И хъуэхъури зэпэфIщи, и псалъэри IукIафIэщ
2021-07-29
- (ХьэтІохъущыкъуей къуажэхэм я псалъалъэ)
- Балэ — хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.
- Бэлахъуэ — хывыхъуэ.
- Был Iуэгъуэ — зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.
- Бырамбыху джанэ — цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.
- Гуажэ хуэхъун — и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.
- Гуащэв — гуащэм хуагъасэ вы.
- Гъэрэхъу-щIэрэхъу — шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.
- Гъуэ — щыхь Iэл лъэпкъ, урысыбзэкIэ «косуля» жыхуаIэращ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэщ. Гъуэжьуз гъуэл хуэхъущхьэщ, жаIэ.
- Гъуэншэджыпхъэ — гъэру яIыгъ хъыджэбзхэм щхьэкIэ жаIэ. Хэкукъутэм къыдэкIуа Iуэхугъуэхэм нэхъыжьхэр щрипсалъэкIэ, цIыхубзхэр жаIэрт хамэщI къыщыхута гъуэншэджыпхъэхэр жьэн узым ихьыжащ, дуней насыпи яIакъым, жаIэу. Зи гугъу ящIыр Хэкум ираша хъыджэбзхэрт. Псалъэр щызэхэтхар Тыркум щыIэ ХьэтIохъущыкъуеижь къуажэрщ.
- ГъуеякIуэ — гузэвэгъуэ хэхуа унагъуэм е цIыхум я цIэкIэ жылэм ахъшэ щхьэкIэ лъэIуакIуэ хыхьауэ хэтым апхуэдэу йоджэ. Зы лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнщ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, укIытэр, емыкIур лъэIуэну зыхуэзымыгъэфащэу бэлыхьлажьэ хэхуам ящхьэщызых псапэхуэщIэ Iуэхущ. Псалъэр кIуэдыжу хуежьахэм яхэтами, иужьрейхэм къэунэхужауэ жыпIэ хъунущ, узыншагъэкIэ гукъеуэ зиIэхэм яхуримыкъу ахъшэр зэхуэзыхьэс щIалэхэм апхуэдэу йоджэ.
- Дэ гуэн — тхъапIэ, жыхуиIэщ. Дэ купщIэкIэ щагъашхэ унагъуэщ, я дэ гуэныр изщ, жаIэ.
- Дэпщэж — дагъэкIа къудамэр жыгым ищтэрэ щыдэкIейкIэ, къудамэр дэпщэж хъуащ, жаIэ, зэрызэхэкIам щыгуфIыкIыу. ХьэтIохъущыкъуей жыггъэкIхэм я псэлъафэ дыдэщ.
- Думэданэ — къуэрылъхум и щхьэгъусэр унагъуэм щриIэбэну гуащэшхуэм хуригъэщIа жыхапхъэм аращ зэреджэр. Думэданэ бгырыпх, тIырх-лъэрх дэIэбэ, жиIэрт, жаIэ, нысащIэм, гуащэшхуэм емыпсэлъами, фIыщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ.
- Едэу — гъурыжь цIыкIу, зыужьыгъуей, гуащIэ мащIэ, жыхуиIэщ. ХьэтIохъущыкъуей нанэхэм жаIэу куэдрэ зэхэпхынут: «Си щIалэ цIыкIур едэужь цIыкIуу къэхъуащи, сигу хупих зэпытщ».
- Ехъуэрыуэн — зыгуэрым ехъурджэуэн, ауан хэлъу епсэлъэн. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ.
- ЖьафIэ — гъэхуауэ, шэрыуэу, ауэ бзаджэу икIи пиупщIу псалъэ.
- ЗэпыкIэнтIыкIын — зыхуэмыIыгъыжын, зэфIэщIэн, узым игъэшын. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ.
- ЗэпэфI — псалъэр зэзыгъэзэхуэфым, екIуу зэхэзыухуэнэфым щхьэкIэ жаIэ. И хъуэхъури зэпэфIщи, и псалъэри IукIафIэщ, жыIэгъуэр куэдрэ зэхэпхынущ хьэтIохъущыкъуей нэхъыжьхэм жаIэу.
- Зэтехун — тхьэмыщкIэ хъун, имыIэмрэ зыхуэныкъуэмрэ нэхъыбэ хъун, жыхуиIэщ. Унагъуэр зэтехуащи, яшхын ямыIэу нэху къыщекIыр куэдрэщ, жаIэ. ХьэтIохъущыкъуейхэм я псэлъафэ дыдэщ. Ар щыгъэтауэ, «унагъуэ тхьэмыщкIэ» жыIэгъуэм «унагъуэ хуэмыщIа», «куэд хуэныкъуэ унагъуэ» мыхьэнэр къикIыу къуажэдэсхэм я бзэм къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым. ЦIыхум и Iэм имылъ гуауэ къызытепсыхар зэрырагъэундэIу псалъэт, Тхьэм урианэмэтщ, жаIэу кърагъэкIыу.
