Адыгэ лъэпкъым и джакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу
2021-04-01
- Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыф
- УсакIуэ пажэм жиIэгъа мы псалъэхэр хуэфащэщ зи юбилейр зыгъэлъапIэ си ныбжьэгъуфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Адыгэ журналистикэм пщIэшхуэ щигъуэтащ Мухьэмэд. Кавказ Ищхъэрэми, Урысейми, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал куэдми щIэджыкIакIуэхэхр щикуэдщ. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэм къыдегъэкI «Черкесское зарубежье», «Хасэ», «Нарт» газетхэри. Тхылъхэри пщIы бжыгъэкIэ иIэщ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гуащIэри и зэфIэкIри хуэунэтIащ 19-нэ лIэщIыгъуэм насыпыншагъэ къызытепсыхауэ щыта адыгэм ди шэнхабзэ дахэр хъумэнымрэ уардэу Iэтынымрэ. Иджыри студенту Мухьэмэд зэригъэщIэну фIэфIт Иорданием, Сирием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я хъыбархэр. ИкIи хэхэс адыгэхэм якIэлъыгъуазэ, якIэлъыкIуэ хъуащ. Илъэс куэд щIауэ хэкурыс адыгэхэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ зэпыщIэным пылъщ. Мухьэмэд и фIыгъэкIэ тхыдэм зэбгридза хъуа зэунэкъуэщ куэд зэрыгъуэтыжащ, хэхэс адыгэхэм ящыщ куэд Хэкур зэрагъэлъагъуну, тхыдэм ириплъэжыну я насып кърихьэкIащ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд куэд хелэжьыхь анэдэлъхубзэр хъумэным. Къыхэгъэщыпхъэщ а Iуэхур Хэкуми ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэми зэрыщызэщIэлъэIэсыр. ХьэфIыцIэм иригъэжьауэ щыта «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм Кавказ Ищхъэрэ псом гъуэгу щигъуэтащ. Бзэм теухуауэ Иорданием, США, Германием, Сирием, Израилым, Тыркум щекIуэкI бзэ щIэныгъэ конференцхэм ирагъэблагъэ.
- Къыпхуэмылъытэн хуэдизщ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хилъхьэ гуащIэри. Иужьрей илъэс 15-м абы и вице-президент къулыкъур щIыхь пылъу ирехьэкI тхьэмадэм. Адыгэ академием и лэжьыгъэм кIуэтэхукIэ нэхъри нэхъыбэ къыхешэ — абы и действительнэ член е и член-корреспондент хъуахэщ къэрал куэдым щыIэ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ этнолог, тхыдэдж, антрополог, филолог цIэрыIуэхэу Щамей Сэтэней (США), Бацэжь Мухьэмэд-хъер (Иордание), Къандур Мухьэдин (Великобритание), Адыл Абдул-Сэлам, Къэбэрдей Аднан (Сирие), Едыдж Батырай (Германие), Къарзэдж Iэсхьэд, Давид Ицхак (Израиль), Чурей Алий, Хъуажь Фахъри, МэшхуэфI Нэждэт (Тырку), нэгъуэщIхэри.
- Академик ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж къыщежьащ хамэщI щыпсэу адыгэхэм я литературэр джыныр. Абы зэхуихьэсыжащ, къызэпкърихащ
- Хьэткъуэ (Сейфеддин) Умар, Хьэгъур (Мыдхьэт) Ахьмэд, Къандур Мухьэдин, Наурзокъуэ (Сами аль Баруди) Мэхьмуд, Шаукъуий Ахьмэд сымэ ятхахэр. Хэхэс тхакIуэ, усакIуэхэм ятеухуауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэхуихьэсахэр Щхьэлахъуэ Iэбу, ХьэкIуащэ Андрей, ТIымыжь Хьэмыщэ, Бакъ Зерэ, Абдокъуэ Маринэ, Бэлагъы Любэ сымэ, сэри сахэту я щIэныгъэ лэжьыгъэхэм къащыхуэсэбэпащ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIэр фIыкIэ Iуащ икIи ар абы и дежкIэ жэуаплыныгъэшхуэщ. Адыгэр зэкъуэзыгъэувэщ илэжь Iуэхугъуэхэр, абы папщIи и гуащIи зэфIэкIи щысхьыркъым.
- БакIуу Хъан-Джэрий,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор,
- ЩIДАА-м и академик, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я щIэныгъэ лэжьакIуэ.
- Дунейпсо утыкур зыгъэбжьыфIэ
- Хэкурыс адыгэхэмрэ хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэмрэ махуэ къэс Налшык щызэхуэзэ хъуащи, зы къуажэ дэсым хуэдэу сэлам зэрах, хэкум зэрыщызэхуэзар яфIэмыгъэщIэгъуэныжу. Ауэ япэхэм Iуэхур зэрыщытар нэгъуэщIущ. Илъэс 55-рэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэкурысхэмрэ хамэщI щыпсэухэмрэ зэIущIамэ, гъуабжэгъуэщ гуэр ялъэгъуа хуэдэ къаскIэрт. СССР-у щыта къэралыгъуэшхуэр гъущI бжыхькIэ къэхухьауэ къалъытэрти, исри илъри къэралщIыбым щыIэхэм тэмэму ящIэртэкъым.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам хэкум щыщ адыгэу япэ дыдэ хамэщI къыщыхутар ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм нэмыцэхэм гъэр ящIу ирашауэ щытахэращ. Зауэр иуха нэужь, ахэр Италием щызэхуашэсыжри, здэкIуэнум щыхагъадэм, КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ зы гупым яунэтIауэ щытащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, ахэращ Кавказым адыгэ къызэринар зыщIэу къыщIэкIар. Ауэ абыхэм къахьа хъыбархэр «антисовет» пропагандэм апхуэдизкIэ щIиуфати, хамэщI адыгэхэм адэжь щIыналъэм хуаIэ гурылъхэр нахуапIэ хъунымкIэ гугъапIэхэр икъутэжауэ щытащ.
- Хэхэсхэм хэкум къинахэм я Iуэхур нэхъ убзыхуауэ къащIэу щыщIадзар 1957 гъэращ. А гъэм Мэзкуу щекIуэкIауэ щыта ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым щызэхуэзат Кавказми КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми щыщ адыгэ ныбжьыщIэхэр. Абы иужь куэд дэмыкIыу «Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэ Налшык къыщызэIуахри, 1966 гъэм абы и лIыкIуэхэр Сирием кIуащ икIи ахэр зэпызыщIэ япэ лъэмыжыр яухуэри, илъэсищэм щIигъу лъандэрэ зэфIэкIуэдауэ щыта адыгэхэр зэрыгъуэтыжу щIидзащ.
- Совет лъэхъэнэм цIыхухэм ягу иримыхь куэд къэхъуами, IуэхуфI куэди щызэфIагъэкIырт. Зи гугъу сщIыр мис а лъэмыжыр тралъхьэу дунейм текъухьа хъуа адыгэхэр зэрыгъуэтыжыным елэжьа адыгэ тхьэмадэхэращ.
- Си насыпым къихьауэ нобэ хэкум сыщыпсэуми, а лъэхъэнэм лъэмыжым и адрей лъэныкъуэмкIэщ сэри сыздэщыIар. Абы щыгъуэ щыIа Совет Союз абрагъуэр нобэрей Урысейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инт, нэхъ бжьыфIэт, фIэлIыкIрэ щIыхьу иIар куэдкIэ нэхъыбэт. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъ политикэ пыухыкIарэ жыжьэ плъэрэ иIэт. А лъэхъэнэм дымыгъэщIагъуэу къанэртэкъым, мин 300 нэхъыбэ мыхъу къэбэрдей адыгэ тIэкIум и тхыдэм ар зи инагъ къэрал абрагъуэм гулъытэ хуищIу зэрыщытар!
- 1967 гъэм журтхэмрэ хьэрыпхэмрэ щызэпэщIэувам, адыгэхэм я нэхъыбэр зэрыса Джулан лъагапIэхэр Израилым иубыдащ, икIи я къуажэхэр ябгынэн хуей хъури, Щамрэ абы и Iэгъуэблагъэхэмрэ мин бжыгъэкIэ Iэпхъуауэ щытащ. Сирием щыпсэу и лъэпкъэгъухэм апхуэдэ щIэщхъу къазэрыщыщIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и УнафэщI Мэлбахъуэ Тимборэ щызэхихым, и лыр мыузу къэнакъым. А лъэхъэнэм Мэзкуу щеджа, Сирием щыщ адыгэ щIалэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Мэлбахъуэр къахуэзэри, къажриIауэ щытащ: «Сэ мыгувэу къэрал Iэтащхьэм сыIущIэнущи, Джулан щыщ адыгэу егъэзахэр къэшэжын Iуэхур и пащхьэ ислъхьэнущ».
