ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И  Iыхьэ  щанэращ  къигъэщIар

2023-02-28

  • 1987 гъэ лъандэрэ илъэс къэс мазаем и 23-м Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ етхуанэу зэхаублащ икIи аргуэру ирагъэхьэлIащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.

  • НэгъэцIу Хьэсэнбий Мухьэжыр и къуэр псэужамэ, мыгувэу и ныбжьыр илъэс 60 ирикъунут. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щыщу къигъэщIар и Iыхьэ щанэращ. Илъэс 40 ипэкIэ ар щыхэкIуэдащ Афганистаным.
  • Хьэсэнбий Къэхъун къуажэм къыщалъхуат 1963 гъэм. Жылэм дэт курыт школ №2-р хъарзынэу къиухри, куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. Гъуэгуанэ теува щIалэщIэм и гур хигъахъуэрт и къуажэгъухэу Аргъэщокъуэ Аслъэнрэ Шэшэн Iэуесрэ гъусэ зэрыхуэхъуам. СыткIэ ящIэрэт а щIалэхэр зыпэрыхьэну къулыкъур зауэ IэнатIэу къыщIидзыну? 1981 гъэм и бжьыхьэм дзэм ираджа щIалэ куэд яхэхуат зауэшхуэ къыщыхъея Афганистан Республикэм къу-лыкъу щызыщIэнухэм. Ди къэралым и ипщэ гъунапкъэхэр зыхъумэну дзыхь зыхуащIахэм яхэтт зи цIэ къитIуа къэхъун щIалэхэри.
  • Гъуэгуанэ теува щIалэхэм нэхъуеиншэу зыщаплъы-хьырт къыщыхута щIыпIэр. Иджыри кхъухьлъатэм щисым абы и щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъ Хьэсэнбий илъагъурт бгылъэ щIыпIэхэр, мэз гуэрэнхэр, пшахъуэщI гъуэжьыфэхэр. Адэ-мыдэкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу нэшэкъашэхэм зэкIэлъхьэужьу щызеуэрт хьэлъэзыхь махъшэ чырэхэр.
  • Губгъуэхэм щаухуат палаткэ «къалэ» цIыкIухэр. А псори зи нэгу щIэкI Хьэсэнбии кхъухьлъатэм ис адрей сэлэт щIалэхэми я гум фIы щыщIэртэкъым. Совет Армэм къулыкъу зэрыщащIэну илъэситIыр абыхэм щагъэкIуэн хуейт зэзауэ гуащIэ щекIуэкI, нэрымылъагъу лагъымхэр къыщыуэ, пулемётхэмрэ автоматхэмрэ щылъалъэ, цIыху гъащIи щыздихь къэхъуу щIыр уэгум щрапхъэ Афганистан щIыналъэ «пщтырым».
  • Ди совет зауэлIхэр щымыгъуазэу щыттэкъым Iуэхур зытетым. Абыхэм нэхъапэIуэкIэ драгъэкIуэкIа псалъэмакъхэмкIэ хьэкъ ящыхъуат я Хэкумрэ абы и цIыхухэмрэ езэуэж, бгы гъуанэхэр, мэз Iувхэр, нэгъуэщI быдапIэхэр псэупIэ зыщIа зауэлI Iэлхэр зэрыгущIэгъуншэр, зэхэуэ гуащIэхэр махуэ къэс емыкIуэкIынуми, здашэр фронт здэщымыIэ зэуапIэу зэрыщытыр.
  • НэгъэцIур танк ротэм хэхуат. Зэман кIэщIым къриубыдэу адыгэ щIалэщIэр хуэIэижь хъуат и «гъущIышыр» зегъэкIуэным ар гъэуэнми. Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу зэфIихырт къэхъундэс хахуэм.
  • Апхуэдэурэ екIуэкIащ 1983 гъэм и пэщIэдзэ пщIондэ. Хьэсэнбий зыхэт взводым зэгуэр унафэ къыхуащIащ къатеуэну зызыгъэхьэзыр душман гупышхуэм я хэщIапIэм кIуэуэ, абыхэм я мурадыр къызэпаудыну. ПсынщIэу защтэри, бронетранспортёрхэр, нэгъуэщI зауэ техникэхэр зэкIэлъхьэужьу ежьащ.
