ЩIалэгъуэ
2021-05-28
- ХьэрычэтыщIэ Iуэху
- ЩIэупщIэшхуэ зыгъуэта IэщIагъэ
- Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзыубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лиани илъэси 8 хъуауэ зыхэтыр. А Iуэхум зэрыдихьэхам, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам, япэу къехъулIа лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми хъыджэбзыр къытхутепсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- — Си IэщIагъэм и къежьапIэ хъуар изопх сысабийуэ вакъэхэр зэрагъэцIу крем къасщтэу ди унэм и кIэлындорым и блыныр фIыцIэу къезлэкIауэ зэрыщытам. Зы сурэт телъыджэ сщIам хуэдэу, си анэшхуэр абы еплъауэ щытащ, къызэшхыдэнуи къримыгъэкIуу. А зэманым щегъэжьауэ, сытемыпыIэу сурэтхэр сщIырт, хьэпIацIэщыгъэкIэ зыгуэрхэр зблэрт, уеблэмэ языныкъуэхэри сщэну схузэфIэкIырт. ГурыIуэгъуэт си къэкIуэнур гъуазджэм епхауэ зэрыщытынур. КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр къэзуха нэужь, студием сыщылэжьэну е нэхъ мыхъуми дизайнерым и дэIэпыкъуэгъуу IэнатIэ гуэр къэслъыхъуэну и ужь сихьащ. АрщхьэкIэ си гугъэр щхьэгъэпцIэж къудейт — зыщIыпIи сыкъащтакъым. Лэжьыгъэм си нэр къызэрыхуикIымрэ зэчий збгъэдэлъу езым къызэрысщыхъужымрэ мащIэу къыщIэкIащ. Ауэ седжэхукIэ Iуэхуншэуи сыщысатэкъым: си цIыхугъэхэм, си ныбжьэгъухэм проект нэхъ тынш цIыкIухэр яхуэсщIагъэххэт, зыгуэрхэри къызэхъулIат. Ауэ, пэжыр пэжщи, щIэупщIэ зиIэр Iуэхум хуэIэижь хъуа лэжьакIуэхэрт, щIэзыдзэ къудейм дежкIэ ар гугъусыгъут. Апхуэдэу щыхъуми, сыдзыхакъым. ХъыбарегъащIэхэр зратхэ Интернет напэкIуэцIхэм я зым и фIыгъэкIэ зыкъысхуагъазэри, япэ лэжьыгъэр къысIэрыхьащ. СхузэфIэкIыну? Зыкъысхуэзыгъэзахэр арэзы схуэщIыну пIэрэ? ЕджапIэм къыщIэсха щIэныгъэр схурикъуну? УпщIэ куэд си щхьэм щыкIэрахъуэрт. Бгым удэкIын щыщIэбдзэм къызэрыптехьэлъэм хуэдэщ лэжьыгъэм зыщеппщыт къудейр… тыншкъым, уогужьей. Ауэ абы уи къару нэхъыбэ епхьэлIэху, уи лэжьыгъэми нэхъ пэгъунэгъу ухуохъу, уи зэфIэкIми хохъуэ. Аращи щIэдзапIэм куэд елъытауэ къызолъытэ.
- Ахъшэ къыпэкIуэу япэ дыдэу сызэлэжьар шхапIэм и дизайныр щIынрат. IуэхущIапIэр зейм жесIащ зызгъасэ къудейуэ зэрыщытым щхьэкIэ пщIэншэу макетыр хуэсщIыну сызэрыхуейр. Ар арэзы хъуат, ауэ си лэжьыгъэр игу щыдыхьэм и уасэри къызитыжащ. Иужьым нэхъ куууэ зыхэзгъэгъуэзэн щIэздзащ дизайн IэщIагъэр зэрызэтепщIыкIыж лIэужьыгъуэ псоми, абыхэм ятеухуа курс куэди седэIуэжащ. Гъэлъэгъуэныгъэхэм щIэх-щIэхыурэ зыщысплъыхьырт, Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм сыхэтт. КIуэ пэтми, Iуэхум сызэрызыщIишэм гу лъыстэрт, иджы ар си гъащIэ Iыхьэ хъупащ. Сэ езым си IуэхущIапIэ къызэзгъэпэщыжауэ иджыпсту цIыхухэм садолажьэ, IэщIагъэлIхэри сиIэщ.
