ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэр зыгъэпIейтейр сыт?

2016-08-10

  • «Тхэныр IэщIагъэкъым икIи щIэныгъэкъым,
  •  тхэныр — цIыхур къызыхуигъэщIащ»
  • Паустовский  Константин.
  • Мылъку къегъэщIыным пымыщIа социально-экономикэ, интеллектуальнэ программэхэмкIэ фондым хабзэ дахэу иригъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIэ илъэс ебгъуанэ хъуауэ ирегъэкIуэкI.
  •  
  • Филатов Александр, Нагимов Фарит, Басовская Евгение, Исаевэ Еленэ сымэ щIалэгъуалэм я Iуэху еплъыкIэм зыщагъэгъуазэ.

    Мы гъэм а зэIущIэм хэтыну зыкъэзыгъэлъэгъуа цIыху 66-м ящыщу рецензентхэр, критик цIэрыIуэхэр, тхакIуэ, усакIуэ пэрытхэмрэ литературэ журнал нэхъыфIхэм я лэжьакIуэхэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу цIыху 24-рэ къыхахри, бадзэуэгъуэм и 24 — 27-хэм Адыгейм щызэхуашэсат. Махуищым къриубыдэу ныбжьыщIэхэм мастер-классхэр драгъэкIуэкIыну, форумым ягъэхьа я тхыгъэхэр зэпкърахыу нэхъыфIыр къыхагъэщхьэхукIыну я пщэрылът ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху драматург, тхакIуэ, Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым творчествэмкIэ и кафедрэм и доцент Нагимов Фарит, усакIуэ, «Мой Малый Карачай» газетым и редактор нэхъыщхьэ Бостанов Хъусей, гъэ кIуам ди къэралым усакIуэ нэхъыфIу къыщалъыта Ватутинэ Марие, усакIуэ, драматург Исаевэ Еленэ сымэ. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат тхакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Пренкэ Анатолий, Адыгейм и къэрал университетым и филологие факультетым литературэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Анкудинов Кирилл, а щIыналъэм и профессиональнэ литераторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Мэжаджэ Мадин сымэ, нэгъуэщIхэри.

  • ТхакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ хьэщIэхэмрэ.

    Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэIущIэм хэтащ тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэу Демидов Алексей, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и корреспондент Мазуренкэ Маринэ, Головко Арсений и цIэр зэрихьэу Прохладнэ къалэ дэт курыт еджапIэ №4-м и 11-нэ классым щеджэ Мусатовэ Татьянэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Щомахуэ Залинэ сымэ.

  • Фондым и унафэщI Филатов Александр форумыр къыщызэIуихым Iуэхум къежьапIэ хуэхъуам кIэщIу къытеувыIащ.
  • — Зэман зэблэхъугъуэм литературэр IэщIыб зэращIыр щытлъагъум, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIэхэр зэхэдублащ. абыхэм Кавказ Ищхъэрэм щыщу мащIэ дыдэ фIэкIа нызэремыкIуалIэм куэд дэмыкIыу гу лъыттэри, хэгъуэгум щыпсэухэм папщIэ зэIущIэ щхьэхуэхэр къызэдгъэпэщыну тедухуауэ щытащ. Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я япэ зэхыхьэ 2008 гъэм Налшык щызэхэтшат.
  • къалэмым зезыпщыта цIыху 200-м щIигъу абы лъандэрэ къызэщIэдубыдащ. ЗэIущIэхэм къыщыхэжаныкIахэм гъуэгу зэреттыным, дазэрыдэIэпыкъуным яужь дит зэпытщ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я дунейпсо зэхыхьэхэм догъакIуэ, къэралым къыщыдэкI литературэ журнал нэхъыфIхэм я тхыгъэхэр тыдодзэ, стипендиекIэ зызыщIэдгъакъуэхэри яхэтщ.
  • Филатовыр зыгъэгузавэхэм ящыщщ тхэным гупыж хуэзыщIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъум. къэпсалъэм зэрыжиIамкIэ, форумым къекIуалIэхэм я ныбжьыр ику иту илъэс щэщIым ноблагъэ. Литературэ нэсым и къуэпсыр къыщежьэ критикэр ди къэралым зэрыщымащIэм, лъэпкъыбзэхэмкIэ тхэ закъуэтIакъуэм зэдзэкIакIуэ зэрамыIэм зэрилъахъэм, нэгъуэщI куэдми къытеувыIащ фондым и унафэщIыр.
  • Форумым кърихьэлIахэр.

    ЗэIущIэ, псалъэмакъ щхьэпэхэмкIэ гъэнщIа махуэхэр псынщIэу блэкIырт. ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, Мечиев Кязим, Гамзатов Расул, Кулиев Кайсын сымэ къагъэна литературэ щIэиным къыпызыщэн, лъэпкъым и цIэр жыжьэ зыгъэIун тхакIуэ, щIыуэпскIэ, дыгъэкIэ, тхыдэкIэ бей ди щIыналъэм и литературэм къыщIэхъуэмэ, зэхагъэкIын хуейуэ къапэщылът къэпщытакIуэхэм.

  • Къыхэгъэщыпхъэщ форумыр тхэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, къэухьым зыщрагъэужь утыкуу зэрыщытыр. Абы купщIэншэрэ надэу зы псалъи зэрыщаIэпымыхум и щыхьэтщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, РГГУ-м Масс-медиамкIэ и институтым журналистикэмкIэ и факультетым медиаречымкIэ и кафедрэм и унафэщI Басовская Евгение «Русский язык в литературе как посредник поколений» фIэщыгъэм щIэту иригъэкIуэкIа псалъэмакъыр. ТхакIуэ Нагимов Фарит ныбжьыщIэхэм драмэм и щэхухэр къахузэIуихащ. ЩIэджыкIакIуэр темыгупсысыкIрэ темызашэу тхыгъэм «зэрыщыпIыгъыну» Iэмал нэхъыщхьэхэмкIэ, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм яIэщIэщIэ щыуагъэхэм щхьэхуэу къытеувыIащ ар. Усыгъэм и «дунейм» щыхабзэхэм яхутепсэлъыхьым и мызакъуэу, дэтхэнэми и IэдакъэщIэкIым иIэ дагъуэхэмрэ фIыпIэмрэ зэпкърахащ усакIуэхэу Ватутинэ Мариерэ Исаевэ Еленэ-    рэ.
  • — ТхакIуэр и щхьэ хуэтхэжыныр щыуагъэщ, ар и IэдакъэщIэкIымкIэ цIыхухэм ядэгуэшэн хуейщ, абыкIэ и щIэджыкIакIуэхэм я псэм фIы гуэр къыщигъэушыфу щытыпхъэщ, — жиIащ Ватутинэм. — Фи лэжьыгъэхэм фытемыукIытыхьу тхакIуэ нэхъыжьхэм я пащхьэ зэрифлъхьэным фыхущIэкъу.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым  гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэ литературэмкIэ и  къудамэм щIэныгъэрылажьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэ иригъэкIуэкIа «стIол хъурейр» теухуат художественнэ тхыгъэр зэдзэкIыным хэлъ щхьэхуэныгъэхэм. Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхигъэщамкIэ, бзитI-щы ящIэу лъэпкъ литературэр утыку изыхьэфыну зэдзэкIакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхьэрэм зэрыщыту къыдомэщIэкI. Iуэхум и хэкIыпIэу ХьэкIуащэм къыхилъхьащ хэгъуэгу еджапIэ нэхъыщхьэхэм я деж зэдзэкIакIуэхэм я къудамэ къыщызэIухыныр.
  • Усыгъэмрэ прозэмкIэ зэпэщхьэхуэу махуитIым къриубыдэу ирагъэкIуэкIа дерсхэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуэпIащIэм хуэдизкIи щышынэрт. Зы лъэныкъуэкIэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэмрэ форумым къадыхэт ныбжьыщIэхэмрэ я Iуэху еплъыкIэр къащIэну пIащIэрт, апхуэдэуи я зэфIэкIрэ Iэзагърэ яхуримыкъуу къыжраIэным тегузэвыхьырт.
  • Сыт хуэдэ-тIэ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэр? Сыт ахэр зытетхыхьыр, зыгъэгузавэр, ягу хэзыгъахъуэр? ЯIэ абыхэм цIыхугум зэрылъэIэсын, акъылыр фIым зэрыхуаунэтIын зэфIэкI хьэмэрэ тхакIуэ цIэр зыфIэзыщыжу жылагъуэм закъыхэзы-      гъэпIиикIыну зыфIэфIхэм ящыщ?
  • — Кавказ лъэпкъхэм я литературэм макъыщIэ куэд «щызэщIожьыуэ». Форумым къагъэхьа тхыгъэхэм адэжьхэм я таурыхъхэм, IуэрыIуатэм и джэрпэджэж къыщоIу, апхуэдэуи хамэ къэрал литературэм и макъи къыхощ. Пэжщ, иджырей щIэджыкIакIуэр тхылъым епшэлIэну гугъу хъуащ. Ауэ щыхъукIи, тхакIуэ нэпцIхэмрэ фэрыщIхэмрэ Iуэхум хокъэбзыкIри, IэнатIэм хуэпэжхэрщ къанэр. Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэр дуней еплъыкIэ щIэщыгъуэ зиIэщ, лъэпкъ хабзэмрэ иджырей дунеймрэ зэзыгъэкIуфщ, лъэпкъ гупсысэр зи тхыгъэхэм екIуу хэзыухуанэщ, — жиIащ Нагимов Фарит.
  • Форумым и кIэух зэхыхьэм мастер-классхэм къарикIуахэр къызэщIакъуэжри, нэхъыфIу къалъытахэр саугъэткIэ ягъэпэжащ. Апхуэдэу, Урысейм, хамэ щIыналъэхэмрэ СНГ-м хыхьэ къэралыгъуэхэмрэ щыщ тхакIуэ ныбжьыщIэхэр хэту бжьыхьэм зэхашэну XVI дунейпсо форумым Кавказ Ищхъэрэм щыщу Байрамуков Азрэталий, Джанибеков Ренат (КъШР), Щомахуэ Залинэ (КъБР) сымэ ягъэкIуэну хуагъэфэщащ.
  • Илъэс къэс къыдагъэкI «Новые писатели» сборникым Мазуренкэ Маринэ (Къэбэрдей-Балъкъэр), Федотов Всеволод, Андреевэ Олеся, Редькин Николай, Марковэ Еленэ (Адыгей), Изудинов Гамзат, Тумалаев Багдат (Дагъыстэн), Колоев Iэдэм (Ингуш), Асламурзаевэ Дзерассэ (Осетие Ищхъэрэ-Алание), Шатаев Аслъэн, Салаханов Iэдэм, Шамаев Увейс (Шэшэн) сымэ я IэдакъэщIэкIхэр хагъэхьэнущ.
  • Инэрокъуэ  Данэ.