Иракми ди къуэшхэр щопсэу
2021-10-02
- ИкIутар из хъужыркъым, жаIэ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм къиша тхьэмыщкIагъэхэм ящыщщ адыгэхэр щIы хъурейм тепхъа зэрыхъуар, лъэпкъыр зэрызэкъуичар, хамэщI къыщыхутахэр кIуэдыпIэм зэрыришар. Ауэ, гугъэр адэжь щIэинщ, жыхуаIэращи, зэгуэр зэфIэкIуэдахэм я щIэблэр нобэ зэрызэрыгъуэтыжыным, зы хэку дуней ямыухуэжыфми, зэпыщIэныгъэхэм зэрызрагъэубгъуным хущIокъу. Илъэс щэщIым нызэрыхьэсащ хамэ щIыпIэ куэдым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм бзэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, сату зэпыщIэныгъэхэр яхудиIэ зэрыхъурэ. Хэкурыс адыгэхэм яхэту къыщIэкIынкъым Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралыгъуэ зыбжанэм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм адыгэ жылэшхуэхэр зэрыщыIэм, фIыщIэ хасэхэр зэрыщылажьэм, а щIыпIэхэм къыщыхъуа ди лъэпкъэгъу куэдыр Хэкум щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэм, адэжь лъахэр псэупIэ зыхуэхъужхэри къазэрыхэкIым щымыгъуазэ. ХамэщI щыпсэухэмрэ хэкум исхэмрэ щIэныгъэ IуэхукIэ зэлъоIэс, я зэхуаку илъ Iыхьлыгъэр къахутэ икIи зэфIагъэувэж, хьэрычэтыщIэ зэпыщIэныгъэхэр зэтраухуэ. Уегупсысыпэмэ, лъэныкъуитIми ди зэхуаку ит хышхуэм лъэмыж телъхьа хъуакIэщ, дызэкIэлъыкIуэнумэ, пэрыуэгъу щымыIэу. Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбар хьэлэмэтхэр къыщыIур мащIэкъым. Иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэм хэтащ Ливаным щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэхэр. Ар дгъэщIагъуэурэ, Иракым щыпсэу адыгэхэм я макъ къэIуащ. ЗэрызэхэтхымкIэ, ди хэкуэгъухэр хущIокъу а щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм зыхрагъэлъытэну, ар къыщыгъэнауэ, Иракым и Парламентми, щIыналъэхэм унафэр щызехьэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэми я хэхыныгъэхэми хыхьэну. Нахуэщ дызылъэмыIэса куэд ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум зэрыхэтыр…
- Ди хэкуэгъухэр Иракым зэрыщыпсэум дыщыгъуазэт, ауэ жылэу ису, апхуэдэу зэкъуэувэу, я лъэпкъыщхьэмрэ хуитыныгъэхэмрэ хъумэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIыу тщIэртэкъым. «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм мы Iуэхур гъэщIэгъуэн къазэрыщыхъунур къэтлъытэри, Иракыр псэупIэ зыхуэхъуа ди къуэшхэр къыздикIам, я Iуэху зыIутым дыщIэупщIащ.