- — Лианэ, зэрысщIэмкIэ, ди республикэм къищынэмыщIа, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми ущолажьэ. Пэш гъэдэхэнымкIэ IэщIагъэлIхэр зэпэубыда?
- — Илъэс зытIущ ипэ къапщтэмэ, пэш, унэ теплъэхэр гъэдэхэным ехьэлIауэ дизайнерхэр ди мащIат, апхуэдэхэм я лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ яIэртэкъым. ЦIыхухэм нэсу къагурыIуэртэкъым дизайнерым ищIэм и мыхьэнэр. Нобэ ди IэщIагъэм ирилажьэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэми нэхъ яфIэкъабылу ди Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэп. Дизайн лэжьыгъэхэр щызгъэзэщIащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн республикэхэм.
- — Сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэр я гум нэхъ дыхьэрэ ди цIыхухэм?
- — Лэжьэн щыщIэздза япэ илъэсхэм цIыхухэр нэхъыбэу зыдихьэхыу щытар Барокко стилырщ — егъэлея цIуугъэнэхэмкIэ, хэIэтыкIа, лъапIафэ унэм къытезыгъауэ пкъыгъуэхэмкIэ я унэхэр ягъэдэхэну яфIэфIт. Куэд щIакъым, иужьрей илъэс зытIущырщ, абы къытекIыу классикэм нэхъ зыщыхуагъэзэжар. Иджы нэхъ къащтэ пэшыр лей щIэмыту нэхуу, хуиту щытмэ.
- — Сыт хуэдэ лэжьыгъэ нэхъ къохъулIа? Сыт нэхъ удэзыхьэхыр?
- — Дизайн Iуэхум сызэрыхэт илъэс бжыгъэм си ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэслъытэр ахъшэу къэзлэжьыфаракъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къэслъытэр гъащIэм апхудэ IэщIагъэ — гъуазджэм епхауэ сылэжьэну — Iэмал къызэрызитарщ. Къыхэгъэщыпхъэщ дизайнерым и лэжьыгъэм иIэ щIэупщIэм илъэс къэс зэрыхэхъуэр, абы зыуегъэужь уи хьэлкIи Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи. ЦIыхум садэлэжьэнырщ си дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэр. Псом хуэмыдэу творческэ цIыху гъэщIэгъуэнхэр зэзгъэцIыхуну, абыхэм садэлэжьэну сфIэфIщ. Сэ сыхущIокъу дэтхэнэ лэжьыгъэри ипэ итам къащхьэщызгъэкIыну, нэхъ удэзыхьэхын гуэр хэслъхьэну. Iуэхутхьэбзэр зыхуэсщIэмрэ сэрэ дыщызэгурыIуэм абы нэхърэ нэхъ лъапIэ си дежкIэ щыIэкъым. ЖысIэнкъым мы лэжьыгъэм гугъуехь пымылъу. Ауэ шхапIэ, хьэщIэщ, зыгъэпсэхупIэ, унэ, фэтэр — сыт хуэдэми сыщылэжьэну сфIэфIщ. Иужьрей зэманым и ужь сихьащ унэхэм къедзылIа щIапIэ- хэр, пщIантIэхэр гъэщIэрэщIэнми.
- — Уэ щапхъэу къэплъытэ дизайнер щыIэ?
- — Урысейм и дизайнер цIэрыIуэ куэдым я лэжьыгъэхэм сигу ирихьу зыхызогъэгъуазэ. Ауэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ сщIыр архитектор цIэрыIуэ, хьэрып дизайнер Хадид Захэ и творчествэрщ. ИкъукIэ цIыхубз телъыджэт, абы и лэжьыгъэхэр си дежкIэ узылъэмыIэс фIыгъуэхэм ящыщщ. Мы зэманым КъБР-м и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм сыхэтщи, дэтхэнэми зым адрейм и деж щIэ гуэр къыщещIэф, дызэдоIэпыкъу. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- — Уи лэжьыгъэхэр къохъулIэнымкIэ дэрэжэгъуэ сытым къуитрэ?
- — Творческэ IэщIагъэм деж «иджыпсту сытIысынщи, мурадыщIэ гуэрхэр къэзгупсысынщ», жыпIэу щыткъым, уеблэмэ апхуэдэу и ужь уихьэми, къохъулIэнукъым. Ауэ щIэ гуэрхэм зэпымыууэ улъыхъуэн хуейщ, нэхъ къызэрыгуэкIми зы телъыджэ гуэр хэплъэгъуэфу щытыпхъэщ.
- Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
- Гъуазджэ
- Фэеплъхэр зыгъэпсхэр
- Скульптурэр гъуазджэм и лIэужьыгъуэ нэхъ гугъухэм икIи зэман нэхъыбэ зытекIуадэхэм ящыщу къыщIэкIынщ. Ауэ дэтхэнэ лэжьыгъэри тхыдэм, зэманым и щыхьэту къоув, лIыхъужьыр е къэхъукъащIэр гъуджэм къригъэщыжми ярейуэ.
-
Тэрч къалэм щыщ скульптор ныбжьыщIэ Ащхъуэт Сослъэн и IэдакъэщIэкIым еувэлIэн ипэ, ар зытеухуар куууэ щIеджыкI. итIанэ а Iуэхур сурэту и нэгу къыщIэува нэужь, лэжьыгъэм и ужь йохьэ. Сослъэн ищIа скульптурэхэм ящыщу и гум щигъафIэр, мыхьэнэшхуэ зритыр и лъахэм триухуахэрщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Къэнжалыщхьэ зауэм и фэеплъыр, бжьамий зыIыгъ щIалэ цIыкIум и теплъэр, «Диоген» скульптурэхэр. Ахэр мызэ-мытIэу щIалэм щигъэлъэгъуащ выставкэ зэхуэмыдэхэм.
- Сослъэн сурэт щIыныр фIыуэ илъагъуу и адэ-анэм гу щылъатэм, художественнэ школым ягъэкIуауэ щытащ. Абдеж абы япэу щилъэгъуащ адыгэ сурэтыщIхэм — ТхьэкIумашэ Михаил, КIыщ Мухьэдин, Шемякин Михаил сымэ — я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм я IэщIагъэр зигу дыхьа щIалэр нэхъ егугъу хъуащ а гъуазджэм и щэхухэр къызэритIэщIыным. Гъуазджэм къызэрыхуигъэщIар и фIэщ щыхъум, Сослъэн щIэтIысхьащ Владикавказ дэт художественнэ еджапIэм. Абы щIэсыху, ар жыджэру хэтащ гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым. 2013 гъэм япэ увыпIэмрэ саугъэт нэхъыщхьэмрэ абы и лэжьыгъэхэм къыщыхуагъэфэщащ «Шемякиным и гъатхэ» зэпеуэм. Училищэр къыщиух илъэсым Ащхъуэтыр хэтащ Строгановым и цIэр зезыхьэ академием къызэригъэпэщ дунейпсо олимпиадэм. Абы пашэ зэрыщыхъуам и фIыгъэщ экзамен имыту ар скульптурэмкIэ кафедрэм и япэ курсым, профессор Бурганов Александр и нэIэм щIэтым, зэрыщIэхуар. Апхуэдэу щIалэр Москва къыщыхутащ.
- 2019 гъэм къиуха еджапIэ нэхъыщхьэм щIэсыху Сослъэн щхьэх имыIэу дунейпсо зэхьэзэхуэхэмрэ щIалэгъуалэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ хэтащ.
- ЩIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм яхэтщ СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зи гъащIэр пыщIауэ щыта Этуш Владимир и бюстыр. «Лэжьыгъэр сыщIохъуэпс сыкъыщалъхуа Тэрч къалэм щагъэувыну, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Этуш Владимир Тэрч щIыналъэм щызэуащи. А лIы цIэрыIуэр къызэралъхурэ етIанэгъэ илъэси 100 ирикъунут. Сыхуейт Тэрч къалэм щIыхь зиIэ а цIыхум и фэеплъыр абы ирихьэлIэу ягъэувыну», — жеIэ Сослъэн.
- Иджыпсту Ащхъуэтыр щолажьэ Урысейми дуней псоми зи скульптурэхэр щагъэува, УФ-м и цIыхубэ художник Щербаков Салават и лъэщапIэм. Мы зэманым зэхьэзэхуэм хуегъэхьэзыр Невский Александр и фэеплъым и эскизыр.
- — СеджэхукIэ, ар школ, лицей, академие ирехъуи, гъэсакIуэфI куэдым сахуэзащи, дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт художественнэ школым сыщезыгъэджа Къатей Арсен, гъуазджэр фIыуэ зэрыслъэгъуам абы и гуащIэ хэлъщ, — дыщIегъу Ащхъуэтым.