- ЩIалэгъуалэм жэуап пыухыкIа ятыну дзыхь ямыщIу, жаIащ я нэхъыжьхэм ечэнджэщыжын зэрыхуейр. ИкIи Щам дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и еплъыкIэр Тимборэ къыхуахьыжащ: «ЗэкIэ кIуэжын Iуэхур къывмыгъэхъеймэ, нэхъыфIщ!» — жаIащ. Сыт хуэдэу щымытами, гузэвэгъуэ хэхуа адыгэхэм папщIэ Мэлбахъуэм хузэфIэкI ищIэну зэрыщытар къегъэлъагъуэ мы хъыбарым.
- А псоми я щхьэфэ сиIэбэн хуей щIэхъуар, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу зы хъуэхъукIэ зыхуэзгъэзэну сыхуейти аращ. Сыт хуэдэ цIыхуми и гъащIэр зэманым и гъуджэщ. Мухьэмэд и гъуджэм итщ а зэманыр. Абы къощ Калифорнием щегъэжьауэ Австралием, Мысырым, Щам нэсыху дунейм текъухьа адыгэхэр, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэр.
- Хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпызыщIэжауэ щыта лъэмыжым япэ дыдэу ирикIуа адыгэлIхэм ящыщщ ХьэфIыцIэр. Ар Сирием ныщыкIуам илъэс 23-рэ хуэдизт и ныбжьыр. Адэжь лъахэр зрагъэбгынахэм я къуэш гумащIэу, ныбжьэгъу пэжу къогъуэгурыкIуэ Мухьэмэд абы лъандэрэ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэ-хъыщхьэщ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэтщ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм илъэс 20 хъуауэ и тхьэмадэщ, ЩIДАА-м и вице-президентщ, пщIэ къыщIыхуащI нэгъуэщI къалэн куэди игъэзэщIащ, цIэ лъапIэхэри къыфIащащ. А псом ящыщу зи гугъу сщIыну нэхъ сфIэфIыр адыгэ псалъэмрэ адыгэ журналистикэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэрщ, дунейм тет адыгэхэр нэхъыфIу зэрыцIыхунымкIэ и IэщIагъэр къызэригъэсэбэпыфарщ. Абы щIыгъуу къыхэгъэщыпхъэщ «Адыгэ псалъэ» газетым нэрылъагъуу адыгэпсэ зэрыхилъхьэжар хэкуми хамэщIми щыпсэу адыгэхэм зэрызыхащIэр. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэну сыхуейщ, адыгэбзэмрэ щэнхабзэмрэ елэжь къулыкъущIэхэм «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщхьэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ щапхъэ трахыу щытамэ, адыгэбзэр, хабзэр, щэнхабзэр, гъуазджэр нобэ зыхуэкIуэ щыхупIэм нэсыну зэрыщымытар.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд адыгэхэм я дунейпсо утыкум илъэс 50-м щIигъуауэ итщ. Къалэм закъуэ фIэкIа пIэщIэмылъу гузэвэгъуэ зи щхьэм кърикIуа адыгэхэм я пащхьэ апхуэдизрэ уитыныр зэрыгугъур зымыгъэунэхуам ищIэнукъым. Псом нэхърэ нэхъ хьэлъэу а Iуэхум хэлъыр Адыгэ Хасэхэм ущылэжьэнырщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи паспорт пIыгъ къэралым къигъэув хабзэхэм уемыбакъуэу, адыгэм и Iуэху дэбгъэкIыныр тыншкъым, абы къыдэкIуэуи уи лъэпкъэгъухэм я губгъэн къэпхьынущ.
- Илъэс 40 хъуауэ гъунэгъуу соцIыху ХьэфIыцIэр. Сытым дежи зыхэхуэр игъэбжьыфIэу, «Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ» — жыхуаIэм хуэдэу къэгъуэгурыкIуащи, и махуэшхуэм ирихьэлIэу сохъуэхъу адыгэ псалъэр игъэбзэрабзэу, и зэфIэкIым хэмыщIу, хамэщI адыгэр иIэту, узыншагъэм щымыщIэу къигъэщIам хуэдиз къыхупищэну.
- КЪУМЫКЪУ Мамдухь,
- тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ.
- Налшык къалэ
- Гулъытэ лей щыIэкъым
- Мухьэмэдрэ сэрэ илъэс 50-м щIигъуауэ дызэроцIыху. Апхуэдиз илъэскIэ укъызыдэгъуэгурыкIуар уи щхьэм пхугуэмыхыж мэхъу. Абы и гугъу щыпщIкIэ, уи щхьэм утепсэлъыхьыж хуэдэщ. Ар гугъущ. Дэтхэнэ зыми и щхьэм теухуауэ ищIэр нэхъ мащIэщ, нэгъуэщIхэм ятеухуауэ ищIэм нэхърэ…
- Сэ сщIэр зыщ: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд журналист IэщIагъэм къыхуалъхуа цIыхущ, адыгэпсэщ. Зэрысабийрэ абы и хъуэпсапIэщ дуней псом тепхъа адыгэхэр зы ищIыжыныр, зы щIыпIэм щыпсэу мыхъуми — зы гупсысэ яIэу хъужыныр. А гукъыдэжыр Мухьэмэд и нэгум къощ сэ зэрысщIэжрэ.
- Мухьэмэд ныбжьэгъу пэжщ. Нобэ сызэплъэкIыжмэ, ину сигу хегъэхъуэж абы бжыгъэншэу дэслъэгъуа IэфIагъым. Иджыщ къыщызгурыIуэжыр, ар хэмытам, си гъащIэр нэгъуэщI зыгуэру екIуэкIынкIэ хъуну зэрыщытар. Гъуэгу занщIэм сытекI хуэдэу щыхъуахэри къызощIэж. Апхуэдэм деж Мухьэмэд къыкъуэкIырти, езым фIэкIа зыми имыщIэ Iэмал щэху гуэркIэ гъуэгу сытришэжырт. Абы и закъуэтэкъым, фIы гуэр сызэрыхуигъэзэным зэпымычу иужь итт, егъэлеяуэ гулъытэ къысхуищIу пIэрэ щыжысIи къыхэкIыу.
- Иджыщ къыщызгурыIуар ар ныбжьэгъугъэ пэжым и купщIэу зэрыщытыр, абы и ныбжьэгъугъэр насыпышхуэу сызэриIэр. Куэд щIакъым Мухьэмэд къызэрызжиIэрэ: «ИгъащIэм псалъэ жагъуэ зэжетIакъым, къытхуэнэжа гъащIэми апхуэдэ къыхэкIынкъым, Тхьэм жиIэмэ!». А псалъэхэр куууэ зыхэсщIащ — си гум илъ дыдэр жиIат си ныбжьэгъум.
- Ацкъан Руслан,
- КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ.
- ХьэтIохъущыкъуей щIалэм и лъэмыж хъыринэхэр
- Къыздэщыунэхуа щIы IэгупIэм нэрымылъагъу къуэпскIэрэ кIэрыщIащ цIыхур. А щIы купцIэм нэхъапэIуэкIэ хыхьэжа гуэрхэм яжь иджыри къыщIеху. Нэхъ гуащIэIуэурэ а щIы тафэм зэгуэр щылыда псэхэм я мафIэ аргуэру къыщIоблэ. Апхуэдэ къуэпс лъэнтхъуийхэм шэжыгъэкIэ мыджэмыпцIэу къахэкIа щIэж Iэбжьыбым пэлъэщыркъым дуней жьапщэхэр. Дакъэ лъэщ гуэрым и дэп жьэражьэщи, маблэ ар, мэс… къощIэрэщIэж. ЩымыIэж зекIуэлIхэм я щолэхъу ущщи, тхыпхъэщIыпхъэ бэмпIахэр сакъыурэ къыщIеуIукI. ЗыкIэлъыкIуатэ Iугъуэ кIапсэхэри лъагъуэхэм ещхьу кIэухыншэщ.
- ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къыдэкI шууейхэм я уанэгу исыкIэр гъуащэркъым: гува-щIэхами и дамэпкъ ижьым къыкъуэплъынущ тхыдэжь нэпкъыжьэ. ГъэщIэгъуэнурэ зэкIэлъыхьащ апхуэдэхэр къыщалъху гъэхэри (блэкIа лIэщIыгъуэм и тIощI.., щэщI.., плIыщI…). Нэрымылъагъу гъэщIэгъуэну зэIуща а бжыгъэ есэпыр Хьэрэкхъуэрэ лъапэ къыщыднэурэ дэддзыхынщ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и псынащхьэ нэхъ кIасэхэмкIэ. «Къуэр унэм и бгыкъущ» — жи адыгэм. Къуэ закъуэр-щэ?
