ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек IущIащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис

2021-04-01

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гъатхэпэм и 30-м лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис.

  • Омбудсменым къыхигъэщащ, пандемием и зэранкIэ щыIэ гугъуехь дызыщыгъуазэхэми щхьэкIэ къэмынэу, нэхъ хуэмыщIауэ псэу цIыхухэм, зи узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэм, сабий куэд щапI унагъуэхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ республикэм и пщэ дэлъ къалэнхэр 2020 гъэм зэригъэзэщIар. Зумакулов Борис зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм цIыхухэм я тхьэусыхафэрэ мыарэзыныгъэу къаIэрыхьар нэхъ мащIэщ — псори зэхэту 245-рэ къахуэкIуауэ аращ, адрей илъэсхэм гуныкъуэгъуэ зиIэу закъыхуэзыгъазэхэр 900-м нэсу щытащ. Илъэс кIуам къаIэрыхьахэм ящыщу зэпкърахащ тхьэусыхафи 184-р. Зэрызыкъыхуагъэзахэм ящыщу тхыгъэхэр 200, цIыхухэм щаIущIэм къекIуалIэу къыхуаIуэтахэр 45-рэ, гупхэм къабгъэдэкIыр 4 хъуащ илъэс кIуам.
  • Илъэс блэкIахэми хуэдэу, цIыхухэм я тхьэусыхафэхэр епхат лэжьыгъэкIэ абыхэм яIэ хуитыныгъэхэр, я псэупIэхэм ехьэлIауэ щыIэ хабзэхэр къызэрызэпаудам, хабзэхъумэ, Iуэхухэр зэхэзыгъэкI IэнатIэхэм, суд IуэхущIапIэхэм я унафэхэмкIэ зэрымыарэзым, тутнакъэщхэм щаIыгъхэм яхуэгъэза хуитыныгъэхэм зэребэкъуам, цIыхухэм я узыншагъэр хъумэнымрэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ яIэ хуитыныгъэхэм къагъэувхэр къызэрыхуамыщIам. ЦIыхухэр щытыкIэ гугъу къыщIихута Iуэхухэр зэхагъэкIа нэужь республикэм щыщ 59-м къагъэлъэгъуа ныкъусаныгъэхэм ятеухуауэ хуащIэжын хуейхэр яубзыхуащ. Зэрызыкъыхуагъэзахэм набдзэгубдзаплъэу хэплъащ, хуей щыхъухэм деж абыхэм къыхашащ къэрал органхэр, абыхэм я къулыкъущIэхэр.
  • ЗэIущIэм апхуэдэу и гугъу щащIащ щIыналъэм цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ уполномоченнэм и статусымрэ хуитыныгъэхэмрэ я лъэныкъуэкIэ щыIэ зэхъуэкIыныгъэхэм. 2020 гъэм и гъатхэпэм УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ тридзащ «Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу щыIэхэм я IуэхукIэ» законым. Абы ипкъ иткIэ зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ щIыналъэм и хабзэми, къапщтэмэ, зи хуитыныгъэхэр къызэпауда цIыхухэм къыщхьэщыжу Уполномоченнэм суд IуэхущIапIэхэм захуигъэзэну хуитыныгъэ иIэ зэрыхъуарщ мыбдежым зи гугъу щыщIар.
  • ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм 2021 гъэм гулъытэ хэха зыхуищIын хуейхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ цIыхухэм я хуитыныгъэхэм сыт и лъэныкъуэкIи къыщхьэщыжыныр, къапщтэмэ, зи ныбжь хэкIуэтахэм, зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэу зи щхьэ Iуэху зезымыхуэжыфхэм, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытыжу къэнахэмрэ, яхуэмыгъэхъуж узыфэ зыпкърыт сабийхэм, апхуэдэуи щхьэхуимыту щаIыгъ щIыпIэхэм щыIэхэм я сэбэп зыхэлъхэм къыщхьэщыжыныр.
  • КIуэкIуэ Казбек Зумакулов Борис фIыщIэ хуищIащ икIи къыхигъэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэмрэ къэрал властым и органхэмрэ быдэу зэпыщIауэ зэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэм и Iуэху еплъыкIэр, абы къигъэлъагъуэ ныкъусаныгъэхэр къыщалъытэн хуейщ къэрал властым и органхэм я лэжьыгъэм. Къэрал къалэнхэр щагъэзащIэкIэ гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэщ абы къигъэлъагъуэхэр», — къыхигъэщащ Iэтащхьэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.