ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'ЗэпыщIэныгъэхэр'

«ТхузэфIэкI къэдгъанэркъым»

2017-09-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 460-рэ зэрырикъум егъэщIылIа гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтащ Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Рауль.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

ЗэгурыIуэжыну пIэрэ?

2017-07-06

  • 2016 гъэм и кIэухым УФ-мрэ США-мрэ я дипломат зэпэщIэувэныгъэм щIидзащ. Трамп Дональд зэрыхущытыр зэIимыгъэхьэн папщIэ Мэзкуу американхэм ялэжьахэм пэщIэуэн Iуэхугъуэ гуэри кърихьэжьакъым, ауэ щытыкIэр зэкIэ ефIакIуэркъым.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Макрон Эммануэль: Урысейр хэмыту зэпIэзэрыт хъунукъым

2017-06-01

  • Урысейм и Президент Путин Владимир япэу хуэ-защ Франджым и Iэтащхьэу хаха Макрон Эммануэль и къулыкъущIэм пэрыува нэужь. Къэрал лIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ лъэныкъуитIым я зэхущытыкIэхэм, Сириемрэ Украинэмрэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Президентхэр зэгурыIуащ зэкъуэту терорризмэм ебэнын папщIэ лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну икIи акъылэгъу зэдэхъуащ норманд щытыкIэр къагъэщIэрэщIэжу Европэм Шынагъуэншагъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ IуэхущIапIэр (ОБСЕ) абы къыхашэну.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Нэхъ гъунэгъу зэхуохъу

2017-05-26

  • КъБР-м и Дзэлыкъуэ, Шэрэдж районхэм 2017-2020 гъэхэм зэрызэдэлэжьэнум и программэм    Iэ традзащ. Мы Iуэхур щекIуэкIар Дзэлыкъуэкъуажэщ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Куржыхэр Евросоюзым ирагъэблагъэ

2017-03-02

  • Евросоюзым и Совет Нэхъыщхьэр арэзы техъуащ ЕС-мрэ Куржымрэ визэншэу зэпащIэным. Иджы куржыхэр лъэпощхьэпо къыхэмыкIыу махуи 180-м нэблагъэкIэ Евросоюзым хыхьэ къэралхэм щыIэфынущ.
  •  
  • Иджырей Iуэхугъуэм хэплъэныр къа­Iэтауэ щытащ 2016 гъэм и гъатхэпэм. Илъэс кIуам и дыгъэгъазэм ЕС-м и Советыр, Европарламентыр, Еврокомиссэр къытеувыIащ визэншэу Куржым и цIыхухэр зэрызекIуэну Iэмал хэхам.
  • «ЗэрыпэплъэмкIэ, гъатхэпэм и кIэм къы­щыщIэдзауэ куржыхэр пIалъэ хэхакIэ хуиту щызекIуэфынущ шенген хабзэм тет къэ­ралхэм», — жиIащ Iэпхъуэшапхъуэмрэ къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ еврокомиссар Авромопулос ­Димитрас.
  •  
  • Саможнев  Александр.
  • «Российская газета»
  • НапэкIуэцIыр  зыгъэхьэзырар  ЖЫЛАСЭ  Замирщ.

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Мысырыр мазаем… къызэIуахыж

2017-02-02

  • Урысей авиацэм и къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр наIуэ къэхъурэ, абыхэм ныкъусаныгъэ хамылъагъуэмэ, ди къэралым икI кхъухьлъатэхэр Мысырым  и къалищым лъэтэну хуит ящIынущ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ

2015-11-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэралхэм къикIауэ щеджэ студенти 100-м щIигъу мы махуэхэм щыхьэщIащ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм. Университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Уэлджыр Аринэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, апхуэдэ Iуэхур къыхалъхьащ хамэ къэралхэм къикIа студентхэм ядэлэжьэнымкIэ факультетым и деканатымрэ урысыбзэмкIэ абы и кафедрэмрэ я IэщIагъэлIхэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Жыгхэр щыхьэт зытехъуэ