  • ЖыхуаIа щIыпIэм зэрынэсу заукъуэдийри, зэхэуэ гуащIэ яублащ. БыдапIэм ис бийр ди зауэлIхэм къахэуэрт лагъымыдзхэмкIэ. И танкым сакъыу ис Хьэсэнбий апхуэдэ лагъымхэр къытемыхуэн щхьэкIэ, зыкъуэдзапIэхэр къигъэсэбэпурэ ерыщу ипэкIэ кIуэрт.
  • Зауэ гуащIэм хэту, абы зыхищIащ танкыр щIым къытриIэтыкIыу лагъымыр абы и лъабжьэм къызэрыщыуар. Дакъикъэ нэхъ дэмыкIыу, гъуэзыр къызыщхьэщих танкыр и пIэм иувыIыхьащ.
  • Адыгэ щIалэщIэр танкым къипщу къыщIэпхъуэжакъым, апхуэдэ Iэмал иIа пэтми. Ар къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр ищIэми, уIэгъэ хъуа и ныбжьэгъухэр машинэм зырызурэ кърихащ. Иужьрей зэуэлIыр къигъэIэпхъуа къудейуэ, танкыр къэуащ…
  • 1983 гъэм и щIышылэм (январым) и 12-м екIуэкIа а ебгъэрыкIуэныгъэм хэтахэм зэрыжаIэжымкIэ, щIылъэми уафэми захъуэжам хуэдэт, ихъуреягъыр мафIэмрэ гъуэзымрэ апхуэдизу зэщIищта-ти. ТхьэкIумэIупсыр Iузыч а къауэ макъым къыкIэлъыкIуа зэрыхьзэрийхэр тIэкIу зэтесабырыжа нэужь, наIуэ къэхъуащ апхуэдиз лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызыкъуэкIа адыгэ щIалэщIэр лагъым къэуам зэриукIар.
  • НэгъэцIу Хьэсэнбий и гъащIэр итащ ди къэралым и гъунапкъэ жыжьэхэр ихъумэу. Зэрихьа лIыгъэ иным папщIэ абы иужькIэ къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр (и Iыхьлыхэм иратыжащ). Апхуэдэ хахуагъэ къызыкъуэкIа, гушхуэ зыкIуэцIылI щIалэм и ныбжьыр иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым.
  • Я ныбжьэгъум и кIуэдыкIар гущIыхьэ ящыхъуауэ щытащ и ротэм хэтхэм. Псом хуэдэжтэкъым а гуауэр Хьэсэнбий и къуажэгъухэм я дежкIэ. Гузэвэгъуэ инт ар Хьэсэнбий и адэ-анэу Мухьэжыррэ Къэралхъанрэ я унагъуэми лъэпкъми я дежкIэ. ЩIалэ хахуэм и дыуэщIым цIыхушхуэ къекIуэлIат.
  • Хьэсэнбий иужьрей гъуэгуанэм трагъэувэжыну къызэхуэсахэм яхэтт абы и гъусэу хамэ щIыналъэм щызауэ Шэшэн Iэуеси. Арат и ныбжьэгъур Iыхьлыхэм къахуишэжыну пщэрылъ хьэлъэ зыщащIари.
  • Хэкум папщIэ зи псэр зыта НэгъэцIу Хьэсэнбий, зауэлI хахуэм, ныбжьэгъу пэжым, и фэеплъыр яхъумэ ар къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым. Хьэсэнбий зэрихьа лIыгъэр я щапхъэщ Къэхъун и мызакъуэу, Аруан щIыналъэми къихъуэ щIэблэхэм я дежкIи. Абы хэлъа лIыгъэм щытопсэлъыхьыж ар зыщIэса курыт еджапIэм, нэгъуэщI школхэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI дерс зэIухахэм. ЗауэлIым и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэхэр зы илъэси къэмынэу щызэхашэ жылэми районми. ЩIалэр щеджа курыт школым къыщызэIуахащ абы и фэеплъ пхъэбгъу. НэгъэцIу Хьэсэнбий и цIэр зэрехьэ щалъхуа къуажэм и уэрам-хэм ящыщ зыми.
