Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-06-05
- Фэ фщIэрэ?
- ТхылъымпIэр къыщагупсысар
- 1962 гъэм ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэса студентхэм я бжыгъэр плIыкIэ нэхъыбэт, Инджылызым, Италием, ФРГ-м зэгъусэу щеджэм нэхърэ. А лъэхъэнэм ди хэкум исхэм ящыщу цIыхуиплIым я зыр еджэрт.
- * * *
- ГъущI лъэмыжхэр япэ дыдэу ухуэн щыщIадзар Китай къэралыгъуэм и бгылъэ куейхэрщ. Лъэмыж нэхъыжь дыдэу къалъытэр абы щыIэ Тату псым зэпрыкIыу фIащIарщ. Ар иджыри къыздэсым мэлажьэ, щаухуар 1706 гъэрщ.
- * * *
- ТхылъымпIэм ещхь гуэрхэр япэу къыщагупсысар ди эрэм и 105 гъэхэрщ.
- * * *
- Аммиакыр промышленностым и лIэужьыгъуэ мини 2-м къыщагъэсэбэп.
- * * *
- Лъэпкъ бэракъхэм я нэхъыжь дыдэр датхэм яйрщ. ЩэкI плъыжьым хужькIэ тещIыхьа жорыр къыщагупсысар 1219 гъэращ.
- * * *
- Нэхум и псынщIагъыр япэ дыдэу къэзыхутар астроном Ромерщ. Ар къыщыхъуар 1675 гъэрщ.
- * * *
- Курыт лIэщIыгъуэхэм европэ къэрал псоми чырбыш щызэтралъхьэкIэ е блыным сэху щраткIэ кхъуейлъалъэ е джэдыкIэпс халъхьэу щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар куэдкIэ нэхъ быдэ хъурт бетоным нэхърэ.
- * * *
- ЦIыхухъухэм жьакIэупс къагъэсэбэпын зэрыщIадзэрэ илъэс мини 5 мэхъу. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм Месопотамием къыщагъуэта мывэ пIащIэ IулъыкIар.
- * * *
- Сабыныр къэзыгупсысар Вавилон щыпсэуа гуэрщ. Ар къыщыхъуар илъэс мини 5 ипэкIэщ.
- Къэбарт Мирэ.
- Псалъэжьхэр
- ЗыхуащIэ нэхърэ зыщIэф
- Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым.
- ЗылъэмыкI IэфракIэ и Iыхьэщ.
- Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
- Хамэр гъэшэраши, унэр гъэшэрыуэ.
- Зым и мыгъуэ зым и махуэщ.
- Къанзэгурэ пэт гу егъэуфэрэнкI.
- ЗыхуащIэ нэхърэ зыщIэф.
- Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ.
- ФIым фIы къыпокIуэри, Iейм Iей покIуэж.
- Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.
- Щхьэм имылъмэ, лъэм и мыгъуэщ.
- ХакIуитI зы бо щIэзагъэркъым.
- ЗэвгъащIэ
- Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
- МылIэр лIы мэхъу.
- ЦIыху хъуащ, хуэфащэ увыIэпIэ игъуэтащ; балигъ хъуащ — жыхуиIэщ. ЦIыхум игъуэта щытыкIэр гуапэ щащыхъум деж къапсэлъ хабзэщ.
- Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ.
- УмыгъэзэщIар гъэзэщIа хъуакIэу, зэфIэкIауэ умыбж. Iуэхур щызэфIэкIын хуей пIалъэр къэмыс щIыкIэ гъэзэщIа хъуауэ къызылъытэм хуэгъэза чэнджэщщ.
- ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.
- УщыщIалэм къыпхуэмылэжьар уи жьыщхьэ къыпхуэлэжьыжынкъым.
- Пэ зиIэм кIэи иIэщ.
- ЖаIар е нэгъуэщI зыгуэрыр ирикъуну, абдежым щыухын хуейуэ къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
- Псым итхьэлэр шхийм йопхъуэ.
