ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIы  зыщIэу  фIыщIи  къэзымылъыхъуэ  Маринэ

2021-03-30

  • УнафэщIым и псалъэ
  • Лъэпкъым  и  къэкIуэнум  йогупсыс
  • ЖьэкIэмыхъу Маринэ лэжьэн щыщIидзари, нобэм къэсыху щылажьэри «Адыгэ псалъэращ». Корректорым и дэIэпыкъуэгъу IэнатIэм къыщригъэжьащ абы. Маринэ щытащ корректоруи, жэуап зыхь секретарым и къуэдзэуи, жэуап зыхь секретаруи, иджы редактор нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэщ.

  • Сэ абы илъэс 23-м щIигъуауэ сыдолажьэри, бзылъхугъэ гуащIафIэм дэбгъуэн дэслъэгъуакъым. Сыт хуэдэ газет Iуэхури абы фIы дыдэу егъэзащIэ. Маринэ куэд къыбжиIэнукъым, и щхьэр къимыIэту сатыр бжыгъэхэр «къыщIиIукIынущ», зэридзэкIыну зыгуэр ептмэ, дакъикъэ зыбжанэм къриубыдэу ар адыгэбзэм къригъэзэгъэнущ, тхылъ къыдэбгъэкIмэ, редактор хъарзынэ пхуэхъунущ.
  • Адыгэбзэм Маринэ хуэдэу хуэIэзэ гъуэтыгъуейщ. Абы и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ, журналист ныбжьыщIэхэми защIегъакъуэ. ЖьэкIэмыхъум дэтхэнэ и лэжьэгъуми гулъытэ хуещIыф, сэбэп хуэхъуну хущIокъу.
  • Сэ куэдрэ жызоIэ: «Маринэ хуэдэу цIыхуипщI диIамэ, «Адыгэ псалъэр» нэхъыбэ хуейтэкъым».
  • Лъэпкъым и къэкIуэнум егупсыс, абы Iурылъ анэдэлъхубзэм хуэсакъ ди шыпхъум и махуэ дахэмкIэ сохъуэхъу. Узыншагъэ быдэ Тхьэм къыуит, Маринэ!
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ,
  • УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
  •  
  • Адыгэбзэ къабзэм и хъумакIуэ
  • Редактор Iэзэ жыхуаIэм и мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, тхыбзэм къыпхуищIэр уи нэкIэ плъагъун, псэкIи зыхэпщIэн хуейщ.
  • Лъэпкъыбзэр щIэныгъэм къищтэ мардэм лъэщIыхьэныр, ар «академическэ къупхъэ» жыхуаIэм пхуигъэзагъэу щытыныр лъэпкъ узыщIыж тегъэщIапIэ лъэщхэм язщ. А лъагапIэм зы бжьизкIэ дыкъебэкъуэхыху, хамэбзэр нэхъ тегушхуауэ къыдобгъэрыкIуэ, дэри зыттыну дыхьэзырщ. Езы бзэр хъумэн Iуэхум и гугъу дымыщIми, я тхылъхэр дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэм хабжэу, нобэ зи цIэ Iуа усакIуэхэм, тхакIуэхэм я тхэн гукъыдэжыр езыхэм яIэщIэкIуэдэжынкIи хъунт, я гъуэгум редакторыфI е тхылъ тедзакIуэ губзыгъэ къытемызэрыхьамэ. Ахэр бзэ ехьэжьащ, адыгэбзэр сытым щыщ жиIэнщ дзыхьмыщIым. Ауэ нобэ хуэдэу ди анэдэлъхубзэр щыпсэ махэ зэманым ар дэзыгуэну къебгъэрыкIуэ къару псоми «Адыгэ псалъэр» мэIум ещхьу япэщIэтщ жытIэмэ, дыдэпсэлъейуэ къыфщремыхъу. А дыкъикIуэтыну зыщыдмыгъэхьэзыр, къэрэндащ нэхърэ нэхъ Iэщэ хьэлъэ къыщыдмыIэт зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм щылъэрызехьэ «дзэзешэхэм» язу жыпIэ хъунущ ЖьэкIэмыхъу Маринэ.