2014-04-23

  • Санкт-Петербург щыIэ Красногвардейскэ районым и Малоохтинскэ паркым и Iэгъуэблагъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу тыгъэ хуащIа жыгей плъыжь 70-р щыхасащ. Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа Iуэху дахэм хэтащ КъБР-м Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Дроздов Игорь, дуней псом щыцIэрыIуэ кинорежиссер Сокуров Александр, КъБР-м и лIыкIуэу Санкт-Петербург щыIэ Сэралъп Альберт, КъБР-м и цIыхубэ артистхэу композитор Къэбэрдокъуэ Муратрэ дирижер Голиков Михаилрэ, Санкт-Петербург и администрацэм и лэжьакIуэхэр, къалэм щыIэ ветеранхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, къалэдэсхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Ди жыг хадэхэр Италием ейхэм куэдкIэ ещхьщ

2013-09-12

  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Гельбаши гъунэгъу мэхъу

2013-09-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ Тыркум щыщ къулы­­­къущIэ гуп. Гельбаши къалэм къикIа хьэщIэхэм Налшык зыщаплъыхьащ, щIы­пIэм щыпсэухэм къа­де­кIуэкI хабзэхэм щыгъуазэ зыхуащIащ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Гушхуарэ бзэми хэгъуэзауэ

2013-08-28

  • Ди газетым зэрытетащи, Налшык дэт «Къурш псынэ» сабий зыгъэпсэхупIэм щыхьэщIащ Тыркум, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм, Ставрополь крайм, Мейкъуапэ къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр. Абыхэм я нэгу зэрызиужьар, щIэ­щыгъуэ куэд зэралъэгъуар, адыгэбзэм зэрыхэгъуэзар къыщыпщIэрт зэныбжьэ­гъугъэ лагерыр щызэхуа­щIы­жа гуфIэгъуэ зэхыхьэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

ЩIэм тету

2013-08-27

  • Иджырей телевиденэм зиужьыну­къым компьютер IэмэпсымэщIэхэр имыIэу. Абы папщIэ Iуэхум куууэ хэ­зыщIыкI IэщIагъэлIхэри уиIэн хуейщ. Апхуэдэу къалъытэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК» ГКУ-м и унафэщIхэм. Абы къыхэкIыу республикэ къэрал  телерадиоканалым и Iэтащхьэ Дроздов Игорь и жэрдэмкIэ 49-нэ каналым и лэжьа­кIуэ гуп лэжьэкIэщIэхэм щыгъуазэ зы­хуащIын мурадкIэ, «Краснодар» телерадиокомпанием кIуащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Зэхуэдэныгъэр и лъабжьэу

2013-08-08

  • Иджырей дунейм къэралхэм я гъунапкъэхэр зытещIыхьар цIыхухэр зэкIэлъыкIуэным икIи хъыбархэмкIэ зэхъуэжэным я закъуэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэ­лъэгъуащ кавказ республикэ мыиныр къэралышхуэ дыдэхэми зэрадэлэжьэфынур. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэхуэдэныгъэр и лъабжьэу.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

ФIыщIэ къыхуащI

2013-07-24

  •  «Кавказым мамырыгъэ щрыреIэ!» Ставропольем и лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэ­тащхьэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуащIащ Кавказ Ищхъэрэм мамыры­гъэмрэ лъэпкъхэм я зэгурыIуэны­гъэмрэ щы­гъэ­быдэным хуэгъэзауэ къыхалъхьэ Iуэ­ху­­хэмрэ жэрдэмхэмрэ пхы­гъэ­кIыным щIэгъэкъуэн зэрахуэхъум къы­хэ­кIыу.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

2001 гъэ лъандэрэ

2013-07-06

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым сату-экономикэ IуэхухэмкIэ и хэ­щIа­пIэр илъэс куэд хъуауэ Волгоград областым ехъу­лIэ­ны­гъэкIэ щолажьэ. А зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэхэм я зэпыщIэ­ны­гъэхэм зегъэу­жьыным хуэунэтIауэ лъэ­ны­къуитI­ми лэжьыгъэшхуэ зэ­фIа­гъэ­кIащ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

« Раньше