ЩыIэщ насыпкIэ зыхуэхъуапсэу, Дэ ди Тхьэм фIыгъуэ зыхуищIа: «Вагъуэщ» щIыжаIэм и зы хъуаскIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ химына
2021-04-20
- Си ныбжьым дэрэ дызэгуроIуэ
- Артист IэщIагъэм мыхьэнэ нэхъ зиIэу хэлъыр актёрым зэпэщIэуэ дыдэ образхэр къигъэщIыну Iэмал къызэрыритырщ: гъащIэр зытепщIыкIыжыну зыхуэфащэ, щапхъэ пхуэхъуну цIыхухэри, гужьгъэжь яхууиIэу уахуэгубжьыну фIэкIа къэзымылэжьхэри. Актёрым и IэщIагъэр къехъулIэн папщIэ, роль гъэщIэгъуэнхэмрэ режиссёрыфIымрэ и насып яхэлъу къызэрыщIэкIым нэмыщI, езыр щхьэх зимыIэ цIыхуу щытыпхъэщ. Актрисэм и къалэн нэхъыщхьэу сэ къэслъытэр къигъэлъагъуэ цIыхубзхэм я псэм щызекIуэр нэсу зыгуригъэIуэнырщ, яхэмылъ яхимылъхьэу, ауэ икIи я хьэлым кIэримыгъэхуIауэ.
- Ролым сыщихьэм деж къэзгъэлъагъуэ цIыхум и хьэлыр зэрыхъукIэ IупщIу утыку къызэрисхьэным иужь ситщ. Сэ сфIэфIщ зэрызахуэм шэч къытезымыхьэ цIыхубз хахуэхэм я роль згъэзэщIэну, псалъэм папщIэ, Островскэм и «Гу пщтырым» хэта Парашэ, е Ануй Жан и «Медея»-м хуэдэхэр. ФIыщэу солъагъу Васильевым и «Дуней жэнэт» пьесэм хэт си Лилие хахуэри. Апхуэдэщ Чепуриным и «Уэсхэр» пьесэм щыщ Василинэ, сигу кIэрыпщIащ Салынскэм и «Бэрэбэнауэ пщащэм» хэт Снижко Нилэ.
- Къыхэпха IэщIагъэр фIыуэ плъагъуным, гугъуехьым ущымышынэным псори елъытащ, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ ролми псэмрэ пкъымрэ я къаруушхуэ токIуадэ. Узыщысхьыжу фэрыщIыгъэ бжьиз зэрыхэбгъахуэу, театреплъым абы гу лъитэнущ, IэщIэкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Куэд елъытащ узэрызыкIэлъыплъыж щIыкIэми, IэпкълъэпкъкIэ бэшэчу ущытынми. Адыгэ цейм сызэщIикъузауэ, си сабийр дунейм къытехьэным махуэ бжыгъэ фIэкIа имыIэжу Лашын и ролыр згъэзэщIауэ щытащ. Хъыджэбзыр мазитI фIэкIа хъуатэкъым, абы дэгызэ къыхуэсщтэу сценэм сыщихьэжам. Сигу къыдэмыжу зы репетицэ щыдэзгъэхуа къысхуихуакъым.
- СегъэгуфIэ театреплъхэм я фIыщIэ псалъэхэм. ЦIыхухэм я дзыхьыр — хъугъуэфIыгъуэ лъапIэщ. Ахэр сымыгъэщIэхъун папщIэ слъэкI къызэрызмыгъэнэным сыт щыгъуи иужь ситщ.
- Сегъэнэщхъей зыри къащыфIэмыIуэхум деж. ЩыIэщ театреплъ, дэтхэнэ спектаклми утригъэун фIэкIа нэгъуэщI къалэн имыIэу къыщыхъуу. И гу быдэр имыгъэпIейтеин папщIэ, афэ джанэ щитIэгъам ещхьу щысщ, зым и гум щыщIи, цIыху гукъеуи къыфIэмыIуэхуу.
- Сызозэгъыж. Дэтхэнэ актрисэри щIохъуэпс лъагъугъуафIэу къызэрынэным. Абы щхьэкIэ узыншагъэ быдэ уиIэн хуейщ. Сэ зэи сиIакъым ахъшэшхуэ зытекIуадэ щхьэцщIэщи сэхусэплъхэлъхьи, сыт щыгъуи сызыкIэлъоплъыж, лэжьапIэм лъэсу сокIуэ, куэдрэ хьэуа къабзэм сыхэтыну сыхущIокъу. Сытми, си фэм сытеукIытыхьыжыркъым, сызэригугъэмкIи, си ныбжьым сэрэ дызэгуроIуэ.
- СыщIохъуэпс гъащIэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзауэ екIуэкIыным.
- Фи КIунэ
- Адыгэ сценэм и вагъуэ
- ЦIыхур нэхъыбэрэ зытепсэлъыхь, зытетхыхь хабзэр нэхъыфIу зыхищIыкI, фIыуэ илъагъу цIыхурщ. ЖьакIэмыхъу КIунэ лъэпкъ сценэм зэритрэ, зыгуэркIэ зэщхьу я теплъэм и мызакъуэу, я гупсысэкIи, я хьэл-щэнкIи зэтехуэу тIу яхэмыту, роль куэд игъэзэщIащ.
- Творческэ и лъэныкъуэкIэ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэмылъ джэгуакIуэ Iэджэми зыкъомкIэ арэзы дыкъащIу, роль гуэрхэри сценэм щагъэзащIэ. Хэт и теплъэкIэ дыдехьэх, хэт и макъыр егъэлеяуэ дахэщ, хэти режиссёрым къыхуигъэува къалэныр тэмэму егъэзащIэри, художественнэ образ жыхуэтIэр къимыгъэщIыфми, тлъэгъуам гущIыIэ-псэщIыIэу дыкъигъанэми, дыдэзыхьэха гуэр бгъэдэлъщ. КIунэ и лэжьыгъэм хэткъым ар зытемыгузэвыхь, «зыщымышынэ» роль, ар роль нэхъыщхьэ дыдэу щIы е къызэрыгуэкI цIыху гуэруи щрырет. Пэжщ, апхуэдэу ущытыным, апхуэдэу упсэуным къыпхуихьыр зыщ — гъащIэр хьэлъэ ещI, гумахэ уещI, упIейтей зэпытрэ псэхупIэ уи псэм имыгъуэту укъегъанэ. КIуни апхуэдэущ зэрыпсэур, нэгъуэщI щIыкIэм тетуи псэуфынукъым. Ар псалъэ хэIэтыкIауэ зыми къремылъытэ: талант жыхуэтIэж Iэзагъ иныр убгъэдэлъыныр фIыщ, насыпщ, ауэ егъэлеяуи гугъущ. Апхуэдэ Iэзагъ куур насыпыр, мылъкур пэжмэ, ЖьакIэмыхъур икъукIэ насыпыфIэщ икIи къулейщ.
