ЗэгурыIуэжыну пIэрэ?
2017-07-06
- 2016 гъэм и кIэухым УФ-мрэ США-мрэ я дипломат зэпэщIэувэныгъэм щIидзащ. Трамп Дональд зэрыхущытыр зэIимыгъэхьэн папщIэ Мэзкуу американхэм ялэжьахэм пэщIэуэн Iуэхугъуэ гуэри кърихьэжьакъым, ауэ щытыкIэр зэкIэ ефIакIуэркъым.
-
Урысей Федерацэм и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий зэрыжиIамкIэ, УФ-м иубыдыфынущ США-м и Къэрал департаментым ейуэ ди къэралым щыIэ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкур.
- Ди къэралым и посольствэхэу Мэриленд, Нью-Йорк штатхэм щызэхуащIыжахэм я унэхэм унафэу хуащIынум теухуауэ упщIэ къыщратам, Песковым жиIащ Мэзкуу апхуэдэ дыдэу лъэбакъуэхэр ичыну зэрыхьэзырыр .
- «А Iуэхугъуэм теухуауэ урысей лъэныкъуэм и шыIэныгъэр и кIэм нэблэгъащ — абы зэIущIэ куэдым щытепсэлъыхьащ; зэгурымыIуэныгъэхэм я гугъу пщIымэ — абыхэм я зэхэгъэкIыныр зи пщэрылъыр къэрал щIыб IуэхухэмкIэ IэнатIэхэрщ», — жиIащ Кремлым и лIыкIуэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2016 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм США-м и къулыкъу-щIэхэм УФ-м и дипломат 35-м унафэ къыхуащIащ а къэралыр икIэщIыпIэкIэ ябгы-нэн хуейуэ. Я хьэпшыпхэр зэщIакъуэну абыхэм пIалъэу къратар суткитI къудейщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, урысей лIыкIуэхэм апхуэдэ хъыбар къыщрагъэщIар илъэсыщIэм и пэ къихуэ зэрызехьэгъуэ махуэхэрщ, кхъухьлъатэхэм зэритIысхьэн билет щымыIэжу, псори зэфIэзэрыхьауэ. Арати, УФ-м и дипломат пщIы бжыгъэхэм илъэсыщIэр я шумэданэхэм тесу къра- гъэхьэн хуей хъуащ.
- Абы къыдэкIуэу зи текIыгъуэр къэблэгъа США-м и президент Обамэ Барак и администрацэм унафэ ищIащ УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и хьэщIапIэу Мэриленд, Нью-Йорк штатхэм дэтхэр зэхуащIыжыну.
- Мэзкуу къращIам хуэдэ дыдэ абыхэм ярищIэжакъым. «Дэри апхуэдэ дыдэ тхузэфIэкIынущ, ауэ зыкIи жэуап зымыхь дипломатием дытехьэну дыхуейкъым», — жиIащ дыгъэгъазэм и 30-м Путин Владимир. Мэзкуу щыIэ американ дипломатхэм ИлъэсыщIэр хуиту, я унагъуэхэм яхэсыжу кърырагъэгъэхьащ.
- Куэдым къыхагъэщат, США-м и президентыщIэ Трамп Дональд хуиIэ зэхущытыкIэр Кремлым къикъутэну зэрыхуэме-яр, ар теувэмэ, щытыкIэр зэпIэзэрыт хъужыну зэрыщыгугъыр. АрщхьэкIэ, илъэс ныкъуэ дэкIа пэтми, щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжакъым. Урысейм и дипломат хэщIапIэхэри Вашингтон къызэIуихыжыну и мурадкъым.
- Мы гъэм и накъыгъэм УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар игъэIуащ, къращIахэм я жэуапу, США-м и посольствэм и хэщIапIэу Серебряный Борым дэтыр зэхуащIыжыну, США-м и лIыкIуэу УФ-м щыIэм и резиденцэри, нэгъуэщI ухуэныгъэ гуэрхэри къытрахыну. «УФ-мрэ США-мрэ я президентхэм я зэIущIэу бадзэуэгъуэм екIуэкIынум зэгурыIуэныгъэ гуэр къри-мыкIуэмэ, Урысейр хуит хъунущ къра-щIам хуэдэ дыдэ я американ лэжьэгъухэм ярищIэжыну», — щыжаIащ къэрал щIыб IуэхухэмкIэ IэнатIэм.
- Обозревателхэм къызэрыхагъэщымкIэ, Трамп и администрацэм а Iуэхум и зэхэгъэкIыныр УФ-мрэ США-мрэ я президентхэм я зэIущIэм хуахъумэу аращ. Бадзэуэгъуэм и 7-8-хэм Германием и Гамбург къалэм щекIуэкIынущ къэрал тIощIым я унафэщIхэр зыхэт саммитыр.
- Дызэрыщыгъуазэщи, Путини Трампи гукъыдэж яIэкъым я зэпсэлъэныгъэхэм кърикIуахэмкIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэгуэшэну икIи абы къыхэкIыу зэIущIэхэм иужькIэ прессэм зыхуамыгъэзэххэнкIэ хъунущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, къэралыгъуэхэм я Iэтащхьэхэр тепсэлъыхьы-нущ Сириемрэ Украинэмрэ щыщыIэ щытыкIэхэм.
- Апхуэдэу щыт пэтми, Вашингтонрэ Мэзкуурэ я зэпэщIэтыныгъэхэм кIэ иратыну зэрыхуейм теухуауэ гугъэ уэзыгъэщI куэд щыIэщ. Мэкъуауэгъуэм и 14-м США-м и къэрал секретарь Тиллерсон Рекс жиIащ УФ-м хуаIэ зэхущытыкIэр зэпIэзэрыт ящIыжыну Штатхэм я акъылэгъухэр зэрылъаIуэр.
- «Ди лэжьэгъу къэрал дапщэм я лIыкIуэхэм саIумыщIами, псоми жаIэр зыщ: «КхъыIэ, УФ-мрэ США-мрэ я зэхущытыкIэм и Iуэху зефхуэ, ар егъэфIэкIуэн хуейщ», — къыхигъэщащ американ дипломатием и унафэщIым. Мэкъуауэгъуэм и 20-м наIуэ къэхъуащ Трамп и унафэкIэ Тиллерсон планышхуэ зэригъэхьэзырар икIи абы и фIыгъэкIэ къэралитIым я зэхущытыкIэр къэIэтыжа хъунущ.
- «Иджыпсту США-мрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр кIэнауэм дэлъщ. Дэ щыхьэт дытехъуэну дыхуейщ ахэр псы фIейм зэрыхамыутIыпщхьэнум. Президентым гурыIуэгъуэ сщищIащ: политикэ унэтIыныгъэм къыщыхъухэр ди зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным зэран хуэвмыгъэхъу», — къагуригъэIуащ Тиллерсон и еплъыкIэр журналистхэм. Мэкъуауэгъуэм и 29-м Инджылызым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэратамкIэ, Трамп унафэ ищIащ Мэзкуу екIужыфын папщIэ США-м щIыдичых хъуну Iуэхугъуэхэр зэхагъэувэну.
- Фоменкэ Викторие.
- «Коммерсантъ»