- ЩIым телажьэу къекIуэкI ХьэфIыцIэ Мусэбий и унагъуэм 1946 гъэм къыщалъхуащ и къуэ закъуэр, иужькIэ абы къыкIэлъыкIуащ хъыджэбзитху. ЦIэуэ фIащащ Мухьэмэд. АрщхьэкIэ щыдрахьейм гъущIэмэ, щрахьэхым – щIытэхэм яхиубыдакъым ар. Адыгэ курыххэм я бын текъузэкIэрати: «МафIэм уезгъэлыпщIакъым. Псывэ ухэзгъэупIакъым. ЛIы жыхуаIэрщи, уи гъудэ-бадзэ уи щхьэ техуж…». Пхъашэу къэнэжыркъым, ауэ щыхъукIи, апхуэдэу зэпхъэшэкIахэрщ лIы куцI узыншэ зыхищIэхэр. А мэсхьэбым тету гъащIэм хаупцIам и кхъухьыр дапщэщи хуэгъэзащ дэтхэнэ толъкъуным и дэтхэнэ сыдж ебгъуанэми.
- ТкIийт Мусэбий. Iущт. БынкIэ дзыхэнухэм ящыщтэкъым. ПэщIэдзэ классхэм щIалэ цIыкIур щыкIуам IупщIу къакIэрыхуат и ныбжьэгъухэм: илъэсий хъурт езыр. Дауи ирехъуи, егъэджакIуэхэм зэуэ гу къыщIылъатар адрейхэм елъытауэ зэрыщхьэпэлъагэртэкъым. ЩIалэ цIыкIум и гупсысэ ухуэкIэр, къэзыухъуреихь дунейр зэрызыхищIэр адрейхэм белджылыуэ къащхьэщыкIырт. Тхылъ зи нэкунапIэ сабийм егъэджакIуэхэр нэ лейкIэ къыIуплъагъэнри хэлъщ. Хэт и гугъэнт щIалэ цIыкIум апхуэдэу дахэу сурэт ищIыну! Сытыр дэнэ къыщежьэрэт… Ирехъуапсэ-тIэ сурэтыщIу. ПщIэнукъым къыздыщыпхидзыжынур!
- А зэманым ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и щIэблэр ирагъэджащ гъэсакIуэ хьэлэмэтхэм. Жылау Нурбий и адыгэпсэ-щэнхабзэу; Къэрмокъуэ Хьэмид и бзэ къызыхуэтыншэу; Прасковье Семёновнэ (Шыдхэ я нысэт) и урыс литературэу зэхэухуэнат ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зылъыгъуазэ лъапэнэхур.
- Ебланэ классым щIэсу тхэн щIидзащ. Газет лэжьакIуэ нэхъыжьыIуэхэр зэзыгъэплъыжа урысыбзэ зэгущ къызыкъуихри, псалъэр купщIафIэрэ гупсысэр шэщIауэ адыгэбзэ шэрыуэ утыку кърихьащ.
- И ныбжь щынэсым, зыхигъэнатэкъым дзэ къулыкъуми. Арыншэу хъурэт?! Еуэ иригъэшхыу Ростов Iэхэлъахэм щыIэ Зерноград къалэм и шырыкъулъэ щыхитIат, ауэ… и насып хэмылърэт сурэт къэгъэщIыным? Мусэбий и къуэт-тIэ сурэт ицIалэу иджы къэмытIысыжар! Мес, фIы дыдэу зыхэзагъэ урысыбзэмрэ литературэмкIэ ирекIуэ. Ар нэхъ сурэтыщIти…
- Лъапэнэху дахэм гугъэурэ ирикIуат щIалэр. Гурыгужу сыт щыгъуи къыхуэблэну мафIэпсэри къыIэщIэлъэгъуакIэт. А бзий тхыпхъэхэм иджы сурэт ныкъуэщIу хэгъуэщэжырт хъуэпсапIэ гуэрым и шыкIэ. Апхуэдэ дыдэуи зэгуэр къыхухэкIынут нэгъуэщI щIэплъыпIэхэр, нэгъуэщI тхыпхъэ нагъыщэхэр. А щIалэр езыри мафIэ лIэужьщ: вагъуэрыбжэкIэ ящыщщ мафIэр зи тетхэм.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иджыри студентт газет редактор щыхъуам. Абы 60 — 90 гъэхэм зэрихьа IэнатIэхэм, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм, и гуащIэ зыхилъхьа тхылъхэм мызэ-мытIэу тетхыхьащ езыгъэджахэр, къыдеджахэр, дэлэжьахэр.
- Хэт гупсэхуу, хэти зэтещыпыкIауэ зэпкърахащ ХьэфIыцIэм и депутат Iэужьхэр, и хасэ IуэхущIафэхэр. ГушыIэ дахэр дапщэщи къызыIурих Мухьэмэдым, дауи, хъуэр и щIэщыгъуэжтэкъым. НтIэ, дзыгъуэ гъуанэ зэрыхьэ зыхущамынам тхыпхъэщIыпхъэ гухьэркIэ аргуэру сыщIепэщэщыр, щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм пыщIагъэнщ.
- Сащыщщ Мухьэмэд и унафэм щIэту лажьэхэм. Лъэпкъ газетыр гъэхуауэ адыбзэкIэ къыщыпсэлъа лъэхъэнэм ирихьэлIэу сызыщыгъуазэтэр — ар зи фIыщIэ адыгэлIым езым и щхьэ-и псэкIэ истамбылакIуэ мыкъызэрыгуэкI зэрищIарт. Абы къыдэкIуэуи, сэр-сэру зэхэзещхъуэн сщIырт унэцIэм и лексикэ мыхьэнэр зыми пэжу къызэрыгурымыIуэр (е къыгурымыIуэ нэпцI зэрызищIыр). Зи гугъу зесхуэращи, а фIэщыгъэ унейр псалъэпкъищу (тIукъым!) зэхэлъщ. Апхуэдэ псалъэпкъ зэхэжыхьахэр адыгэбзэм и хамэкъым. Къапщтэмэ: хьэ (цIыкIу) + фIы (къикIыр — фIыщ) + цIэ (къикIыр — фIэщыгъэщ). ЗэщIэптхъуэжми, ущызэкIэщIэплъу гурыIуэгъуэщ мыхьэнэр: зи цIэр фIым пыщIа цIыху. Схузэгъэзахуэртэкъым хьэ къарэр мыбдеж къыщIыхэбжьэхъуар! ФызэрегуакIуэщ, ауэ бзэ лъынтхуэм езым зеIуэтэж…
- ЦIыхум зэрихьэ цIэмрэ абы къыпкърыкI фIымрэ ехьэлIауэ, тобэ ирехъуи, сэ схуэдэу зыми игъэунэхуагъэнкъым Мухьэмэд и гупцIанагъэ.
- Пэжым езым зыкъегъуэтыж дапщэщи. Илъэс тIощI мэхъу… «Бацэ сопхъ. Цы сопхъэх» жызыIа цIыкIум сритIолъхуэныкъуэт: сытыт-тIэ сытхэмэ, стхыр согъэсыж. Адыгэбзэри… къысIущIат тIуанэ жагъуэу. ЖысIэпэнщи, гъуэщат си псысэ лъагъуэхэр. Зэгуэр къысхуаIуэта таурыхъхэри иужькIэ сызыIуплъа бэджыхъхэм ялъахъэрт. Нобэ согъэщIэгъуэж а емылыдж сокур ХьэфIыцIэм IэщIыхьа зэрыхъуамрэ ар зейр Iэзэу зэригъэIурыщIамрэ. Гушхуэ зезыхьэм уегъэгушхуэ. Апхуэдэурэ дунеищIэ къызыхузэIуххэр е психолог-къэхутакIуэщ, е литературэ псалъэм и мэгъу зыбгъэдэлъырщ, е… сурэтыщI нэхъуеиншэрщ.
- Жыжьэ маплъэ а лIы хьэлэмэтыр. ПцIыр и бий кIэуфIыцIщ. Лей зезыхьэ теплъэ хъунукъым, зытехьэрщи — дэтхэнэри дяпэкIэ и «шыр цIыкIу» мэхъу. Дапщэрэ сыкъыхилъэфрэт сысымей «псыпцIэхэм»…
- Дэтхэнэ гупымыкIыр къибгъэзэгъэн-тIэ бзэм? Псалъэ кIыхь тхьэмыщкIафэщ. Псалъэр кIэлалэмэ, гупсысэр псэхэлIэщ. Зи гугъу фхуэсщI лIым екIуххэнукъым жьэмей зэкIуэцIына.
- ЩIэуэ къызэIусхарщи (си нэкIэ жыхуэсIэщ), щхьэж къыздэщыунэхум и закъуэкъым къуэпскIэрэ зыпыщIар е мафIэ зыщригъэур… Куэдыщэ елъытащ ар здрикIуэ лъагъуэхэм; къыщыувыIэ гъуэгущхьэIухэм; зыщыIущIэ щолэхъу шухэм. Нэхъыбэж епхащ а шухэр къыщежьа жылэм, абыхэм къатепса вагъуэ быным, яхь мафIэм. Къэрэкъурэр мэлыпщI зэуэзэпсэу. Дакъэжьыр маблэ. Маблэ игурэ и щхьэрэ зэтелъу. Мамырщ апхуэдэ жьэгур.