- КIунэ роль псоми тогузэвыхь, псоми ягъэпIейтей. Къэтщтэнщ Ануй Жан и трагедие «Медея» жыхуиIэм хэт Медея. КъыпхуэмыIуэтэн хуэдизщ а образым и кууагъыр, а цIыхубзым и гум щыщIэмрэ и гъащIэм къыщыхъумрэ. УпщIэ куэд къоув. Зи IэкIэ зи бын зыукIыж цIыхубзыр а Iуэху шынагъуэм, а Iуэху гуIэгъуэм хуэзышар сыт къару? Ар уи гумрэ уи псэмрэ пхыбгъэкIын хуейкъэ, ар щIилэжьам и щхьэусыгъуэр театрым кIуа цIыхухэм я фIэщ пщIын хуейкъэ? Езы джэгуакIуэм ар хузэфIэкIын щхьэкIэ, сыт хуэдэ къару хэлъыпхъэр?
- Хьэмэрэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» трагедием хэт Тыргъэтауэ? Дуней псом зи лIыгъэр щыцIэрыIуэ мэуэтхэм я дзэзешэу IэщэкIэ зи хэкур зыхъумэж адыгэ цIыхубзым и образ куур мыкIуэдыжыну ди лъэпкъ щэнхабзэм хигъэуващ ЖьакIэмыхъу КIунэ. Тыргъэтауэ и образыр ЖьакIэмыхъум къызэриIуатэмкIэ, ар лIыхъужьыгъэ зезыхьэ цIыхубз къудейкъым, ар и бынми хуэгумащIэщ, и щхьэгъусэми хуэIущабэщ, и адэм дежкIэ пхъу гуапэщ, и ныбжьэгъухэм я чэнджэщэгъущ. Ерум еруугъэ, цIыху гуапэм гуапагъэ фIэкIа думылъагъуфмэ е бгъэдумылъхьэфмэ, ухудожниккъым. Аращ ЖьакIэмыхъум щхьэкIэ тегушхуауэ художник щIыжытIэр. Художник щIэхъужыр абы къищтэ цIыхур е Iуэхур зы лъэныкъуэкIэ икIи лъэныкъуитI къудейкIэ мыхъуу, лъэныкъуэ куэдкIэ ди пащхьэм къыщызэIуехри аращ.
- Ауэ, а зи гугъу тщIыхэм нэхърэ нэхъ мащIэу тегузэвыхьакъым джэгуакIуэр, псалъэм папщIэ, «Гуащэ ябгэм» хэт гуащэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ЖьакIэмыхъум дежкIэ ролышхуэрэ роль цIыкIурэ щыIэкъым, щыIэр лэжьыгъэ куурэ IэхъуэгъуэтегъэкI лэжьэкIэрэщ.
- КIунэ игъэзэщIа роль псори зы къупхъэм къигъэхуауэ зэщхьу щыткъым. Абы сценэм къыщигъэщI ролхэм удэзыхьэхыу, гукъинэж пщызыщIу яхэлъыр сыт? Абыхэм я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр, я псалъэхэр, я IуэхущIафэхэр, я гуауэр, гуапэр — псори пэжкIэ гъэнщIащ. Ахэр нэщхъеймэ, пэж дыдэу, нэщхъеягъэ яIэу, гуфIэмэ, я гъащIэм гуфIэгъуэ гуэр къыхэхъуауэ аращ. Лопе де Вегэ и «Лауренсия» пьесэм хэтым жылэм цIыхубзу дэсыр зэщIигъэсту командорым пэщIэувауэ илъ щIыщищIэжыр а цIыху мыхъумыщIэм зэрихьэ лейр игу техуэркъым, цIыхубзхэм я щIыхьыр езыхэм ямыхъумэжмэ, командорым хуэдэ бзаджэнаджэхэр кIуэ пэтми зэрыудэфэнур фIыуэ къыгуроIуэри аращ.
- Абы хьэлкIи, щэнкIи, и дуней тетыкIэкIи — зыкIи ещхькъым Толстой Алексей и тхыгъэ «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» хэт Ефросинье. Шолоховым и «ЩIыщIэ къэIэтам» хэт Лушкэщи, и гъащIэр зыхуэгъэпсар лъагъуныгъэрщ, цIыхухъум хуищI лъагъуныгъэр.
- КIунэ къигъэщI «хьэлхэр» зыкIи зэмыщхь пэтми, абыхэм я образ сценэм щигъэзащIэхэр зым зэрепх — пэжым, образхэм лъы зэращIэтым, псэ зэраIутым. Сценэм щытлъагъу дэтхэнэ образми псэ яIуту къытщагъэхъуну артистхэр хэтщ, ауэ ар къызэмыхъулIэр гъунэжщ. Ахэр мэпсалъэ, Чеховми зэрыжиIауэ, шей йофэ, я щыгъыныр зэрахьэ, мэдыхьэшх е къогубжь, ауэ а псоми дагъэпIейтейркъым, дагъэгупсысэркъым, ди гумрэ ди псэмрэ зыщIашэркъым. Апхуэдэу щIэхъур а образхэр къэзыгъэщI джэгуакIуэри пIейтейркъым, и псэр хилъхьэркъыми аращ.
- ЖьакIэмыхъу КIунэ гъащIэм нэхъыбэу дахагъэ хэзылъхьэ цIыхущи, абы езыри насыпыфIэ ещI. ЕубыдылIауэ деупщIмэ, тегушхуауэ «сынасыпыфIэщ» жызыIэн цIыху куэд урихьэлIэркъым, ауэ КIунэ и лэжьыгъэр сыт хуэдизу мыхьэлъами, къанэ щымыIэу и гъащIэ псор абы Iихми, насыпыфIэу зебжыж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и лэжьыгъэхэмкIэ цIыхухэм я нэгу зрегъэужь, егъэгупсысэ, нобэ къэскIэ я нэгу щIэмыкIа гуэр ярегъэлъагъу, гъащIэм и кууагъыр, и дахагъыр цIыхухэм яхузэIуех, я дуней еплъыкIэми зрегъэузэщI. Ар, дауи, насыпщ.
- Ди лъэпкъ сценэм КIунэ щилэжьыр ди щэнхабзэм и налкъутналмэсщ.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ
- щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ
- Къуэдзокъуэ Хьэсэн.
