Зи IуэхущIафэкIэ зи цIэр гъащIэм къыхэзына бзылъхугъэ
2021-06-05
- ЦIыхур псэущ абы теухуа гукъэкIыжхэр щыIэхукIэ. Дунейм зэрехыжрэ илъэс 25-рэ дэкIами, Лашынкъей къуажэм фельдшеру щылэжьа Труновэ Аннэ ноби куэдрэ гуапэу и цIэр жаIэу зэхыбох. И дуней тетыкIэмкIэ, и IуэхущIафэ дахэхэмкIэ абы гъащIэм и лъэужь къыхинащ.
- Зауэ нэужь лъэхъэнэт ар Кавказым къыщыкIуар… Абы къызэрыщыхутам и щхьэусыгъуэ дыдэр зыщIэри езырат. Уи благъэ-Iыхьлы, цIыхугъэ здэщымыIэ, хаб-зэ, хьэл, гупсысэкIэ щхьэхуэ щызекIуэ щIыпIэм захэбгъэзэгъэныр тыншкъым. Ауэ Аннэ хузэфIэкIащ лъэпкъ щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэн, зэманыр зыпэмылъэща и фэеплъыр цIыхухэм ягу къринэн. КуэдкIэ ар и фIыщIэщ бзылъхугъэм иIа IэщIагъэми.
- Медицинэ лэжьакIуэхэр сыт хуэдэ зэманми гъащIэм щыпэрытщ, ауэ зауэ нэужь лъэхъэнэм ар жылагъуэр икъукIэ зыхуэныкъуэ IэнатIэт. Зауэм къахуихьа мэжэщIалIагъэм, тхьэмыщкIагъэм, гуауэм зи гуащIэри зи къарури щIиха цIыхухэр медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хущыщIэрт. А IэщIагъэлIхэр апхуэдизкIэ зэпэубыдати, уеблэмэ курыт IэщIагъэ зиIэ медицинэ лэжьакIуэхэр здэщымыIэ къуажэхэр гъунэжт. Абы ипкъ иткIэ фельдшер IэщIагъэ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэм и къалэныр къыпхуэмылъытэнт. Жэщ-махуэ жимыIэу лажьэрт Аннэ, сыт хуэдэ узыфэми зэрыхъукIэ и Iэзэгъуэ къызэрыхуигъуэтыным хущIэкъуу.
- ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэу къэзылъытэ Труновэм зыкIэлъыплъ дэтхэнэ зыми и Iуэху зэтемыувэжауэ псэхугъуэ зригъэхуэнутэкъым, и дэIэпыкъуныгъэ зылъигъэсам игу хуэмызэгъауэ къыбгъэдэкIынутэкъым. А зэманым ар Iуэху къызэрыгуэкIыу къэтлъытэу щытами, зэман дэкIыжауэ, сэ, лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыгъэунэхуа медицинэ лэжьакIуэм, зэрызгъэщIэгъуэныр къысхуэщIэркъым абы бгъэдэлъа зэфIэкIыр. Нобэрей зэманым, медицинэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлIхэр щыIэу, IэмэпсымэкIэ, хущхъуэкIэ хъарзынэу дыкъызэгъэпэщауэ дыщыпсэум, еплъытмэ, а бзылъхугъэ щыпкъым хузэфIэкIар къыпхуэмылъытэнщ, зы IэщIагъэлI и фэ дэмыхуэн жыхуаIэ гугъуехьым пэрытащ.
- Ди унагъуэр фIыуэ щыгъуазэт Труновэ Аннэ и IуэхущIафэм. Си адэр къуажэм щызэхэт колхозым и унафэщIти, и лэжьыгъэр куэдрэ и нэгу щIэкIащ, къищынэмыщIауэ, абы и щхьэгъусэр и ныбжьэгъут икIи и гъунэгъути, жэуаплыныгъэ пылъу IэнатIэм пэрыт дэтхэнэми хуэдэу, я унагъуэм пщIэшхуэ яхуищIырт. Медицинэ лэжьакIуэр зыхуэдэри ар зэрыщытын хуейри игъэунэхуат си адэм, 1943 гъэм уIэгъэу Баку дэт сымаджэщым мазихкIэ щыщIэлъам. Арат цIыхухэм и гур яхузэIухауэ илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ и за- къуэу апхуэдэ IэнатIэр хамэ щIыпIэм щезыхьэкI Труновэм и зэфIэкIыр игъэщIагъуэу щIытепсэлъыхьыр.