- КъызэрыщIэкIымкIэ, иджырей Иракым щопсэу Кавказым и щIыдэлъху лъэпкъхэм ящыщу адыгэхэр, шэшэнхэр, дагъыстэн лъэпкъхэр. ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, мы лъэпкъхэм хыхьэхэкI зиIэу яхэт жылагъуэ лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, щIэныгъэлIхэр, лъэпкъыгу зыкIуэцIылъхэр зэхуэсри, Иракым и Хабзэ Нэхъыщхьэм, Конституцэм, я цIэрэ я щхьэрэ храгъэтхэну, хэгъэгум щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм ящыщу зыкърагъэлъытэну зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщащ. Зи щIэжрэ зи лъэпкъыцIэрэ унейуэ зиIэхэр нэхъри зэкъуигъэувэну къалъытэри, а зэхуэ-сым хэтахэм зэдэарэзыуэ «кавказ» лъэпкъыцIэр къызэдащтащ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, я диныр, лъэпкъыщхьэр, хуитыныгъэхэр яхъумэжын щхьэкIэ, Иракым щыпсэу чыристан лъэпкъхэм аращ ящIар. Ахэр зэгухьэри «Хьэлдей-щам-ащурей лъэпкъ совет» зи фIэщыгъэ хасэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Адыгэхэми, шэшэнхэми, дагъыстэн лъэпкъхэми я нэгу щIэкIащ а хасэм зыхуигъэувыж къалэнхэм мыбзаджэу зэрыпэлъэщар, я макъыр ирак унафэщIхэм зэрызэхрагъэхар. Ар щапхъэ зыхуэхъуа ди хэкуэгъухэри зэкъуэуващ, конституцэ гъуэгукIэ Ирак къэралыгъуэм зыкъригъэлъытэн, псоми я зэхуэдэ хуитыныгъэхэр зыIэрагъэхьэн, хэгъэгум щекIуэкI залымыгъэхэм хабзэкIэ зыщахъумэн щхьэкIэ.
- Илъэс зыбжанэкIэ зи ужь ита Iуэхур ди лъэпкъэгъухэм къайхъулIащ. Мылъку къэлэжьыным емыпха, ауэ къэралым гъунэгъуу дэлажьэ, щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм заужьынымкIэ Iуэху щхьэпэхэр зэфIэзых «Масарат» жылагъуэ зэгухьэныгъэр кавказ лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм 2016 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м яIущIащ. Ар щекIуэкIар Иракым хыхьэ Курдистан щIыналъэм СулейманиекIэ зэджэ и къалэрщ. Абдеж абыхэм иджыри зэ къыщыхагъэщащ ахэр хьэрып лъэпкъхэм зэращымыщыр, бзэрэ хабзэ-зэхэтыкIэ щхьэхуэрэ зэраIэр, муслъымэн диныр зэрахьэми, щыпсэу хэгъэгум щекIуэкI залымыгъэмрэ леймрэ щыхъума зэрымыхъур, я цIыхум къащыжын Iэмалу лъэпкъ мащIэхэм ящыщу зыкъегъэлъытэным фIэкIа нэгъуэщI хэкIыпIэ зэрамылъагъур. «Масарат» зэгухьэныгъэм хэтхэм ди хэкуэгъухэм къагъэув Iуэхугъуэхэр игъуэу къалъытащ, зыкъыщIагъэкъуэну, Iэмал зэриIэкIэ Иракым и Парламентым и пащхьэ лъэпкъ мащIэхэм я хуитыныгъэхэм теухуа хабзэми зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэ проектри иралъхьэну къагъэгугъащ.
- Ди лъэпкъэгъухэм я пашэ Джэтауэ Ахьмэд зэрыжиIэмкIэ, Иракым зи щхьэ бжыгъэкIэ куэд мыхъу, динкIэ нэхъыбэм къащхьэщыкI лъэпкъыу зи хуитыныгъэхэм къэралыр къыщыж, бзэрэ щэнхабзэкIэ зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэхэр зыхузэблигъэкIыу мащIэкъым щыпсэур. «Дэри апхуэдэ зыгуэрщ дыщIызэгухьари, ди акъылрэ зэхэщIыкIрэ дыщыпсэу щIыналъэми хуэдгъэщхьэпэу, дэри дифI зыхэлъхэр зэдгъэхъулIэу дыщыIэну аращ дызыхуейри, къэд-гъэув Iуэхухэр демократием и гъуэгур хьэрэм зымыщI ирак унафэщI куэдым къыддаIыгъ. КъинэмыщIауэ, къэралым дэр хуэдэхэм щхьэкIэ квотэ лIэужьыгъуэхэр иIэщ, ущыIэу, лъэпкъ мащIэу укъилъытауэ щытмэ, абыкIэ Парламентми, щIыналъэхэм унафэр щызехьэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэми я хэхыныгъэхэми ухыхьэну Iэмал къуиту. Ар зыIэрыдгъэхьэну дыхущIокъу», — жеIэ Джэтауэм.
