ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-04-03

  • Псалъэжьхэр
  • Узэрыгугъэу ухъутэмэ, уунэхъурэт?
  •  Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
  •  ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
  •  Абрэмывэ пэт зы пIэм илъкъым.
  •  Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
  •  Бжэн щынэ къилъхуркъым.
  •  Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
  •  ИкIута из хъужыркъым.

  •  Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щыIэкъым.
  •  ПащIэм къимыхьыр жьакIэм къихьыжыркъым.
  •  Узэрыгугъэу ухъутэмэ, уунэхъурэт?
  •  Хьэм вакъэ хуэпщIмэ, лъешхыкIыж.
  •  Iэзэгъуэ зимыIэ хущхъуэ щыIэкъым.
  •  Шэм исар шхум йопщэ.
  •  
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • Ашихарэ-каратэмкIэ дунейпсо чемпион, Зеикъуэ къуажэм щыщ щIалэ Сэбаншы Мурат.    2005 гъэ

  • IуэрыIуатэ
  • ШукIасэрэ щауэмрэ
  • Зы щауэ гъуэгу техьауэ, жэщ къытехъуэри, жэщыр мэз щIагъым щрихын хуей хъуащ. Шым уанэр трихщ, мафIэ ищIри, гъуэлъащ, щIакIуэр зытриубгъуэри.
  • Жэщыбг хъуауэ, мафIэм зы шу къыбгъэдыхьащ. Шур епсыхащ, мафIэр зэщIигъэстыжри, щауэм и нэгу къыщIэплъащ. Щауэм зигъэхъеякъым, жей нэпцI зищIауэ щылъщ: «Мы шум ищIэнум сеплъынщ», — жери.
  • Шур мафIэм заулрэ бгъэдэсри щIалэм къеджащ:
  • — Уи шым уанэ къытелъхьи, си ужь къиувэ.
  • И шым уанэ трилъхьэжри, щауэр шум и ужь иуващ.
  • Шур мэзым щIыхьащ, нэху щыху къызэтеувыIакъым.
  • Нэху щауэ, санэ жыг ирихьэлIащ. Шур епсыхащ. Шур щепсыхым, щауэри епсыхащ. Мэз нэщI щIэтами, шур санэм еIусакъым. Щауэри жыгым дэIэбеякъым.
  • Санэ жыгым бгъэдишыжри, шум щауэр иришэжьэжащ. Жэщищ-махуищкIэ къришэкIауэ, зы гъэхъунэ деж къыщыувыIащ шур.
  • — Сэ къэзгъэзэжыху мыбдей щыт, — къыжриIэри шур IукIащ.
  • Заул дэкIауэ шум къигъэзэжащ, щауэр зэдзэкъэн къихьри.
  • — УзгъэмэжэлIащ, шхэ, — къыжриIащ шум.
  • Игъашхэри иришэжьэжащ. ЗдэкIуэм псы ирихьэлIащ. Псыр къиуауэ, нэри пэри ихьырт.
  • — Псым дикIын хуейщ, — къыжриIащ шум. — Уи шым сыт и лIыгъэ?
  • — ДикIын хуеймэ, дикIынщ, — жиIащ щауэм.
  • Псым зэпришри, куэд ямыкIужу, чо лъагэ ирихьэлIащ. Шур щIопщкIэ теуIуэри, куэбжэр зэIужащ, пщIантIэм дишэри, шум щауэр хьэщIэщым иришащ.
  • ХьэщIэщым пщащэ тхьэIухуд къихьащ, Iэнэ кърихьэри. Iэнэр ирахыжа нэужь, бысымым жиIащ:
  • — Уезгъэшащ. Зызгъэпсэхунщ жыпIэмэ, зыгъэпсэху.
  • Езыр хьэщIэщым икIыжащ.
  • Щауэр жейм езэгъакъым. Жейм щемызэгъым, хьэщIэщым икIащ: «УкIыпIэ сыкърашами сщIэркъым — зыкъэсплъыхьынщ», — жери.
  • Щауэр шэщымкIэ кIуащ. Шы пщIэгъуалэ ес щIэтт шэщым, и тхьэкIумитIыр дзасэ хуэдэ. ПщIэгъуалэ есым итхьэкъуауэ, щауэр хьэщIэщым ихьэжащ.
  •  Нэху щыри, бысымыр къихьащ.
