ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уи  мурадыфIхэр  къохъулIэну!

2021-04-01

  • ПщIэ зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
  • Ди гуапэу дынохъуэхъу уи юбилеймкIэ — уи ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъумкIэ!
  • Дэ дыщыгъуазэщ уэ IэщIагъэлI Iэзэ дыдэу, гу къабзэ зиIэ цIыху щыпкъэу, гуащIафIэу, гъащIэм и сыт хуэдэ гугъуехьми пхыкIыф цIыхуу узэрыщытым. ГъащIэм къыщекIуэкI Iуэхухэм жыджэру узэрыхэтымкIэ, захуагъэм и телъхьэу узэрыщытымкIэ, сыт хуэдэ Iуэхуми гумызагъэу узэрыпэрытымкIэ уэ цIыхухэм щапхъэ дахэ уахуохъу икIи езыхэри апхуэдэ дыдэу лэжьэным хубогъэпс, уи ужь ибогъэувэф. Уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм, адыгэ щыпсэу къэрал куэдым ущыцIэрыIуэщ уи зэфIэкIкIэ, уи лэжьыгъэфIхэмкIэ, уи публицистикэ, критикэ тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ, улитературоведщ, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми Журналистхэм я зэгухьэныгъэми ухэтщ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэр къыпхуагъэфэщащ.

  • 1997 гъэм къыщыщIэдзауэ уэ уриунафэщIщ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэм къыдагъэкI «Адыгэ псалъэ» газетым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм уритхьэмадэщ. 2009 гъэм и жэпуэгъуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент IэнатIэр дзыхь къыпхуащIащ, 2006 гъэм щегъэжьауэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент къулыкъури зыбохьэ, 2012 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм ухэтщ.
  • Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зи лъабжьэ уи IэдакъэщIэкI тхылъхэу «Си гугъапIэ — си кхъуафэжьей», «Вагъуэхэр уафэми щIылъэми къыщоблэ», «ГъащIэр зыкIи темылъэщIауэ», «Адыгэ мамлюкхэр», «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым», «Израилым щыпсэу адыгэхэр», «ЩIэин», «ТекIуэныгъэм и махуэ» тхылъхэм, нэгъуэщIхэми жылагъуэм пщIэшхуэ щаIэщ, ахэр щIэблэр лъэпкъ хабзэм тету гъэсэным — урысей хэкупсэу къэгъэтэджыным къыщагъэщхьэпэ къыдэкIыгъуэ хъуахэщ.
  • Уэ уи гъащIэр жылагъуэм, щэнхабзэм, лъэпкъым яхуэлэжьэным и щапхъэ нэсщ. Уи щхьэм узэрыхуэткIиижымкIэ, лэжьакIуэфIу узэрыщытымкIэ, цIыхухэм уазэрыхуэгуапэмкIэ Уэ Iулыдж лъагэ къыщыблэжьащ республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, щIэныгъэ интеллигенцэм, щIалэгъуалэм я деж.
  • Ди гуапэ дыдэу дынохъуэхъу уи махуэшхуэмкIэ! Узыншагъэ быдэ уиIэну, уи мурадыфIхэр къохъулIэну, сыт и лъэныкъуэкIи уефIэкIуэну, уи Iыхьлыхэмрэ лэжьэгъухэмрэ я Iуэху дэкIыну ди гуапэщ!
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэмрэ
  • Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ.