет, усэр усэ нэс хъунукъым а темэр куууэ абы щызэпкърымыхамэ, ар къиIуатэ гупсысэкIи и гъэпсыкIэ-ухуэкIэкIи гъэщIэгъуэну, щIэщыгъуэу щымытмэ, бзэ екIукIэ, дахэкIэ мытхамэ. «Ди литературэм макъыщIэ къыхыхьащ жытIэу дыщIэгуфIэ щыIэщ нэхъыжьхэр. Абы къикIыркъым усэ итхыу иджыри зыгуэр къыкъуэкIауэ. Абы къикIыр усакIуэщIэ гуэр, гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу, къэунэхуащ жиIэу аращ — езым и дуней еплъыкIэ иIэжу, и гупсысэкIи абы и къэIуэтэкIэкIи зыми емыщхьу, и усэ къэс купщIэшхуэ ящIилъхьэфу, къыбжиIэну зыхуейр уи деж гурыIуэгъуэу къызэрихьэсын, уи гум зэрызыхригъэщIэн Iэмалхэр езым къигъуэтыжыфауэ. А псоми зэреджэр, псом хуэмыдэу Iэмалхэм, Iэзагъэщ. Iэзагъэри езыр къакIуэркъым. Тхьэм къуитауэ уиIэ фIэкIым зумыгъэужьмэ, ар мащIэ-мащIэурэ щIэвэщIэнурэ бахъэ хъужауэ къыпхуезыгъэхам деж лъэтэжынущ…
- Iэзагъэр къуэпс быдэкIэ пыщIащ щIэныгъэм. Уи щIэныгъэр нэхъ куу хъухукIэ, уи Iэзагъэми хэхъуэнущ. «Тхэ цIыхур псэухукIэ еджэн хуейщ»,- жысIэри сэ интервью гуэр стауэ щытащ. ГъащIэм укъыкIэрыху хъунукъым, зэманым удэбэкъуэн хуейщ, абы папщIэ пщIэн хуейщ дунейм щекIуэкIыр, цIыху акъылыр здынэсар. Аращ сыт щыгъуи уеджэн щIыхуейр — щIэныгъэ уиIэн щхьэкIэщ, уи Iэзагъэр ебгъэфIэкIуэн щхьэкIэщ. Дэтхэнэ IэщIагъэми лъабжьэ хуэхъур аращ.
- — Литературэм ди гъащIэм щиубыд увыпIэм, ар зэрыхуа щытыкIэм утезгъэпсэлъыхьынут.
- — Литературэм «гъащIэм и гъуджэкIэ» йоджэ. Ар апхуэдэу зэрыщытым и щыхьэтщ дунейпсо классикэр. Дунейр къэунэхуу тхыбзэр къызэрежьэрэ, литературэм «сурэт трех» гъащIэм. Зэрытрихри езым къигъуэтыжа IэмалкIэщ — псалъэкIэщ. Литературэм псалъэкIэ тхыдэм къренэ лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэр, абыхэм щыпсэуа цIыхухэм я шыфэлIыфэу щытар, я псэукIар, мурад-гугъапIэу яIар. Иджырей литературэм и нэIэ тригъэкIыркъым нобэ екIуэкI гъащIэм, абы ди зэманым и сурэт ещI зэрыщыт дыдэм хуэдэу. Аращ литературэм и къалэн нэхъыщхьэр — гъуджэм къищыным хуэдэу IупщIрэ наIуэу, уи фIэщ хъун хуэдизу, зэманыр къигъэлъэгъуэнырщ. Литературэм и къалэным зэи зихъуэжыркъым. Апхуэдэуи зихъуэжыркъым абы укъызыхуриджэм. Ар дунейм цIыху нэсу утетынырщ, уи гуащIэкIэ гъащIэр зэребгъэфIэкIуэным ухущIэкъунырщ, захуагъэм, цIыхухэр зэхуэгъэдэным, псэукIэ дахэм, къэкIуэным ущIэбэнынырщ. АтIэ, инкъэ абы цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр, лъагэкъэ щиубыд увыпIэр. Апхуэдэу щыт пэтми, литературэм и пщIэр нобэ хуабжьу къелъэхъшэхащ. Зэманым зехъуэж Iейм и лъэныкъуэкIэ кIуэуэрэ, цIыхури абы докIуатэ. ЦIыхур иджы хуеижкъым тхылъ Iущи щIэныгъэшхуи. Зыхуейр тхъэжу зыхэпсэукIын мылъкущ, абы и зэгъэпэщынырщ Iуэхууи дэлъуи иIэр.
- Сигу ихужыркъым си цIыхугъэфI урыс усакIуэшхуэ Евтушенкэ Евгений (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) илъэс зыщыплI япэкIэ къызжиIауэ щытар: «Дауэ къыпщыхъурэ, сэ, зи фэеплъыр Пушкиным ейм бгъурагъэувэн хуейр, Пушкиным и утым сытесщ си тхылъхэр сощэри». Ауан тIэкIу щIэлъу жиIами, гуузт а псалъэхэр. Апхуэдэ щытыкIэщ зэрыхуар нобэ литературэр.
- — Лъэпкъ Iуэхухэм я дежкIэ зыкъэдгъазэмэ, сыт уэ узыгъэгузавэр, нэхъ уигу къеуэр?
- — Мы упщIэм и жэуапыр кIэщIу уэстынщ. Дэтэнэ адыгэми хуэдэу, сэ сехь ди лъэпкъым и гурыгъузым — ди бзэ дахэр зэрытIэщIэкIым, дэ убыххэм я махуэр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунум. Сехьри сехь а гурыгъузым. Махуи жэщи согупсысэ «сыт ди Iэмал?» жысIэу. Бзэр хъума хъунукъым «щхьэ фи бынхэм адыгэбзэр яIурылъу къэвмыгъэхъурэ» жыпIэу адэ-анэхэм уешхыдэкIи, «щхьэ дахэ-дахэу цIыкIухэм ар евмыгъащIэрэ» жыпIэу школ егъэджакIуэхэм уащIэгубжьэкIи, «нэгъуэщI мыхъуми фи псалъэм и етIуанэр урысыбзэу щымыту зевгъасэ» жыпIэу адыгэ къулыкъущIэ къомым уегиекIи. Апхуэдэу махуэ къэс дохъущIэ, къикI щыIэкъым ахъумэ. Сэбэпынагъ гуэр къахь хъунщ дызэрытхьэусыхэм, зыгуэрхэр къэдгъэуш хъунщ, зыщIэдгъэгупсысыж хъунщ: «щхьэ зыдмыхъумэжыфрэ, щхьэ лIыгъэншэ дыхъуа, дыадыгэкъэ, адыгэпсэ тIуту!» жаIэу. Мис а «адыгэпсэ» псалъэращ сэри псом япэ си гум къилъадэр, ди лъэпкъ Iуэхум сыщегупсыскIэ. Тхэтыжу пIэрэ ар жызоIэ, махэ мыхъуауэ, щIэмылIауэ пIэрэ, жызоIэ. НэгъуэщI хэкIыпIэ щызмылъагъукIэ, си щхьэ хужызоIэж: «Псэращ псом я щхьэр, зэманым зихъуэжми, псэм зихъуэж хъунукъым. Псэщ зэрыпхуэхъумэнур уи бзэри уи лъэпкъри!»
- — ФIыщIэ пхудощI уи зэман тхухэпхыу укъызэрыдэпсэлъам папщIэ. Лъэпкъым уузыншэу куэдрэ ухуэлэжьэну Тхьэм жиIэ!
- Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.
- Усыгъэхэр
- Сурэт
- Куэд щIащ зауэ мафIэр зэрыужьыхыжрэ,
- Ауэ сахуэ фIыцIэр ноби ди щIым телъщ…
- Мес, щIэрыщIэу нанэ блыным къыфIехыжри,
- Нэпсыр щIилъэщIыкIыу, сурэт гуэрым йоплъ.
- А сурэтыр нанэм хуехь и Iупэм, и нэм,
- Трахыным хуэдэу щIекъузэ и бгъэгу.
- КъогуфIыкI сурэтым щIалэ щхьэц баринэр —
- Зэгуэр сабий дыдэу техьар зауэ гъуэгу.
- А зы сурэт закъуэрщ къытенар дунейми
- И фэеплъу и къуэ зауэм хэкIуэдам —
- Аращ зэплъыр анэр дыгъэр къыщIэкIами,
- Аращ зэплъыр анэр жэщхэр хэкIуэтам…
- Къызоплъыхь сэ фэбжькIэ гъэнщIа мы
- ди щIылъэр,
- Нобэм и нэщэнэу дэнкIи щызолъагъу:
- Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт
- фIэлъым —
- Сурэтыр нэщхъыфIэщ, анэр гукIэ магъ.
- Нэф
- Зэгуэр къыщихьэм
- Ди щIым бийр мафIэскIэ —
- Ихъумэу лъахэр,
- Ем ар пэуват.
- Хэтт щхьэмыгъазэу
- Лыгъэ курыкупсэм
- Дунейр сэлэтым
- КъыщытеункIыфIам…
- Бийр хисхьэжащ
- Езым зэщIищIа мафIэм.
- ЩIэрыщIэу ди щIым
- Дыгъэр къипсэжащ.
- Ауэ къэнащ
- И махуэ псори кIыфIу —
- А зауэм нэфу
- Сэлэт къикIыжам…
- О, сыту гуфIэу
- Iуплъэжынт ар нобэ
- Зэгуэр мафIэсым
- Щихъума дунейм! …
- КъекIухьыр нэфым
- БашкIэ Iэбэрабэу,
- ФIэкIуэда нитIыр
- Къилъыхъуэж нэхъей.
- * * *
- Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
- Ухэтми дэпым —
- Уэ зэщIэувыIыкI.
- Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
- Ажалу щытми къожьэр —
- КъызэплъэкI.
- Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
- Сэр ныкъуэкъихми сампIэм —
- Ар илъхьэж.
- Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ,
- Шэ бутIыпщам —
- ЛъэщIыхьи къегъэзэж.
- МафIэс, къурш лъалъэ,
- Мы дунейр зыхьыж псыдзэ —
- ЩымыIэ, сянэ, сэ сызубыдын,
- Щызэхэсхам къыбжьэдэкIауэ си цIэ.
- Ар схулъэкIынщ сэ,
- Сэ — уэ сурибынщ!
- Ауэ сыщыножалIэм щтэIэщтаблэу,
- Дапщэщи хуэдэу, къызжеIэ къудей:
- «Сигу укъэкIауэ арат тIэкIу, си щIалэ…» —
- ГуфIэгъуэм си псэр хэткIухьынщ абдей…
- Семыжьэ Iей.
- Ди Тхьэшхуэм имыухкIэ
- Къэхъуну яужь дыдэу сыщебджэж!
- ИтIани быдэу зызогъэIущыж:
- Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ —
- И пащхьэм, псынщIэу нэси, сыну щыж!
- Къосыр уэс
- Къосыр жьыбгъэм кърихьэкIыу,
- ПIащэу, щабэу…
- ЩIылъэ псор еуфэбгъу.
- Сэ уэращ,
- Уэ зырщ сигу нобэ къэкIыр —
- Уэ къыщесыр уэсыр
- ФIыуэ плъагъут.
- Къосыр уэс…
- Къыстосэ ар си закъуэу,
- Уэ нэгъуэщIым
- Иджы удэщIыгъущ.
- Фыхэт хъунщ мы уэсым
- Фи щIэщыгъуэу…
- Уэ къыщесыр уэсыр
- ФIыуэ плъагъут.
- Къосыр уэс…
- Уэ си гум укъэкIауэ
- Гурыгъу мафIэ щэхум
- Си бгъэр ес.