- Нэм фIэбэр Iэбэм еух
- ЖьакIэмыхъу КIунэ ролу 130-м щIигъу игъэзэщIащ, абыхэм я нэхъыбэри и творческэ ехъулIэныгъэу щытащ. Абыхэм ящыщщ Медея («Медея», Ануй Ж., режиссёрыр Кулиев Б., 1968 — 1969 гъэхэм), Лауренсие («Мэл псынэ», Лопе де Вегэ, режиссёрыр Кулиев Б., 1969 — 1970 гъэхэм). Тыргъэтауэ («Тыргъэтауэ», IутIыж Борис, Фырэ Руслан и гъэувыгъуитIми, 1988 гъэм, Теувэж СулътIан щигъэувами, 1996 гъэм), Снижко Нилэ («Бэрэбэнауэ пщащэ», Салынский Афанасий, режиссёрыр Ерчэн Леонидщ, 1968 гъэм), Ефросинье («Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Толстой Алексей, режиссёрыр Фырэ Русланщ, 1987 гъэм), Отрадинэ-Кручининэ («Хейуэ мысэ ящIахэр», Островский Александр, режиссёрыр Теувэж СулътIанщ, 1995 гъэм), Алмэстхъан («Гуащэмыдэ хьэблэ», IутIыж Борис, режиссёрыр Джэху Р., 1979 гъэм), нэгъуэщIхэри.
- ЖьакIэмыхъу КIунэ щыджэгуащ тхакIуэхэу Мольер Жан-Батист, Лабиш Эжен, Вольтер Франсуа, Каплер Алексей, Лопе де Вегэ, Ануй Жан, Тома Робер, Арро Владимир, Шоу Бернард, О’Нил Юджин, Лермонтов Михаил, Островский Александр, Чехов Антон, Толстой Алексей, Шолохов Михаил, Арбузов Алексей, Салынский Афанасий, Ширванзаде Александр, Айтматов Чингиз, Думбадзе Нодар, Чхеидзе Александр, Иоселиани Отиа, Байджиев Мар, Ибрагимбеков Рустам, Кайтов Сергей, Шамхалов Манаф, Гаглоев Владимир, Мережкэ Виктор, Криценкэ Александр, Мирошниченкэ Николай, Шатров Михаил, Шагжин Цырен, Чепурин Юлий, Лохвицкий Михаил, Абдуллин Ибрагим, Варфоломеев Михаил, Черемисин Борис, Злобин Николай, Матуковский Николай, Володарский Эдуард я пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэм. Абыхэм ягуэтщ адыгэ тхакIуэхэу Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, ЩоджэнцIыкIу Алий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Шэт Ш., Къатхъэн Ш., Дудар Хьэутий, Абышэ А., Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Шортэн Аскэрбий, IутIыж Борис, Журт Биберд, Акъсырэ Залымхъан сымэ я пьесэхэри.
- КIунэ ди труппэм я гъусэу Мэзкуу къалэм мызэ-мытIэу щыджэгуащ. Гастроль щыIащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетием, Шэшэным, Дагъыстэным, Къалмыкъым, Абхъазым.
- Сэ уэ дахэр уезгъэщхьынут…
- ЖьакIэмыхъу Хьэжбарэрэ Жэмгъуразхэ Сэлихьэтрэ 1919 гъэм унагъуэ зэдащI. Я бын нэхъыжьищыр: Хьэжысмел, Хужьпагуэ, Жанпагуэ сымэ абыхэм Кэнжэ къуажэм щагъуэт. Унагъуэр Шытхьэлэ Iэпхъуа нэужь, Розэ, Жансурэт, Хьэпагуэ, КIунэ сымэ къащIохъуэ.
- 1945 гъэм ЖьакIэмыхъу Хьэжбарэ дунейм йохыж. КIунэ и анэм сабииблыр зэщIипIэ къудей мыхъуу, псоми IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ ярегъэгъуэт.
- КIунэ, дэтхэнэ сабийми хуэдэу, зэманыр сыт хуэдэу мыхьэлъэми, дахагъэрэ гъащIэм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ Тхьэр зыхуэупса сабийти, дунейр тIэу пкIэгъуэ хуэхъуртэкъым. Дэтхэнэ зы хъыджэбз цIыкIуми ещхьу, гуащэ хьэпшып джэгурт, уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, кIэ имыIэу и благъэхэм я пащхьэм зыкъыщигъэлъагъуэрт. КIунэ, нэ пIащэ хъужауэ, лъагъугъуафIэт, Iущыцэти, зыгуэрым зыпищIыжыну фIэфIт: хуэмыхъу бостей кIыхьышхуэр зыщитIагъэрти, хьэблэм дэсыр игъэдыхьэшхырт, ягъэщIагъуэу дахэу джэгурт, къафэрт, уэрэд жиIэрт. «Фыкъаплъи, фыкъэдаIуэ, — жаIэрт, — мы цIыкIум артист ин къыхэкIынкIэ!»
- КIунэ игу къегъэкIыж: «Си анэмрэ си адэмрэ я деж къыщежьа, си лъым къыхалъхьа гуэрщ мы IэщIагъэр къыхэсхыным сытезыгъэгушхуар. Си адэр сщIэжыркъым, илъэситху си ныбжьу арат ар дунейм щехыжам, ауэ, зэрыжаIэмкIэ, абы макъ дахэ иIэт, уэрэд жиIэн фIэфIт. Си анэри арат: макъамэ Iэмэпсымэ куэдым еуэфу, уэрэд жиIэу, сурэт ищIыфу щытащ. Бынибл зыпIам уэрэд щыжиIэн дакъикъэ куэди къыхуихуагъэнкъым, ауэ «Мимэ мимэр» дахэ дыдэу жиIэу зэрыщытар си тхьэкIумэм итщ. Ди анэр Налшык и тету щыта Къылышбийм и щхьэгъусэм и благъэт. ЩIалитI быну яIэт, ауэ езыр Iейуэ хъыджэбз цIыкIу ехъуапсэрти, пхъу ищIыну хуейуэ си анэр зейхэм къаIихри, и щIалитIым ядипIат. ИлъэсиблкIэ а унагъуэм зэрисам и фIыщIэкIэ, урысыбзэр фIы дыдэу ищIат, макъамэ Iэмэпсымэхэм, сурэт щIыным хуэIэкIуэлъакIуэт — ахэри щIалэ цIыкIуитIыр зыхурагъэджам щыщ гуэру езыми къищIауэ арагъэнт. Си анэр дахэ дыдэу зэрыщытам къинэмыщIауэ, щIэныгъэм зэрыпэлъэщын акъыл жан зиIэ цIыхут, ауэ зэман хьэлъэмрэ бын куэдымрэ и щхьэ кърагъэIэтакъым. ХузэфIэкIарати, быниблым IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ ягъуэтынымкIэ и къару еблэжакъым. «Щыгъынри, унэлъащIэри, мылъкури зыми щыщкъым, фи щхьэ зэрыфпIыжын IэщIагъэ фиIэнырщ нэхъапэр», — къыджиIэу щытащ.
- Си анэр щIэхъуэпсырт дзэ дохутыр сыхъуну. СедаIуэри, медучилищэм си тхылъыр щIэслъхьащ. А махуэ дыдэхэм ирихьэлIэу къалэм хъыбарегъащIэ щызолъагъу къафэмрэ уэрэдымкIэ ансамблым хагъэхьэн къызэрыхахыр иту. Зыми яжезмыIэу сокIуэ. Мис а дакъикъэр арагъэнщ си лъым зыкъыщызигъэщIар.
