ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэхэм дыуэщIымрэ  жэназымрэ  ехьэлIауэ зэрахьэ хабзэхэр

2021-06-05

  • Дэтхэнэ зы лъэпкъми абы щыщ цIыхухэми я гъащIэ еплъыкIэр, езыхэр адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщхьэхукI щытыкIэхэр къэзыгъэлъагъуэ хабзэхэр яIэжщ. Адыгэ лъэпкъми ди псэукIэр, цIыхухэр зэрызэбгъэдэт, дызэрыпсэун хуей щIыкIэр убзыхуауэ къыджезыIэ Адыгэ Хабзэр диIэщ.

  • Илъэс мин бжыгъэхэм къриубыдэу зекIуэ, лъэпкъым иригъэфIэкIуа а ди хабзэм убзыхуауэ ди пащхьэ кърелъхьэ жэназым, дыуэщIым, хьэдэ щIэлъхьэкIэм теухуауэ тщIэн хуейхэри гуауэ щыдиIэм деж дызэрыщытыпхъэри.
  • Адыгэхэм дыуэщIымрэ абы пыщIа къалэнхэр гъэзэщIэнымрэ сыт щыгъуи пщIэ лей хуащIу, яхуэсакъыу къэгъуэгурыкIуащ. Иужьрей илъэсхэм тIэкIу Iэпэдэгъэлэл тщIыуэ дыхуежьами, Тыркум щыпсэу адыгэхэм хьэдэ щIэлъхьэнымрэ дыуэщIымрэ ехьэ-лIа ди хабзэ дахэхэр нэхъ хъумауэ нобэм къэтхьэсыфа дауэдапщэхэм ящыщу жыпIэ хъунущ.
  • ВэнгъуэкIэм (накъыгъэ, май) и 21-м, адыгэхэм ди Щыгъуэ махуэр къыщыб-лагъэм  ирихьэлIэу,  лъэпкъым и щыгъуэкIэм, и дыуэщIым, и хьэдэ щIэлъхьэкIэм теухуауэ ди нэхъыжьхэм жезгъэIэжурэ стхыжа, си щIалэгъуэм Къайсэр — Узун-Яйла си нэкIэ щыс-лъэгъуа, нобэми ягъэзащIэ ди хабзэхэм я гугъу фхуэсщIыныр сфIэигъуэщ. Иджыпсту дызэрыт мы лъэхъэнэм а дауэдапщэ-хэм языныкъуэхэр щIэбгъэзэщIэжын щыIэкъым. Ауэ и нэхъыбэр дяпэкIи пхузехьэнущ, ар дызэрыт зэманми щхьэкIуэ зыбгъэдэлъ лъэпкъхэм ядыболъагъу.
  • ЩхьэкIуэ
  • ЦIыхухэр шууэ щызекIуэ, щызэкIэлъыкIуэ лъэхъэнэм, дунейм ехыжам и хъыбарыр къуажэ гъунэгъухэм, я благъэхэм иратын щхьэкIэ, здэкIуэну жылэхэр, унагъуэхэр жраIэурэ, щхьэкIуэкIэ зэджэ шу зыбжанэ хъыбарегъащIэу зэбграгъэкIыу щытащ. ЛIэныгъэм и хъыбарегъащIэу ирагъэжьа шухэм шхуэмылакIэр Iэ ижьым-кIэ, къамышыр Iэ сэмэгумкIэ яIыгът. Жыжьэу а шур зылъагъухэм ар зэрыщхьэкIуэр къагурыIуэрт. Апхуэдэ шум, хьэщIэм зэрыпежьэхэм хуэдэу, нэжэгужэу бгъэдыхьэхэртэкъым. ГъуэгурыкIуэ щхьэкIуэр къэзылъэгъуа цIыхухэр зы Iуэху гуэр иужь итми, щысми, къызэфIэувэрти, щхьэкIуэ шум бгъэдыхьэрти, хуэгуIэрт икIи дунейм ехыжар хэтми зрагъащIэрт. Дунейм ехыжар унэ хьэдэми, къуажэ хьэдэми, хьэмэрэ жылэ хьэдэми щIэупщIэхэрт. ЛIэныгъэ хъыбарыр зыхуихьыну унэм нэса щхьэкIуэр пщIантIэм дыхьа иужь, хъыбар зритынухэм къалъагъун хуэдэу и шым ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ и лъакъуэ сэмэгур           щIым тригъэувэу епсыхырт. ШхуэмылакIэр зэриIы-гъыу, и шыр имыутIыпщу, шым и ижьырабгъумкIэ увырт. ЗэрыцIыхуу щытхэми, къыпежьахэм фIэхъус ярихыртэкъым. Дунейм ехыжам и цIэ, и унэцIэр жиIэрти, «….щыIэжкъым» къыпищэрт. Нэхъ пасэ зэманхэм «узджынтащ» жаIэуи щытыгъащ. ЩхьэкIуэр хъыбар гуауэр къы-зыхуихьа унагъуэм щIыхьэртэкъым, и къалэныр игъэзэщIа иужь, занщIэу къыдэшэсыкIыжырт. Сыту жыпIэмэ, лIэныгъэ хъыбарыр зыIэрыхьа унагъуэм псынщIэу зызэрагъэпэщу, дыуэщIым кIэлъыщIыхьэн хуейт.
