ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ТхузэфIэкI къэдгъанэркъым»

2017-09-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 460-рэ зэрырикъум егъэщIылIа гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтащ Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Рауль.
  •  
  • Хаджимбэ Рауль (ижьымкIэ щысщ) и псалъэ.

  • Ди деж щыщыIа зэманым хьэщIэр яIущIащ 1992 — 1993 гъэхэм екIуэкIа куржы-абхъаз зауэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу езыхэм яфIэфIу хэта къыщхьэщыжакIуэхэм.
  • — Ди лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зауэм и илъэсхэм щIагъэбыдащ ди щIыналъэр яхъумэн гуращэкIэ фи республикэм икIыу езыхэм яфIэфIу ди деж нэкIуауэ щыта щIалэхэм, — жиIащ Хаджимбэ Рауль.
  • Щызэпсалъэм, лъэныкъуэхэм къыхагъэщхьэхукIащ зэкъуэш республикитIым куэд лъандэрэ щэнхабзэ, псэкупсэ зэпыщIэныгъэхэр яку зэрыдэлъыр. Хаджимбэ къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Абхъазым и нобэрей псэукIэм, экономикэм, шынагъуэншагъэм я щытыкIэм, къэралым и политикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэр зэрекIуэкIым.
  • — Гугъуехьхэр мащIэкъым, ауэ ди къалэнхэр догъэзащIэ, щIэпхъаджащIэхэм дапэщIэтщ, блэкIам зыкIи емыщхьу нэгъуэщI теплъэ къэралым едгъэгъуэтынымкIэ тхузэфIэкI къэдгъанэркъым. Сыщогугъ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу езыхэм яфIэфIу къытщхьэщыжыну нэкIуахэр а лэжьыгъэм жыджэру къыддыхэтыну, — къыхигъэщхьэхукIащ Хаджимбэ.
  • 1992 — 1993 гъэхэм Абхъазым щекIуэ- кIа Хэку зауэм и зэманым Къэбэрдей лъэпкъым и Конгрессым и унафэщIу щыта ГуэбэщIыкI Жантемыр жиIащ а псэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэр Абхъазым- рэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэкъуэшыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я дежкIэ гъэунэхуныгъэу зэрыщытар. Абы апхуэдэу жэрдэм зыбжанэ къыхилъхьащ лъэныкъуитIым я зэпыщIэныгъэхэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу езыхэм яфIэфIу Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Шорэ Анзор тепсэлъыхьащ а зэгухьэныгъэм иужь илъэсхэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэм.
  • ЗэIущIэм апхуэдэу кърихьэлIащ абхъаз студентхэу Налшык щеджэхэр, «Абхъаз» лъэпкъ-щэнхабзэ центрым щыщхэр.
  •  
  • ШЫРЫТ  Аидэ.