- ЖыхуаIа зэманым ирихьэлIэу сокIуэ, уэрэд жрагъэIэурэ нэхъ макъ дахэ зиIэхэр къыхахыу арати, къащтахэм сэри сахэхуащ. «Пщэдей щыщIэдзауэ фыкъэкIуэн хуейщ, нотэхэр фэдгъэцIыхун щIэддзэнущ», — жаIэри дыкъаутIыпщыжащи, согузавэ: дауэ мамэрэ си дэлъху Хьэжысмелрэ яжесIэну? Сытогушхуэ си дэлъхум «зэхэсщIыхьар» хуэсIуэтэну. Лъэпкъым щхьэкIэ зигъэлIэжынут абы. Апхуэдэ цIыхухэр куэдрэ псэуркъым, жыхуаIэм хуэдэт Хьэжысмел, адыгэм я щэнхабзэм, я псэукIэм, я щIэныгъэм ехьэлIа ехъулIэныгъэ щыIэххэмэ, и щхьэкIэ къеуэлIа фIыгъуэ гуэру фIэкIа къилъытэртэкъым. Хьэжысмел бзэ щIэныгъэлIу щытащ, ар яхэтащ япэ адыгэ-урыс псалъалъэ зыгъэхьэзырахэм, лъэпкъ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжа ди щIэныгъэлIхэм.
- — Ди анэм и жагъуэ хъуну къыщIэкIынщ дохутыру уемыджэмэ, — щыжиIэм, уи щIалэгъуэмэ тегушхуэгъуафIэкъэ, а псори схуздэхьыну си гугъэу Хьэжысмел къэзгъэгугъащ медучилищэм и экзаменри стыну. Пэж дыдэу, диктант стхыри «4» къэсхьат, ауэ къыкIэлъыкIуэ экзаменым сыкIуэжакъым. Къафэмрэ уэрэдымкIэ ансамблым зы мазэкIэ сыщылэжьауэ, Хьэжысмел сыздешэри театрым докIуэ. Спектаклым щIидзэн ипэ Атэлыкъ Тэзрэт, Токъуий Хъусен, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд сымэ епсалъэу Хьэжысмел щытащ, сэ лъэныкъуэкIэ сыIукIуэтауэ. Хъусен нэхъ сыкъицIыхурти: «Мо цIыкIур уи шыпхъуракъэ?» — жиIэри еупщIащ си дэлъхум.
- — Аращ.
- — Ростов къалэм дэт театр училищэм щрагъэджэну цIыхуипщI хуэдэ ягъэкIуэнущ. Щхьэ абы бгъакIуэу уемыплърэ?
- — Медучилищэти, хорти жиIэу, зэ зымкIэ, зэ адреймкIэ зедз. Хуейуэ щытмэ, уэлэхьи, сэ сыпэрымыуэну, — жиIащ Хьэжысмел. Ар зэхэсхауэ сыкъыпхуэгъэувыIэжынт! Ростов ягъакIуэхэр къыщыхахыр адыгэ театррати, абдеж къыщызодаIуэ, Пушкиным, Островскэм, Крылов сымэ я тхыгъэ гуэрхэм сыкъызэреджар ноби фIы дыдэу сощIэж. «Ухъунущ», — къызжаIащ.
- Сызыхыхьа хорым сыкъыхамыгъэкIыжыну захъунщIами, къызатын хуей тхылъ тIэкIур ЩэнхабзэмкIэ министерствэм къыщысIэщIалъхьэри, Хьэжысмел сригъэжьащ, сеткэм шхын тIэкIу илъу, си щыгъын мащIэр зи фэр текIыжа шумэдан цIыкIум дэлъу сIыгъыу. ИгъащIэм Налшык нэхъ жыжьэ мыкIуа сэ, дауи, сигъэгужьеят Ростов. Училищэм уезышалIэ трамвайм сыкъикIри, си пIэм сижыхьам хуэдэу, къэувыIэпIэм сыкъытенащ. Гъуэгум гугъу сыщехьами, къыспэплъэ экзаменхэм щхьэкIэ сышынэжами Тхьэм ещIэ — сыщытщ, си акъылыр сщхьэщыкIам хуэдэу. ЦIыхубз гуэрым гу къыслъитагъэнти, къызбгъэдыхьэри: «Щхьэ ущыт, дэнэ уздэкIуэн хуейр?» — жиIэри къызэупщIащ. Дауи, си теплъэм къиIуатэрт къуажэм сызэрыщыщыр. «Ленинскэ комсомолым и театрым сыкIуэну арат», — жесIащ.
- — АтIэ, зэплъэкI, гъуэгум узэпрыкIмэ щыт унэращ, — къызжиIэри, цIыхубзым зыкъызигъэщIэжащ. Арати, а зи гугъу сщIа сеткэмрэ шумэданымрэ зэрысIыгъыу экзамен щат пэшым сыщIыхьащ, Iуэхур и кIэм нэсауэ сыIухьати. А щIыкIэм тету сыщIэтIысхьэри, илъэсиплIкIэ сыщеджащ Ростов къалэм дэт театр училищэм.
- Лэжьыгъэм и щытхъу
- КIунэ зэрылэжьакIуэшхуэм куэд тепсэлъыхьащ, зыцIыху дэтхэнэми ар ещIэ. Лэжьыгъэм зэрызритыфым, Тхьэм кърита макъымрэ теплъэмрэ зэриIэм, лъыкIэ анэдэкIуэу абы зэчий зэрыбгъэдэлъым къагъэщIа КIунэщ ар. И лэжьыгъэкIэ зыгуэрым щытхъу къихьмэ, КIунэ абыхэм я пашэщ.
- И лэжьэкIэм къыхуихьыжа пщIэуэ КIунэ къалэ Советми (1968 — 1970), Совет Нэхъыщхьэми (1985 — 1990) я депутату хахауэ щытащ. Абы ирихьэкI лэжьыгъэшхуэхэм папщIэ профсоюзым и обкомым, ВЛКСМ-м и обкомым, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, театрым, Президентым и щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу абы къыхуагъэфэщащ ДАХ-м и саугъэтымрэ Урысей Артиадэм и саугъэтымрэ.
- Абрагъуэ
- Гъуазджэм укъыхуалъхуауэ, абы урилажьэу, урипсэууэ щытыныр насып хьэмэрэ насыпыншагъэ? Абы зэхуэмыдэу жэуап епт хъунущ.
- Насыпщ, гъуазджэм фIэкIа нэкуи напIи уимыIэмэ. Уигури, уи псэри, уи зэманри абы тегъэпсыхьамэ. Гъуазджэм щыбгъуэт гурыфIыгъуэхэм нэхъ гукъыдэжышхуэ къозыт щымыIэмэ. Псом ящхьэращи, ущIыблэхъуэпсыкIын щхьэусыгъуэ имыIэу, уи гъащIэр абыкIэ нэсу гъэнщIа, из хъумэ.