  • Унэ хьэдэ, къуажэ хьэдэ, жылэ хьэдэ
  • Адыгэхэр «унэ хьэдэкIэ» зэджэхэр цIыкIу щIыкIэ, балигъ мыхъуу дунейм ехыжахэращ. Балигъ хъуа иужь дунейм ехыжахэм «къуажэ хьэдэкIэ» йоджэ. «Жылэ хьэдэкIэ» зэджэхэр жылэ псом щыцIэрыIуэ, пщIэ зыхуащI, фIыуэ ялъагъу цIыхухэращ. Зауэм зи псэр щызыта зауэлIхэри жылэ хьэдэу ябжырт.
  • Уанэ къуапэ пхэнж
  • ДыуэщI къекIуэлIа хьэщIэхэм яшхэм щэлъахъэ тралъхьа иужь, хъуакIуэу щымытын щхьэкIэ, шхуэIур къыжьэдахыртэкъым. Шыхэм я щхьэр ирамыхьэхыфын хуэдэу, шхуэмылакIэр яшэщIырт, и щIыбагъкIэ щыIэ джэрыщIэр зыфIадзэ хабзэ уанэ къуапэм ирапхырт. Зым и шхуэмылакIэр адрей шым и  уанэ къуапэм ирапхырт жызыIи щыIэщ. Мыбы хэлъ гупсысэр шыхэр хъуакIуэу зэремыжьэжынырт.
  • ЗэпыщIэныгъэмрэ зэрыщIэныгъэмрэ апхуэдизу щефIэкIуа ди лъэхъэнэм шымрэ шумрэ пыщIа хабзэжьхэр бгъэзэщIэжыфынукъым, щIэбгъэзэщIэни щыIэкъым. «Хабзэр екIуращ», — жиIащ адыгэм. Ауэ мы хабзэ дахэхэм и зэманыр блэкIами, щIэбгъэзэщIэжын щымыIэми, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми лъэIэс Адыгэ Хабзэр гупсысэ куу хэлъу зэрызэхалъхьар къегъэлъагъуэ. ГъащIэм и зыхъуэжыныгъэм къыдэкIуэу нобэ тхузехьэ- ну дымыгъэзэщIэфын хабзэжьхэр диIэми, Адыгэ Хабзэм нобэрей цIыху гъащIэр къызэщIиубыдэу хуиту тхузехьэну икIи дгъэкIуэд мыхъуну дауэдапщэ дахэ Iэджи диIэщ. Лъэпкъ щхьэкIуэ зыхэлъ цIыхухэм дыуэщIымрэ жэназымрэ теухуа ди хабзэ дахэхэр ноби ягъэзащIэ.
  • ДыуэщI
  • Къуажэм щыщ цIыху дунейм ехыжмэ, жэназыр яIэтыху ар зей унагъуэми, а къуажэми я жьэгум мафIэ щащIыртэкъым, шхын щагъавэртэкъым, Iэнэ къыщаIэтыртэкъым. Уеблэмэ, утыкум уиту псы уефэнри емыкIут. ДыуэщIым щызэрихьэлIахэм фIэхъус зэрахыркъым, зыр зым щIэупщIэхэркъым, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьу уэршэру увыжыркъым. Дыхьэшхыныр, гуфIэныр емыкIушхуэщ.