- Сослъэн зэрыжиIэмкIэ, тхыдэм и лIыхъужьхэм я скульптурэ щIыным къызэрымыкIуэу дехьэх. И IэдакъэщIэкI нэхъ купщIафIэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ академиер къыщиухым пщы ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и фэеплъ ищIауэ щытар. И лъагагъкIэ метрищрэ ныкъуэм щIигъу лэжьыгъэм и купщIэр адыгэ лъэпкъым и хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, 2008 гъэм Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Осетинскэмрэ я зэпылъыпIэм деж щIыпIэ хухихауэ щытащ а цIыхушхуэм и фэеплъ щагъэувыну.
- — Диплом лэжьыгъэм илъэс псо текIуэдащ. Ар зэпкърысхыжын хуей хъуащ, ауэ абы и дэтхэнэ пкъыгъуэри си щхьэм къинащи, сыт хуэдэ зэманми сеувалIэу щIэрыщIэу схуэщIыжынущ, — жеIэ Сослъэн. — Апхуэдэ скульптурэ ин селэжьыну Iэмал сызэриIам мыхьэнэшхуэ иIэщ, си къэухьым зригъэужьащ. Сэ нэхъыбэу си гъуазэр КъБР-м и пащхьэ щиIэ щIыхьым папщIэ орденыр зыхуагъэфэща ТхьэкIумащIэ Михаил и IэдакъэщIэкIхэрщ.
- Ащхъуэт Сослъэн и мурадхэм ящыщщ Кавказым и щэнхабзэм нэхъ куууэ зыщигъэгъуэзэну, нарт эпосым теухуа фэеплъ зыбжанэ ищIыну. ЩIохъуэпс и IэдакъэщIэкIхэр Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я цIыху цIэрыIуэхэм триухуэну.
- Курпыгъу Синэ.
- Узыншагъэ
- И зэфIэкIым хегъахъуэ
- Бахъсэн къалэм щыщ ЛIыгъур Юрий Москва дэт дунейпсо онкологие центрым лучевой терапиемкIэ и къудамэм и дохутырщ, абы къыдэкIуэу Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Урысей университетым и ординатурэм «радиологие» IэщIагъэм щыхуоджэ.
- Мы зэманым ар зыхэт гупыр йолэжь онкологие центрыр бжыгъэ лэжьэкIэм тету къызэгъэпэщыным, сымаджэхэм япэIэщIэу я узыншагъэр зэрызэфIэувэжыр къапщытэфын, кIэлъыплъын папщIэ.
- — Ди лъэпкъым дохутыр е дзэм и лэжьакIуэ хэтауэ сщIэркъым. Ауэ щIэныгъэм хуэпабгъэ унагъуэм сыкъыщыхъуащ: си анэшхуэр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щытащ, си анэр библиотекэм и лэжьакIуэщ, си адэр гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи си гъуазэщ, — жеIэ дохутыр щIалэщIэм. — ЩIэныгъэ уиIэным зэпымыууэ ухуэпабгъэу щытыпхъэщ, икIи зыгуэр къохъулIэн папщIэ, къарурэ ерыщагърэ ухуейщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм сыхуэзыгъэIущар унагъуэращ, ауэ фIыщIэшхуэ щIахуэсщIыр езым си гъуэгур къыхэсхыжыну си адэ-анэм хуитыныгъэ къызэрызатарщ.
- 2008 гъэм Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №4-р дыщэ медалкIэ къиуха нэужь, ЛIыгъурыр щIэтIысхьащ Кировым и цIэр зезыхьэ дзэ медицинэ факультетым. И IэщIагъэм епха лэжьыгъэм япэ лъэбакъуэхэр хуичын щIидзащ академием дохутырхэр щагъэхьэзыр (Дзэ-хы флотым щхьэкIэ) и факультетым. Курсант фащэм къыщыщIэдзауэ дохутырым и хъэлат хужьым щыщIэкIыжу жэуаплыныгъэ ин зыпылъ гъуэгуанэ къызэпичынуи ар хунэсащ: Кавказым, Сирием и Дзэ-тенджыз флотым (медицинэ IэнатIэм и унафэщIу) къулыкъу щищIащ.
- ЩIалэм и къалэнхэр щIыхь пылъу егъэзащIэ, и зэфIэкIым зэрыхигъэхъуэнуми и ужь итщ. Апхуэдэуи жеIэ Хэкум къигъэзэжыным и гур зэрыхузэIухар.
- IэщIагъэ нэхъ гугъухэм ящыщым зезыпщыта ЛIыгъурым и ехъулIэныгъэхэм ятеухуауэ хъыбар куэд дяпэкIи зэхэтхыну дыщогугъ.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
- Щэнхабзэ
- Къафэр зи гъащIэ
- Алътуд къуажэм къыщалъхуа Лу Сюзаннэ и сабиигъуэм щыщ Iыхьэшхуэщ ЩэнхабзэмкIэ унэм щигъэкIуащ, и анэр абы щылажьэрти. Езыми зыкъыкIэримыгъэхуу, музыкэ школым фортепианэм щыхуеджащ, къэфэнри зыхилъхьэ щымыIэу зригъэщIат.
- Иджы Сюзаннэ Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и IэщIагъэлIщ, апхуэдэуи сабий къэфакIуэ ансамбль абдеж къыщызэригъэпэщауэ илъэси 7 хъуауэ гуп егъасэ.
- А гъуэгуанэм техьэн ипэ, Сюзаннэ 2015 гъэм къиухащ КъБКъУ-м и Физико-математикэ факультетым медицинэ физикэмкIэ и къудамэр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэту къыщалъхуа къуажэм игъэзэжа нэужь, абы къыгурыIуащ зэрыцIыкIурэ зыхэт щэнхабзэ Iуэхум епхауэ лэжьэну зэрыхуейр икIи IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуам арэзы ирихъуащ. 2020 гъэм «ЦIыхубэ технологическэ университет» мыкоммерцэ автоном IуэхущIапIэм IэщIагъэлIхэр зэригъэхьэзыр и программэм хыхьэу, «къэфэнымкIэ гъэсакIуэ» цIэр къыхуагъэфэщащ.
- Зи лъэпкъ тхыдэм пщIэ хуэзыщIыу къэгъуэгурыкIуэ Алътуд къуажэм къыдэкIуэтей и щIэблэр адыгэ щэнхабзэм дригъэхьэхын мурад иIэущ Сюзаннэ щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым епхауэ «Горный родник» къэфакIуэ гупыр къыщIызэригъэпэщар.
- Сюзаннэ и лэжьыгъэмкIэ къызэщIеубыдэ цIыкIухэр спортым, щэнхабзэм, волонтёр лэжьыгъэм хэшэныр.
- — Щэнхабзэм ехьэлIа лэжьыгъэм дыкъытеувыIэмэ, къафэм сабийхэр гупищу гуэшауэ къокIуалIэ. Нэхъ цIыкIухэр (зи ныбжьыр илъэси 5 — 14 хъухэр) зыхэт гупитIым сабий 99-рэ къокIуэ. «Жемчужинка», «Горяночка» гъэфIэныцIэхэр абыхэм яфIэсщащ. Я ныбжьыр илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ 30-м нэс хъухэр зыхэт гупыр цIыху 25-рэ мэхъу, — жеIэ Сюзаннэ.
- Абы и къэфакIуэ цIыкIухэм я зэфIэкIыр къуажэми районми щекIуэкIа Iуэхухэм мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуащ. «Горный родник» ансамблыр илъэс къэс «Прохладненская весна» фестивалым хэтщ, апхуэдэуи «Подари улыбку миру» щIыналъэ зэпеуэм и зы лIэужьыгъуэ «Лъэпкъ къафэ» Iыхьэм япэ увыпIэр къыщахьащ. «Хабзэм и хъумакIуэхэр» район зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуа иужь, лъэпкъ щэнхабзэр зэрахъумэмрэ я Iэзагъэмрэ къыхигъэщу, Прохладнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм ЩIыхь тхылъ гупым къыхуигъэфэщащ. Ансамблыр ирагъэблагъэ республикэм щекIуэкI щэнхабзэ Iуэхухэми. Апхуэдэ зыщ КъардэнгъущI Зырамыку и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ ирагъэкIуэкI зэхыхьэхэм дэрэжэгъуэ ин яхэлъу зэрыхэтыр.
- — Ди къуажэм илъэсым и кIуэцIкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпеуэхэр щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ. Дэ ди къалэным хохьэ гупхэр зэщIэдгъэуIуэу апхуэдэ спорт джэгухэм етшэлIэну. КъищынэмыщIауэ, волонтёр лэжьыгъэри зэдгъэтIылъэкIыркъым икIи абы папщIэ къызэдгъэпэща гупым цIыху 20 хэтщ, къуажэми, районми, республикэми щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру я гуащIэ халъхьэу, — жеIэ Сюзаннэ.