- Зыгъэтхынысэн — и щIыкIэкIи и псэлъэкIэкIи зэрынэхъыжьыр нэхъыщIэхэм къезыгъащIэ нысэгъу. Зегъэтхынысэри, и псэм хэлъыр къытхуэмыщIэ, жаIэ.
- Зыкъэуджэщыжын — зыкъэщIэжын, къызэрыгъуэтыжын, жыхуиIэщ.
- Зыкъэуджэщын — зыкъэужьыжын, нэплъэжыгъуэ гъуэтын.
- КIахъуэ-щхьэхъуэ хъун — цIыху сурэтым икIын, фэладжэ хъун, жыхуиIэщ.
- Къащтэрыуэ — фочауэ мыхъумыщIэ, шэ икI макъым игъащтэу зэгъэкIуапIэ имыхуэу кIакхъу щIэзыч. Мыбы къыхэкIри, мыгупсысэу псалъэм, гум хыхьэу жагъуэ псалъэ жызыIэм щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ хъуащ.
- Къут — зыгуэрым щыщ Iыхьэ псо. Тутын къут, жаIэ. УрысыбзэкIэ «пачка» жыхуиIэ мыхьэнэр иIэщ.
- КхъащкIэ I — мащэм тращIыхьыж Iуащхьэ кIыхь цIыкIум аращ зэреджэр. И кхъащкIэр и тепIэнщ, и мащэр и уэншэкущ, жаIэ. НэгъуэщI псэлъафэ гъэщIэгъуэни щыIэщ: Джэдгын зи жагъуэм и кхъащкIэм къытокIэ.
- КхъащкIэ II — мащэр щатIым къратхъуа щIыгулъым щыщу дунейм ехыжам и гущIыIум тракIутэ ятIэ IэмыщIэ.
- Кхъуху — шыр ягъэпскIауэ щызэпалъэщIыхьыжкIэ, яIуантIэ ху хьэуазэм аращ зэреджэр. Псалъэр къуажэ шыхъуэ цIэрыIуэу Щоджэн ТIэлашэрэ Бырс Андзоррэ куэдрэ жаIэу щытауэ нэхъыжьхэм къаIуэтэж. «Щоджэн и къуэм и уэрэдым» щыщ зы пычыгъуэм мыпхуэдэу щыжеIэ: «Iэнэ хьыгъуэм сыпашэщ, шы лъэщIыгъуэм сыкхъухущ», — жеIэри.
- ЛэкIур — щхьэзэ, хъэрахъэ. Нэхъыбэу зыхужаIэр мэлращ. Мэлыр лэкIур хъуащи къызэрохьэкI, жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм къахьыжащ, нобэми зэрахьэ.
- Лъапэрыгъуджэ щIын — щIыбкIэ утелъу лъакъуэр къэпIэтурэ лъэ- гум щIэплъэжын. Лъапэрыгъуджэ щIыи, щIыр къэбгъазэу лIыхъу хъу, жаIэ.
- ЛъэпщIаджэ — мыхьэнэ зимыIэ, къарууншэ, мащIэ, гуащIэншэ, цIырхъ мыхьэнэхэр иIэщ. Бжьахъуэкъуейхэм я бзэм щыщщ.
- Лъэхъыщт — хъыбар кIапэ, жыхуиIэщ. Щоджэн Къамбот и лъэхъыщтым дытехьащ, жаIэ, и хъыбар кIапэм дытеуващ, кърагъэкIыу.
- ЛIыхъумэт — лIыгъэ нахуэ зезыхьам хуагъэфащэ гъэфIапщIэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ псалъэщ.
- Мэхьэрэмэн — гъатхэ пасэм къызэщIэущкъулэ удзхэм я мэ зэщымыщхэр зэуэ къыщызэдэхъейм деж дунейр мэхьэрамэ жаIэ. Къуажэ лIыжьхэм мы псалъэр хэту сабийхэм псынщIэрыпсалъэ жрагъэIэу щытащ: мэзым и мэр маеу къомэхьэрамэри мэхьэрэмэж, къомэхьэрамэри мэхьэрэмэж.
- Набзэ — бзаджагъэ лъэпкъ зыщIэмылъ цIыхубз плъэкIэм щхьэкIэ жаIэ. Набзэу маплъэри, къабзэу мэпсалъэ, жыIэгъуэ дахэр щыIэщ.
- Накъыгъэнабдзэ — цIыхубз дахэ, бзылъхугъэ гуакIуэ, жыхуиIэщ.