- Сэ уизгъэхужынут сигу
- Куэд щIауэ,
- Сэ уизгъэхужынут си гум,
- Ауэ
- Къосыр уэс…
- Къос пIащэу, щабэу уэс…
- КIуэцIрыкIыбжэ
- ДэнэкIи хуейр къыщыдыхьэу,
- ДэнэкIи хуейр щыдэкIыжу,
- Iумыту зы куэбжи бжыхьи,
- Си пщIантIэр — кIуэцIрыкIыбжэщ…
- КъызэмыупщIу сэ зыкIи,
- Къыдыхьэу гуауи гуфIэгъуи,
- Ар зэIухащи сыт щыгъуи,
- Мы сигури — кIуэцIрыкIыбжэщ…
- КIуэцIрыкIыбжэр сфIэIейкъым —
- КъысхуокIуэ хьэщIэу хэт хуейми.
- Ауэ къызет зы гукъеуэ —
- СеукIыр сэ жьызэпеуэм.
- ХьэрэкъуакIэ дыхьэжа щIалэгъуэм
- Дэрэжэгъуэ псори зыдихьа?
- Сыт щIэзмылъагъужыр сэ гуфIэгъуэ?
- Пшагъуэр щхьэ си гъуэгум къытрихьа?
- Нэщхъеягъуэщ къихьыр жьыбгъэ жьыбгъэу
- КъыздикIар сымыщIэу къыкъуэуам.
- Тхьэмпэу фIырикъухьурэ и гугъэр,
- Жыгыжь дапщэ абы къигъэуар?!
- Къиплъу уафэм зэ си насып вагъуэу
- Слъытам, нэкIэ сыдэмыджэгуж:
- Бзэхащ вагъуэр, гукъыдэжым щIыгъуу,
- Хъуащ я къуагъ пшэм. Ар къэзмылъыхъуэж.
- СимыIэж щхьэгъусэр. Сядэ-сянэр
- Зэрылъ кхъэм ар тхьыри итлъхьэжащ.
- Ауэ си къуэр, усэр — си псэщ, си нэщ,
- ЖезмыгъэIэ зыми: «Къуилъхьэжащ».
- Сыщыдыхьэшха сэ макъкIэ сщIэжкъым,
- Е гухэхъуэу си псэр щыгуфIа.
- Къафэ, джэгу жыхуаIэм и гугъу
- сщIыжкъым…
- Хэплъэрей сохъу, фадэбжьэ сефам.
- Сыхуеижкъым сэ иджы куэдыщэ,
- Хъуэпсэрилэу плъэжкъым жыжьэ гур.
- Къызэт нобэ, пхулъэкIынум, гъащIэ,
- Псы кIурушкIэу Iур зымыгъэгъущIэ
- Насып кIапэ — гурыфIыгъуэ мащIэ,
- Сытми, Iупэр щIызэтежын гуэр!
- * * *
- Фадэм, тутыным, бзылъхугъэм
- Яхуэзмыгъазэу си гупэ —
- Яхуэзмыхьыжу си Iупэ
- Сыщыхъун пIалъэр къоблагъэ.
- Къэсмэ ар, къыспэплъэр сощIэ —
- МащIэу IэфI, куэду дыдж гъащIэщ.
- Сигу пхъэрым, нитI хъуэпсэрилэм
- IэщIыб ящIынщ гугъэ делэр.
- Хущхъуэм, хъудырым, хъущIэным,
- Си Iупэр ягъэгъущIэнкъым.
- Зэпытыр фадэм, тутыным
- КъахукIуэ! Паркым ситынущ.
- ТхьэIухуд Iэджи зблэкIынущ,
- СлъэмыкIуыуи сакIэлъыплъынущ,
- Ауэ зы къемыплъэкIыну…
- Си гугъэр Бещтом и Iуащхьэт.
- Къандзэгу хуэдизщ зэрыхъужыр.
- ИтIани сэ зызлыгъуэжкъым, —
- ЗыкIэрызощIэ псом ящхьэм.
- Сэ жьыгъэм сыщымышынэ.
- Ауэ ажалым семыджэ.
- ТхылъымпIэм, ручкэм, нэгъуджэм
- Уакъыхуэнэнри хъарзынэщ.
- Мис ахэм сыкъагъэщIэхъурэ? —
- Аращ си гъащIэр зэрыхъур!