  • — ПщIэгъуалэр уигу ирихьа?
  •  Щауэр шэщым зэрыщIыхьам гу лъитат бысымым.
  •  — Ирихьащ, — жиIащ щауэм.
  • — Жэщ къыптехъуауэ мэзым ущыщIэсым мафIэм сыныбгъэдыхьэри, ущтэн си гугъами, ущтакъым. «Шым уанэ къытелъхьи, си ужь къиувэ» бжесIати, псалъэ къыхэбгъэкIакъым. Псыр къиуауэ дыкъыщрихьэлIэм, «дикIынущ» жысIати, «хьэуэ» жыпIакъым. Жэщищ-махуищкIэ укъесшэкIри си хьэщIэщ укъисшащи, си цIи си щхьи укъыщIэупщIэркъым. Сэ сызылъыхъуэр уэ пхуэдэ малъхъэщ: хьэщIэщым Iэнэ къизыхьар си шыпхъущи, узот. ПщIэгъуалэ есри ууейщ. «Ухэт, хэт ущыщ?» жыпIэмэ, нартхэ сащыщщ, нарт ШукIасэ жыхуаIэр сэращ.
  • ПщIэгъуалэ есым шэсщ, и шыплIэм нарт ШукIасэ и шыпхъур къыдигъэтIысхьэри, щауэр и гъуэгу техьэжащ.
  • Сатыр пIаскIуэхэр
  • Зэрымылъ пэ лъагэм
  • Уи щхьэр уэгум къыбокIухь етауэ,
  • НапщIэр хошыр, зыбогъэцыр
  • Уи пэщхъыным псори къилъэтауэ
  • КъыпфIэщIыжу делэу къыщIогъэдзыр.
  • Дыгъужьым
  • Iурилъэфынт хьэм и жьэм банэ:
  • Хьэр сытым дежи и тIэхъуфэхъущ:
  • Зэрыхъуу чэтым и гъунэгъу,
  • Ар къуэгъэнапIэм къыщобанэ.
  • Гущтэ зыщIам
  • Зы хъарбызыр IитIкIэ фIэкI къимыщтэ,
  • ЗэрырагъэщIрэ хъарбызитIым гущтэ.
  • Джатокъуэ Юрэ.
  • Гупсысэхэр – псалъэкIэ
  • Сурэт
  • Куэд щIауэ зэздзэкIыжа хьэпшып гуэрхэм къахэзгъуэтэжа сурэтыр зэпызоплъыхь. Зэманым зи фэри зи теплъэри дэкIуэдам изгъуэтэжыр уи нитIырщ. Дауэ сщыгъупщэнт а тIур?! Вагъуэхэм я пIэкIэ нэхэр уафэгум къыщагъэхутами, тынш дыдэу ууейхэр къахэзгъуэтэжыфынти! СощIэж си нитIым къащIэжа нэпсу абыхэм ятелъэдар зыхуэдизыр. Аркъудейрт — сурэтырт уэ пщыщу уигу схупыкIыгъар. Ауэ ари сфIэнасып цIыкIутэкъыми, зэзгъэзахуэурэ зризгъэкъурт. ЩызигуфIэгъуи гуныкъуэгъуэ сыщыхэти сщIыгъут. Дауэ сыкъибгынэнт — щхьэхуимыту махуэм си гум пэгъунэгъуу къесхьэкIырт, жэщкIэ си пIэщхьагъыр гъэтIылъыпIэ хуэсщIыжырт.