- «Труновэ Аннэ хуэдэу дохутыр ухъуну сыхуейщ», — къызжиIауэ щытат 10-нэ классым сыщIэсу си адэм. А лъэхъэнэм ди республикэм щыIэр медицинэ училищэти, абы и хъуэпсапIэр згъэзащIэу, сыщIэтIысхьэну зызгъэхьэзырырт. АрщхьэкIэ си насыпым кърихьэкIри, а илъэсым ди республикэм щыщу Осетие Ищхъэрэ медицинэ институтым щIэтIысхьа цIыху 27-м сахэхуащ. Ар хъарзынэу къэзухри, Санкт-Петербург клиникэ ординатурэр щесхьэкIащ, илъэс 31-кIэ Шэджэм районым узынша-гъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщIу сылэжьащ. Си лэжьыгъэр зэрекIуэкIам сэ сытепсэлъыхьыжыну къыстехуэркъым, ауэ шэч къытезмыхьэу схужыIэнущ: псом япэу си IэщIагъэм сыхуэзышар Алыхьырщ, абы и ужькIэ ар зи фIыгъэр си адэмрэ Труновэ Аннэрэщ. ЗэрымыщIэкIэ гъащIэм зыри къыщыхъуркъым.
- Аннэ унагъуи щиухуэжащ къыздэкIуа щIыпIэм. Къуэныкъуей Iэбубэрэ абырэ зэгурыIуэ яку дэлъу, пщIэ, нэмыс яIэу зэдэпсэуащ, я бынхэри ди щIыналъэм къыщекIуэкI хабзэхэм хуагъасэу зэдапIащ.
- Нобэ жылагъуэм щыпсэу, а лъэхъэнэм хиубыда цIыхухэм ящыщ дэтхэнэми Труновэм и цIэр жепIэмэ, сэ шэч къытесхьэркъым, хэти абы псалъэ гуапэ къызэрыхуигъуэтыфынум, абы теухуа гукъэкIыж дахэмкIэ къызэрыбдэгуэшэфынум. Мис апхуэдэу цIыхугъэшхуэ хэлъащ а урыс бзылъхугъэм.
- Хьэгъэжей Розэ,
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ
- щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- Лашынкъей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ
- Хьэгъэжей Хьэсэн Руслан
- и къуэм деж
- Къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу зыпхуэдгъэзэну дыхуейт, Труновэ Аннэ Николай и пхъур илъэс куэдкIэ псэемыблэжу щылэ-жьа Лашынкъей къуажэм дэт амбулато- рэм абы и цIэр фIэща хъуным пыщIа Iуэхухэр зэфIэбгъэкIыну. Нобэ къуажэдэс балигъхэм яхэткъым ар фIыкIэ зигу къэмыкIыж, зэмыIэза е абы имыгъэхъужа.
- Труновэ Аннэ Николай и пхъур Лашынкъей къуажэм дохутыру щылэжьэну къыщагъэкIуар Хэку зауэшхуэм иужькIэт. Къэралым и тхьэмыщкIэгъуэт, дохутырхэр, псом хуэмыдэу зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр мащIэ дыдэт. И ныбжьыр щIалэ дыдэу пэрыуват Аннэ а IэнатIэ гугъум, абы и лэжьыгъэ зехьэкIэм елъы-та хъуат куэдым я гъащIэр, я узыншагъэр. Урыс бзылъхугъэм лъэпощхьэпо хуэхъурт къыздэкIуа жылэм и бзэр зыщIэ куэд зэрыдэмысри, уи узыр дохутырым къыгурыбгъэIуэнымкIэ, абы и чэнджэщыр зэпхьэлIэнымкIэ ари Iуэхур къэзылъахъэт. Ауэ хуэмурэ хэкIыпIэ къыхуигъуэтащ, Аннэрэ къуажэдэсхэмрэ фIыуэ зэрыщIэ хъуащ.
- Куэдым IэфIу ягу къагъэкIыж Аннэ, Гиппократ и тхьэрыIуэм хуэпэжу, жэщ-махуэ имыIэу, уэлбанэ щхьэкIэ къимыгъанэу, лъэсу уэрам ятIэхэм пхыкIыу дэтхэнэ сымаджэми я унэ нэсыфу зэрыщытар. Ар къеплъамэ, сымаджэхэм я гур загъэрт, ящIэрт узыр пэжу къызэрихутэри, зэрыхъукIэ абы и Iэзэгъуэ къазэрыхуи-гъуэтынури.
- ФIы куэд пхужыIэнущ Аннэ теухуауэ. Ауэ къыщедгъэжьам дгъэзэжынщи, дыхуейщ Лашынкъей къуажэм къыдэхъуэ щIэблэм апхуэдэ цIыхур ящымыгъупщэн папщIэ Труновэ Аннэ Николай и пхъум и цIэр къуажэ амбулаторэм фIащыну.