- ЩытыкIэ гугъум и мызакъуэу, псэуныгъэмкIи щыIэныгъэмкIи шынагъэ здэщыIэ щIыналъэм политикэшхуэм хэмыхьэу лъэпкъ Iуэху щызэрахьэну Iэмал яIэкъэ ди лъэпкъэгъухэм, жаIэнкIэ хъунущ. Дэри тфIэгъэщIэгъуэн хъуат ари, дыщыщIэупщIэм къыджаIар мыращ: «Иракым ущыпсэун хуейщ абы щыщыIэ щытыкIэр зэрыгугъу дыдэр зыхэпщIэн щхьэкIэ. ИГИЛ (УФ-м щамыдэ зэгухьэныгъэ) жыхуаIэр уи щIыбагъ къыдэсу, махуэ щIагъуэ дэмыкIыу абы къэралым и дзэр езауэу дзыхьщIыгъуэджэщ политикэ зэщIэхъееныгъэ зэбгъэпэщыну. Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлажьэ «Масарат» зэгухьэныгъэм захуэдгъэзэн хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэр аращ — политикэ Iэмал щыдимыIэкIэ, щыIэ хэкIыпIэхэм дрикIуэну. Киркук къалэм, ди лъэпкъхэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэм, 2004 гъэм «Зэкъуэтыныгъэ» зыфIэтща щэнхабзэ-жылагъуэ зэгухьэныгъэр къыщызэдгъэпэщым, абы къищта къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ нэхъ тегъэщIауэщ иужькIэ дызэрылэжьар. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди гуращэхэр тхъумэрт, ди цIыхухэри лейзехьэхэм япэIэщIэ яхуэтщIырт. Къэрал хабзэхэр къызэпыдмыуду ди зэгухьэныгъэр илъэс зыбжанэкIэ зэрылэжьам и фIыщIэщ «Масарат»-р къыщIытхыхьэфар», — жеIэ Ахьмэд.
- Езы хасэм и зэхэтыкIэм теухуауэ Джэтауэ Ахьмэд жиIэр мыращ: «Иракым щыпсэу кавказ лъэпкъхэм бжыгъэкIэ нэхъыбэр шэшэнхэрщ, абы къакIэлъыкIуэр дагъыстэн лъэпкъхэращ, лезгинхэр нэхъ къахэщу, итIанэ адыгэхэр. Лъэпкъхэм ди инагъым теухуащ хасэм къыщытлъыс IэнатIэхэри. Апхуэдэу, шэшэн щIалэр тхьэмадэу, дагъыстэн лъэпкъхэм я лIыкIуэр секретарь нэхъыщхьэу, адыгэм къыхэкIар вице-президенту хасэм щыхах. Къытхыхьэ-тхэкIыжхэр хэгъэкIауэ, IэIэтым хэтыну хуиту «Зэкъуэтыныгъэ» зэгухьэныгъэм цIыху 450-рэ хуэдиз хэтщ. ЗэрыжысIащи, шынагъэншагъэм и хьэтыркIэ политикэ зэщIэхъееныгъэу зыкъэдгъэлъэгъуэфыркъым, ауэ утыку дызэрихьэн Iэмалхэр къыдолъыхъуэ».