- КъызыфIэщIари хэтыт ХьэфIыцIэхэ я щIалэр сурэтыщI мыхъуауэ? Зэи зыщIыпIэ щахуэмытха сурэтхэщ абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Мыармырамэ сыт-тIэ узэреджэнур лIэщIыгъуэкIэрэ бзыхьэхуэ кIапэлъапэу дэхуэха адыгэ дунейм и теплъэгъуэ нэIурытхэм? Интернет жыхуаIэр зы уд и пщIыхьэпIэ къыщыхэмыхуа лъэхъэнэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэригъэкIэ- су иукъуэдиижа лъэмыж хъыринэхэрщ адыгэ щэнхабзэр IэтIэлъатIэу нобэ зыкъуэсыр. Сурэт и сурэтыжщ апхуэдэр: псэкIэ бауэу, бзэкIэ зэрыщIэу, макъамэкIэ зэпэджэжу.
- НэгъуэщI сурэт бзэмыIухэри къигъэщIат лъапэнэхум лъыгъуэзауэ щыта шум. ЗылъэмыIусым хуэдэщ ар. Зейм и гущIагъщIэлъщ. Мес, мафIэм цIырхъыу къызэпхопсри, и нэбжьыц кIыхьхэр дэп жьэражьэм хилъащIэурэ ныбжь дахэ гуэр хокIуэсэж уэнжакъ Iугъуэм. ИрекIуасэ-тIэ дахэми… Нэхъ дахэжыр мафIэм пэрысщ.
- КЪАРМЭ Iэсият,
- усакIуэ.
- ФIыщIэ жыг
- Пщэдей нэхъыфIыIуэ хъуну дыгугъэу дыпсэу щхьэкIэ, а нэхъыфIыр дымылъагъуурэ зэманыр макIуэ. Нобэ жьантIэр нэхъри быдэу яубыд ахъшэрэ мылъкурэ зиIэхэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, нобэ цIыхугъэри гу къабзагъэри щызэхагъэкI лъэхъэнэ гугъущ. Мис апхуэдэ щытыкIэхэм я деж цIыхуу укъэнэжыныр, ахъшэмрэ мылъкумрэ уи нэр къыщамыпхъуэу къабзэу дунейм утетыныр зимыуасэ щыIэкъым.
- АтIэ, сэ къызолъытэ а насыпри лIыгъэри Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Мусэбий и къуэм и гъуэгуэгъуу икIи ди гъащIэри лъэпкъри зыгъэдахэ, зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я сатырхэм езым и увыпIэ щиIыгъыу.
- Адыгэ щIалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуауэ нобэ Налшык щыпсэуми, ар апхуэдэ къабзэу яй дыдэу къалъытэ Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэууэ мы дунейм тет къэрал псоми. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу къэслъытэри ар и гур зэIухауэ, псэ къабзэу зэрыщытырщ. ИтIанэ абы къыкIэлъокIуэ куэдым яхузэфIэмыкIын Iуэху инхэр лъэпкъым папщIэ зэрызэфIихар, дяпэкIи нэхъыбэж зэфIихыну ди фIэщ зэрыхъур.
- Шэчыншэщ: цIыху псори зэхуэдэкъым я зэфIэкIкIи, я гъащIэ къекIуэкIыкIэкIи. Зи пхъэ къикIыр зи лъэкIыныгъэхэр (ахэр инми цIыкIуми) и зэманым къызыкъуэзыхыфу ар цIыхубэ Iуэхум хуэзыунэтIыфращ, гъащIэм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэми гугъуехьхэми къамыгъэхашэу икIи ямыгъэгъуэщэфу гъуэгум щыпкъэу тетыфращ. А гупсысэхэр си щхьэм къихьащ сэ ХьэфIыцIэм и къекIуэкIыкIам, нобэ зытет гъуэгум сриплъэкIэрэ. Шэч зыхэмылъыр аращи, Мухьэмэд зи лъэкIыныгъэр ин цIыхущ. Абы и закъуэкъым, атIэ икIи а лъэкIыныгъэхэр пасэу сэтей къэзыщIыфащ. Абы и ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, ар фIыуэ къэзыцIыхухэм жаIэж Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэс щIыкIэ куэд зэрыхузэфIэкIынур къызэригъэлъэгъуар. Аращ ХьэфIыцIэр «Университетская жизнь» газетым и редактору щIагъэувари. Къыхуагъэфащэ «Советская молодежь» газетым жэуап зыхь и секретарь къалэныр. Абы къыкIэлъыкIуащ щIыхь зыпылъ нэгъуэщI IэнатIэхэри: «Iуэху еплъыкIэ» журналым и Iэтащхьэщ, и редакторщ «Iуащхьэмахуэ» тхылъ тедзапIэм. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр га-зет-журнал тхылъ тедзапIэм и унафэщIщ, илъэсих докIри, «Адыгэ псалъэм» и тхьэмадэ ящI.
- Нэхъыщхьэри абыхэм ящыщ дэтхэнэми Мухьэмэд лъэужь дахэ къызэрыщигъэнаращ, зыхэта, зыдэлэжьа цIыхухэм псэкIэ фIыуэ зэралъэгъуарщ, къызыхэкIа лъэпкъыр зыми пимыщIу, и къаруи и лъэкIыныгъи щымысхьу абы нэхъыбэ зэрыхуищIэным щIэхъуэпсу зэрыпсэуращ. Апхуэдэу жытIэным и къыхэкIыпIэщ и IэнатIэ, пщэрылъ мытыншхэр лъэпкъым епхауэ, дунейм сыт хуэдэ Iуэху щемыкIуэкIми псэемыблэжу абы зэрыхэтыр, лъэпкъым и тхыдэм щыщу иджыри къыздэсым ямыцIыхуу щыта куэд къигъуэтыжурэ ар зыбгъэдэлъ, зей цIыхубэм я пащхьэ зэрырилъхьэжыр. Абы и IэрыкIщ адыгэ мамлюкхэм ятеухуа тхылъ телъыджэр. Иджырей лъэхъэнэм и дирижер нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ, СССР-м, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я цIыхубэ артист, СССР-м, РСФСР-м, Урысейм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Темыркъан Юрэ къыхудигъэкIа тхылъыр-щэ! Апхуэдэу я цIэр къипIуэфынущ тхылъ куэдым. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, нэгъуэщI къэрал щыпсэу адыгэхэм, пасэм псэуа цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуахэр, нэгъуэщIхэр.
- А тхылъхэр къызэрыдигъэкIам фIэкIа нэгъуэщI имыщIами, ХьэфIыцIэм фIыщIэ жыг хухэпсэну хуэфащэщ. Ауэ тхылъхэми, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа IэнатIэхэми дэщIыгъуу зэфIиха нэгъуэщI Iуэхухэр-щэ! Ар и къызэгъэпэщакIуэщ икIи и редактор нэхъыщхьэщ «Черкесское зарубежье» газетым. НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм папщIэ республикэм и телевиденэмкIэ нэтынхэр иригъэкIуэкI зэпытщ. Дунейпсо Шэрджэс фондым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ икIи и секретарщ. Къандурым и саугъэтымкIэ щыIэ комиссэм и унафэщIщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президентщ.
- Абыхэм къакIэлъыбгъэкIуэфынущ иджыри. Ауэ арагъэнкъым нэхъыщхьэр. Нэхъыщхьэр лэжьэнымкIэ, лъэпкъым къулыкъу хуэщIэнымкIэ гукъыдэж гъунэншэрэ мыкIуэщIыж къарурэ зэриIэращ. Абы и щыхьэткъэ адыгэ щыпсэу къэрал куэдым кIуэн, и лъэпкъэгъухэм яIущIэн, хэхэсу псэун хуей хъуа шэрджэсхэм ятеухуа IуэхугъуэщIэ куэд зригъэщIэн, ди пащхьэ кърилъхьэжын зэрыхузэфIэкIар. Абы и закъуэкъым. Я адэжь лъахэм щыпсэу адыгэхэм ятеухуа пэжри ди къуэш, шыпхъу хэхэсхэм ялъигъэIэсыну и къару къехь. А псом папщIи зы махуи щысхьакъым ХьэфIыцIэр мылъкуи, зэмани, къаруи. Апхуэ-дэ къабзэу ди республикищым — Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым яку итщ Мухьэмэд, ахэр нэхъри зэпищIэу, нэхъри гъунэгъу зэхуищIу, дэтхэнэми и къарур, лъэкIыныгъэр нэхъыфIу къэгъэсэбэпа зэрыхъуным, лъэпкъым и щIыхьыр нэхъри къызэриIэтыжыным пылъу.
- ШОРЭ Ахьмэд,
- Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и журналист, усакIуэ.
- Черкесск къалэ
- Лъагъуэхэш
- Си ныбжьэгъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд илъэс 75-рэ зэрырикъум хуэзэу зы тхыгъэ згъэхьэзырыну иужь сихьащи, «Ущымытхъущэ — пхуэубыжынкъым» жыхуиIэ псалъэжьыр си гъуазэу стхыну иужь ситынщ.