  • ГуIэн
  • ДыуэщIым къуажэхэр, жылэхэр гуп-гупурэ къекIуалIэрт. Дэтхэнэ зы гуп-ми нэхъыжьитIщы къахэкIырти, зи чэзу къэсахэр жэназыр зей унагъуэм яхуэгуIэн щхьэкIэ, я нэхъыжьхэр здыщIэс пэшым щIашэрт. Ахэр пэшым щIэзышэр а къалэныр зи пщэ дэлъ гъунэгъухэрат. КъалэныщIэм гупыр пэшым щIимышэ ипэ, гупыр къызди-кIа къуажэр, къыщIыхьэну нэхъыжьхэм я цIэ-унэцIэ-хэр пэшым щIэс нэхъыжьхэм яжриIэрт. Пэшым щIаша гупымрэ щIэсхэмрэ фIэхъус зэрахыркъым, зэщIэупщIэхэркъым. КъыщIыхьахэр нэхъыжьу щытми, жэназыр зейхэр къэтэджыркъым. КъыщIыхьахэр зы тэлайкIэ щэхуу щыса иужь, я нэхъыжьыр жэназэр зейхэм яхуогуIэри, нэгъуэщI гупхэр къызэрыщIыхьэнум щхьэкIэ замыгъэгувэу  пэшым къыщIокIыж. Гупыр къыщIэзышыжри щIэзыша къалэныщIэрщ. Гупыр къыщыщIэкIыжкIэ жэназыр зейхэр къадыщIэкIыркъым, къакIэлъыкIуатэркъым, кърагъэжьэжыркъым. Ахэр мэщыгъуэри щысщ.
  • Дунейм ехыжар кхъэм щыдахкIэ, ар зей лъэпкъым щыщхэр кхъаблэм щIэувэркъым, жэназыр дэзыххэм ядэIэпыкъуркъым. ЛIар кхъэм дэзыхри щIэзылъхьэжри гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэщ. Жэназыр зей лъэпкъым щыщхэр, я нэхъыжьхэр япэ иту, кIэщIу жэназым иужь иту кхъэм докI. Хьэдэр щыщIалъхьэкIэ а лъэпкъым щыщ-хэм хьэнцэ къащтэ хабзэкъым, ятIэ тракIутэркъым. Жэназыр зей лъэпкъым щыщхэр кхъаблэм щIэувэмэ, ятIэ тракIутэмэ, а къалэныр гъунэгъухэм ягъэзэщIэну Iэмал ирамытмэ, «я хьэдэр щIалъхьэжыным хуепIэщIэкIахэщ» хужаIэрти, ягъэемыкIурт.
  • Мыпхуэдиз хьэдэ хъыбарымрэ жэназы хъыбарымрэ фи гур щIихауэ щытмэ, къэхъупауэ гушыIэ тIэкIу къыхэддзэнщ. Хьэдэр кхъэм щыдахым, хьэдэр зей лъэпкъым щыщ щIалэжь гуэр кхъаблэм щIэувэри, ипэ иту кIуэ лIым   и лъэдакъэм теувэри, и вакъэр къыщитхъат. Зи вакъэр зыщатхъа лIыр къызэплъэкIыу ар къыщилъагъум: «Хьэдэ хуэлIэ фолIэри фэ лъэпкъыр! Мэ нытIэ, фызотыж, фызотыж», — жиIэри, кхъаблэм къыщIэкIыжат, жи.
  • ЛIар мащэм щрахьэхкIэ, е и къуэш, е и къуэ, е лъэпкъым щыщ зы цIыху-цIыхуитI абы йох. Муслъымэн диным къызэрезэгъым хуэдэу, и гупэр къэблэмкIэ гъэзауэ ягъэтIылъ. Адыгэхэм мащэр иратIыха иужь, абы и лъэгум къэблэмкIэ хуэзэ лъэныкъуэр, хьэдэр здыщIэхуэн хуэдизкIэ щIатIыкIырт. ЯтIэр занщIэу лIам трамытхъуэн щхьэкIэ, а щIатIыкIа щIыпIэм деж, и гупэр къэблэмкIэ гъэзауэ щIалъхьэрт дунейм ехыжар. А щIатIыкIам «лыхькIэ» йоджэ.
  • Къайсэр — Узун-Яйла щыIэ адыгэ къуажэхэм я лIахэр нобэр къыздэсым апхуэ-дэущ зэрыщIалъхьэр. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыхухэмрэ лъэпкъхэмрэ нобэми мы хабзэхэр ягъэзащIэ. Адрей лъэпкъхэм дакъыхэзыгъэщхьэхукI мы ди хабзэ дахэхэр гъэзэщIэным  зыри гугъуехь хэлъкъым. Ауэ лъэпкъ щхьэкIуэ зыхэмылъхэм къафIэмыIуэхуурэ, я щIэблэхэм ирагъащIэркъым, лъэпкъ хабзэри IэщIыб  ящI. Хабзэр зрамыгъэщIа щIалэгъуалэм ящIэнур ямыщIэу щхьэуназэу утыкум къонэ.