  • Си гуфIэгъуэу, си насып кIапэу схъумащ куэдрэ, куэд дыдэрэ, езыр-езыру лъэныкъуэ езыху. Иджы, соплъри, игъащIэм си Iуэху хэмылъами ярейуэ спэжыжьэщ, си хамэщ. Пэжщ, си блэкIам щхьэхынэ-щхьэхынэу сыхагъэджыхьыж, ауэ зыкIи си гум къеIэжыфыркъым, си псэр ягъэпIейтеифыркъым а нитIым. Малъхъэдису IэщIагъэкIуэсыкIам ярейщ IэфIагъыу ящIэлъар. Ауэ си фIэщ сщIыну сыхуейкъым а тIум си гум ирадзу щыта лыгъей мафIэм къыщIэщэща яжьэр лъэужьыншэу жьым ирипхъэнкIыкIыжауэ. Арауэ къыщIэкIынщ си нэпсри схуэмышыIэу къезыгъакIуэр. Ауэ сыткIи сэбэпыж ари, сыткIи хуэныкъуэ? Куэд щIащ ар нэпс шыугъэкIэ псыхьа зэрыхъурэ. ИджыкIэ нэхъыщхьэр зыщ — сыт есщIэн хуейр зэрымыщIэкIэ къыкъуэкIыжа сурэтым? Зыхуэмеиж тхылъымпIэжьым и гъуэгум тезгъэувэну? МафIэм пэрыздзэну? Хьэмэрэ…
  • Дауи гукъэкI сщIыхха а псор, нэлатым я нэхъ Iейр къыстехуэни! Сэра сытми зи фIыщIэр ар иджырей къызэрысар — ди Тхьэшхуэрщ. Сурэтыр схуихъумэкIэрэ зэкъуэту сыкъахъумащ тIуми — насыпыр гъунэгъу къысхуащIу, гукъыдэжым сыщамыгъащIэу, гуныкъуэгъуэ зэхуэмыдэхэр спэIэщIэ ящIу. Иджы, хэт ищIэрэ, гъэунэхупIэ сихуагъэнкIи мэхъу. Дауэ сегуэуэн апхуэдизрэ сыкъэзыхъумам, зи нур кIапэ сызытетам?! ГъащIэ хьэкъыу зыхуэзгъэувыжыпхъи схузэфIэкIыхукIэ, си къару пэлъэщыхукIэ, си акъылым къитIэсэхукIэ схъумэжыну — гъэпщкIуауэ, бзыщIауэ, сыхуэгумащIэрэ згъафIэу, зэпыслъэщIыхьрэ сытешыныхьу.
  • Жамбэч Рабия.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Лэпс зэщIэт, мэлыл,
  • джэш, кIэртIоф хэлъу
  • Мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 100 — 150-рэ хъууэ, псы щIакIэри ятхьэщI. Лыр шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр цIыкIу ящIри дакъикъэ 20 — 25-кIэ ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ абы халъхьэ джэш ныкъуэвэ, шыгъу хадзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету дакъикъипщI-пщыкIутI хуэдизкIэ ягъавэ. Абы халъхьэ щимэ цIыкIуурэ упщIэта кIэртIоф, шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ.
  • Хьэнтхъупсыр хьэзыр хъуным дакъикъитху-хы фIэкIа имыIэжу бжьыныху-шыгъу, шыбжий сыр халъхьэ. Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. Пщтыру фалъэ куукIэ Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ, чыржын, пIастэ щIыIэ дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): мэлылу — г 150-рэ, лыр зэрагъэвэну псыуэ — г 600, джэшу — г 30, кIэртIоф укъэбзауэ — г 50, бжьыныхуу — г 20, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Шэ щIэгъэпщтхьа
  • Пщыхьэщхьэшэр язри, зы сыхьэт хуэдэкIэ ягъэпщт. Шэр къыдэкIуейуэ зэрыхуежьэу къытрах, щIыIапIэ ягъэуври, нэху кърагъэкI. Пщэдджыжьым шэм и щхьэ тедиикIар пхъэ бжэмышхкIэ къытрахри, цIыху къэс тепщэч щхьэхуэкIэ хутрагъэувэ. Мэжаджэ, чыржын хуабэ дашх. Шэ щIэгъэпщтхьам къалмыкъ шей, шатэкIэ зэхэщIа хьэцыбанэ шей трафыхьыж.
  • Нэхъыбэрэ щIагъапщтхьэу щытар хывышэщ. Ар Iувщ, маещ.
  • Халъхьэхэр: шэ щIэмыхуу — л 5.
  • Абы шэ щIэгъэпщтхьауэ къыхокI — г 500.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.
  •  
  •  ГушыIэ
  • ПщIыхьэпIэ
  •  Лъэпкъым къихъуа фызышэ хьэгъуэлIыгъуэм и курыкупсэм жэщым хэта Аслъэнбий жейм емызэгъыу къыщIэкIри Бахъсэн бжьэпэ щызэхэзекIуэщ аби, щыщIыхьэжым и анэр бжэблыпкъым итт.
  • — Сэ фадэм сигъэжейркъым, ди анэ, уэри сыт уи лажьэр? — жиIэри, и анэм зришэкIащ Аслъэнбий.