  • ЦIыхур къызыхуигъэщIа IэщIагъэр и хьэл-щэнми хыболъагъукI. Ди редакцэм ехьэлIауэ а Iуэхум утепсэлъыхьмэ, нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэм и къалэнхэр зыхь Маринэ унафэщIымрэ къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэмрэ я зэхуакум лъэмыжу дэтщ, езэшар тригъэгушхуэу, дзыхэм и гур къыхудришейуэ, щхьэхым щIэрыIэу, щыуам IэщIэщIар хузэригъэзэхуэжу, щымыIэм и пIэкIэ лажьэу. И пащхьэ иралъхьэ тхыгъэхэм мыхъунумрэ къемызэгъымрэ хигъэкIыу, чэмыр зэрыдыщIигъум ещхьщ и ущиекIэри. УмыщIэм и жэуапыр къызэрыбгъэдэпхым хуэдэ дыдэу, Iуэху мыублэ псоми дызэрыхыхьэр Маринэ и Iэпэр тIыгъыущ, ауэ щыхъукIэ езым и цIэр ди тхыгъэхэм я лъабжьэм щIэдгъэувэркъым.
  • ЦIыхум и лэжьыгъэ бгъэдэтыкIэр сабиигъуэм къыщожьэ жаIэ. Дэтхэнэ IуэхущIапIи Iухьи, и IэнатIэм зыщыщIезыгъэххэми, и пщэ далъхьар нэгъэсауэ зэфIэзыгъэкIхэми, зимыкъалэн зыгъэзащIэхэми, уеблэмэ, абы зимыIуэху щызезыхуэхэми уащрихьэлIэнущ. Маринэ зыхиубыдэр и пщэ къыдалъхьар нэгъэсауэ имыщIэнкIэ Iэмал зэримыIэр къызыгурыIуэ, Iуэхум хурикъун зэфIэкI зыбгъэдэлъ, цIыху балигъым зримыгъэхъулIэфын зыри зэрыщымыIэр зигу имыху закъуэтIакъуэххэхэрщ. Хэт ипэжыпIэкIэ лэжьэкIэ зыщIэр? Къытехуэр имыгъэзащIэмэ, IэфIу мыжеинурщ, мышхэнурщ, зызымыгъэтыншынурщ. Апхуэдэщ Марини. Лэжьыгъэр зыхуей хуэзэху игури и псэри загъэркъым. ФIыщIэ къимылъыхъуэуи, ищIэу хъуар псым хедзэф, «мыр сэ си къалэнкъым» псалъэухар ищIэххэркъым.
  • Къалэм зыIыгъ псоми зы хьэл мыгъуэ тхэлъщ: ттхам нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнрэ цIыхухэр зыхэбгъэкIыж нэхъ мыхъунрэ щымыIэу къытфIощI. Абы нэхърэ нэхъ къэсэбэпуи зы Iэмэпсымэ диIэкъым, сыту жыпIэмэ, тхэныгур пфIэкIуэдмэ, IэщIагъэри пфIэкIуэдащ. Газетым щылажьэ журналистхэм Маринэ фIыщIэ щIыхуэтщIхэм язщ абы уи тхыгъэр «зэрыIэщIэмыкIуадэр», ар газетеджэм деж нэзыхьэсыну къарум зыщIигъакъуэ фIэкIа, и зэгъэзэхуэкIэм щхьэзыфIэфIагъ зэрыхимылъхьэр. Тхэным уигу щимыгъэкIыу, тхэкIэ зэрыуигъащIэм сыт щыгъуи сфIэфIу сыкIэлъоплъ, си щхьэкIи согъэунэху: уиунэтI щхьэкIэ, къэбгъэщхьэпэну IэмалхэмкIэ ухигъэзыхьыркъым, хъуам зэрытепсэлъыхьыфым мыхъуар тыншу уигу пегъэкI, здэбунэтIыпхъэ лъэныкъуэр къыщыбгуригъаIуэкIэ, уи хъэтIыр зэримылъэхъэным хуэсакъ зэпытщ. Редакторым IэщIэплъхьа тхыгъэр иджыри IипщIым зэIэпах: пэжырытхэм кIэлъыплъ корректорхэм, жыпхъэр зэзыгъэзахуэ верстальщикхэм, къинэмыщIхэм. Тхыгъэм къызэринэкI а дэкIуеипIэ къэс Маринэ зылъэмыIэсрэ зэмыIусэжрэ къахэкIыркъым жыпIэмэ, ущыуэнукъым.
