ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АфIэунэ Лиуан и фэеплъу  екIуэкIащ

2021-06-22

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэм дунейм мы зэманым щыIэ щытыкIэм елъытауэ зызэблимыхъуу хъуакъым. Анэдэлъхубзэм, адыгэ литературэм, лъэпкъ тхыдэм теухуауэ къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэр щIэмыужьыхэн папщIэ, щIэблэм пэIудзауэ, интернет Iэмалхэр хилъхьэу иригъэкIуэкIащ. Гуапэ зэрыхъущи, щытыкIэр егъэджакIуэхэми ныбжьыщIэхэми къагурыIуащ икIи игъэдзыхакъым, уеблэмэ нэхъ жыджэру Iуэхухэм къыхыхьащ. Апхуэдэу, зэгъэпэщауэ икIи зыхуей хуэзэу екIуэкIащ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ АфIэунэ Лиуан и фэеплъу иджыблагъэ зэхаша «Усэпсэ» зи фIэщыгъэ хэгъэгупсо зэпеуэр.

  • Зэпеуэр хуэунэтIат пэщIэдзэ классхэм щIэсхэм адыгэбзэм я бзэр хуэкъутауэ къэгъэхъуным, сабийхэр адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дегъэхьэхыным, лъэпкъ усыгъэм и IэфIыпIэр зыхегъэщIэным, сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щIыным, зэфIэкI зиIэ сабийхэр къэлъытэным. Къыхэгъэщын хуейщ, зэхьэзэхуэм хэта сабий 45-м ящIыгъуу, интернет-утыкум абыхэм я егъэджакІуэхэри, адэ-анэхэри, адэшхуэ-анэшхуэхэри къызэрихьар. ЖыпIэнуращи, хэгъэгупсо зэпеуэм унагъуэ 45-рэ    хэтащ.
  • Мы гъэм ещанэу зэхыхьэ «Усэпсэ» зэпеуэр зэгъэпэщауэ зэрекІуэкІам, Іуэхум хэтахэр абы ягурэ я псэрэ етауэ зэреувэлІам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дэтхэнэми игъэхьэзыра лэжьыгъэр теплъэгъуэ псо ирикъурт, еджакIуэ цIыкIухэри абыхэм я нэхъыжьхэри хущIэкъурт къыхэщыну, ягъэхьэзыра усэм халъхьэ я псэр къедаІуэхэм зыхригъэщІэну, къызэджэ усыгъэм и купщІэр нахьэсыну. Арыххэуи, унагъуэр зэгъусэу усэ къызэреджэм ущыкIэлъыплъкIэ, гур къимыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
  • «Усэпсэ» хэгъэгупсо зэпеуэм къалэнышхуэ зыщищIыжащ. Япэрауэ, зэпеуэм къыхыхьэ дэтхэнэми цІыхум гурыхь ящыхъун усыгъэхэр къилъыхъуэн хуей хъуащ, лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу утыку кърахьахэм, къаІэтыжу зыхэплъэжахэм ар къагъэлъагъуэ. ЕтIуанэрауэ, гурыхь ящыхъуа усэр зэрызрагъэщIам къыщынэркъым, гукІэ зэпашэчащ, арыххэуи лъэпкъ гупсысэкІэм и зы Іэужь щхьэм къинэну Iэмал щыIэ хъуащ. Ещанэрауэ, зы Іуэху зэдэщІэным сабийри и унагъуэри Iэмалыншэу зэпэгъунэгъу ещI, яку дэлъ щытыкIэри нэхъ зэтес ещІ, ар гъэсэныгъэ лэжьыгъэр зыгъэпс, зыгъэж Іуэхугъуэу мэув. Абы и лъэныкъуэкIэ «Усэпсэ» зэпеуэр гуащIафIэу къыщIэкIауэ жыпIэ хъунущ.