  • — Сэри пщIыхьэпIэм сыкъигъэушащ, щIалэ. Уи адэр си нэгу щIэкIащ.
  • — Хъер ухъу. ЖыIэт.
  • — Уи адэр зэрылIэрэ мазэ пщыкIузрэ махуищрэ нобэ мэхъу. И илъэс къурIэнаджэм иригузавэу ара мыгъуэу пIэрэ къыщIысхуэкIуар е сэ сишэжыну ара?
  • — СлIо, ди анэ, къыбжиIар?
  • — Зыри къызжиIакъым. Моуэ а мэтэцыч зэгуэтым хуэдэм тесу къэкIуэжа хуэдэт.
  • — Ахьа. КъэкIуэжат, жоIэ.
  • — АтIэ. КъэкIуэжат.
  • — ЗегъэкIуэкIэ ищIэу щытакъым, дауэ хъурэт?
  • — Алыхь, тесу къалъхуа фIэкIа умыщIэну,Iэзэу зэригъакIуэтэм.
  • — Уэлэхьи, ди анэ, абы щыгъуэ уи пхъэр къикIамэ уэ.
  • — Сыту щIалэ?
  • — Зи сытыращи, илъэс иримыкъум ди адэр мэтэцычым щытетIысхьэфакIэ, уэ ущыкIуэжым ирихьэлIэу «Жигули»-м зэритIысхьэнум шэч хэлъкъым.
  • Анэм и пщIыхьэпIэмрэ къуэм и гушыIэмрэ къуажэм хэз хъури, нэгъуэщI пщIыхьэпIи тралъэгъуащ.
  • Аслъэнбий жейм езымыгъэзэгъам тхъуэплъ къищIауэ жэщыбгым къекIуэлIэжа Топаши и анэр бжэблыпкъым иту кърихьэлIэжащ.
  • — СлIо, ди анэ, жейм уемызэгъыу ара, сэ укъысфIэнэну укъыспэплъэрэ?
  • — Хьэуэ, щIалэ, сыпфIэнэни си лажьэкъым. Уи адэр пщIыхьэпIэу слъагъури сыкъигъэушащи, сыжеифыркъым.
  • — Хъер ухъу. Ефащ жиIэу сэр щхьэкIэ шхыдэу къыщIэкIынт.
  • — Хьэуэ, уи Iуэху зэрихуакъым.
  • — Сыт зэрихуэжын иджы. Щыпсэум зэфIигъэкIащ.
  • — А делагъэр жумыIэ, щIалэ.
  • — Сэ жызмыIэкIэ, жылэм ящIэркъэ ар…
  • — Сыт-на, жылэм ящIэу уи адэм къуищIар?
  • — УмыщIэж щхьэ зыпщIрэ, ди анэ? А кIэнавэпсым сыщыхэхуам жиIар-щэ?
  • — А делэжь мыгъуэ, дунейм тет си къуэр къыхэвмыхыу псым евгъэтхьэлэ жызыIэн адэ? ХьэтIохъущыкъуейм гушыIэн щагъэтыжын уи гугъэт-тIэ, уэ уефауэ псым узэрыхэхуам щхьэкIэ.
  • — Хъунщ, уэ, дауи, аращ укъызыщхьэщыжынур. ЖыIэ пщIыхьэпIэу зэрыплъэгъуар.
  • — Зэрыслъэгъуаишхуэ мыгъуи щыIэкъым. Моуэ лъакъуэрыгъажэ тесу къэкIуэжа хуэдэт…
  • — И-и?! Лъакъуэрыгъажэ, пIа? Догуэ, Аслъэнбий фIэкIа номыр зимыIэм и адэр мэтэцыч зэгуэт тесу къыщыкIуэжым, ди адэм лъакъуэрыгъажэ фIэкIа имыгъуэтауэ ара?! Аслъэнбий и адэм зы жэмыщIэжь цIыкIурэ зы танэ гуурэ хуиукIамэ, сэ си адэм жэмыбгъэ пшэритIрэ гуу домбеитIрэ хуэзукIакъэ? Уофэ, жери, псэуху сыкърихуэкIащ. Иджы езым ефэн къыщIидзащ, армыхъумэ дэнэ а къомыр здихьар, зы лъакъуэрыгъажэ фIэкIа къыхимыгъэкIыу? Уэлэхьи, ди анэ, бдэ-умыдэми, ди адэм и Iуэхум зыгуэр щыщыIэм.