- ИгъащIэ лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыцIэхэр къэгъэнауэ, «кавказ» фIэщыгъэмкIэ зегъэтхыным гуитIщхьитI ищIыр мащIэкъым. «Ди адэжьхэр къыздикIар Кавказырщ, ар псоми ди зэхуэдэ хэкужьщ. Ди лъэпкъхэр зэрыпсалъэ бзэхэр зэщхьэщыкIми, дэ дызэрешалIэ псоми ди зэдай къежьапIэ дызэриIэм, тхыдэм, щэнхабзэхэм. Ди дуней лъагъукIэри зэтохуэ, сыту жыпIэмэ лъым хэту, анэ быдзышэм хэту ди деж къэса лъэпкъ щIэжым ди гупсысэкIэри, Iуэху екIуэкIыр къызэрытлъытэ пщалъэхэри, екIумрэ емыкIумрэ теухуауэ диIэ зэхэщIэныгъэри зэщхьщ. Абы къищынэмыщIауэ, дызэрызу дыкъыщIалъытэн хуэдиз дрикъуркъым, ди макъыр лъагэу тхуэгъэIунукъым. ЩытыкIэ дызэрытым елъытауэ дызэгъусэу, зы лъэпкъыцIэкIэ дызэпхауэ утыкум дихьэныр захуэу къэтлъытащ. Дауи, ди адыгагъэр лIыгъэкIэ ттезыхын щыIэкъым. Тхуэхъумащэрэт, абы нэхъыфIрэ нэхъ дахэрэ Тхьэм къигъэщIам хэттэкъым».
- ЗэIуу зы щIыпIэм зэрыщымыпсэум, къэралым щекIуэкI бырсыр мыухыж-хэм зэлъэIэсыну Iэмал къазэрыримытым къыхэкIыу, Иракым щыIэ кавказ лъэпкъхэр гуащIэмащIэ хъуащ, жылагъуэ Iуэхухэми мащIэ дыдэу фIэкIа къыхэмыщ ищIащ. Джэтауэ Ахьмэд щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, Иракым щыпсэу адыгэхэр, адрей кавказ лъэпкъхэми хуэдэу, илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэм и лъэхъэнэм къикIа тхьэмыщкIэхэм я щIэблэщ.
- «ДинкIэ къапэблагъэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм гупсэхугъуэ щагъуэтыну щыгугъа щхьэкIэ, политикэ екIуэкIым ди адэжьхэр гущIэгъуншэу шэпэIудз ищIащ, шынагъэ здэщыIэмкIэ идзу, бийр къыщыкъуэкIынкIэ хъуну лъэныкъуэмкIэ гъунапкъэхъумэу игъэтIысу. Ди адэшхуэхэр Иракым гъуэгуитIкIэ къэкIуащ. Дэ къытхэтщ япэщIыкIэ Иорданиемрэ Сириемрэ ирагъэтIысхьэу, абыи псэхупIэ щрамыту ИракымкIэ къагъэIэпхъуахэм я щIэблэри, гъаблэмрэ тхьэмыщкIагъэмрэ ихузыпэу зыри къызыхэмынэжа, лъэпкъхэр ихьэжу Балканым щекIуэкIа зауэм къыхэкIыу мыбы зи псэр къэзыхьэсахэм къатекIыжахэри. Сэ етIуанэ гупым сащыщщ, — жеIэ Джэтауэ Ахьмэд. — Адыгэхэм хэхауэ ди гугъу пщIымэ, шапсыгъхэр, абазэхэхэр, къэбэрдейхэр, бжьэдыгъухэр къытхэтщ. Кавказым къикIа лъэпкъхэм ди бжыгъэр теубыдауэ жыпIэну гугъу дыдэщ, ар Iуэху ищIу зыми къызэримылъытам къыхэкIыу. Иджыщ а Iуэхум иужь дыщихьар. Ауэ, ику иту, унагъуэ мин 15 дыхъуу худогъэфащэ. ЦIыху бжыгъэкIэ къапщтэмэ, мин 30-м къыщегъэжьауэ мин 50-м нызэрыхьэсу апхуэдэщ. Адыгэхэм я нэхъыбэр Багдад щопсэу. Ауэ абыхэм мымащIэу уащрихьэлIэнущ Мосулэ, Басрэ, Насирие, Сулеймание, Киркук, Тикрит, Рамади къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Анэдэлъхубзэр зыщIэжу къытхэтыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. Ар иджыри унагъуэхэм щызэхэпхынущ, ауэ ирипсалъэр нэхъыжьхэращ. Ныбжьыкухэм зэхащIыкIми, мащIэ тIэкIу жаIэфынуми, шэщIауэ псэлъэф яхэтыжкъым, нэхъыщIэхэм я гугъу сщIыххэркъым. Анэдэлъхубзэхэмрэ щэнхабзэмрэ дэхуэха щIэхъуам и щхьэусыгъуэщ ди лъэпкъхэм зыхэсхэм я псэукIэр къызэращтэм, я бзэм зэрытехьэм — хьэрып хьэблэхэм яхэсхэр хьэрыпыбзэкIэ мэпсалъэ, курд хьэблэхэм щыпсэухэм ящIэр курдыбзэщ, тыркумэн хьэблэхэм къыщыщIидзахэм нэхъыбэу зэрахьэр тыркумэныбзэщ. Къапщтэмэ, адыгэхэм ди Iуэхур хэгъэкIауэ, мыдрей кавказ лъэпкъхэм зэрахьэ муслъымэныгъэм мэсхьэбкIэ зэщхьэщыкIыны-гъэ щиIи щыIэщ. Дипхъухэр хамэ лъэпкъхэм яшэ, ди щIалэхэм хамэ лъэпкъхэм ящыщхэр къашэ хъуащ. Ар зытхъумэжынымкIэ нэхъ щхьэусыгъуэ хьэлъэ дыдэу ди гъащIэм къыхыхьаращ. Апхуэдэ щытыкIэ щхъуэкIэплъыкIэм диту дыпсэу пэтми, дыкъызыхэкIар зэрытщымыгъупщэм зы дещI.
- Адыгэхэми, шэшэнхэми, дагъыстэн лъэпкъхэми я гъащIэм, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ, тхыдэм теухуауэ Иракым «Зэкъуэтыныгъэ» зи фIэщыгъэ журналыр къыщыдокI. Абы и унафэщIыр Иракым и журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мухьэмэд Хъусенщ, лъэпкъкIэ лезгинщ. Зэбгрыпхъауэ Иракым щыпсэу ди хэкуэгъухэр журналым и фIыгъэкIэ дызэлъоIэс, ди хъыбаркIэ дызэрощIэ, къытхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я IуэхущIафэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ зыщыдогъэгъуазэ.
- Хэгъэгу зэхуэмыдэхэм щыпсэу адыгэхэр дызэрыщыIэм мащIэу зэрыщыгъуазэм и хъыбарыр зэхыдох. Ар ди гуапэ мэхъу. ХэIущIыIу зытщIыну, дунейм тет ди лъэпкъэгъухэм запытщIэну, дахыхьэну иджыри къыздэсым Iэмал диIакъым. Мы къэралым ипхъауэ дызэрыщыпсэум и мызакъуэу, илъэс Iэджэ лъандэрэ щекIуэкI зауэхэмрэ зэрызехьэхэмрэ нэхъыщхьэу ди пащхьэ къригъэувар ди щхьэ зэрытхъумэжын Iуэхурщ. Дунейм и щытыкIэм зыкъызэблидзыжу къыщIэкIынщ мы дызыхэтым нэхъ ерыщу иужь дыщихьакIэ, ди хуитыныгъэхэм ехьэлIауэ дыпсэлъэф щыхъуакIэ. Ди хъуэпсапIэхэм ящыщщ ди Хэкум дыкIуэныр, ар зэдгъэлъагъуныр».
- Иджыблагъэ Джэтауэ Ахьмэд Иракым и парламент хэхыныгъэхэм зыкъыщигъэлъэгъуащ. ТхыдэщIэм къыщымыхъуауэ адыгэхэм, кавказ лъэпкъхэм я цIэкIэ IэIэтым хыхьа адыгэ щIалэм и кIэн къикIыу зыхущIэкъу псори къехъулIэну ди гуапэщ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.