- ХэкIыпIэншагъэ къихутар къезыгъэлыну, къызэтезынэну къыфIэщIу, иужьрей дыдэ гугъапIэу йожалIэ, сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъуми.
- Псым къудамэ теткъым.
- «IэубыдыпIэншэщ» жыхуиIэщ. Псым ущыбэлэрыгъ зэрымыхъунур кърагъэкIыу къапсэлъ.
- Щауэ Къэлидар.
- Пхъэщхьэмыщхьэ
- Хъурмэ
- Хъурмэр пхъэщхьэмыщхьэхэм я пащтыхьу къалъытэ. Абы и «хэкур» Китайращ. Европэм щыпсэухэм ар къызэрацIыхурэ куэд щIакъым — илъэси 100-м нэблэгъами аращ.
- Зи фIагъкIэ нэхъыфIу ябжыр япон хъурмэращ. Ар икIи нэхъ инщ, икIи гъуэжьыфэ-плъыжьыфэщ. Хъурмэр пшхыну IэфI дыдэщ. Абы и хьэлъагъым и Iыхьэ плIанэр зыубыдыр фруктозэмрэ глюкозэмрэщ. А тIур куэду зэрыхэлъым щхьэкIэ зи гум дагъуэ иIэхэм я дежкIэ сэбэпщ. Хъурмэм хэлъ фошыгъур Iэпкълъэпкъым зыхухихыр гум екIуалIэ лъынтхуэхэрщ. Гуузым къыхигъэзыхьу Кавказым и зыгъэпсэхупIэхэм къакIуэхэм зы махуэм хуэзэу япон хъурми 2 — 3 ирагъэшх.
- Къапщтэмэ, дэтхэнэ цIыхум дежкIи сэбэпщ махуэм хъурми 3 ишхыну. Абы шэ хуабэ щIыгъужмэ, зыхуэдэ щыIэкъым.
- Псом нэхърэ нэхъ сэбэпу къалъытэр королёккIэ зэджэ хъурмэ лIэужьыгъуэращ. Псы зэбэкI а пхъэщхьэмыщхьэм куэду хэлъщ калий, кальций, фосфор, магний, гъущI, нэгъуэщI микроэлементхэри.
- Апхуэдиз витаминыр зыхэлъ хъурмэр, королёкыр пшхыну зэрысэбэпым къыдэкIуэу IэфIщ икIи гуакIуэщ. Абы жьэ кIуэцIыр щызэригъалъэ щыIэщ. Апхуэдэхэм деж пшхын ипэкIэ, хъурмэр сыхьэт зыбжанэкIэ псы хуабэм хэбгъэлъмэ, фIы дыдэ мэхъу.
- Дохъушокъуэ Санэ.
- Чэнджэщхэр
- Акъылыр жан зыщIыр
- Шыбжий сыр зышхрей цIыхур акъыл жан мэхъу.
- Зи бзэгу къихуахэм джэдгын ущэба жьэдагъэщащэри, я жьэр зэтепIауэ щагъэтщ и ибжьэныр иухыхукIэ, итIанэ къыжьэдадзыж. Ар щащIыр гъуэлъыжыгъуэм и дежщ.
- Шыл, бабыщыл, къазыл пшэрхэм къыхащIыкI шхыныгъуэхэр, абы я дагъэр сэбэп яхуохъу щIыIэ зыхыхьахэм, жьы зыхуримыкъухэм, жьэн уз зиIэхэм.
- Нартыху пIастэ хуабэрэ бжьыныщхьэ укъэбзарэ шыгъум хагъауэурэ зышхрейхэр фIыуэ мэжей, абы лъыр фIыуэ зэрегъакIуэ, нэкIу зэлъахэми зрегъэшэщIыж.
- Шха иужькIэ бжэмышхри гуахъуэри Iубауэ ягъэтIылъыркъым, гуэныхьышхуэ пылъщ жаIэ.