  • «Адыгэ псалъэм» и редакцэм щекIуэкI гъащIэм и гугъу тщIымэ, ЖьэкIэмыхъу Маринэ абы щиубыд увыпIэр «редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ» псалъищым пхуиубыдэну къыщIэкIынкъым. Пэжыр жыпIэмэ, тIэкIуи къызохьэлъэкI ар редактор нэхъыщхьэм къыгуэсхыу щхьэхуэу къэзгъэлъэгъуэну, сыту жыпIэмэ, Маринэ узэрыдихьэх Iэзагъхэм язщ нэхъыжьым и пщIэ хуэщIыкIэр. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ абырэ я «нэхъыщхьэ-къуэдзэ» зэбгъэдэтыкIэм IуэхущIапIэ къудей дымыхъуу, унагъуафэ къыттрегъауэ, адыгэбзэ къабзэкIэ жыпIэмэ, уи псэм къытегъуэлъхьэн хьэл яIэкъым зи унафэ дыщIэтхэм.
  • Уи щхьэ утемыпсэлъыхьыжу цIыхум фIыщIэ хуэпщI хъууэ щытамэ, жытIэни жытIэжыни ди куэдт, дауи. ИтIани, гъащIэр зэрытэлайр ди нэгу щIэзыгъэкI мы махуэхэм къыздэлажьэхэр си акъылэгъуу, ди газетеджэхэри щыхьэту, къыдэсшеину сфIэигъуэщ Маринэ удэлэжьэныр, пцIыхуныр, удэплъеиныр, жиIэр зэхэпхыныр, пIуэтэжыныр, бгъэщIэгъуэныр — езы гъащIэр купщафIэ зыщI насыпу зэрыщытыр. Хьэрф губгъуэшхуэ къыхэкIыну къыщIэкIынт, Маринэ «Адыгэ псалъэм» зэрыщылажьэрэ и Iэ щIэкIа тхыгъэхэр зэпыдгъэувэжамэ. Ди хъуреягъкIэ щекIуэкI адыгэ дунейм зы щхьэпагъ щытепщэмэ, абы и фIыщIэ хэлъщ и IэнатIэм хуэпэж дэтхэнэ зы IэщIагъэлIми. Ауэ Iуэхур лъэпкъыбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ щытеухуам деж, а цIыхум къилэжь фIыщIэр мы дунейм деж къыщыувыIэ къыщIэкIынкъым. А фIыщIэр – хъуэхъум, хъуэхъур – тхьэлъэIум хуэбгъэкIуэжыну къезэгъмэ, псори дыкъэзыгъэщIам долъэIу Маринэ и нэгум хьэрфу щIэкIам хуэдиз фIыгъуэ къыбгъэдилъхьэжыну. Ар зэIусэжа хъугъуэфIыгъуэ куэд ди анэдэлъхубзэм иджыри къыпыщэщынми дыщогугъ.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.
  • Секретариатым щылажьэхэм чэнджэщ ярет. 2012 гъэ

  • ЩIэныгъэлIым и псалъэ
  • ЗэфIэкI лъагэ зиIэ
  • Уи зэфIэкIым цIыху къыхуэныкъуэмэ, къыщIэупщIэмэ, ар и щыхьэтщ уи IэщIагъэм мыIейуэ уехъулIэ зэрыхъуам. Абы къыпоувэ узыпэрыт IэнатIэм къыщыпхь текIуэныгъэхэр (цIыкIуми инми), а текIуэныгъэхэм къыпхуахь гушхуэныгъэмрэ дэрэжэгъуэмрэ. Ахэр зэуIу хъужамэ, насып жыхуаIэжыращи, насыпыфIэу къэплъытэ хъунущ Маринэ.
  • Дауи, апхуэдэ насыпыр езыр-езыру къакIуэхэм ящыщкъым. Абы увыIэгъуэ уимыIэу ухущIэкъун хуейщ. Нобэ Маринэ здынэса лъагапIэр къызэрилэжьари апхуэдэущ — еш имыIэу и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ зэрыхигъэхъуэным хущIэкъуащ.