- ЦIыхур дэни щыцIыхущ. Гъуазджэми. ЩIэныгъэми. Сыт хуэ- дэ лэжьыгъэми. Дэтхэнэри псэуну хуейщ. Ехьэжьа дыдэу мыхъуми, и щхьэм пщIэ хуищIыжыфын, мыгъуагъэ хуимыхьы- жын хуэдэу. Аращ, мис а иужьрейращ, гъуазджэм укъыхуалъхуныр зэрынасыпышхуэр пщIэ пэтми, «хьэмэрэ насыпыншагъэ?» жыпIэу дэщIыбгъуну уигу къэзыгъэкIыр.
- Гъуазджэм и лэжьакIуэхэр къивэву щыпсэуа зэмани зыгъэп-сэуа тепщэгъуи щыIауэ е щыIэу къыщIэкIынукъым. Ахэр игъащIэми ящыщщ нэхъыбэрэ ягъэхущхьэхэм, ягъэщатэхэм. IуэрыIуатэм и бзэкIэ жытIэнщи, зи шатэжь мыгъуатэхэм, зи дзажэжь мыхыжьэхэм.
- КъэхъукъащIэ щхьэхуэхэм щхьэкIэ зэманыр, гъащIэр къызэрымыувыIэм ещхьу, гъуазджэм зиужьыныр, Тхьэм и шыкур-кIэ, зэи зэпыуркъым, абы хуэпэж цIыхухэри я пкъыр щIэлIэу тIысыжыркъым.
- Апхуэдэу гъуазджэм зи гур хуитхьэщIыкIахэм ящыщ къудей мыхъуу, я нэхъ пажэ закъуэтIакъуэхэм яхохьэ адыгэ сценэр куэд щIауэ зыгъэбжьыфIэ, зэрылъэпкъыу фIыуэ къацIыху, къалъагъу ЖьакIэмыхъу КIунэ.
- Гугъущ КIунэ и IуэхущIафэм кIэщIу утепсэлъыхьыныр, сыту жыпIэмэ, ар иным къыщынэжыркъым — абрагъуэщ. УрипIейтейуэ, «Дауэ хъуну пIэрэ?» жыпIэурэ уригузавэ зэпыту 120-м щIигъу ролу мазэ бжыгъэкIэрэ бгъэхьэзырын, бгъэзэщIэн жыхуэпIэр къызэрымыкIуэу Iуэху гугъущ. Ар екIурэ-ещхьу, нэгъэсауэ зыхузэфIэкIа актрисэм, зигу ирихьахэм ди щытхъум и мызакъуэу, хуэфащэт театрхутэхэм я гулъытэ нэси.
- КъеббжэкIыни ущIыщытхъуни и гъунэжщ КIунэ, спектакль мащIэм щыджэгуа, роль мащIэ игъэзэщIа, ари, и нэхъыбэм роль нэхъыщхьэ защIэу, къарууи-псэрууи уиIэр зэхьэлIэн хуей ролхэу.
- Дэ жыдоIэ амплуа щыIэ хьэмэ щымыIэ? Абы куэд щIауэ иризодауэ, уризэдауэ щIэхъун щхьэусыгъуэхэри щыIэщ. АтIэми, нэхъыбэм шэч къытетхьэркъым амплуа зэрыщыIэм, актёрхэм ящыщ куэдыр зы джэгукIэ гуэрым нэхъ хуэщIауэ, тегъэпсы- хьауэ зэрыщытым, а зытегъэпсыхьам къытепшмэ, апхуэдэхэр къыпхуэмыцIыхужу къарууншэ хъункIэ зэрыхъунум.
- Дунейпсо театр гъуазджэм къикIуа гъуэгуанэм ущриплъэжкIэ, къыбощIэ, пасэм щыгъуэ амплуахэр абыхэм ятегъэпсыхьа актёрхэм егъэбыдылIауэ, «трагик», «комик», «лIыхъужь» жыхуиIэхэм хуэдэу гуэшауэ зэрыщытар.
- Актёр гъуазджэм и зы апхуэдэ лъэныкъуэр къыпхуэIэтмэ, абыкIэ нэгъэсауэ цIыхур къыдэпхьэхыфмэ, ари фIы дыдэщ. Ауэ щыIэщ дэтхэнэ амплуами хъарзынэу изагъэ, сыт хуэдэ образми тыншу ихьэф актёрхэр. Мис апхуэдэхэм ящыщщ ЖьакIэмыхъу КIуни.
- Пэжщ, КIунэ «трагик» амплуам къыхуигъэщIауэ жыпIэ хъунущ, абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэри, зэрыжытIауэ, гъунэжщ, ауэ… Ауэ дигу къэдвгъэгъэкIыжыт ар щыджэгуа комедие къомыр, хьэлэмэтыщэу игъэзэщIа роль дыхьэшхэнхэр: «Яшэм-рэ къэзышэхэмрэ», «Гуащэ ябгэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм КIунэ наIуэ къыщи-щIащ, драмэр, трагедиер зэрызыхищIэм ещхьыркъабзэу, гушыIэри нэгъэсауэ къызэрыгурыIуэр, дыхьэшхэну, абы щыгъуэ- ми эстетикэм и хабзэхэм ящхьэпрымыбэкъукIыу цIыхум зэрабгъэдилъхьэфыр.
- КIунэ псом хуэмыдэжу къохъулIэ гупсысэ куухэр, узыгъэпIейтей, укъызэщIэзыIэтэ гурыщIэ инхэр къэгъэлъэгъуэн щыхуей ролхэр, спектаклхэр.
- Пьесэ зытххэр арэзы дыщIыгъуейщ. Куэдым гу зылъамытэ, кърамыдзэ щхьэусыгъуэшхуэ иIэщ абы. ТхылъымпIэ хужьым бгъэдэтIысхьэу мазэ бжыгъэкIэ, илъэс бжыгъэкIэ пьесэм елэжь драматургыр а къигупсыс персонажхэр езым игъэджэгуурэ матхэ. Арыншэу пьесэр пьесэ хъунукъым, псалъэхэм я щIыбагъым актёрхэр щыбгъэджэгуурэ умытхмэ. Апхуэдэурэ зэIупща пьесэр, уи нэгу къыщIэбгъэхьэурэ бжыгъэншэу «бгъэджэгуа» персонажхэр уи пьесэм къытращIыкIа спектаклым хыумыгъуэтэжмэ, къыщыпхуэмыцIыхужмэ, сценэм щыплъагъур уэ узэригугъэм жыжьэуи гъунэгъууи емыкIуалIэмэ, нэхъыщхьэращи, емыфIэкIмэ, жыпIэ-жумыIэми, пфIэфI хъуркъым.