- Къалмыкъ шей пщтырым адыгэ шатэ Iувыр хэпкIэмэ, тхъууэ мэжабзэ. Апхуэдэу мыхъун щхьэкIэ, шатэ Iувым псы тIэкIу хакIэ, зэIащIэри, итIанэ къалмыкъ шейм хакIэж.
- Ямылейуэ ялъэса мэл е былым лъатэм кхъуей щIагъуэу хихыжынукъым.
- Къубатий Борис.
- Тхыдэм щыщ
- Нартхэм я Iэщэ-фащэр
- Нартыр гъуэгу техьэн, зекIуэ ежьэн и пэ къихуэу Iэщэ-фащэкIэ зызэщIеузадэ — зекIуэ ежьа нартым нэхъыбэрэ дэплъагъур шабзэрэ джатэрэщ; бжы е бжыщхьэ дыкъуакъуи зэрехьэ нартым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ шабзэри, джатэри, бжыри япэ дыдэ къежьа Iэщэхэм зэращыщым. Джатэ ящI щыхъуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъущIыр дунейм къытехьа нэужьщ, абы ипэ ящIащ шабзэмрэ бжымрэ, ауэ а тIури Iэщэ шынагъуэ щыхъуар гъущIыр къежьа нэужьщ: щIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIокIыж шабзэшэмрэ бжымрэ палъхьэу щыта гъущI папцIэхэр.
- Джатэм и гугъу умыщIыххэми, нартхэм я лъэхъэнэ лъандэрэ адыгэхэм зэрахьа шабзэмрэ бжымрэ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм къэсащ: шабзэрэ бжыкIэ зэщIэузэдауэ Кавказ зауэм хэтащ адыгэ шухэр. Хъан-Джэрии нэгъуэщI щыгъуазэхэми зэратхыжамкIэ, адыгэ зауэлIым зэрихьэ шабзэр Iэщэ шынагъуэт, ар фочым нэхърэ зэрынэхъ тIасхъэ щыIэтэкъым, фочышэр здынэсым шабзэшэри нэсырт, ар зыщIхэм (шабзащIэхэм) я IэщIагъэм пщIэшхуэ иIэт, адыгэ шабзэхэр куэдыкIейуэ ящэхурт нэгъуэщI лъэпкъхэм (Хъан-Джэрий щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кърым хъанхэм я дзэр зэрызэщIэузэдар адыгэхэм я деж къыщащэхуа шабзэт).
- Нарт хъыбархэм зэзэмызэщ къамэрэ сэшхуэрэ къыщыхэхуэр. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: къамэри сэшхуэри къыщежьар иужькIэщ — курыт лIэщIыгъуэхэрщ. Джатэм нэхърэ зэрынэхъ Iэрыхуэм гу лъата нэужь, адыгэхэм ящI хъуащ зи цIэр жыжьэ дыдэ Iуа сэшхуэр: адыгэ сэшхуэкIэ заузэдауэ щытащ, псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым и шуудзэм, езы «сэшхуэ» псалъэри урысыбзэм хыхьащ — аращ урысхэм я «шашкэр» къызытекIар.
- «Лэныстэ» псалъэм иджырей адыгэбзэм щиIэ мыхьэнэр зэрабз Iэмэпсымэщ. Ауэ къызыхэкIа латиныбзэм абы щиIар нэгъуэщI мыхьэнэщ: пасэрей латинхэр лэныстэкIэ зэджэу щытар Iэщэ лIэужьыгъуэщ — дротикщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэми апхуэдэ Iэщэ лIэужьыгъуэ зэрызэрахьам: дротик зыбжанэ я бгым ищIауэ шэс я хабзащ пасэрейхэм, бийм ираутIыпщурэ иризауэу.