  • Кэнжэ жылэм дэт курыт еджапIэр къиуха къудейуэ ЖьэкIэмыхъу Маринэ «Ленин гъуэгу» газетым щылэжьэну къэувауэ щытащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, абы фIы дыдэу къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэри. Сессиехэм щыIауэ къэкIуэжамэ, уеблэмэ къихьа оценкэхэмкIэ деупщIыртэкъым — тщIэрт ар фIы дыдэу зэфIигъэкIауэ къызэригъэзэжынур. «Птичница-отличница» фIэтщауэ дыдэгушыIэрт.
  • Маринэ къигъэIурыщIар щIэныгъэм и закъуэкъым, газетым зы IэнатIи иIэкъым ар щымылэжьэфу. Тхыгъэр тхыным къыщыщIэдзауэ, ар газет напIэкIуэцIым иту дунейм къытехьэху а Iуэхум иращIэкI лэжьыгъэ куэдым зы хэткъым ЖьэкIэмыхъум имыгъэзэщIэфу. Апхуэдэ зэфIэкI иIэу журналистхэм яхэтыр зырызыххэщ. Iуэху къылъыкъуэкIыу зыгуэр лэжьакIуэ къыдэмыкIыфамэ, псом япэу лъэIукIэ зызыхуагъазэр Маринэт: ящIэрт абы укъызэримыгъэщIэхъунур, ущIелъэIуа Iуэхури дагъуэншэу зэрызэфIигъэкIынур. Абы къыхэкIыу хуабжьу зэпэIэщIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм пэрыувэрт: зэм корректорт, зэми корреспондентт, щыIэт выпускающэм и къалэнхэри щигъэзащIэ, типографием кIуэуэ линотип машинэхэмкIэ тхыгъэхэр къыщищыпи, газет напэкIуэцIхэм я макетхэр щищIи къэхъурт.
  • Зи IэщIагъэм нэгъэсауэ хэзыщIыкIщ Маринэ. Апхуэдэ лэжьакIуэ хъыджэбзым къыхэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуа гъэсакIуэхэри и мащIэкъым абы. Сэри абыхэм ящыщ зыуэ зыкъызолъытэж. Дэтхэнэ гъэсакIуэми гухэхъуэ, дэрэжэгъуэ ин къезытщ и гъэсэныр езым щхьэпрыкIыжауэ, нэхъ лъагэ хъуауэ илъагъуныр. Куэд лъандэрэ Маринэ сыдэмылэжьэжми, сэ дапщэщи сыкIэлъоплъ абы бгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ екIум икIи срогуфIэ, срогушхуэ зи лъэкIыныгъэхэм махуэ къэс хэзыгъахъуэ, зыпэрыт IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ си ныбжьэгъум и дэтхэнэ лъагапIэми.
  • Маринэ къыкъуэкIа апхуэдэ зэфIэкIым щыгуфIыкIыр куэд мэхъури, ди гуапэщ абыхэм я бжыгъэр багъуэ зэпыту екIуэкIыну, езыри щIэгуфIэнрэ зыгъэгуфIэнрэ и куэду псэуну.
  • ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
  • филологиещIэныгъэхэм я доктор, профессор,
  • КъБКъУ-м адыгэбзэмрэлитературэмкIэ  и кафедрэм и унафэщI.
  •  
  • Нэхъыжьым и псалъэ
  • «ЗэпIэзэрыт» жыхуаIэр апхуэдэщ
  • ЖьэкIэмыхъу Маринэрэ сэрэ дыщызэрыцIыхуар дыгъуасэ хуэдэщ, арщхьэкIэ абы лъандэрэ илъэс зыкъом дэкIащ. ГъащIэм дызэрыхущытым, ди Iуэху еплъыкIэм захъуэжащ. Ар къызыхэкIари гурыIуэгъуэщ: совет идеологием дытету лэжьыгъэм дыпэрыуващ, иджы зы идеологие гуэри здэщымыIэ Урысейм дыщопсэу… Дэри, дауи, илъэс къызэднэкIхэм яжь къытщIихуащ. АтIэми, Маринэ сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми къикIыфащ, и цIыхугъэми, лэжьыгъэм псэ къабзэкIэ зэрыбгъэдэтми, и ныбжьэгъу-лэжьэгъухэм зэрахущытми зыкIи замыхъуэжауэ.
