ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Гъуазджэ'

Зы утыку зэдихьэ  IэпщIэлъапщIэхэр

2019-04-16

  • «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ.  «Roommates» арт-проектым хыхьэу выставкэм щагъэлъагъуэ сурэтыщIхэу, IэпщIэлъапщIэхэу Тхьэгъэлэдж Къантемыр, ХьэцIыкIу Миланэ, Къармэ Камилэ, Жанукуевэ Эллинэ сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Кавказым и пшынауэ нэхъыфIхэр

2019-04-02

  • Налшык къалэр Кавказым и макъамэ къалащхьэ хъуащ. Абы къыщызэрагъэпэщащ а щIыналъэм и пшынауэ нэхъыфIхэм хухаха «Золотая десятка» музыкэ саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэщахэм щратыж япэ дунейпсо щэнхабзэ зэхыхьэ гуапэр. Iуэху дахэр ирагъэкIуэкIащ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ цIэрыIуэ Къашыргъэ КIурацэ илъэси 120-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Дамыгъэ лъапIэхэр лъагъэсащ Кавказ Ищхърэм и щIыпIэ псоми я лIыкIуэ пшынауэ Iэзэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

 И насыпыр и хъуэпсапIэм токIуэ

2019-03-12

  • Жыгыр зыгъашхэр и лъабжьэрамэ, абы и гулъхэр псэ зэрыхэтым, узыншэу зэрызиужьым и щыхьэтщ. Ар цIыху зэхэтыкIэми IэнатIэ зыужьыныгъэми я лъабжьэщ. Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну хъыджэбзыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гулъщ. Артист IэщIагъэр къыхэзыхым я нэхъыбэм хуэдэу Багъ Иннэ зэрысабийрэ а IэщIагъэм щIэхъуэпсу къэхъуа- къым. Зэрыхъуаращ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №26-р къиуха иужькIэ, уэрэд жыIакIуэ хъуну щIэхъуэпс пщащэр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэтIысхьэну кIуати, и уэрэд жыIэкIэр ягу ирихьащ, ауэ тхьэкIумэфIагъым елэжьын хуейт. Зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэн папщIэ Иннэ и адэ-анэм КъБКъУ-м и Финансхэмрэ и кредитхэмрэ къудамэм щIагъэтIысхьэну къыхуагъэлъэгъуат. Ауэ… НатIэм итым уфIэкIынукъым. Абы ирихьэлIэу я благъэ цIыхубз къэпсалъэри Щукиным и цIэр зезыхьэ театр училищэм щIагъэтIысхьэну адыгэ гуп къызэрыхахым и хъыбар къыжриIащ. Нобэ ди псэлъэгъущ Багъ Иннэ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

ФIыуэ тлъагъухэм папщIэ

2019-03-06

  • Музыкэ театрым гъатхэпэм и 1-м «Для милых дам!» концерт гукъинэжыр щитащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, республикэм исхэр зэрыгушхуэ Ташло Алий. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Гергокаевэ Хьэлимэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

«Амазонкэхэр»

2019-02-26

  • «Синдикэ» хьэщIэщым иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ «Амазонкэхэр» фIэщыгъэм щIэту режиссёр Сэралъп Самарэ («1КъБР» телеканалым и лэжьакIуэщ) триха фильмыр. Абы лъабжьэ хуэхъуар Ахъмэт МуIэед и IэдакъэщIэкI тхылъхэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Басковым адыгэбзэкIэ уэрэд жеIэ

2019-01-26

  • Урысейм и цIыхубэ артист Басков Николай иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIам адыгэбзэкIэ уэрэд игъэзэщIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

«Налмэсыр» къофэ

2018-12-04

  • Адыгэ Республикэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Налмэс» къэрал академическэ ансамблым мы махуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм концертхэр щет. Дагъыстэн Республикэм и «Лезгинка» ансамблым и гъусэу Мэхъэчкъалэ зэныбжьэгъугъэ концерт щатащ, етIуанэ пщыхьэщхьэм езы «Налмэсым» зыкъигъэлъэгъуащ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием исхэм дыгъэгъазэм и 1-м Iэмал яIащ къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм еплъыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

2018-11-24

  • Насыпым  и  дамыгъэ
  • Къафэ гъуазджэр, щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр, лъэпкъ фащэм и дахагъэр цIыхубэм я пащхьэм щызыгъэлъагъуэ, КъБР-мрэ УФ-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъытэ «Нал цIыкIу» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 ирокъу. Абы ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ гупым и художественнэ унафэщI Куэшей Алик.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Хэгъэгухэм я Композиторхэм  я  зэхыхьэ

2018-11-20

  • Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Музыка соседей — музыка друзей» фIэщыгъэм щIэта фестиваль гъэщIэгъуэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Гъэсэныгъэм и гъуазэ

2018-11-20

  • Налшык и щIалэгъуалэ театрыр Шэшэн Республикэм щыхьэщIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Адыгэ фащэм и мыхьэнэр

2018-10-11

  • Лъэпкъ щIэинхэр зыхъумэхэм, ахэр щIэблэм деж нэхьэсыным елэжьхэм ящыщщ Налшык къалэм сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэр. Иджыблагъэ абы Адыгэ фащэм и махуэм траухуа Iуэху дахэ щрагъэкIуэкIащ. Фащэм и мызакъуэу, зэхуэсым гулъытэ ин щыхуащIащ лъэпкъ хабзэхэми щэнхабзэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

ФIыгъуэ мылъытэ

2018-10-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, лъэпкъ пшыналъэр хъумэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ зи гуащIэ хэзылъхьэ пшынауэ, уэрэдус, макъамэтх Iэзэ Лосэн Тимур иужь илъэсхэм къигъэлъэгъуащ зэфIэкI куэд зэрыбгъэдэлъыр, гу къабзэкIэ зыпэрыт щэнхабзэ IэнатIэм и псэ емыблэжу зэрызригъэужьыр, щIалэгъуалэр зэпымыууэ зэрытригъэгушхуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Кавказым щытраха фильмыр Канадэм щагъэлъагъуэ

2018-09-06

  • ШыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ фокIадэм и 3 пщIондэ Канадэм щекIуэкIащ 42-нэ Монреаль дунейпсо кинофестивалыр. Урысейм и лIыкIуэу абы зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ театрымрэ киномрэ я режиссёр, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Пащт-Хъан Алим и зэфIэкIхэр

2018-08-21

  • КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэща Пащт-Хъан Алим и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм иджыблагъэ щаIущIащ Налшык дэт «Акрополь» IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Адыгэ  IуэрыIуатэр дуней  псом  щызэлъащIыс

2018-08-16

  • 2008 гъэм ирагъэжьа, псынщIэу зызыубгъуа «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» щIыналъэ зэхуаку сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм хыхьэу, «Артек» сабий-зыгъэпсэхупIэм иджыблагъэ гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ щекIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

« Раньше