- Пасэрейхэм, псалъэм папщIэ, алыджхэм, Iэщэ гуэр яIащ баллистэкIэ еджэу: абыкIэ мывэ ядзурэ къалэ блыныр якъутэрт. Пасэрей адыгэхэми апхуэдэ Iэщэ гуэр зэраIам щыхьэт тохъуэ нарт эпосыр: Гъуд къалэ къыщащтэм, нартхэм Батрэз къалэм дадзэ… Нарт эпосым апхуэдэ хъыбар къыщIыщызэтенар, дауи, щхьэусыгъуэншэкъым: баллистэ (къалэ зэракъутэ) Iэщэ пасэрей адыгэхэм ямыIатэмэ, я IуэрыIуатэм абы и лъэужь къыщызэтенэнутэкъым.
- Адыгэбзэм ихъумащ пасэрей Iэщэм (баллистэм) и цIэри — «мывэдз». «МывэдзкIэ» (баллистэкIэ) якъутэри, нартхэм Гъуд къалэ къащтащ (нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Гъуд къалэ мывэ сэреиблкIэ къэщIыхьауэ щытащ). Нарт эпосым къыхэнар а зы къалэм и цIэрами, пасэрей адыгэхэр, зекIуэ ежьэурэ, нэгъуэщI быдапIэхэми ебгъэрыкIуэу зэрыщытам тхыдэр щыхьэт тохъуэ.
- Къэрмокъуэ Хьэмид.
- Шхыныгъуэхэр
- Прунж кхъуейжьапхъэ
- Прунжыр зэхащыпыкI, фIыуэ ялъэсри, гъур хъуху ягъэгъущ. Прунж къабзэр яхьэжри, кхъузанэкIэ яухуэнщIыж. Шыуаным псы щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы джэдыкIэ кугъуэ уда зыхэлъ шатэ хакIэри, дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ а шатэ къэкъуалъэм, къыркуэ мыхъун щхьэкIэ зэIащIэурэ, прунж хьэжыгъэр хакIутэ. Шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу, зэзэмызи зэIащIэурэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ къагъавэ, тхъу къыщIидзыху. Абы кхъуей цIынэ хагъэщащэ, зэIащIэурэ шыгъушыпс хакIэри, щыуаныщхьэр техауэ дакъикъи 4 — 5 хуэдизкIэ, хьэзыр хъуху, ягъажьэ. Кхъуейжьапхъэ жьар пщтыру тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ щIыIэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ дашх. Шэ хуабэ трафыхьыж.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- Псы щIыIэу — г 50
- Шатэу — г 260-рэ
- ДжэдыкIэ кугъуэу — зы ныкъуэ
- Прунж хьэжыгъэу — г 15
- Кхъуей цIынэу — г 15
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
- КIэртIоф хьэнтхъупс
- Шыуаным тхъу иралъхьэри, мафIэ щабэм тету ягъэткIу. Абы зэпэплIимэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэри, зэIащIэурэ ягъэлыбжьэ, шыбжий сыр хьэжа хакIутэ, зэIащIэурэ тхъуэплъ дахэ хъуху ягъэлыбжьэ. Абы псывэ къагъэхьэзырам щыщ бэлагъкIэ зэIащIэурэ щIакIэ, зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъитI-щыкIэ къагъэкъуалъэ. Абы халъхьэ IупщIэурэ упщIэта кIэртIоф. Псывэ къэнар щIакIэжри, шыгъу хадзэ, зэIащIэ. Шыуаныщхьэр трапIэри, хьэзыр хъуху мафIэ щабэкIэ ягъавэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсыр пэшхьэкум къытрахри, джэдгын, бурш хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, дакъикъитхукIэ щагъэт. Пщтыру фалъэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх. Шати хэзыкIэ щыIэщ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
- Тхъууэ — г 40
- Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 35-рэ
- Псывэу — г 900
- КIэртIоф укъэбзауэ — г 200
- Шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
- тхылъым къитхыжащ.
- Дыщалъхуа щIыналъэм
- Испан псалъэжьхэр
- Сытым деж псалъэр щыдахэр?