- НафIэуфIэ — нэхъыфIыIуэ, уасэ зиIэ, нэхъ ягъэлъапIэ, зыщысхь, жыхуиIэщ. НафIэуфIэ тIэкIум фIэкIа къыхамыхыу, я мылъкур къагъанэри уэркъ быныр щтапIэ ихьэжащ, жаIэрт нэхъыжьхэм. Псалъэр Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжащ, нобэми зэрахьэ.
- Нэшх-пэшх хъун I — укъепс хуэдэу укъызэщIищIэн.
- Нэшх-пэшх хъун II — кIэху къэщIын.
- Пэгъупандэ — IэнатIэ лъагэ зиIэ цIыхухэм я пашэгъу е пыхъуэпышэ, ахэр игъэпуди мыхъуу, игъэлъэпIэнуи хуэмейуэ. ХьэтIохъущокъуэхэ пэгъупандэр я куэдт, жаIэ. ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм мы псалъэм кърагъэкIыр къыщхьэщокI къэбэрдей хьэжрэтхэм ар къазэрыгурыIуэм. Абыхэм псалъэр зэращIэр «фэжагъуэхь» мыхьэнэмкIэщ.
- Пэщабгъэ дэхын — зи ныбжьыр илъэсищ ирикъуа сабийм щхьэкIэ жаIэ. Мы жыIэгъуэр нэхъыбэу зи бзэ къыхэхуэр цIыхухъухэращ. Бешкъэзакъхьэблэхэр къызэращIэ псалъэщ.
- ПхэнжырыIуатэ — жаIар е зэхахар зэрыщытым хуэдэу зымыIуэтэжым щхьэкIэ жаIэ.
- Пхъэлъэфынэ — пхъэ къыщалъэфкIэ, кIапсэ иращIэну пхаупщIыкI гъуанэм щхьэкIэ жаIэ. Пхъэлъэфынэр яугъуэныркъым, ирадзэ.
- Таркъыгу — гублащхьэдэсэ зыдэлъ выгу. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.
- ТекIуэшын — IукIыжын. ТекIуэтри текIуэшщ, жаIэ, бгъэдэкIри IукIыжащ, мыхьэнэр хэлъу.
- Тешапхъэ — фочауэ.
- ТеIэпхъаджэ щIын — тегушхуэгъуафIэ щIын.
- Тхьэбзэгъуджэ — урысхэм зэреджэ псалъэщ. ЩIыжаIэмрэ къызыхэкIамрэ тхузэхэгъэкIакъым.
- Уаджэ I — хьэцыпэ жыхуаIэращ. Къуажэ къебжэкI гуэрым мыпхуэдэ сатырхэр хэлъщ «ХьэуазитI зэпызодзэри, яку зы уаджэ дызодзэри, уафэм сыдокIуей, къызоплъыхь-нызоплъыхьри, дзэ фIыцIэр къызолъагъу…».
- Уаджэ II — хьэлъагъ лъэпкъ зимыIэ цIыху. Уаджэщи, жьы мащIэ къыкъуэуми ихьынущ, жаIэ.
- УлакIуэ — ахъшэ щIыхуэ зэпымычу къэзыщтэ.
- Унэужь — унагъуэ Iуэхухэм хуэIэижь, сытми нэс, псори зэхъулIэ цIыхубз. ТIэу улъхуэмэ, уфызыкущи, щэ улъхуэмэ уунэужьщ, жаIэ.
- Хуейдей — лъэныкъуитI зэрыгъэхъуауэ цIыху куэд зыхэт къаугъэ, зэрызехьэ, бырсыр, хуейдейм дызэридзэри, ди дзэр зэрыдгъэшхыу дыкъэтIысыжащ, жиIэрт куэдрэ адыгэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд. ХуейдейкIэ ар зэджэр революцэрат.
- Хъэнцу I — псым къыхэкIыкIа удзыр зэхэупцIауэ ныджэм телъмэ, хъэнцур зэрызолъафэ, жаIэ.
- Хъэнцу II — ятIэри хьэуазэри щызэхэупцIа IэшкIэ.
- Хьэдагъэжьей щIын — Iуэхум хуэжьажьэу, фIэмыфIу, игу хэмыхьэу, жыхуиIэщ. Псалъэр зыхуэгъэзар лэжьыгъэм зыщIезыгъэх ныбжьыщIэхэрщ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.
- Хьэлъэпс иупIэ — лъэгуажьэ щIагъым щхьэкIэ Бешкъэзакъхьэблэхэм ноби аращ жаIэр.
- Хьэнэпс — уанапхэ быжым деж иIэ фэ кIэрыщIапIэ.
- Хэхуэрэ хуапэрэ — узыхыхьэм ещхь уохъу, жыхуиIэщ.
- ЦIыракIуэ I — щIыпIэ жыжьэ, Iэгъуэджэ, здынэсыгъуей.