  • — А, делэжь мыгъуэ, узижагъуэм и пщIыхьэпIэ къыпхуиуIуатэ уэ, сызэхищIыкIынщ, жиIэу…
  • Къэрмокъуэ Мухьэмэд.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  •  
  • ЕкIуэкIыу: 1. … теха нэужь, къэбыр нэхъ IэфI мэхъу. 3. Мэжаджэ, чыржын, хьэтыкъ, … 5. Iэщ щIэтыпIэ, жэмэщ. 6. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къамбий Мухьэб, еджагъэшхуэ Думэн Хьэсэн, тхыдэдж, тхакIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбий, журналист, тхакIуэ Гъэунэ Борис сымэ я къуажэ. 9. Нарт фызыжь Уэрсэрыжь и фIыгъэкIэ Лъэпщ къигупсыса Iэмэпсымэ. 10. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 11. МафIэс ин. 15. Дин лэжьакIуэ. 17. Мыщэ … е къаз … 18. Мэ гуакIуэ къызыхих ткIуаткIуэ. 19. Дыгъэр къухьэн ипэ ящI нэмэз. 22. Пщэ гъум. 24. Шым и фэ, и теплъэ. 26. ПыIэ е нэгъуэщI хьэпшып гуэр щащIкIэ къагъэсэбэп щапхъэ. 27. Спорт лIэужьыгъуэ: абыкIэ Шыхъуэ Борис дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм чемпион щыхъуащ. 28. Iуэху мыублэ … хэсщ. 29. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ художник. 30. Дунейм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Эверест къэзыгъэIурыщIа адыгэ бзылъхугъэ … Каринэ.
  • Къехыу:2. ХупцIынэр абыкIэ ягъэтэдж. 3. ЗыгъэпскIыпIэ. 4. Унагъуэ къулейм я IуэхутхьэбзащIэ. 5. Адыгэ пелуан: Лондон щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм ещанэ щыхъуа, иужькIэ япэ увыпIэр зратыжа Махуэ … 7. МахуэцIэ. 8. Къашыргъэ лъэпкъыгъуэм щыщ къуалэбзу. 12. Сталиным и зэманым НКВД-м и Iэтащхьэу щыта, Хрущёв и хьэгъэщагъэкIэ зи судыр укIкIэ ящIа … Лаврентий. 13. Шым епсыхыу … шэсыркъым. 14. Уафэ лъащIэм щызеджадэ «бжьэхуц» гуартэ. 16. Iэпслъэпсым щыщщ. 20. … зэрыхьэ бей мэхъу. 21. ХадэхэкI. 23. ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ КъБР-м и министр … Анзор. 24. ЩэкI къызыхащIыкI къэкIыгъэ. 25. Хэку зауэшхуэм и зэманым партизанхэм бийм хьэлэчыпцIэ зэрыхалъхьэу щыта Iэщэ. 26. Къэбэрдейм фIыуэ къыщацIыху Iэджэ ди … къыдэкIащ.
  •  Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • Гъатхэпэм и 27-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. Акъыл. 6. Шухьэ. 8. Арэф. 9. Iупхъуэ. 10. Хьэфэ. 11. Набжэ. 14. Тхьэгъу. 15. Вы. 16. Къебэ. 18. МутIэ. 20. Хъы. 22. Зым. 23. Усэ. 24. Таж. 27. Дыжь. 28. Пхъужь. 29. Пыжь. 32. Сэхъу. 33. Чей. 34. ЛIыжь. 37. Кхъухь. 38. Джэду. 40. Къуэпс. 41. Хьэ. 42. Къулыкъу. 44. Къемэт. 46. ПакIэ. 47. ХьэукI. 48. Деур. 49. Хьэлэ. 50. Тхьэв.
  • Къехыу:2. Къарэмырзэ. 3. Лажьэ. 4. Пэгун. 5. IупщIэ. 6. Шэнт. 7. Хьэжэпхъажэ. 12. Ажэ. 13. Жэм. 17. Бо. 19. Уз. 2I. Псыхъурей. 25. Яжьэ. 26. Япэ. 30. Псыхьэлыгъуэ. 31. БжьыхьэкIапэ. 35. Уд. 36. Уэ. 39. Уае. 40. Къурэ. 43. Къущхьэ. 44. Къауц. 45. Тхуей. 46. Парт.