- Хэхъуэ нэхъыбэ ущиIэм деж Iуэху нэхъыби къыплъыкъуокI.
- Фыгъуэм плъыфэ иIэу щытамэ, дуней псор фIыцIабзэ хъунт.
- Псалъэр щыдахэр гум къыщикIым и дежщ.
- Пщэдджыжь нэхущым къэтэджым ехъулIэныгъэр и Iэрылъхьэщ.
- Сыт хуэдэ гуфIэгъуэри IэфIу гум къонэ.
- ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ щыдахэр щызэгъусэм и дежщ.
- Бажэр бзаджэ щхьэкIэ, ари къаубыдащ.
- ГъэщIэгъуэнщ
- Алыфбейр къызэрежьар
- Лютер Мартин, Моцарт, Эдисон сымэ бын хырых яIащ, Маркс — 7, Шуман — 8, Чаплини апхуэдиз, тхыдэтх Соловьев — 12, математик Эйлер — 13, Толстой Леви апхуэдиз, Бах къуипщIрэ пхъуипщIрэ къыхуалъхуат.
- * * *
- США-м щыщ Рой Тимоти 1982 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м щIидзэри, махуэ 431-кIэ къемыхыу жыгыщхьэм фIэсат.
- * * *
- Тхыгъэ щхьэхуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1858 — 1865 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ирашу Тыркум цIыху мин 493-рэ Iэпхъуащ. Абыхэм ящыщу 45.023-р натыхъуейщ, 27.337-р абазэхэщ, 165.626-р шапсыгъщ, 74.567-р убыхщ, 17.000-р къэбэрдей адыгэщ.
- * * *
- Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыхуу щопсэу: Урысейм — 6, США-м — 42-рэ, Японием — 289-рэ, Инджылызым — 241-рэ, Франджым — 112-рэ, Китайм — 152-рэ, Бразилием — 19, Индием — 303-рэ, Италием — 189-рэ, Австралием — тIум тIэкIу щIигъу, Германием — 230-рэ, Израилым — 284-рэ, Индонезием — 108-рэ, Иорданием — 71-рэ, Пакистаным — 186-рэ, Сирием — 83-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — 72-рэ, Адыгэ Республикэм — 59-рэ, Дагъыстэным — 49-рэ, Ингушым — 78-рэ, Къалмыкъым — плIы иримыкъу, Къэрэшей-Шэрджэсым — 31-рэ, Осетие Ищхъэрэ — Аланием — 88-рэ, Шэшэн Республикэм — 82-рэ.
- * * *
- ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу Финикий сондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX — VIII лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт. Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз» «бука» хъуащ, абыи къытекIащ «азбука» псалъэр. Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ — дэри, адыгэхэми, урыс алфавитращ къэдгъэсэбэпыр.
- * * *
- КIэртIофыр къыщежьауэ къалъытэр Эквадорымрэ Перумрэщ. ХVI лIэщIыгъуэм и пэхэм а къэкIыгъэ хьэлэмэтыр абыхэм кърашри, Испанием къашащ, итIанэ Европэ псом лъэIэсащ, фIыуэ ялъагъуу, егугъуу ящIэуи щIадзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Урысейми къэсащ. Ауэ, пэжщ, абы щыгъуэ ди деж къэса кIэртIофымрэ нобэ къэдгъэкIымрэ зэщхьыжкъым, сортыщIэ куэд къагъэхъуащ, нэхъ бэви хъууэ, щIыпIэ нэхъ щIыIэхэри езэгъыу. Иджы кIэртIофыр Урысей Федерацэм и щIыпIэ куэдым фIыуэ щохъу. Ар иджы щIакхъуэ етIуанэуи ябж.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. Сыбыр щIыналъэм щыIэ къалэшхуэ, цIыхуу мелуанрэ ныкъуэрэ дэсу. 6. ПшахъуэщI. 7. Лъакъуэм ищIа лъэужь. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ. 11. БжэIулъэ. 12. Щхьэц … 13. Абы тутын иракIутэурэ ирофэ. 17. Шым и фIалъэ лъакъуитIымрэ и зы кIэбдз лъакъуэмрэ иралъхьэ лъахъэ. 19. … зэрыхьэ бей мэхъу. 20. Хьэцэпэцэ къэкIыгъэ. 21. КъурIэным щыщ Iыхьэ, нэмэз щащIкIэ жаIэу. 24. Нэхъапэм адыгэм я унащхьэр абыкIэ ягъэбыдэрт. 26. Сэхуран гъэлыгъуа тIэкIу-тIэкIуурэ зыщэхэм яшыхь тхылъымпIэ. 28. Унагъуэр къызэхинэри, ди гъунэгъу лIыр ежьэжащ, и … къурыкъуу. 29. Iэщым хузэхащIэ шхыныгъуэ. 30. Лъэс … 31. … зезыхьэ и Iэпэ йобзей. 32. Iэпхъуамбэхэм ар нэхъ цIыкIущ.