- Мухьэмэд и илъэс бжыгъэ дахэм къыдэкIуэу, абырэ сэрэ ди зэныбжьэгъугъэри илъэс 50 ирокъу. 1971 гъэм и мэлыжьыхь мазэм «Хэку» зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ ар Тыркум нэкIуащ. Истамбыл дыщызэрыцIыхури, ныбжьэгъу игъащIэкIэ дызэхуэхъуащ. ЗэныбжьэгъуитIыр дыщыпсэу къэралхэм елъытауэ дызэпэIэщIэти, куэд зэдэдгъэхъауэ схужыIэнукъым. Ауэ абы лъандэрэ ди зэныбжьэгъугъэр зэи зэпычакъым, дыщыхуейм деж дызэрыщIащ, дызэлъэIэсащ, дызэрыгъуэтащ.
- ХьэфIыцIэр Тыркум япэу ныщыкIуам щыгъуэ къэралитIым я зэхущытыкIэр Iей дыдэт. «ГъущI Iуп-хъуэкIэ» дызэпычауэ ябжу щыщы-та зэманым коммунист къэралхэм щыщ ухуагъазэртэкъым. Уеблэмэ, коммунизм уз зэрыцIалэмкIэ дыкъацIэлэным дыщихъумэну хэт хуэдэт Тыркур. Армырами ды- адыгэу дыкъадэртэкъым, ди бзэкIэ дытхэну-деджэну дыхуейуэ жытIэмэ, къэралыр ткъутэну, зэхэдгъэщэщэну иужь дихьауэ къащыхъурт. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ дызэры-адыгэр, тыркубзэм къищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэ, Хэку дызэриIэр, ди бзэмкIэ дытхэну, деджэну хуитыныгъэ диIэн зэрыхуейр, дуней псор абы зэрыхуэкIуэр, адэжь щIыналъэм дыIэпхъуэжыну дызэрихъуэпсапIэр яфIыжытIэрт…
- А лъэхъэнэм Совет Союзым къикI туристхэм декIуалIэу ядэртэкъым. Ауэ щэхуурэ захуэдгъазэр-ти, адыгэ яхэтмэ, жылэм яхэтшэну, Хэкум иджыри ди лъэпкъэгъу зэрисыр, абыхэм адыгэбзэ зэра- щIэр, адыгагъэ зэрахэлъыр IупщIу ядгъэлъагъуну дыхущIэкъурт. Апхуэдэу япэ дыдэ (1969 гъэм) нытхыхьар Борей Рауфт, ауэ ар цIыхубэм яхуэдгъэзэну тхузэфIэкIакъым, Истамбыл кхъухь тедзапIэми фIагъэкIакъым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КхъуэIуфэ Хьэчим, Щомахуэ СулътIан сымэ турист гупым къахэтшыну, адыгэ унагъуэ щIэтшэну, хасэм едгъэлъагъуну къыдэхъулIат. Гусэр Уасфи, Абазэ Ибрэхьим я унагъуэхэм, Думэныщ Хъейри и лэжьапIэм дыщыхьэщIэну дыхунэсат абы щыгъуэм.
- Мухьэмэд абы лъандэрэ сэ зэрысцIыхум и гугъу пщIымэ, жысIэ-нур мыращ: псом япэрауэ, цIыху Iущщ, гурыубыдэшхуэ иIэщ, зэ зэхихар щыгъупщэркъым. И гурыубыдэм щихъумэф гушыIэ хъыбархэм я куэдагъым фIэкIа хэмытми урикъунщ. Ар лэжьакIуэшхуэщ, цIыху жанщ. Абы зы жэщ-зы махуэм иригъэзэгъэф Iуэхур жэщитI-махуитIкIи зыхузэфIэмыкIын еджагъэшхуэ куэд щыIэщ.
- Мухьэмэд апхуэдизкIэ лъэпкъыпсэщи, дунейм фIыгъуэу те- тыр адыгэхэм хуигъэщхьэпэну хущIокъу. Хамэ къэрал кIуэну Iэмал иIэмэ, здиунэтIынур шэрджэс щыпсэу къэралхэрщ. Ахэр мызэ-мытIэу къызэхикIухьащ абы. ХьэфIыцIэр япэ лъагъуэхэшхэм, хэхэсхэм нэхъыбэрэ ятетхыхьахэм, дунейм тет шэрджэсхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зыцIыхухэм, абыхэм пыщIэныгъэ яхузиIэхэм, адэжь щIыналъэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я кум лъэмыж быдэ щытезылъхьахэм, а лъэмыжыр ноби щIэзыгъэбыдэхэм ящыщщ. Дэтхэнэ къэралми щыпсэу ди лъэпкъэгъу гуэрым ухуеин щыхъукIэ, занщIэу ар къэзыгъуэтыфынур Мухьэмэдщ. Ду-ней псом щикъухьа адыгэхэм я цIэр, телефонхэр зэрыт и дэтхалъэр къапщтэмэ, «дзыгъуэм и шыр хигъэкIуадэмэ, къыщигъуэтыжыфынкъым» жыхуаIэм хуэдэщ.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд адыгэбзэр игъэкъэбзэн, абы зригъэужьын папщIэ имыщIэ къигъанэркъым. Абы и щыхьэтыфI дыдэхэм ящыщщ «Си бзэ — си псэ, си ду-ней» жыхуиIэ хъугъуэфIыгъуэ телъыджэу Мухьэмэд 1999 гъэм къригъэжьауэ иджыри Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щрагъэкIуэкI зэпеуэр. «Адыгэ псалъэ» газетым зэрызригъэужьар-щэ?!
- Хэт сыт хуэдэ IуэхукIэ ХьэфIыцIэм зыхуамыгъазэми, абы зэи зыри игъэщIэхъунукъым. Гуныкъуэгъуэ зиIэм зыщIигъэкъуэнущ, гугъуехь къызылъыкъуэкIами ар щхьэщихын папщIэ лъэкI къигъэнэнукъым.
- Хэкуми, лъэпкъми, къэралми Мухьэмэд и гур яхузэIухащ. Сыт хуэдэ къалэн и пщэм кърамылъ-хьами, сыт хуэдэ Iуэху, IэнатIэ кърамытами, ар нэхъыфI дыдэу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу къогъуэгурыкIуэ икIи ар фIы дыдэу къохъулIэ. Абы къыгуроIуэ, уи лъэпкъым зыгуэр хуэпщIэнуми, къэралым къыбдимыIыгъауэ ар къызэрыбдэмыхъунур, уи лъэр щIым тету уземыкIуэфмэ, узэрымылъэтэфыххэнур… Аращи, Iэмал зэриIэкIэ, лъэпкъ Iуэхумрэ къэрал Iуэхумрэ зэдегъакIуэ.
- ФIыкIи IейкIи ХьэфIыцIэ Мухьэмэд нэхъыбэ зыхужаIарэ зыхужаIэрэ ди лъэпкъым къыхэкIауэ къыщIэкIынкъым. Къапщтэмэ, абы и гъащIэм, и лэжьыгъэм тхылъ щхьэхуэ, диссертацэ тептхыхь хъунущ. АтIэ, «куэд зыщIэр куэдрэ щоуэ» зэрыжаIэм ещхьу, куэд зыщIэми куэд хужаIэ. ХьэфIыцIэм а хузэфIэкIа къомым иужь имыту и адэжь и пщIантIэм, Зеикъуэ, дэсыжауэ щытамэ, зыми зыри хужиIэнутэкъым. Ауэ уи гурылъ уи гъуа-зэу, уи лъэпкъым хуэпщIэмэ нэхъыфIу къэплъытэхэр бгъэзэщIэну иужь ущихьэкIэ, ар зи гуапэ хъу- хэм хуэдэу зыфIэмыфIи къахокI. Абы уи жэрэгъуи, уи жагъуэгъуи нэхъыбэ ещI. Ар Мухьэмэд куэд щIауэ фIы дыдэу къыгурыIуащи, псалъэмакъ купщIэншэхэр зыфIигъэIуэхуркъым, ауэ чэнджэщри хозагъэри, яубу щытмэ, абыи зыхуигъэнэфыркъым икIи зыхуигъэдэгуркъым.
- Дауэ щымытми, сыт хуэдэ IэнатIэ умыIыгъми, лъагапIэ утемытми, мылъку пкъуэмылъми, уи лъэпкъым хуэпщIэфынум и нэхъыфIыр зэфIэбгъэкIмэ, абы и гум уригъэхунукъым, и псэм хэлъу уигъэпсэунущ.
- Сэ Мухьэмэд сохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ псэукIэ дахэрэ иIэу, и зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту иджыри куэдрэ адыгэ лъэпкъым хуэлэжьэну, хъуэхъу дахэу хужаIахэри хужаIэнухэри къехъулIэну.
- ХЪУАЖЬ Фахъри,
- жылагъуэ лэжьакIуэ,
- публицист, зэдзэкIакIуэ.