- АЛЪХЪО Дыжьын.
- Iуэху еплъыкIэ
- Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ
- Лъэпкъ къэс езыр иригушхуэу иIэщ и анэдэлъхубзэр. Апхуэдэщ адыгэхэми къыддалъхуа ди бзэр — ар куэдкIэ адрейхэм къащхьэщокI. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ адыгэбзэм и макъхэр гугъу дыдэхэм ящыщу, къэпсэлъыгъуейуэ. Ауэ дэ езым ди дежкIэ абы нэхъ дахи, нэхъ къулеи, нэхъ тынши щыIэкъым.
- Бзэр лъэпкъым догъуэгурыкIуэ, зеужь, ар зейм яIурылъмэ, унагъуэм исхэр ирипсалъэмэ, щIэблэм ирагъащIэмэ. Лъэпкъыр псом япэу зэкъуэзыгъэувэфынур анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэщ. Ар нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр, и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр, зэрихьэ хабзэмрэ дуней тетыкIэмрэ къыбжезыIэр и бзэращ.
- ЩIэныгъэлIхэм къабжащ дунейм бзэуэ миних щызекIуэу. Апхуэдэуи ирогузавэ абы и ныкъуэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм. Къэралышхуэхэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэхэр нэгъуэщIхэм щыхэшыпсыхьыж къохъу. КъищынэмыщIауэ, нобэ гъащIэм щытепщэ Интернетым и зэрани къыдокI, бзэм теухуауэ къапщтэмэ.
- Бзэм ирипсалъэм я бжыгъэр хэщIыурэ екIуэкIмэ, къамыгъэсэбэпыжмэ, бзэхыжыну аращ. Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэркъым, апхуэдэу щыхъукIэ — ар щымыIэ пэлъытэщ.
- Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ. А тIур зэпэIэщIэ хъунукъым, зэгъусэу щытын хуейщ. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдэдгъэкIун хуейщ.
- Унагъуэм къыщыщIедзэ щIэблэм бзэр Iурылъу къэхъуныр. «Адыгэбзэр сыткIэ къытхуэсэбэпыну?» — жызыIэхэр пхэнжу гупсысэу, щIэныгъэ ябгъэдэмылъу къызолъытэ. Апхуэдэхэм къагурыIуэркъым лъэпкъыр зыхъумэр езы бзэр арауэ зэрыщытыр. Ухуеймэ, ухуакIуэу лажьэ, ухуеймэ, дохутыр IэщIагъэр къыхэх — нэхъыщхьэр гурэ псэкIэ укъызыхэкIа лъэпкъым ущыщынырщ.
- ГъащIэм сыт хуэдэ гъуэгу щыхишами, цIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ. Акъылым и лъабжьэр бзэращ. ТхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Уэхъутэ Абдулыхь, МэшбащIэ Исхьэкъ, Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, Бемырзэ Мухьэдин сымэ адыгэбзэр шэрыуэу къыщIагъэсэбэпыфар я адэшхуэ-анэшхуэхэм, я нэхъыжьыфIхэм анэдэлъхубзэр екIуу, нэгъэсауэ яIурылъти аращ. Ар щIыжысIэращи, ди анэдэлъхубзэр тхъумэным хэкIыпIэ куэд иIэщ: унагъуэм бзэр къыщыдгъэсэбэпын, ди тхакIуэ щэджащэхэм я тхыгъэхэм деджэн, адыгэбзэкIэ къыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ унагъуэ къэс къаIэрыгъэ- хьэн, радиомрэ телевиденэмрэ адыгэбзэкIэ ягъэхьэзыр нэтынхэр нэхъыбэу къагъэлъэгъуэн. А псори Iуэху гугъукъым, абы щыгъуэми, сэбэп хъунут цIыхубэм адыгэбзэр зыхрагъэщIэнымкIэ. Уи щхьэ, уи лъэпкъ бгъэлъэпIэнумэ, уи бзэм хуэфащэ гулъытэ хуэщI — нэгъуэщI Iэмал щыIэкъым анэдэлъхубзэр ирипхъумэну.
- КЪУЭДЗОКЪУЭ Фаридэ.Бахъсэн къалэ