- АтIэми, къохъу ар къызыхэптхыкIа гупсысэхэм, гурыщIэхэм режиссёрри актёрри хъарзынэу щытехуэ. Псом нэхърэ нэхъыфIыжыр «Ар щхьэ сэ сигу къэмыкIарэт?» жыпIэу узэзыгъэупщIыж гъэщIэгъуэн, щIэ гуэрхэр щыхалъхьэм, урагъэхъуэпсэжу щагъэувым, щагъэзащIэм дежщ. Мис апхуэдэ лъэкIыныгъэ зиIэ актрисэщ ЖьакIэмыхъу КIунэ. Ар ящыщкъым, я натIэ ирагъэкIын щхьэкIэ, къиджэгун хуей тIэкIур къиджэгуу сценэм къикIыжхэм. Апхуэдэр зэи и щхьэ трилъхьэнукъым КIунэ, сыту жыпIэмэ и IэщIагъэм хуэпэжщ. Абы фIы дыдэу ещIэ: гум къыбгъэдэмыкIыр гум нэсынукъым, зумыгъэлIалIэу, къыпфIэмыIуэхуу, уигу хэмыхьэу сценэм уиту зыбжанэ-рэ укъалъагъумэ, щIэх дыдэу театракIуэхэр пыIукIуэтынущ.
- Актёрым анэдэлъхубзэр гъэхуауэ, ириджэгуу, удихьэхыу, текстым и «щIыфэр» зыхэзыщIэр, къыхэгъэщхьэхукIыпхъэм- рэ «щIэбзэу» къэнэн хуейхэмрэ зэхигъэкIыфу, ди бзэм и хаб- зэм, театр адыгэ гупсысэкIэм тегъэпсыхьауэ текстым и архитектоникэр иухуэфу щытын хуейщ. Ар къохъулIэн щхьэкIэ, псом япэрауэ, бзэр пщIэ къудей мыхъуу, зыхэпщIэу, абы ухапIыкIауэ, псалъэхэм я мыхьэнэхэм нэмыщIкIэ, текстым щагъуэт мыхьэнэ гуэдзэхэри къэппхъуэтэфу, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм къарыкIымрэ я къэхъукIамрэ хъарзынэу ущыгъуазэу, сценэм щыжыпIэ псалъэхэм интонацэ и лъэныкъуэкIэ ахэр тыншу хэбухуэнэфу ущытын хуейщ.
- КIунэ хуэдэу ар къызэхъулIэ щыIэкъым, адыгэ сценэм иIэн хуей культурэ лъагэм хущIэкъухэм, абыкIэ щапхъэ зытепх хъунухэм ящыщщ.
- IутIыж Борис,
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ,
- УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- 2006 гъэ
- Адыгэ театрым и Жыг-Гуащэ
- «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм…» гущэхэлъ ныбжьым итауэ зыщIэж ди лъэпкъым дыкъэзыухъуреихь дунейм и теплъэгъуэ дэтхэнэми (псэ зыIутми зыIумытми) зыкъыхигъэбелджылыкIыртэкъым.
- Зи гугъу тщIы дэтхэнэ теплъэгъуэми псэ Iуту игъэувырт адыгэм. Пхъэм и дежкIэ зигъазэрти, и дауэр къригъэIуатэрт, зэрывэ витIым захуигъазэрти, ящIэнакIэрт, выжь бэджэндымкIэ зыкъигъэзэжырти, игъэтхьэусыхэрт, бжьэхэм я тхьэ Мелисэ и Iэгъуапэм бжьитI къригъэлъэтыжыр-ти, зэдэвууэ накъыгъэм хиутIыпщхьэрт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, щIыуэпсым епсалъэкIэрэ, хэдэIухькIэрэ, адыгэр и псэм дэлажьэрт. Хьэлэмэтщ, лэжьыгъэм я нэхъ гугъум, нэхъ пщIэнейм адыгэр щыпэрытым дежи, джэгуныр лэжьыгъэр къэзыгъэпсынщIэ Iэмал хъурт. Адыгэм игу къинэжа ди джэгуакIуэшхуэхэр цIэрыIуэ зыщIари, я псалъэр зэпадзыжу къыщIэнари, лъэпкъым игъэпса къызэрыгуэкI джэгукIэращ. Зи гугъу тщIы джэгуакIуэжьхэм я къуэпсрэ я щIэжрэ нобэрей ди джэгуакIуэхэм я гуащIэм, псынэпс къабзэ цIыкIуу, къыщыщIимывыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Мыр псом япэу уигу къэзыгъэкIыр ЖьакIэмыхъу КIунэщ. Абы игъэзэщIа Медея («Медея», Ануй Жан), Лауренсие («Лауренсия», Лопе де Вегэ), Тыргъэтауэ («Тыргъэтауэ», IутIыж Борис), Снижко Нилэ («Бэрэбэнауэ пщащэ», Салынский Афанасий), Ефросинье («Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», Толстой Алексей), Отрадинэ-Кручининэ («Хейуэ мысэ ящIахэр», Островский Александр) ролхэм ар наIуэ къытщащI.
- УкIуэцIрыплъмэ, ди лъэпкъыр шкIащIэ увыкIэу зэрызэфIэувэрэ, бзылъхугъэм бгъэдилъхьэ теплъэр, IэщIагъэр, зыIыгъыкIэр, зекIуэкIэр, псэлъэкIэр, цIыху хэтыкIэр зы лIэщIыгъуэмрэ къыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэмрэ зэтемыхуэ пщалъэхэм итащ. Сыт хуэдэ роль имыгъэзэщIами, мы зи гугъу тщIыр Iэзащэу театреплъхэм ябгъэдилъхьэну зэчиишхуэ КIунэ бгъэдэлъщ. Мы зэчийр КIунэ, шэч хэмылъу, анэкъилъхуу Тхьэм къыбгъэдилъхьащ, абы ищIыIужкIэ, емызэшу, езыр нобэр къыздэсым толажьэ. Ди насыпщ апхуэдэ джэгуакIуэ зиIэ адыгэм.
- ЖьакIэмыхъу КIунэ адыгэ театрым и Жыг-Гуащэщ. Ар гъащIэм зэрыхэпсэукIынрэ псэм зэрыдэлэжьэнрэ къилъыхъуэурэ къиугъуея хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ къызэщIакъуауэ зыбгъэдэлъ цIыхубз теплъэ зиIэ Жыг-Гуащэщ. Лъэпкъ гупсысэкIэ щIым и гъунэм къыщыкI Жыг-Гуащэм деж кIуэурэ, ахэр къыбгъэдэзыхыфырщ гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэр, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэным хуэлажьэр.
- ЦIыпIынэ Аслъэн,
- КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и
- Адыгэ IуэрыIуатэ къудамэм и унафэщI,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик.
- 2007 гъэ
- И япэ ролыр щэм и щIагъщ
- ЖьакIэмыхъу КIунэ и творческэ зэфIэ-кIыр училищэм и егъэджакIуэхэм ящIэр-ти, студентхэм я диплом лэжьыгъэу къащта спектаклым, Горький Максим и «Иужьрейхэр» пьесэм къытращIыкIам, Коломейцевэ Софье и ролыр щигъэзэщIэну къыхуагъэфэщат.