  • Iэ Iэт (ПIрегу)
  • ЛIар щыщIалъхьэкIэ, муслъымэн диным зэри- хабзэу, ефэндыр духьэ къоджэ, дыуэ ирегъэщI. ЩIалъхьа иужьи, «тэлъкъинкIэ» зэджэ дыуэ тращIэж. Дунейм ехыжар щIэлъхьэныр зэфIэкIа иужь, жэназыр зей лъэпкъым щыщхэр, лъыкIэ къыпыщIа благъэхэр, а къуажэм щыщхэр тIэкIу епIэщIэкIыурэ лIар зды-щIаха унэм йокIуэлIэж. ДыуэщIым къекIуэлIа хьэщIэхэр унэм екIуэлIэжа- хэм загъэхьэзырыну зэман къыхуагъэнэн хуэдэу, мыпIащIэурэ кхъэм къокIыж.
  • Жэназыр зей лъэпкъымрэ я благъэхэмрэ кхъэм къикIыжу унэ бжэIупэм къэсыжа иужь, лъэпкъым я нэхъыжьым и щIыбыр унэбжэм хуэзэн хуэдэу, гупым я щIыбыр унэм хуэгъэзауэ унэ бжэIупэм йоувэкIхэр. Лъэпкъым я нэхъыжьым абы къыкIэлъыкIуэ нэхъыжьхэр бгъэдоувэ. А увыкIэм лъэпкъым я нэхъыжьри, лъэпкъым лъыкIэ пыщIа я благъэхэри, я жылэгъухэ-ри къегъэлъагъуэ. Жэназым къекIуэлIа адрей хьэщIэхэр жэназыр зей унэм къэсыжа иужь, я зэхуакум лъэбакъуэ зыхыбл къыдэнэн хуэдэу, унэ бжэIупэм еувэкIа гупым я пащхьэм йоувэ. ГупитIыр сатыритIу,  я нэхъыжьхэр зэхуэзэн хуэдэу зэпоувхэр. ХьэщIэ гупым яхэт ефэндыхэм языхэзым и Iэр къеIэтри, дыуэ ярегъэщI. Дыуэ щащIым деж, унэ бжэIупэм еувэкIа жэназыр зей лъэпкъымрэ я благъэхэмрэ, я къуажэгъухэм я Iэр едзыхауэ щытщ, хьэщIэ къекIуэлIахэм ефэндым и гъусэу я Iэр къаIэтри дыуэ ящI. Муслъымэныгъэм ехьэлIа жэназым кIэлъызэрахьэ хабзэхэр кхъэм зэрыщагъэзэщIам къыхэкIыу, мыбдежым щащI дыуэр нэхъ кIэщIу зэфIагъэкI.
  • Дунейм ехыжар зейхэм яхуэгуIэну жэназым къекIуэлIахэм я нэхъыжьхэм гупым я цIэкIэ ипэ ирагъэщ пщIэ зыхуащI, хабзэ-бзыпхъэ зыщIэ зы нэхъыжь. Ипэ ирагъэща нэхъыжьыр жэназыр зейхэм я нэхъыжьым хуэзанщIэу ува иужь, и лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэбакъуэ ичурэ, лъакъуэ ижьыр кIэлъилъэфыжурэ щэ мэбакъуэри, утыкум йохьэ. (Адыгэм я дыуэщI щIыкIэр сэзыгъэтхыжа нэхъыжьхэм языхэзхэм мыбдежым Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр Iэ къэзыIэтыну нэхъыжьыр гупым япэ ищу утыкум зэриувэнращ. Лъакъуэ сэмэгумкIэ зы лъэбакъуэшхуэ ичрэ лъакъуэ ижьымкIэ кIэлъыбэкъуэжми хъуну жаIащ). Гупым я пащхьэ иува иужь, мыпIащIэурэ дунейм ехыжар унэ хьэдэу щытмэ, и Iэ сэмэгур и дамэм нэсу, къуажэ хьэдэу щытмэ, и тхьэкIумэм нэсу, жылэ хьэдэу щытмэ, и щхьэм тIэкIу фIэкIыу къеIэтри, хуэмурэ ирехьэхыж. (И Iэр ирихьэхыжа иужь, ирихьэхыжа и  Iэ сэмэгумкIэ зэрыгуIэр къригъэкIыу и куафэм тоуIуэ жызыIи щыIэщ.) И  Iэр ирихьэхыжа иужь, аргуэру и лъакъуэ сэмэгур   япэ ичурэ, лъакъуэ ижьыр бгъэдилъэфэжурэ, щэ и щIыбагъкIэ бакъуэурэ йокIуэтыжри, дыуэ зыщIа гупым яхоу-вэж. Абы иужь зэрыгупу я ижьырабгъумкIэ загъазэри къыIуокIыж. Жэназыр зей лъэпкъым я нэхъыжьхэри унэм щIохьэж.