- Къехыу:1. ЦIыхухъуцIэ. Е Осетие Ищхъэрэ — Аланием хиубыдэ къалэ. 2. ФIы дыдэ гуэрым е егъэлеяуэ дахэм щхьэкIэ жаIэ псалъэ. 4. ЗэхэщIыкI щIагъуэ зимыIэ, щхьэдыкъ. 5. Пщэдейрей … нэхърэ — нобэрей бзу. 9. Хуабэ, кIапэ зылъэIэса хьэсэ явам къыщхьэщих бахъэ. 10. Куэдрэ щыта махъсымэм и щIэтIысыкI. 14. ПIалъэкIэ щIэсын хьисэпкIэ, губгъуэхэм, хъупIэхэм пхъэкIэ зэупсеяуэ щащI псэупIэ. 15. Япэ адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм ящыщ. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык и зы уэрамым. 16. Мэш хьэуазэ. 18. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 22. ХъуэпсапIэ, гуращэ. 23. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, мэкъумылэр щымащIэм деж ар шхэрей мэхъу. 25. КIыщокъуэ Алим и усэ цIэрыIуэ. 26. Языныкъуэ хьэрып къэралхэм я Iэтащхьэм зэреджэ. Е цIыхухъуцIэ. 27. Псы нэпкъ лъагэ е бгы щыхупIэ. 28. Пхъэщхьэмыщхьэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Накъыгъэм и 29-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:3. Щхьэ. 7. ПхъэцIыч. 8. Шэжыпс. 9. Пкъы. 10. Хьэжы. 11. Пхъэр. 12. БгъэрыщIэ. 13. КIумыхъу. 16. Чысэ. 18. Гур. 19. Егъу. 21. ЛаскIэ. 22. Сэлэт. 23. ЩхьэкIуэ. 26. Зым. 27. Ажэ. 31. Уэрэд. 34. Уардэ. 35. ЕнтIыр. 36. Ду. 37. КIуж. 38. КIэпхъ. 40. Гуимэ. 41. ХъумпIэцIэдж. 43. Псым. 44. Уэшх. 46. Гъубж. 47. ЩIэрыкIуэ. 48. Салимэ. 49. ЯтIэ.
- Къехыу:1. Пхъэхь. 2. Бырыб. 4. Хьэкъырш. 5. ХьэIупэ. 6. Епэр. 14. Молэ. 15. ХъуаскIэ. 16. Чылар. 17. Сытхъу. 18. Гуэщ. 20. Гъусэ. 24. ХьэмкIэ. 25. КIурацэ. 28. КIэрэхъ. 29. ХытIыгу. 30. Жумэ. 31. Уэд. 32. Деж. 33. Урым. 39. ЛъэмбытI. 41. ХъумакIуэ. 42. Джулат. 43. Пхъэх. 45. Хамэ.