- Анкара къалэ
- Захуагъэм тет, зи гур зэIуха
- ПщIэшхуэ зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
- РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэхэр ди гуапэу дынохъуэхъу уи юбилеймкIэ.
- Дэ икъукIэ пщIэшхуэ худощI узыпэрыт сыт хуэдэ IэнатIэми къыщыбгъэлъагъуэ зэфIэкI, хьэл-щэн къызэрымыкIуэхэм — цIыхугъэм, Iэзагъэм, лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ хъумэным хьэлэлу узэрыхуэлажьэм, Кавказым ис лъэпкъхэм пщIэ зэхуащIу, зэгурыIуэу, мамыру зэдэпсэуным гу хьэлэлкIэ узэрыбгъэдэтым. Уи тхылъхэмрэ уи IэдакъэщIэкI адрей публицистикэ тхыгъэхэмрэ сыт щыгъуи гъэнщIащ IуэхуфIхэмкIэ, абыхэм я фIыгъэкIэ щIэджыкIакIуэхэр ирогушхуэ къызыхэкIа лъэпкъым, къыщалъхуа республикэм, ахэр хуаунэтI Кавказым и къуэ, ипхъу щэджащэхэм я щапхъэхэм ирикIуэным икIи дяпэ итахэм илъэсипщI, илъэсищэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ зи лъабжьэр ягъэтIылъа Iуэху дахэхэм пащэным хуегъэпс. А псом къадэкIуэу Уэ укъызыхэ-кIа лъэпкъым урикъуэ пэжщ, абы и псэкупсэ къулеигъэ нэхъыфI дыдэхэр пхэлъщ — пэжагъым, захуагъэм утетщ, дэтхэнэ зыми фIыгъуэ къехъулIэным ухуопабгъэ, уи гур зэIухащи, уи гулъытэ хуэныкъуэм зыщIэбгъэкъуэну ухьэзырщ. АдыгэбзэкIэ республикэм къыщыдэкI газет закъуэм и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэд хъуауэ уолажьэри, уи унафэм щIэту журналистхэмрэ уэрэ фхузэфIэкIащ ар хъы- барегъащIэ IэнатIэ къудейм и мызакъуэу, ди жылагъуэр зыгъэпIейтейхэм зэIухауэ цIыхухэр щытепсэлъыхь, я Iуэху еплъыкIэхэр къыщагъэлъагъуэ, бзэр, щэнхабзэр хъумэным, абыхэм зегъэужьыным хуэлажьэ орган фщIын. Институтым и лэжьакIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIауэ тхылъ дунейм къытехьамэ, щIэджыкIакIуэхэм абыкIэ хъыбар езыгъащIэр, япэу тетхыхьыр фи газетырщ, езы щIэныгъэлIхэри я гуапэ дыдэу къывдолажьэ, щIэныгъэр цIыху нэхъыбэм яхэ-хьэным хуэунэтIауэ.
- Уи махуэшхуэмкIэ дынохъуэхъу, щIыхь зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ! Творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр, узыншагъэ быдэ уиIэну, республикэм ифI зыхэлъ Iуэху щхьэпэхэр къыбдэхъуу илъэс куэд- кIэ упсэуну, улэжьэну ди гуапэщ!
- ПщIэ къыпхуэзыщI
- ДЗЭМЫХЬ Къасболэт,
- Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ
- и институтым и унафэщI.
- ЛъэпкъылI зыхужаIэщ
- «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIэр адыгэ гъащIэм, лъэпкъ щэнхабзэм ехьэлIа Iуэхухэм апхуэдизкIэ епха хъуащи, а цIыху емызэшыжыр хэмыту зы зэхыхьи ирагъэкIуэкIыфыну уи нэгум къыпхущIэгъэхьэркъым. Ар здынэмыс щымыIэущ дэ къызэрытщыхъур.
- КъызыхэкIа къэбэрдей лъэпкъым илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ а лIы цIэрыIуэм и къалэмыпэм тхылъ куэд къыщIэ-кIащ. Сэ а псоми зыубгъуауэ сакъытеувыIэну къалэн зыщысщIыжыркъым, ауэ, къыхэзгъэщынут «Адыгэ мамлюкхэр», «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» жыхуиIэхэр нэгъуэщI къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхуэгъэзауэ ятхахэм я нэхъыфIу зэрыщытыр. Мухьэмэдщ хамэ щIыпIэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж япэу нэсари я псэукIэ-щыIэкIэр зыхуэдэм щыгъуазэ дызыщIари.
- А цIыху щэджащэм и псэм хэлъ и лъэпкъым хуэгъэзауэ тхылъитI-щы къыдимыгъэкIауэ зы илъэси дэкIакъым иужьрей зэманхэм. Адыгэм нэхъыбэ зэрыхуилэжьыным сыт щыгъуи хуэпабгъэу, хуэпIащIэу апхуэдэщ. КъызыхэкIа лъэпкъым и къуэ пэж зыхужаIэр апхуэдэхэракъэ-тIэ?!
- Зи ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къыщежьауэ сэ къэслъытэр ар къыщалъхуа унагъуэрщ, Зеикъуэ къуажэжьырщ. Ауэ адыгэм и блэкIар къэтIэщIыжыным нэхъ куууэ абы зыщрипщытар студенту щыщыта, «Университетская жизнь» газетым щыщылэжьа илъэсхэрщ. Абы щыгъуэщ ар сэ къыщысцIыхуари.
- ЕджапIэр къэдухыу «Советская молодежь» газетым сыува нэужь, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сыдэлэжьэну Iэмал згъуэтащ. Газетым дызэрыщыIа зэман мащIэм къриубыдэу абы дэслъэгъуа зэфIэкIхэм ящыщщ иджыри зыми ямыцIыху, еджапIэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм ятетхыхьу, щIэджыкIакIуэхэм къаригъэцIыхуу зэрыщытар. ИужькIэ абыхэм къахэкIащ республикэм и мызакъуэу, ди къэралми, хамэ щIыпIэхэми цIэрыIуэ щыхъуахэр. Мухьэмэд игъэгушхуэу япэ лъэбакъуэр щэнхабзэм хезыгъэчахэм цIэрыIуэ хъуа куэд къахэкIащ. Ар журналист нэсым хэлъын хуей хьэлыфIхэм ящыщщ.
- Мэзкуу еджапIэр къэзыухыу къэзыгъэзэжа, иджыри цIыхубэм тэмэму къамыцIыху Щэрмэт Людмилэ япэу сытригъэтхыхьауэ щытащ «Советская молодежь» газетым сыщыувам. Абы иужь- кIэ Тут Заур теухуа тхыгъи згъэхьэзырат. Тутыр щIэбгъэлъэпIэн бгъуэтынут, зэчий бгъэдэлът, ауэ Заур и уэрэджыIэкIэм ехьэлIауэ ныкъусаныгъэу къэслъытэу стхахэр зэримыхъуэкIыжу Мухьэмэд къызэригъэнэжауэ, си Iуэху еплъыкIар хэIущIыIу сигъэщIауэ зэрыщытар си гуапэ хъуат, гушхуэныгъи къысхилъхьат.
- Зи зэхэщIыкIыр лъагэ, зи IэщIагъэм лъэныкъуэ куэдкIи хуэIэижь, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд мыпхуэдэу зыхуэзгъэзэну сыхуейт: «Ди ныбжьэгъуфI Мухьэмэд, уэ узейр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, атIэ Къэрэшей-Шэрджэсри, Адыгэ Республикэри, адыгэр щыпсэу щIыналъэ псори куэдкIэ къыпщогугъ. Узыншагъэ быдэ уиIэу адыгэ лъэпкъым иджыри куэдрэ ухуэлэжьэну Тхьэм жиIэ!»
- Тхьэгъэзит Юрэ,
- КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм
- и тхьэмадэм и къуэдзэ, щIэныгъэлI.
- ХьэшIуцIэмэ я Мыхьамэт фэсэIопщы
- Къыттещхэ, къыттесэ,
- Осэпси къыттехэ…
- Сэмэркъэур Тхьэм икIасэшъ,
- Мыхьамэт, бэрэ ори зыфэоIожьы:
- «ХьэшIуцэр Хьэфыжьы хъужьыгъэ».
- БгъашIэмэ адэ Iаджи узэхъокIын,
- ЗэхъокIых теплъи, Iуплъи, гупшыси,
- Ау лъэпкъ гупшысэр ренэу къэнэжьы,
- Тигупшысэмэ ахэтэу къыддэбакъошъ.
- «Уахътэм дэбэкъошъурэр лIы», — зеIом,
- Къэзэнэкъо Джэбагъэ тэщ фэдэ лIымэ
- ЗызэрагъэлIынэу щытыр къыгъэнэфагъ.
- Нафэр — ощ фэдэмэ укъыщамынэмэ дэгъу,
- Нахь дэгъужьых апэ уитэу укIомэ.