  • ЕплIанэрауэ, усэр зэзыгъэщІа унагъуэр Іэмалыншэу адыгэбзэкІэ зэпсэлъащ, зыхащІэу къеджэн щхьэкІэ зыщымыгъуазэ псалъэхэм щІэупщІэн, ахэр зищІысыр къахутэн хуей хъуащ — адыгэбзэм и махуэхэр унагъуэм зэрыщекІуэкІам пцІы хэлъкъым. Етхуанэрауэ, ныбжьыщІэ цІыкІум и зэфIэкIыр здынэсыр къэхута мэхъу. Хэбгъэзыхьмэ, сабийм езым къылъыкъуэкIынкIэ мэхъу и анэдэлъхубзэкIэ усэ зэхэлъхьэн гукъыдэжыр. Апхуэдэ еджакІуэ зыбжанэ «Усэпсэм» и утыкум къызэрихьар жыIэн хуейщ.
  • Еханэрауэ, утыку итыкIэм хуегъасэ, трегъэгушхуэ. Щэнхабзэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм адыгэбзэкIэ къабзэу псалъэ, шэщIауэ зи гупсысэр къэзыIуатэ ныбжьыщIэхэр къызэремэщIэкIым пцIы хэлъкъым. «Усэпсэм» а есэныгъэр цIыкIухэм зэрахилъхьэм къыхэкIыу и мыхьэнэр лъагэ мэхъу. БлэкIа илъэситIым зэпеуэм екIуу зыкъыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэ зыбжанэ щхьэж къыздикIа щIыналъэм щекIуэкI апхуэдэ щэнхабзэ лэжьыгъэхэм зэрыхыхьам, екIуу зэрыхэтам а лъэкIыныгъэм и купщIэри зэпеуэм и мыхьэнэри нахуэ къащI. Ебланэрауэ, сабийм и псэлъэкIэм зрегъэужь. Макъ къэпсэлъыгъуейхэр нэхъри хуиту къыжьэдэкIыу усэр щызрагъащIэкIэ зэпеуэм хуегъасэ, псалъэ зэкIэлъыгъэкIуэкIэм нэхъ Iэрыхуэ хуещI.
  • Еянэрауэ, адыгэбзэкIэ усэ къыщыхахкIэ, щыхэплъэкIэ фIэкIыпIэ имыIэу лъэпкъ тхыдэр я нэгу къыщIегъэувэ, езы цIыкIухэри зыпхрегъэплъыж. Я унагъуэм, нэхъыжьхэм далъэгъуа хъыбархэр ягу къагъэкIыж, ар щаIуэтэжкIэ сабийр абы щIодэIу. Лъэпкъ щIэж жыхуаIэ Iуэхугъуэр гъэпса икIи псыхьа мэхъу. Ебгъуанэрауэ, Іэмалыншэу текIуэн зэрыхуеймкІэ гугъэ я гум кърелъхьэ, абы нэхъри Іуэхур и фІыпІэмкІэ ирегъашэ. Гур мыпабгъэмэ, бгъэми зиIэтыркъым, жеIэ адыгэ псалъэжьым. ТекIуэн гуращэ зиIэм и щытыкIэри и зыгъэлъэгъуэкIэри дахэ, щапхъэ техыпIэ зэрыхъунур хьэкъщ.
  • Дэтхэнэ видеогъэлъэгъуэныгъэми щIэщыгъуагъ, хьэлэмэтагъ хэлъар пэжщ. Ауэ зэпеуэу щыщыткIэ, зы хабзэ гуэрым тетын хуейуэ къыщигъэувкIэ, къэпщытакIуэхэми къыхахын хуей хъуащ фIым я фIыжхэр.
  • КъэпщытакIуэ гупым хэтащ «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт Гугъуэтыж Артур, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и джэгуакIуэ, Кэнжэ (Къуэшыркъуей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къанкъул Ислъам, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и библиотекэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Шэмпар Мадинэ, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм адыгэ нэтынхэр гъэхьэзырынымкIэ и къудамэм и редактор Джэду Сэкинат, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и джэгуакIуэ, Кэнжэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къуэныкъуей Залинэ.
  • «Усэпсэ» хэгъэгупсо зэпеуэм хыхьэну хуитт курыт еджапIэхэм я 1 — 4-нэ классхэм щеджэ цIыкIухэр. Зэпеуэм кърикIуахэр щаубзыхужым, текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ гупиплIу зэщхьэщыгъэкIа хъуащ: япэ классым щIэсхэр зы гупу, 2-нэ классым щеджэхэр зы гупу, 3-нэ классым щыщ еджакIуэхэр зы гупу, 4-нэ классым щеджэхэри щхьэхуэу.
