ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ягъэлъапIэ
2021-04-01
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и япэ вице-президент, «Адыгэ псалъэ» хэгъэгупсо газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд илъэс 75-рэ зэрырикъур гъатхэпэм и 30-м щагъэлъэпIащ «Акрополь» нэгузыужь центрым.
-
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд псалъэ гуапэкIэ зыкъыхуагъэзэну, и махуэщIыр къыдаIэтыну гуфIэгъуэ зэIущIэм къеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед, Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Жамал, «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Котляров Виктор, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.
- ЗэIущIэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ къызыхэкIа лъэпкъым ХьэфIыцIэм хуилэжьа Iуэхутхьэбзэм и инагъыр къызэрылъытэгъуейр, уеблэмэ ар нобэкIэ нэсу къыбгурыIуэну зэрыщымытыр. Къумахуэ Мухьэдин къекIуэлIахэм гу лъаригъэтащ лъэхъэнэ къэс езым и цIыху къызэрыхэкIыр, абы и хуэмэбжьымэ щыууэ, и цIэр ирапхыу. «Мухьэмэд «лъэхъэнэм и цIыхукIэ» уеджэну къэзылэжь цIыхущ. Абы и IуэхущIафэхэр зэрыщыту адыгэм, къыщыхъуа щIыналъэм ис лъэпкъхэм я цIэр дахэкIэ Iэтыным зэрыхуэунэтIам къищынэмыщIауэ, ар лъэпкъ щэнхабзэр зытебэгъукI хъугъуэфIыгъуэу иджыри куэдрэ къызэрыгъуэгурыкIуэнум шэч хэлъкъым. Мыхьэнэ зиIэ сыт хуэдэ IуэхущIафэри уахътыншэщ, ар къэзылэжьыфа закъуэтIакъуэхэм ящыщщ Мухьэмэд», — жиIащ министрым.
- Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр ХьэфIыцIэм щритым, Iэхъуэбэч Анзор къыхигъэщащ цIыхум и гуащIэр тхылъкIэ къыпхуэлъытэну зэрыщымытыр, атIэ ар цIыхубэм я лъагъуныгъэм зэрелъытар. «ХьэфIыцIэм къилэжьа пщIэр и гуащIэдэкIырщ къэзыгъэщIар, лъэпкъым илъытэри псэемыблэж лэжьыгъэращи, ар зыхуэдэн хуейр Мухьэмэд нэрылъагъу ищIащ», — жиIащ Iэхъуэбэчым.
- Ныбжьрей гуапагъэу Джылахъстэней щызэрахьэр къагъэлъэгъуащ Тэрч къикIахэми. Адыгэ цейр щыгъыу Мухьэмэд тращIыкIа сурэтыр тыгъэ щыхуащIым, хьэщIэхэм къыхагъэщащ Мухьэмэд лъэпкъылIкIэ уеджэну къызэрилэжьыр, ар фащэу лъэпкъым зэриIэр. «ЛэжьыгъэкIэ щапхъэ зытепх хъун щыIэмэ, Мухьэмэд лэжьакIуэщ, игъащIэ псом зытелэжьар зы Iуэхущи, абыкIэ къэмылэнджэжу зэрыщытари гъуазэщ», — жиIащ Дадэ МуIэед.
- Зи юбилейр ягъэлъэпIа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд лэжьыгъэу иригъэкIуэкIым псэ щIахилъхьэфар ныбжьэгъу пэж, лэжьэгъу щыпкъэхэр къыдэгъуэгурыкIуэу зэрыщытар жиIащ, къызэхуэсахэми щхьэлъапIэныгъэ ихуэну ехъуэхъури, фIыщIэ яхуищIащ.
- ШУРДЫМ Динэ.