ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Ди зэпыщIэныгъэхэр'

Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зыгъэпIейтейр сыт?

2016-08-10

  • «Тхэныр IэщIагъэкъым икIи щIэныгъэкъым,
  •  тхэныр — цIыхур къызыхуигъэщIащ»
  • Паустовский  Константин.
  • Мылъку къегъэщIыным пымыщIа социально-экономикэ, интеллектуальнэ программэхэмкIэ фондым хабзэ дахэу иригъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIэ илъэс ебгъуанэ хъуауэ ирегъэкIуэкI.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

ПлъапIэ нэхъыщхьэу диIэр Кавказым къэдгъэзэжынырщ

2016-07-22

  • Бадзэуэгъуэм и 15-м ди республикэм и къалащхьэ Налшык къыщетIысэхащ рейс хэхакIэ Иорданием и щыхьэр Амман къилъэтыкIа кхъухьлъатэ. Абы къыздишащ Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ хамэ къэрал къыщыщIидзауэ щыта ди лъэпкъэгъухэм ящыщу цIыхуи 120-м нэблагъэ. Абыхэм я нэхъыбэр ди лъахэ дэнэ къэна, Кавказым япэу къихьэу аращ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

ЛъэпкъыфI и бын зеиншэ хъуркъым

2016-07-22

  • Иорданием къикIауэ махуэ зыбжанэ хъуауэ Налшык щыхьэщIэ ди хэкуэгъухэм далъыгъуэзэну абыхэм я хэщIапIэм, «Синдика» хьэщIэщым, декIуэлIат «Адыгэ псалъэм» и корреспондент Къумахуэ Аслъэнрэ сэрэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

КъБКъУ-мрэ Эрмитажымрэ зэрызэдэлэжьэнум топсэлъыхь

2016-07-22

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезы- хьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор Къэжэр Артур бадзэуэгъуэм и 11-м журналистхэм яхутепсэлъыхьащ Эрмитажым зэрыдэлэжьэнум.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

2016-07-19

Продюсер Нэгъаплъэ Аскэрбий Петербург щыхуэзащ тхакIуэ, тхыдэтх цIэрыIуэ Гордин Яков. 2013 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым зыщаплъыхь

2016-05-12

  • Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэ гуп Къэрэшей-Шэрджэсым щыхьэщIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «Шэрджэс Ренессанс», «Жьэгу» зэгухьэныгъэхэм хэтхэу Жылэгъащтэ Хьэчим, Борэ Аскэр, Къарэ Ратмир   сымэ  я   жэрдэмкIэ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Путин Владимир Иорданием и пащтыхьыр и хьэщIэщ

2014-04-17

  • УФ-м и Президентым Ново-Огарёвэ щиIэ резиденцэм Путин Владимир щыхуэзащ Иорданием и пащтыхьым. Ахэр тепсэлъыхьащ къэралитIыр зэрызэдэлажьэм, Сирием мамырыгъэр щызэфIэгъэувэжыным теухуауэ яхузэфIэкIынум.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэми щохьэщIэ

2013-12-04

  • Тыркум щыщ ди лъэп­къэгъухэу КъБКъУ-м ще­джэхэр Дзэлыкъуэ куейм щы­хьэщIащ. Районым и цIыху­хэр ныбжьыщIэхэм гуа­пэу къапежьащ: лъэпкъ фащэ ящыгъыу, адыгэ шхыны­гъуэхэр яIыгъыу. Ди хэ­куэ­гъухэм псалъэ гуа-пэкIэ зыкъыхуагъэзащ район администрацэм и лэ­жьа­кIуэ Бэрэгъун Арсен, Дзэлыкъуэ­къуажэ и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Бжьахъуэ Пщымырзэ, районым и нэ­хъыжьхэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Автобусхэмрэ мэкъумэш техникэмрэ ди деж щызэпкъралъхьэфынущ

2013-11-26

  • Белоруссием и лIыкIуэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къызэрыригъэблэгъам тету ди деж щыхьэ­щIахэр, етIуанэ махуэм КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и япэ къуэдзэ Уянаев Казым хуэ­защ.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Къэрал щIыб экономикэ банкыр адэкIи къыддэлэжьэну дыщогугъ

2013-11-21

  • КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Хра­мов Констатин Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Къэрал щIыб экономикэ банкым и IуэхущIапIэу Пятигорск къалэм дэтым и унафэщI Демельханов Арсан. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэныкъуи­тIыр зэрызэдэлажьэм зегъэужьыным, ап­хуэд­эу КъБР-мрэ Къэрал щIыб экономикэ банкымрэ мэкъумэш хозяйствэм, промышленностым, ухуэныгъэм я IэнатIэхэм щыIэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ ахэр щIэуэ ухуэнымрэ яхуэгъэзауэ зэ­щIы­гъуу къащта проектхэр гъэзэщIа зэры­хъум.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

ХьэщIагъэм ахъши къыпокIуэ

2013-09-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIыу Италием щыщ Тироль Ипщэ-Больцанэ щIыналъэм кIуа делегацэм хэтхэр япэ махуэм щрагъэблэгъащ сату-промышленнэ палатэм. А IуэхущIапIэм и унафэщI Ебнер Михаил Урысейм икIа хьэщIэхэм фIэхъус пса­лъэхэмкIэ закъыхуи­гъэзащ.
  •  
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Зы лъэпкъ, зы бзэ, зы хабзэ, зы дуней

2013-08-23

  • Налшык щыIэ «Къурш псынэ» зыгъэпсэхупIэм щохьэ-­щIэ Тыркум, Ставрополь куейм, Мейкъуапэ къикIа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ гупышхуэ. ХьэщIэ цIыкIухэр ди республикэм зэрыщыIэну махуэхэр нэгузыужьу, гукъинэу екIуэкIын папщIэ, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм ялъэкI къагъанэркъым. Гупхэм я унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм ди щIыпIэм къызэрихьэрэ ялъагъу псори яфIэгъэщIэгъуэнщ, мыбы зэрыщыIэну зэманым и дэтхэнэ дакъикъэри купщIэ иIэу зэрагъэкIуэ­ным хущIокъу.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Хэкужьыр зрагъэцIыху

2013-08-14

  • Налшык щыIэ «Къурш псынэ» зыгъэпсэхупIэм и бжэхэр мы махуэхэм хузэ­Iуахащ ди лъэпкъэгъу ныб­жьыщIэ цIыкIухэу Тыркум, Ставрополь куейм, Мэз­дэгу щIыналъэм къи­кIахэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

КъБР-мрэ Индиемрэ зы гъуэгу тохьэ

2013-06-26

  • КъБКъУ-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Езанэ Урысей-Индие гъэмахуэ школ» зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэIущIэ. Абы кърикIуа IуэхуфIхэм ящыщщ къэралхэм я студентхэр, аспирантхэр, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр геофизикэ щIэныгъэ унэтIыныгъэмкIэ зэрызэдэлэжьэнур.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

Ди щIалэхэм я щIыхьыр ягъэлъапIэу

2013-06-22

  • Куржы-абхъаз зауэр зэриухрэ илъэс 20 зэрырикъум и саулыкъукIэ Апсным и Те­кIуэныгъэм иращIэкIыну дауэдапщэхэм хэту, ди республикэм щохьэщIэ ди къуэшхэм я лIыкIуэ гуп. Абы хэтщ Абхъазым и ЛIы­хъужьхэу Эшбэ Вячеслав, Ансибэ Виталий, Адлейбэ Заур, Абхъазым и Ли­уан орденыр зыхуагъэфэща, Очамчыр къалэм и Iэтащхьэ Квеквескири Вячеслав, Ли­уан  орденыр зыхуагъэфэща, Абхъаз Республикэм и Парламентым и депутат, Лъэпкъ шынагъуэншагъэмрэ зыхъумэжыныгъэмкIэ абы и комитетым и унафэщI, Абхъазым и лIыхъужь Авидзбэ Фазлибей, Абхъазым и Президентым зыхъумэжыныгъэмкIэ и лIыкIуэ Нанбэ Закан. Гупым я пашэр Абхъазым Кавказ Ищхъэрэм хуиIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ Президентым и лIыкIуэ Чамагуа Лалэщ. Налшык къэкIуэн и пэ къихуэу ахэр Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуеблэгъа хьэщIэ­хэр Арщыдан, Нарткъалэ, Бахъсэн щIыналъэхэм  кIуэри, Абхъазым и щхьэ­хуитыныгъэм зи псэр щIэзыта щIалэхэм я адэ-анэхэм иджыри зэ фIыщIэ хуащIри, илъэс тIощI и пэкIэ къахьа текIуэныгъэр щагъэлъапIэкIэ хэтыну ирагъэблэгъащ. Абы къищынэмыщIауэ, абыхэм удз гъэ­гъахэр тралъхьащ куржы-абхъаз зауэм хэкIуэда ди щIалэхэм я фэеплъым. Генерал-лейтенант Сосналы СулътIанрэ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Зауррэ я сынхэм Iэ далъащ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

« Раньше