  • Япэ классым щIэс цIыкIухэм къахьа увыпIэхэр:
  • Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Шыгъушэ Элинэ — ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм дэт прогимназие. Зыгъэхьэзырар Жолдащ Ленэщ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  • Багъы Иланэ — Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) дэт 3-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Хьэщыкъуей Виолеттэщ.
  • Шыкуэ Виалеттэ — Куба (Хьэсэнбийкъуажэ) дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къэнэмэт Луизэщ.
  • Ещанэ увыпIэр къахьащ:
  • Тутай Дианэ — Куба (Хьэсэнбийкъуажэ) дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къэнэмэт Луизэщ.
  • Шыкуэ Хъадижэ — Куба (Хьэсэнбийкъуажэ) дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къэнэмэт Луизэщ.
  • Хъусин Алия — Куба (Хьэсэнбийкъуажэ) дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къэнэмэт Луизэщ.
  • 2-нэ классым щеджэхэм ящыщу зэпеуэм къыхэжаныкIахэр:
  • Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Ашэбокъуэ Олеся — Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм дэт, генерал Нэхущ Борис и цIэр зезыхьэ 3-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Iэпщэ Къудасщ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ Бэгъуэт Ясминэ — Шэджэм къалэм дэт, дерс щхьэхуэхэр куууэ щрагъэдж Дэбагъуэ Барэсбий и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къардэн Мадинэщ.
  • Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  • Аулъэ Iэминэ — ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм дэт прогимназие. Зыгъэхьэзырар Хьэмырзэ Заретэщ.
  • 2) Улбащ Ларинэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Щокъал Валентинэщ.
  • 3-нэ классым щIэсу зэпеуэм къыхэщахэр:
  • Япэ увыпIэр ихьащ Хьэжыкъарэ Даянэ — Дохъушыкъуей къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Иуан Мадинэщ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  • Къанымгъуэт Амирэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Дэхъу Ритэщ.
  • ПхытIыкI Ариеллэ – Дыгулыбгъуей къуажэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ 8-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Щоджэн Марьянэщ.
  • Ещанэ увыпIэр къахьащ:
  • Къэбардэ Рузанэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Дэхъу Ритэщ.
  • Ныджэ Дианэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Щокъал Валентинэщ.
  • 4-нэ классым щIэсхэм я Iуэхур мыпхуэдэу зэхуэкIуащ:
  • Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Шыгъушэ Лилианэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. ЕгъэджакIуэр Къанло Эльбинэщ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  • Сеин Ясминэ — Налшык къалэм дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къанло Эльбинэщ.
  • Атэлыкъ Данэ — Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Балъкъэр Людмилэщ.
  • Ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
  • Аброкъуэ Дианэ — ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм дэт прогимназие. Зыгъэхьэзырар Абазэ Джульеттэщ.
  • Къатинэ Даянэ — Аргудан къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Налшык Эммэщ.
  • Сунш Залым — Аргудан къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Щхьэгъэпсо Иннэщ.
  • Щэуей Тамирлан — Шэджэм къалэм дэт 3-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Дзэмыхь Кристинэщ.
  • «Усэпсэ» хэгъэгупсо зэпеуэр пэIудзауэ екIуэкIами, мыхьэнэшхуэ зэриIар нэрылъагъущ. Сабий Іущыцэхэр, адэ-анэ гумызагъэхэр, егъэджакIуэ емышыжхэр зэрыщыIэри, унагъуэр, сабийр егъэджакIуэр зэкъуэувэмэ, абы лъэщагъэу къакъуэкIыну зыхуэдизри зэпеуэм къигъэлъэгъуащ.
  • Лъэпкъым и псэр зыхэлъыр щIэблэ цIыкIухэращ. Абы я гъэхьэзырыным зи гуащIэ хэзылъхьа егъэджакIуэхэри псэ хэлъхьэжым хуэдэщ — Iуэху зыпэрыхьар къайхъулIэн щхьэкIэ лъэкI къагъэнакъым.
  • Псалъэ IэфIым дамэр еIэт, щытыкIэ гуапэм гур хегъахъуэ. Зэпеуэм дахэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа, утыкум екIуу ита дэтхэнэми фIыщIэ ин яхуэфащэщ, ехъулIэнуи ди гуапэщ.
  • ШУРДЫМ Динэ.