  • Къэхъун дэт курыт еджапIэ №1-м и спорт пэшым Хэкум и хъумакIуэм и махуэм мы гъэми щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къызэхуишэсат Тэрч щIыналъэм, Аруан куейм спортым и ветеранхэр, Нарткъалэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, Псыгуэнсу къикIахэмрэ хэгъэрейхэмрэ.
  • Зэпеуэм хэтахэмрэ абы еплъыну къэкIуахэмрэ пэублэ псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, НэгъэцIу Хьэсэнбий и фэеплъ зэхьэзэхуэр зи жэрдэм Гулэжын Беслъэн, Афган зауэм и ветеранхэм я Аруан райн къудамэм и тхьэмадэ Аргъэщокъуэ Аслъэн, спортым и ветеран ХьэщIэлI Руслан сымэ.
  • Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ Кабалоев Мурадин ар зэраубзыхуа щIыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ. Командэ щырыщ зыхэт гупитIым щытекIуэхэр кIэух зэIущIэм щыщIэбэнынут НэгъэцIухэ ягъэува саугъэт нэхъыщхьэм.
  • Махуэ псом гуащIэу екIуэкIа зэпеуэм и кIэух зэIущIэм щызэпэщIэуващ Шэрэдж Ищхъэрэмрэ Тэрч щIыналъэмрэ я командэ лъэщхэр. Джылахъстэнейм къикIахэр, иужь илъэсхэм зэрахабзэу, я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри, НэгъэцIу Хьэсэнбий зэIэпах и фэеплъ кубокымрэ саугъэт нэхъыщхьэмрэ зыIэрагъэхьащ.
  • Ещанэ увыпIэр яубыдащ Псыгуэнсу къуажэм къикIахэм.
  • ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фэеплъ кубокыр, дипломхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщащ.
  • Зи гугъу тщIа зэхьэзэхуэр екIуу къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс хъуахэщ Къэхъун къуажэ администрацэмрэ НэгъэцIухэ я лъэпкъымрэ. Абыхэм я мылъкурэ зэфIэкIрэ зэхалъхьэри Iуэху щхьэпэр екIуу къызэрагъэпэщащ икIи къызэхуэса псори пщыхьэщхьэм дахэу ягъэхьэщIэжащ.
  • НэгъэцIу Хьэсэнбий и фэеплъ зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу фоч гъэуэнымкIэ зэпеуи щыIащ. Нало Залым и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт Техник ныбжьыщIэхэм я станцымрэ Къэхъун къуажэ администрацэмрэ ар хухахат дзэ къалэн пыухыкIахэр иджыпсту Украинэм щызыгъэзащIэ ди щIалэхэм. Гуп зэпеуэм абы бжьыпэр щаубыдащ НэгъэцIухэ къагъэувахэм. ЕтIуанэ хъуащ къэхъундэсхэр, ещанэ увыпIэр лъысащ Афганистаным щызэуахэм. Щхьэзакъуэ зэпеуэм Мысостышхуэ Заудин къыщыпэлъэн къыхэкIакъым. Абы къыкIэлъокъуэ Едгъул Альбертрэ Албот Рустамрэ.
  • Ди щIалэ куэдым я псэр зыгъэна Афган зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэс 34-рэ ирикъуащ. Зэманыр кIуами, зауэм и лыгъейм хэкIуэда ди зауэлI хахуэхэм я фэеплъыр куэдрэ ди гум илъынщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ пасэу зи гъащIэ гъуэгуанэ кIэщIыр хамэ щIыпIэм къыщызыуха НэгъэцIу Хьэсэнбии. Абыи, зи гъащIэ зыта адрей щIалэхэми я фэеплъ нэхур нобэми щIэблэм яхъумэ.
  • Хьэтау  Ислъам.
  • Сурэтхэм:
  • ВолейболымкIэ фэеплъ зэпеуэм щытекIуа Тэрч районым и «Дея» командэмрэ фоч гъэуэнымкIэ бжьыпэр зыубыда НэгъэцIухэ я гупымрэ.