  • 1976 гъэм нэсыху Iэ этын хабзэр Узун-Яйла щагъэзэщIащ. А хабзэр зыгъэзэщIэфын нэхъыжь куэд зэрыщыIам хуэдэу, ар ягъэзэщIэн щхьэкIэ хаха икIи зыгъэзэщIа ди нэхъыжь-хэм ящыщу Тохъу Хьэжумар, Думэныщ Мэжид, Егъэн Мэмэтбей, Къуэщий Наил, ГъукIэпщокъуэ Зубер, Бэч Хъусен сымэ я цIэхэр зылъэгъуахэм къаIуэтэжащ. Адыгэ хабзэр къызыгурымыIуэ нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ ефэндыхэмрэ абыхэм ядежьу ефэнды гуэрхэмрэ я зэранкIэ мы ди хабзэ дахэр ямыгъэзэщIэж хъуащ. Ауэ  ГъукIэпщокъуэ Зубер 1976 гъэм дунейм ехыжыху, дэтхэнэ дыуэщIым хэтами, «Iэ Iэт» хабзэр щызэрахьащ. Нэхъыбэу Джылахъстэней къикIа адыгэхэр зыщыпсэу Гёксун епха адыгэ къуажэхэми 1960 — 1965 гъэхэм къэсыху мы хабзэр щызэрахьащ. Иужь дыдэ мы хабзэр щагъэзэщIэжар 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 15 махуэм зи хьэдрыхэр да-   хэ хъун ди нэхъыжьыфI Шыгъэлыгъуэ Сами дунейм щехыжам Анкара щыхуащIа, сэри сызыхэта дыуэщIращ. Хабзэр зыгъэзэщIар ди нэхъыжьыфI Быж СаIимщ. КIуэдыжыпэ пэтрэ, мы ди хабзэ дахэр игъэзащIэу лъэпкъым щапхъэ зэрыхуэхъуам, щIэблэр мы хабзэм щыгъуазэ зэрищIыжам щхьэкIэ, куэдрэ узыншэу ди япэ итыну сыхуохъуахъуэ.
  • Мы тхыгъэр илъэс куэдым къриубыдэу ди нэхъыжьхэм жезгъэIэжурэ зыщIэскъуэжа хъыбар, IуэрыIуатэхэм къахэстхыкIыжащ. ДыуэщIым теухуа ди хабзэхэр сэзыгъэтхыжа ди нэхъыжьхэм ящыщу мыбдежым я цIэ къыщисIуэну сыхуейт ди нэхъыжьыфIхэу Балъкъэрокъуэ Шэвкэт, си анэш Тамбий Ахьмэд, Шыгъэлыгъуэ Сами, Быж СаIим, си адэ къуэш Къущхьэ Фикри. Дунейм ехыжахэр Тхьэм жэнэткIэ игъэгуфIэ. ПщIэ зыхуэтщI ди нэхъыжьыфIхэу Быж СаIимрэ Къущхьэ Фикрирэ Тхьэм куэдрэ узыншэу тхуигъэпсэу.
  • Адыгэ лъэпкъым лъапсэрыхыр къыщытхуагъэкIуа Урыс-Кавказ зауэр щиуха накъыгъэм и 21-м  хабзэу къэдвгъащтэ а махуэм  шэджагъуэм ди гупэр IуащхьэмахуэкIэ дгъазэрэ, ди Iэ сэмэгур къэтIэту. Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа а зауэ гущIэгъуншэм, я хэкужьыр яхъумэу псэр щызынахэм, ИстамбылакIуэ гъуэгум текIуэдахэм дазэрыхуэщыгъуэм и щыхьэту.
  • Къущхьэ  Догъан.
  • Тырку Республикэ