- Ау апэ итым анахь къин ренэу елъэгъу,
- Езгъэлъэгъурэр гъогур арэп, икIуакIэп,
- ГъогукIэр ары, амыкIугъэ лъагъо рэкIошъ.
- МакIох мафэхэр, илъэсхэр, ныбжьыхэр,
- Уахътэм ижьызэпеомэ илъэсхэр ащесых.
- Къыттещхэ, къыттесэ, осэпси къыттехэ,
- Ау ташIрэп гумахэ, адыгэр ренэу апсыхьэ.
- Уапсыхьагъ ори, сикъош, зэман зэблэкIмэ,
- Зи къыбблэкIыгъэп, якурыкупс уитыгъ.
- Шам итыгъэ стыри,
- Иорданым икIымэфэ гуауи
- Къыщыогуаоу зэп уазэрэщыкIуагъэр,
- КъэпкIухьэ зэхъум адыгэм улъыхъоу.
- Ахэми уалъыхъугъ, ори узлъыхъужьыгъ,
- Зыкъэдгъотыжьыныр къытэхьылъэкIышъ.
- Ау щытми, къэбгъотыгъэм уигъэгушхуагъ,
- Гушхо уешIба адэ зыгорэ къыбдэхъумэ.
- Хъу мыхъуи щыI, ар дэгъоу ошIэ, сикъош,
- «Къош Iахьылыр зыщыбэм бэныр щыбыхъу»,
- Мыхъужьы зыщыхъурэм къыпкъотын щыI,
- Ау къотэгъу имыIэу хэхэс адыгэм къехьы.
- Уахахьэ, уахэты, уилъфыгъи ахэмэ ахэт,
- IэкIыбым къэты джащ пае угу о бэрэ.
- «Бэрэ пIоми кIэмыкIмэ гъаблэ» аIуагъ,
- ЗыIуагъэр адыг, зэриIуагъэр адыг,
- Адэ адыгэм мыр иIушыгъэмэ, сикъош,
- Таущтэу къош Iахьыл закIэу тызэхэмытыгъ
- Титыгъэ тичIыгу къыщытфыкъокIэу?
- ТикIи, тижъи тыщытхъэу бэрчэтэу тытени.
- АI-анасын бэрэ зэтэIожьы, ау сыд тшIэн,
- ПшIэн умышIэмэ уипаIо гъэтIыси еупчI,
- Ащи теупчIы, тэри тызэупчIыжьы, сикъош,
- Ау ткъош Iахьылхэр джы нэс сыда хэхэс?
- ПаIор гъэтIыси еупчI, ау хэт ипаIу ар,
- Ар зыщыгъыгъэм епхыгъ къыуиIощтри.
- Адэ сыд къытаIорэ тэ типаIомэ, сикъош,
- Ткъошхэр джыри хэхэсыпс ешъохэмэ…
- Хымэ чIыгум джыри щэкIо адыгэгур,
- Ыгу ыгъэкIодырэпышъ, тэри тэгугъэ.
- Зыогъэгушхо ори, сикъош, огугъэшъ,
- Гугъэр уикIэгъэкъонэу къэпхьызэ,
- У ХьэшIуцIагъэти, Хьэфыжь ухъужьыгъ…
- Мейкъуапэ къалэ.
- 2021.03.30
- Жьэнахуэ
- Ди адыгэ газетыр адыгэбзэкIэ
- къэзыгъэпсэлъа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузотх
- Ди лъэпкъ мащIэм
- ХуэгумащIэу
- Уэращ диIэр.
- Тхьэр щыхьэтщ,
- Уи жьэр пхами,
- УафIэпсалъэу,
- ПэжкIэ лъэпкъым
- Убгъэдэтщ.
- Уи жагъуэгъухэм
- Уатхьэлэну
- Сыт ялъэкIыу
- Къэнэжа,
- УалIыпэну
- Зэрызехьэу,
- Бэлыхь дапщэ
- Ятелъа?
- Сыт къыбдагъуэр
- Уи жагъуэгъухэм?
- Уи нэ къэткъым,
- Уи Iэ къэткъым,
- Уэ хэт нэхърэ
- Унэхъ Iей?
- Хъунут ахэр
- Къыбдэплъей.
- Уэ лъэпкъ Iуэхущи
- Зепхуэр, Хасэм,
- Лъэпкъым фIыуэ
- Укъалъагъу.
- Ужьэнахуэщи, си тIасэ,
- Арщ щIэбгъуэтри
- Уэ жагъуэгъу.
- ГЪУКIЭЛI Исуф.
- Бахъсэн къалэ.
- 2006 гъэ
- СОЗАЕВ Ахъмэт
- ТУУГЪАН КЮНЮНГ ЧЫКЪДЫ ТАУГЪА
- Мухамед Хафицэге
- Хафицэ улу, бир къош болуп,
- Кёп жылны сабан сюребиз,
- Жюрекледе урлукъ себип,
- Жангы сёзле ёсдюребиз.
- Ишибизде — атха минип,
- Жаяулай да баргъанбыз биз,
- Ёрлеуню татлылыгъын да
- Кёп кере сынагъанбыз биз.
- Бюгюн тангнгынг ышарады,
- Туугъан кюнюнги чыкъды таугъа,
- Жолунг бийиклеге элтсин,
- Бу сёзлерим — санга саугъам.
- 1996 гъэ
- ЛIыгъэ зыхэлъыр къикIуэтыркъым
- КъызыхэкIа лъэпкъым и гуныкъуэгъуэм егъэгумэщI, игу щIэу-зым иропIейтей, гузэвэгъуэ хэхуа-мэ, къригъэлыну хуопабгъэ. Апхуэдэу зыхужысIэр журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, ди нэхъыжьыфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
- Гур маплъэ, нэр лъагъуэм ирокIуэ, жаIэ. Гъуэгу тетым и гъуэгу щызэпаупщIи щытрагъэкIуэти къохъу. Пэрыуэгъу куэд и лъагъуэ къытехьэми, лIыгъэ зыхэлъыр къикIуэтыркъым, мэкIуатэ, и гухэлъ емыпцIыжу, и мурадым хуокIуэ, лъэпкъым хуищIэм игъэгушхуэу.
- Апхуэдэщ Мухьэмэд. Хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр, сыт хуэдэ хьэзаб ямышэчами, зэрызэрыубыдыжынумкIэ, ягу ягъэкIуэд зэрымыхъунумкIэ фIэщхъуныгъэ яхэзылъхьэхэм ящыщщ ар.
- 2007 гъэм япэу сыIущIауэ аращ нэхъапэми зи гугъу куэдрэ ящIу зэхэсха адыгэлIым. «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я зи чэзу къыдэкIыгъуэ зэхэ-тым теухуа зэIущIэ Налшык щекIуэкIыу арат абы щыгъуэ. ЗгъэщIэгъуащ илъэс куэдкIэ сэ нэхърэ нэхъыжь редактор нэхъыщхьэр дахэу къызэрыспежьар, хьэщIагъэ къызэрызихар. Абы щыгъуэ дэслъэгъуа гуапагъэр иужькIи куэдрэ згъэунэхуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я лъэпкъ газетищым зэгъусэу къыдэдгъэкI номерхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, щIыналъэ зэпэщхьэхуэхэм дыщыпсэуми, зы лъэпкъыу дызэрыщытыр зыщыдмыгъэгъупщэу, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъри дгъэбыдэн зэрыхуейм хуэгъэпсащ абы и гупсысэр. А къыдэкIыгъуэхэр зытеухуауэ щытынури нэхъыбэм зыубзыхур Мухьэмэдщ. Кавказ зауэм и тхыдэм, хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм хэкужьым къагъэзэжыным икIи ди цIыхухэм яхэгъэзэгъэжыным, ди анэдэлъхубзэм зегъэужьыным, адыгэ ныпым, фащэм, нэгъуэщIу лъэпкъым къыдекIуэкI куэдым ехьэлIауэ дгъэхьэзыра номер зэхэтхэм зи фIыщIэ хэлъыр ХьэфIыцIэращ.
- Лъэпкъ журналистикэр лъагапIэ нэхъ иным нэгъэсыным, ныбжьы- щIэхэр а Iуэху гъэщIэгъуэным хэгъэгъуэзэным ехьэлIауэ Мухьэмэд ищIар мащIэкъым, нобэр къыздэсми абы пэрытщ. Журналистикэм ехьэлIа зэIущIэхэм, фестивалхэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъусэу сыхэтыну мызэ-мытIэу къысхуихуащ икIи си нэгу щIэкIащ абы езыми и псалъэми пщIэшхуэ зэраIэр. Мухьэмэд акъылышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ, куэд илъэгъуащ, гушыIэ дахэ хэлъщ.
- Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум си щхьэкIи, си лэжьэгъухэм я цIэкIи сохъуэхъу и узыншагъэмрэ жыджэрагъымрэ хэмыщIу илъэси 100-м нэсыну!