- Театровед Мер Еленэ тетхыхьауэ щытащ ЖьакIэмыхъу КIунэ Софье и образыр сценэм зэрыщигъэзэщIам. Абы итхыжащ: «Зи щхьэм фIыуэ тхъугъэ хидза, щыгъын фIыцIэкIэ зэщыхуэпыкIа, нэщхъеирилэу хэплъэ цIыхубз мыщIалэжыр сценэм иту плъэгъуамэ, ар къыпхуэцIыхужынтэкъым студенткэ ЖьакIэмыхъу КIунэу. КъыпхуэцIыхужынтэкъым, апхуэдизкIэ ар а образым ихьати. Уеблэмэ псалъэншэу къыбгурыIуэрт а цIыхубзыр зэрыс унагъуэр псалъэмакъ зэрыщымыщIэр. ИлI гущIэгъуншэр къаугъэшыуэ, и къуэ нэхъыжьыр жьэ бзаджэ зыщIэт, гулъытэ лъэпкъ анэм хуэзымыщIт, абы къыдэкIуэу ипхъу нэхъыжьыр щхьэхуещэу, курытыр — цIыху укIытэншэу, нэхъыщIэр — уэрамгъэбжьыфIэу зэрыщытым и удын хьэлъэм фэбжь къызытрадзэ анэм и шыфэлIыфэм хуэфащэ теплъэрэ зыIыгъыкIэрэ тэмэму къыхуегъуэт КIунэ. Софье-ЖьакIэмыхъур хущIокъу, мы дунейм зы Iэмал щыIэххэмэ, и бынхэр гъуэгу захуэм тришэну: зым дахэкIэ йопсэлъылIэ, адрейм — чэнджэщ ирет, ещанэм — щIогубжьэ, ауэ анэм и псалъэхэм зыри едаIуэркъым. И бынхэр гъуэгу тэмэм зэрыхутемышэжынур хьэкъыу щызыхищIэкIэ, ищIэнур имыщIэу гъащIэ гъуэгущхьэ зэхэкIыпIэм анэр къытонэ. Софье и образымкIэ КIунэ щIэмычэу жиIэр зыщ — дэтхэнэ анэми къигъуэтыфын хуейщ ем зэрытекIуэн къарурэ хэкIыпIэрэ, и бынхэр насыпыфIэу щытын папщIэ. Арыншауэ бынхэр насыпыншэ хъумэ — псом япэ насыпыншэу езы анэр къонэ. Софье и ролымкIэ КIунэ, а зэма-ным студенткэ хъыджэбз щIалэм, хуэфащэу къилэжьащ артисткэ цIэ лъапIэр».
- Арати, КIунэ и диплом лэжьыгъэр «тхукIэ» етри, училищэр ехъулIэныгъэкIэ къеух.
- Бейбутов Рашид и къуэ Инвер иригъэджати, КIунэ чэнджэщ къритат Ростов къалэм дэт театрым къэнэну. Адыгэ хъыджэбзыр апхуэдиз-кIэ фIыуэ къалъэгъуат, и зэфIэкIри къалъыта-ти, Ростов и мызакъуэу, нэгъуэщI къалэхэми къикIыурэ, удэзыхьэх псалъэ IэфIхэр къыжраIэрт.
- Еджэныр зэриухыу, ар ирагъэблэгъауэ щытащ ГДР-м щыIэ урыс театрхэм ящыщ зым, Ереван къалэм дэт, Станиславскэм и цIэр зезыхьэ урыс драмэ театрым, Горькэм и цIэр зезыхьэ Ростов театрым. Училищэр щытхъу пылъу къэзыуха актрисэ щIалэр езым и деж щигъэлэжьэну хуейт Къэбэрдей-Балъкъэр Урыс къэрал драмэтеатрым и унафэщI Яралов Александри. Ауэ ЖьакIэмыхъум Къэбэрдей театрыр къыхихащ.
- Лэжьэн зэрыщIидзэу ехъулIэныгъэр занщIэу абы къыхуэкIуауэ жыпIэ хъунущ.
- КIунэ игу къегъэкIыж: «Къыщызгъэзэжам театрым и Iуэхухэр фIы дыдэт, артистхэри зи ахъырзэманыгъуэт, сыт хуэдэ пьесэми пэлъэщынущ, жыпIэу.
- Сызыпэмыплъа гуапагъкIэ къысIущIахэщ сэ театрым щылажьэхэр. Абы и зы щхьэусыгъуэр сэ нэхърэ нэхъ щIалэ зэрахэмытыр арагъэнт. Илъэс 23-рэт сызэрыхъур абы щыгъуэ. ДыщэкI КIунэ, Балъкъэр Калисэ, Сонэ Мухьэрбий, Сибэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий сымэ, нэгъуэщIхэ- ми, я нэIэ къыстрагъэтащ, къыздэIэпыкъуащ зэралъэкIкIэ. «Зэныбжьэгъуищ» жыхуиIэ спектаклрат япэ дыдэу сыщыджэгуар. Абы ДыщэкI КIунэрэ ТIыхъужь Алийрэ хэтти, утыку къызэрихьэххэу IэгуауэкIэ ирагъэблагъэрт. СощIэж, я дэ ди Тхьэ, сэри зэгуэр апхуэдэу цIыхухэм пщIэ къысхуащIу сыхъуну пIэрэ, жысIэу абы сыщIэхъуэпсу зэрыщытар. КIэлъыкIуэу Бэлэ и ролырт къызатар. Абы щыгъуэ си дэлъху Хьэжысмел мыгъуэр сымаджэщым щIэлъти, къыщIэкIри абы еплъат. Спектакль нэужьым нытхыхьащ, артистхэр псори фIыуэ ицIыхурти. Дауэ къыпщыхъуа, жыхуэсIэу сыщеплъым: «СыукIытэу си щхьэр есхьэхакъым», — къызжиIащ. Щытхъу къызыжьэдэшыгъуей си дэлъхум, адэ папщIэу ткIийуэ къытщхьэщытым ар къызжиIэныр си дежкIэ мащIэтэкъым».
- Зыми емыщхь
- ЖьакIэмыхъу КIунэ и теплъэкIи, и лэжьыгъэхэмкIи, сценэм и образхэр зэрыщигъэзащIэмкIи, адыгэбзэр зэригъэIумкIи зэчий зыбгъэдэлъ актрисэ зыхужаIэм хуэдэщ. Ди адыгэ теат- рыр игъэдахэу, игъэбжьыфIэу, и лъагагъыр иIэту илъэс куэд щIауэ ар мэлажьэ.
