Лэжьыгъэр къапщытэж
2021-04-20
- Тэрч район сымаджэщыр 2020 гъэм зэрылэжьар къыщапщытэж зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, абы и къуэдзэ Алъхъэс Аскэр, ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым и унафэщIым и къуэдзэ Полупановэ Галинэ сымэ.
- БлэкIа илъэсым кърахьэлIа лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Бахъсэнокъуэ Залым. Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэщIригъэубыдащ медицинэ IуэхущIапIэм и IэнатIэ псори икIи къыхигъэщащ блэкIа илъэсхэм елъытауэ зыужьыныгъэ зэраIэр. Апхуэдэу ар къытеувыIащ, хабзэ хъуауэ, илъэс къэс цIыхухэм я узыншагъэр къэпщытэнымкIэ ирагъэкIуэкIхэм, IуэхущIапIэм и финанс-экономикэ щытыкIэм, нэгъабэ жэпуэгъуэм и 28-м щегъэжьауэ мы гъэм гъатхэпэм и 10 пщIондэ сымаджэщым хэта госпиталым и лэжьыгъэм.
- Бахъсэнокъуэм и гугъу ищIащ КъБР-м и щIыналъэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъуми. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ медицинэ IуэхущIапIэхэр Iэзагъ лъагэ зиIэ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ хэкIыпIэ хъарзынэщ «Къуажэ дохутыр» программэр. 2019 — 2020 гъэхэм дохутыр ныбжьыщIэу 5 IэнатIэ ягъэуващ, IэщIагъэлI 30-м щIигъум я Iэзагъэм хагъэхъуащ.
- ЗэIущIэм и кIэухым Бахъсэнокъуэ Залым 2021 гъэм зыхуагъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэр къигъэлъэгъуащ икIи жиIащ Тэрч районым и цIыхухэм унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ фIагъ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр яIэрыхьэным хуэунэтIауэ я лэжьыгъэр зэраубзыхуар.
- КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам дохутырхэм фIыщIэ яхуищIащ пандемием и лъэхъэнэ хьэлъэм зэкъуэту гугъуехьхэм зэрыпэщIэтам папщIэ, апхуэдэуи къыхуриджащ адэкIи жэуаплыныгъэ яхэлъу я IэнатIэр ирахьэкIыну.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.