- ДЭРБЭ Тимур,
- «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ,
- АР-м щIыхь зиIэ и журналист
- Уи фIыр щыбгъэлъапIэм деж
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игъащIэми сцIыхуам хуэдэущ сызэрегупсысыр, апхуэдизкIэ абы и цIэр къуажэ щIалэгъуалэм ди тхьэкIумэм имыкIыу итт, и IуэхущIафэхэм дыщыгъуазэти. «ЖылэлI къыпхэкIыныр куэд и уасэщ, ауэ хэкулI ухъуным хуэдэ щыIэкъым», — жиIэрт ХьэфIыцIэм и цIэр япэ дыдэу къыдэзыгъэщIа, зи гъащIэр адыгэбзэмрэ адыгэ щIэныгъэмрэ лъэгущIыхь хуэзыщIа Жылау Нурбий. Сыт хуэдэ Iуэху дыхуемыжьэми, сыт хуэдэ зэхуэс зэхэмыхьэми, Нурбий фIэфIт, и гуапэ дыдэуи къыхигъэщырт жыжьэ нэса, зэфIэкI лъагэхэр къэзыгъэлъэгъуа и гъэсэнхэм я цIэр къриIуэн. «ФIым ухуэнэпсеиныр нэхъыфIыж къэбгъэщIыным и шэсыпIэщ», — гушыIэрт нэхъыжьыфIыр.
- Нурбий лъэпкъ щэнхабзэмрэ адыгэ тхыдэмкIэ дригъаджэрт. Абы хэлът зы хьэл гъэщIэгъуэн — зытепсэлъыхьыр ди фIэщ ищIын щхьэкIэ, тхыдэ хъугъэщIагъэр къыщыхъуа щIыпIэм дишэрэ ар ди нэгу къыщIигъэхьэу дерсыр къыдиту. «Мухьэжыр лъэгукIэ» еджэу ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэм и къуажэкIэм зы губгъуэшхуэ иIэщ, нэр пIэпихыу дахэу, абдеж щекIуэкIа Iуэхухэри зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу зы къару гуэри щызыхэп-щIэу. ХьэтIохъущыкъуей къуажитIым дэс унагъуэ куэдым заIэту Хэкур щабгынэм, а щIыпIэм зэ къыщыувыIэжщ, мазэри дыгъэри къанэхэм фэеплъу къыхуагъанэри икIыгъат. Урыс-Кавказ зауэм кърикIуа лъэпкъ нэщIэбжьэм щытепсэлъыхькIэ, Нурбий зи гугъу ищIыр нэхъ зыхэтщIэну къыщыхъури арат а щIыпIэм дыщIишар. БлэкIа жыжьэм хэлъа хьэлъэр къызэрытпкърыхьар илъагъу хъунти, Нурбий абдежым щыжиIащ хамэщIым къыщыхутахэм я щIэблэр зэрытфIэмыкIуэдыпар, ахэр къытхуэзыгъуэтыжахэм, ди зэхуакум дызэрызэкIэлъыкIуэн лъэмыж тезылъхьахэм Зеикъуэ къыдэкIа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэращыщыр. Гугъущ сабий гупцIанэхэм асыхьэтым зыхэтщIар къэпIуэтэну, апхуэдизкIэ гушхуэныгъэм дызэщIищтати, ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужати.
- Абдеж къыщежьэри, ХьэфIы-цIэм и цIэр щIэх-щIэхыурэ зэхэтх хъуащ, и тхылъхэр къытIэрыхьэу хуежьащ, абыхэм защыдгъэгъуазэу щIэддзащ. Курыт еджапIэр къыщыдухым Нурбий къытхуигуэшат ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Адыгэ мамлюкхэр» зыфIища тхылъыр. Ар нобэми дохъумэ, адыгэ дунейм япэ лъэбакъуэхэр хыдэзыгъэча щIэныгъэ къигъэхъуапIэу къыдолъытэри.
- Мухьэмэд и щхьэкIэ къыщысцIыхуами, си нэгу къызэрыщIыхьэу щытам щIагъуэу къыщхьэщыкIыркъым. Ар лIы пхъашэу, дэкIыпIэ задэ защIэу узыкIэрыхьэ Iуащхьэ щыгум тету… Пэж дыдэу, загъуэрэ пхъашэмэ, и гум илъ мафIэр къыплъэIэсу, и псалъэм уеувалIэу, и гушыIэм узэщIищтэу щытщ, арыххэми, моуэ улъэмыIэсыну зы лъагапIэ гуэрым тетуи къыпщохъу.
- Мухьэмэдищ соцIыху сэ. Зыр Мухьэмэд — къызэрыкIуэ цIыхурщ, етIуанэр жылагъуэ лэжьакIуэрщ, ещанэри — щIэныгъэлIщ.
- ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, Мухьэмэд цIыху гумащIэщ. Псом хуэмыдэу и гур унагъуэщIэ хъуахэм яхупихыу щытщ. КъалъыкъуэкIа Iуэхур ящигъэпсынщIэнущ зэрылъэкIкIэ, защIигъэкъуэфынумэ, ари яхуещIэ. Зым нэхърэ зыр нэхъ цIыкIуу сабиищ зиIэ ди лэжьэгъу цIыхубзыр гузавэрт унагъуэм щIэхыу имыгъэзэжу мыхъунуи, ар Мухьэмэд щызэхихым: «ЩIалэ бынщ, анэ гулъытэм и мащIэ щыдгъащIэмэ, фоч уэгъуэ икIынщ, дызыхуэмейщ». ЖиIэри блэкIащ, ауэ сыт хуэдиз псэ тыншыгъуэ абы асыхьэтым цIыхупсэм къыхуихьар, къыжьэдэкIа псалъэми сыт хуэдиз Iущыгъэ хэлъыр?..
- Мухьэмэд зэрыжылагъуэ лэжьакIуэр зымыщIэ щыIэкъым. Абы и цIэр, хэкурысхэр къэгъэнауэ, зэхэзымыха хамэщI щыпсэу адыгэхэми яхэткъым, уеблэмэ гъунэгъу лъэпкъхэри фIы дыдэу щыгъуазэщ. И гъащIэр щхьэузыхь зыхуищIари аращ — адыгэм зищIэжын, блэкIа къызэрымыкIуэ зэриIэр и фIэщ ищIын щхьэкIэ, улъэпхъэщащ, зэхуихьэсащ, цIыхубэм я пащхьэ ирилъхьащ. Псалъэ дыгъэлым къихьыр мащIэщ, ар щапхъэкIэ мыузэдамэ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэхуихьэса сурэтхэр, архив тхылъымпIэхэр, тхылъхэр ирокъу адыгэм ди тхыдэм зы пычыгъуэ нэсу зэрызыщыбгъэгъуэзэн. Ар къызэриIуатэри адыгэбзэт, абыкIэ игъэпэгэнури адыгэ цIыхути, Хасэм и гъуэгури, ЩIэныгъэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Iэмалри хилъхьащ. КъемыхъулIауи пхужыIэнукъым — нобэ адыгэ лъэпкъым и пычахуэ-хэр дыщIызэрыщIэм, тхэлъ щхьэхуэныгъэм дыщIыщыгъуазэм Мухьэмэд и фIыщIэ хэлъщ.
- Мухьэмэд щIэныгъэ зэгъэзахуэ хэмылъамэ, мамлюкхэм щегъэжьауэ хамэщI щыпсэу ди лъэхъэнэгъухэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я цIэри щIагъуэу тщIэнутэкъым, я щIэинхэми дыщыгъуэзэнутэкъым. Къэхутэныгъэ ебгъэкIуэкIыныр сыт щыгъуи гугъущ. Сыт хуэдиз къэрал Мухьэмэд къызэхикIухьар, а псор зэхуихьэсыжу Хэкум къихьэсыжын щхьэкIэ? Тхылъым хуэфащэ бзэкIэ итхыжа апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэм нэгъуэщI фащи щитIэгъэфащ — къызэрыкIуэ адыгэбзэкIэ къиIуэтэжурэ а щIэныгъэр лъэпкъ газетымкIэ цIыхубэм ялъигъэIэсащ. НэгъуэщI зы IуэхуфIи епхащ Мухьэ-мэд и цIэм — мазищым зэ къыдэкI адыгэ газетищыр. Адыгэ жылэр а лъэбакъуэм зэримыпхауэ жыпIэфынукъым. Хэкурыс адыгэр зы лъэпкъ дришэлIэжащ абы.
- Мы махуэхэм Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. Ныбжь дахэщ, къызэбнэкIа лэжьыгъэм ухэплъэж хъуну. Ауэ иджыри и къару илъщи, дяпэкIи и гуащIэ зытригъэкIуадэ хъун щыIэу къысщохъу. НэхъыжьыфIым къыпхужаIэ фIым хэмыщIу, гукъыдэж зыхуэпщIыр къыбдэхъурэ иджыри уи гуращэ куэдым уехъулIэу ди япэ узыншэу иджыри уитыну сохъуахъуэ!
- Догушхуэ уэркIэ, Мухьэмэд!
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и
- щIэныгъэ обозреватель.