ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И зэфIэкIым щефIэкIыжу

2023-01-31

  • ЩIышылэм и 27 — 30-м Налшык щекIуэкIащ тхэквондомкIэ «Кавказым и сабийхэр» урысейпсо зэхьэзэхуэу «ВТФ» нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIар. Абы хэтащ къэралым и спортсмен ныбжьыщIэу 300-м нэблагъэ.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и гупым хэтащ «Пять колец» спорт академием и гъэсэн ныбжьыщIэ Хьэщыкъуей Руслан. Килограмм 32-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм адыгэ щIалэщIэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
  • Къыхэдгъэщынщи, финалым и Iыхьэ ныкъуэм икIын папщIэ, Руслан къыпэщIэтар ингуш спортсмен Нальгиев Магомедщ. Мы зэпеуэм и пэ къихуэу екIуэкIа иужьрей зэхьэзэхуитIми ар ди щIалэм къытекIуат. Ди хьэщIэ спортсменым и гугъат мы иджырей зэIущIэри тыншу къихьэхуну, ауэ Руслан и хьэрхуэрэгъум, къытекIуэн хуэдэу, зы Iэмал закъуи иритакъым. Уеблэмэ, зэхэуэр зэриухамкIэ мыарэзыуэ ингуш щIалэр зыгъэсам псалъэмакъ къиIэтати, абыи зэхэщIыкIыгъуэу Iуэхур зытетыр къыгурагъэIуэжащ.
  • Зэхьэзэхуэм Руслан хуэзыгъэхьэзырар зыгъэса и тренерхэу Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абделджабаррэщ.
  • ЩIышылэм и 31-м Руслан щызэуэнущ «Ростов и Кубокыр» къэхьыным теухуа зэпеуэшхуэу Дон Iус Ростов щекIуэкIынум. Дыщыгугъынщ Хьэщыкъуей Руслан и зэфIэкIыр нэсу абдежми къыщигъэлъэгъуэну, медаль иIыгъыу къигъэзэжыну.
  •  БЭРАУ Бышэ.