- КIунэ адыгэбзэр егъэбзэрабзэ, егъэшэрыуэ, гъуазджэм гъуэзэджэу трегъэлажьэ. Ар зыхэт спектаклхэр цIыхубэм яфIэфIу, цIыху бжыгъэкIи нэхъыбэ абыхэм къекIуалIэу щытщ. Абы и ролхэр нэгъэсауэ, куууэ зэригъэзащIэм къыхэкIыу, сыт хуэдэ ролри къохъулIэ. И теплъэкIи, и щытыкIэкIи, и Iуэху щIэкIэкIи цIыху дахэщ КIу- нэ. Ролышхуэхэм и гур нэхъ етауэ, Iуэхушхуэ зэригъэзащIэр ищIэу, итхьэкъуауэ йолэжь ар.
- Зэманыр пщIэншэу имыгъэкIуэдуи Iэзагъым кIуэ пэтми хигъа- хъуэу КIунэ мэлажьэри, иджыри куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу, Тхьэм куэдрэ и Iуэху дахэ дигъэлъагъу. Ди театр гъуазджэм апхуэдэ цIыху зэрыдиIэм хуабжьу дрогушхуэ.
- Тут Заур,
- УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м, КъШР-м,
- АР-м я цIыхубэ артист.
- Къэжэр Борис
- Актрисэм деж
- Ди Тхьэшхуэм сощIэр и захуагъэр,
- Зым хуэзэу псори иримыт.
- Акъыл хэт щощIэ, хэт дахагъэ,
- Зэчий е пщIэ хэт имыгъуэт.
- Уэ сыпхуэзэхукIэ, а гупсысэм
- КъыщIокIыр сэ сыщигъэуа,
- Е укъэсцIыхури мы си псэм,
- НэгъуэщI пэжыгъэ къихута?
- ЩыIэщ насыпкIэ зыхуэхъуапсэу,
- Дэ ди Тхьэм фIыгъуэ зыхуищIа:
- «Вагъуэщ» щIыжаIэм и зы хъуаскIэ
- ЖьакIэмыхъу КIунэ химына.
- Лъэпкъыр дрогушхуэ
- Ди КIунэ еджапIэр къыщиухам щыгъуэ IуэхущIапIэ зыбжанэм ирагъэблэгъат щылэжьэну. И дэлъху Хьэжысмел къыжриIауэ щытащ: «Урысейр губгъуэм къинэнкъым, абы артист и куэдщ, къэгъэзэжи, ди адыгэ лъэпкъ театрым хуэлажьэ».
- Адыгэ лъэпкъри къызыхэкIа ЖьакIэмыхъу лъэпкъри КIунэ дрогушхуэ. Ар лэжьыгъэкIэ зи пщIэ къэзыхьыжа цIыхущ. Щэ и уасэу а зыр къыдитащ Тхьэшхуэм.
- КIунэ и джэгукIэр цIыхухэм ягу ирихьу зэхэтхмэ, фIыуэ къалъагъуу къыджаIэмэ, лъэпкъым ар тфIэфI къудей мыхъуу, насып Iыхьэу къыдолъытэ.
- Лъэпкъым и фIыщIэр цIыхухъум ягъэIумэ, ди шыпхъум и унагъуэцIэр фIыкIэ игъэIуащи, абы щхьэкIэ фIыщIэ худощI. Дэ КIунэ къызэрытщыхъужракъым Iуэхур здэщыIэр, атIэ цIыхухэр къызэрыхуэарэзыращи, абы и лэжьыгъэм пщIэ къыхуэзыщI дэтхэнэми Тхьэр арэзы къыфхухъу.
- ЖьакIэмыхъу Щыхьэрбий,
- лъэпкъым я нэхъыжь.
- Уасэ зимыIэ дерсхэр
- ЖьакIэмыхъу КIунэ ноби теплъэ дахэ зиIэ актрисэ жыджэрщ, сценэм къызэрихьэу зи чэзу ролыр егъэхьэзыр.
- Абы и гуащIэр зыхилъхьэхэм ящыщщ сабийхэм ядэлэжьэныр. Езыри а ныбжьым къихутэжам хуэдэу яхэтщ ар цIыкIухэм. Сыт хуэдэ улахуэ мащIэ къимыхьми, сыт хуэдэ гугъуехь и IэщIагъэм пымыщIами, КIунэ и зэчийр текIуэфащ зэманми, лъэпощхьэ- похэми, мыарэзыныгъэ куэдми.
- КIунэ щIалэгъуалэм щадолажьэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ еджапIэм, эстетикэ гъэсэныгъэм хухэхауэ Налшык дэтым, РГОУ езанэ Гимназие-интернатым, сабийхэр гъуазджэхэм щыхуагъасэ еджапIэ №1-м. Гимназие-интернатым сабийхэм я гъусэу КIунэ щигъэуващ «Жьымрэ Жьуджалэмрэ» спектаклыр. «ЖьакIэмыхъум и школкIэ» йоджэ абы и студиехэм. КIунэ и артист ныбжьыщIэхэм гъэхуауэ дэтхэнэ псалъэри къазэрыжьэдэкIым гу лъумытэу къанэркъым.
- Гъуазджэр щIэщыгъуэ тхуэзыщI
- «Лъэпкъым и актёр пашэ сценэм щылажьэу зымылъэгъуам Япониер ицIыхуу жремыIэ», — етх Тагор Рабиндранат. СурэтыщIым лъэпкъ гъащIэм и теплъэу къигъэлъагъуэри, лъыр зыгъэпIейтей лъэп-къым и пшыналъэри, анэдэлъхубзэм и «къэуатри» щызэхуэхьэсащ актёр IэщIагъэм. Арагъэнщ театрыр инми цIыкIуми нэхъ щIапэгъунэгъури.
- Сыт хуэдэ псалъэкIэ къэпIуэтэфыну мазэгъуэ нурыр щхьэгъубжэ Iупхъуэм къызэрыпхрыпсыр, хьэмэрэ уэшх къыщешхкIэ хьэндыркъуакъуэнапIэр псыщхьэм зэрытекъутэж щIыкIэр, хьэмэрэ лэгъупыкъум и зыгъэшыкIэр, нэгъуэщI цIыхум игу нэсын хуэдэу? Хэт ищIэрэ ЖьакIэмыхъу КIунэ зэгупсысыр зэманым гъуабжэ ищIа афишэхэм, программэхэм щеплъыжкIэ, хьэмэрэ и дахагъэм, и щIалэгъуэм, и зэфIэкIым щыщ налъэхэр зриубыда, зэрыдиихьа сурэтхэр къыщищтэжкIэ. Зыхуэарэзыж ар, напIэ дэхьеигъуи мыхъуу цIыху гъащIэм щыхузэфIэкIхэмкIэ? Сыт хуэдиз псалъэмакъ зыдригъэкIуэкIыжа абы и гъащIэм къриубыдэу, адыгэ театрым ехьэлIауэ. Ар дэ къытхуэщIэнкIэ Iэмал иIэкъым, тобэ ирехъуи, зэрыдмыщIэри нэхъыфIщ, гъуазджэм и щэхум и щIэщыгъуагъэр имыкIын папщIэ.
- Лыкъуэжь Нелли,
- усакIуэ.