- ЦIыракIуэ II — ныбжьышхуэ зиIэ.
- ЦIыралыдж — зи фэр пIащIэ, жыхуиIэщ. И ныбжьри цIыракIуэщи, и фэри цIыралыджщ, жаIэ. Псалъэр Щоджэнхьэблэхэм нэхъ зэрахьэ.
- Шэуал — цIыхубз Iущ, чэнджэщ къызыпах икIи зрахьэлIэ, губзыгъэкIей. Тамбий Къэбардэ и щхьэгъусэм и цIэр Шэуал-гуащэу жаIэрт. Хъыджэбз цIыкIу къалъхуамэ, мыпхуэдэу ехъуэхъурт: «УщIалэфI натIэрэ щуIэгъэ узыхуэхъум уришэуалу гъащIэ кIыхь угъащIэ!»
- Шыгъувэ щIын — адыгэ IэзэкIэм щыщщ; къупщхьэ уз зиIэм къеуз щIыпIэм щэкI хужьым кIуэцIылъу шыгъу гъэва тралъхьэу щытащ.
- ШыпIыртIэхъун — хэукъуэн, зэрымыщIэкIэ щыуагъэ щIэн. ДышыпIыртIэхъури, Iуэхур зэIыдгъэхьащ, жаIэ. Псалъэр ноби зэрахьэ.
- ЩахэIуж — щахэгум зиIуантIэу ефыкI узыфэ лIэужьыгъуэщ, урысыбзэкIэ «перекрут яичка» жыхуаIэращ.
- ЩыгъэкIын — хугур ягъавэурэ хьэнтхъупс уефэ хъун хуэдэу ва нэужь, хьэнтхъупс къыщхьэщахри, пIастапхъэр шыуаным къранэ, ар ягъажьэ. Аращ пIастэр щыгъэкIын жыхуаIэр.
- ЩыгъэпIытI — илъэсыщIэ псейм кIэращIэ, абджым къыхэщIыкIа джэгуалъэ щыгъэхэр.
- ЩIакIуэ хъыринэ — хьэдэ къызэрашэж щIакIуэ зэпыдзэм апхуэдэу еджэу щытащ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къаIуэтэж хъыбархэм къыхэхуэ псалъэщ.
- Iэдэмашэ — къудамэ зэхэтым къыхэкIыу бгъукIэ кIуэ къудамэ.
- Iэгурыхьэ-IэгурыкI — къызэрыкIуэм хуэдэу кIуэж, псынщIэу кIуэдыж, къыпкIэрымыпщIэ.
- Iэгудэхыу псэун — зи унэ лъапсэр джабэм кIэрыту псэухэм щхьэкIэ жаIэ. Къущхьэхэм унапIэу ящIыр игъащIэми Iэгудэхщ.
- Iэгурмэжь — гъумыщIэ, пIащэ, жыхуиIэщ. Нэхъыбэу башым, жыг къудамэм ехьэлIауэ къапсэлъ. Баш Iэгурмэжь, жаIэ.
- Iэгуущэ — и гуащIэдэкI къабзэкIэ псэу, пщIэнтIэпс хьэлэлкIэ псэуныгъэр езыгъэкIуэкI цIыху.
- Iэл унэм щыпIын — дунейм къытемыхьэу пIын, цIыхум къамыщIэу къэгъэтэджын, жыхуиIэщ. Зи пIалъи зи щэни ямыщIэ цIыхум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ.
- Iэпэбжьэ — залэ, жыхуаIэращ.
- Iэпщэ ищIэн — Iуэху гуэрым мурад хуэщIын, ар зэгъэхъулIэн щхьэкIэ щIапхъэ зыри къэмыгъэнэн. Мо лъэпкъым япхъухэр гурыхьщ, зи дэкIуэгъуэ яIэщи, Iэпщэ измыщIэу хъунукъым, жаIэ. Псэлъафэр ХьэтIохъущыкъуейхэм ноби зэрахьэ.
- IэхъуэкъешхэкI — Iэхъуэр унащхьэ чэзууэ щагъашхэкIэ, IэхъуэкъешхэкI ещI, жаIэ. Къалэдэсхэм къахьыжа псалъэщ.
- IукIафIэ — гум дыхьэ, гуапэу жыIа хъуа псалъэ. И хъуэхъури зэпэщщи, и псалъэри IукIафIэщ, фIы зыхуищIэн, жаIэ хабзэщ цIыхум и псэлъэкIэр гурыхь зыщыхъуа цIыхубз нэхъыжьхэм. Щоджэнхьэблэхэм ноби зэрахьэ псалъэщ.
- IукIей — гуемыIу псалъэ. IукIейщи, и псалъэр гум тегъэхуэгъуейщ, жаIэ. Щоджэнхьэблэхэм зэрахьэ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- и щIэныгъэ обозреватель.