ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ  Казбек журналистхэм  яIущIащ

2021-06-22

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ яхуэзащ къэралым, республикэм, щIыналъэхэм я хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм.

  • Гулъытэ хэха хуащIу зэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтынымрэ абы цIыхухэр щыхъума хъун папщIэ вакцинэр яхэлъхьэнымрэ теухуа Iуэхухэр.
  • КIуэкIуэ Казбек зэпкърыхауэ жэуап яритащ журналистхэр зыщIэупщIахэм. Абыхэм ящыщт республикэм и экономикэм зегъэужьыным ехьэлIахэр – инвестицэхэр, туризмэр, мэкъумэш IэнатIэр, промышленностыр.
  • СМИ-м и лIыкIуэхэм Iэтащхьэм апхуэдэуи зыхуагъэзащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжын унэтIыныгъэхэм ехьэлIа упщIэхэмкIи. КIуэкIуэ Казбек къытеувыIащ республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэхэмкIэ къэрал IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэм кърикIуэхэми.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.