  • Нэхъ куууэ щыгъуазэ фыхуэсщIыну сыхуейт Маринэ и гъащIэм. Пасэу зи адэр зыфIэкIуэда хъыджэбз цIыкIум мурад ищIащ еджапIэ нэхъыщхьэм заочнэу щIэтIысхьэу лэжьэну, и унагъуэм зыщIигъэкъуэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къыщIэхутащ ар «Ленин гъуэгу» газетым (иджырей «Адыгэ псалъэм») и редакцэм.
  • Абы корректор IэнатIэр къыщыхуагъэфэщам а лэжьыгъэм пэлъэщыным шэч къытезыхьа гуэрхэри къахэкIат гупым – газетыр щыуагъэншэу къыдэкIыныр зи пщэ дэлъхэр хуабжьу Iэзэт, абыхэм уадэхъуну гугъут. АрщхьэкIэ Маринэ хузэфIэкIащ а гуп дыгъэлым яхэзэгъэн. Хэбгъэзыхьмэ, зэман дэкIри, и къулыкъукIэ драгъэкIуэтеящ — жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу ягъэуващ. Дзыхь къыхуэзыщIахэр иджы езым игъэлажьэ хъуат. Маринэ и зэман псор зытригъэкIуадэр и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэнырт. Тхылъу щIиджыкIым щIэи гъуни иIэтэкъым.
  • Зэрылажьэм хуэдэурэ, Маринэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым щIэтIысхьащ икIи ар зэпэщу къиухащ. Лэжьыгъэмрэ еджэнымрэ зэдэпхьыныр зэрыгугъур хэти ещIэ.
  • Дэ, лъэпкъ журналистикэм и лъагапIэм «дэкIауэ» зыкъэзылъытэжхэм (согушыIэ), ЖьэкIэмыхъум зыхуэдгъэзэн хуей хъурт зи тхыкIэм дыщымыгъуазэ псалъэхэмкIэ. ИкIи сыт щыгъуи жэуап щыдгъуэтырт! Иджыри аращ: псоми я гугъу схуэщIынкъым, ауэ апхуэдэ IуэхукIэ нобэр къыздэсым Маринэ си гъуазэщ.
  • ЦIыхугъэшхуэ хэлъти, Iэмалыншэ щыхъукIэ, езым и лэжьэгъури корректорхэри зэрихъуэкIырт, абыхэм я Iуэху ищIэрт. ФIыщIэ щимыгъуэтыжри нэхъыбэжт, ауэ зэи гузэрыдзэ ищIакъым.
  • Газетым и номерхэм яхэтщ къыбдэпсынщIэхэри, нэхъ къыптехьэлъэхэри. ГъэщIэгъуэнщ, ЖьэкIэмыхъум нэхъыбэрэ къылъысыр иужьрейхэрт. Нэху щыху редакцэм и унэм щыщIэсаи къыпхуэмыбжын хуэдизу къэхъуащ, ауэ сэ ар тхьэусыхэу зэи зэхэсхакъым. «ЗэпIэзэрыт» жыхуаIэр апхуэдэхэращ.
  • А псоми гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Аращ ди газетым жэуап зыхь и секретарым и къулыкъур хуит къыщыхъум, а лэжьыгъэр ЖьэкIэмыхъу Маринэ щIыфIамыхари — ар а Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзырт. И егугъуныгъэрщ, жэуаплыныгъэ хэлъу сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхущытырщ Маринэ щIыдрагъэкIуеяр. Къыхэзгъэщынщи, адыгэ газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ, жэуап зыхь и секретарь, и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ къулыкъухэм цIыхубз зэи ямыгъэувауэ а IэнатIэхэр Маринэщ япэу дзыхь зыхуащIар.
  • Редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу зэрагъэуврэ илъэс пщыкIутхум нэсащи, «Адыгэ псалъэр» и купщIэкIи, и теплъэкIи щIэджыкIакIуэхэр дэзыхьэх зэрыхъуным махуэ къэс егугъуу мэлажьэ ЖьэкIэмыхъур.
  • И махуэшхуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу си лэжьэгъу бзылъхугъэ цIыкIум. Уи гум щыбгъафIэ хъуэпсапIэ псори нахуапIэ Тхьэм пхуищI, си шыпхъу.
  • ШАЛ Мухьэмэд,
  • КъБР-м щIыхь  зиIэ и журналист.
  • Ныбжьэгъум и псалъэ
  • Зи  псалъэр  гуапэ, зи  ущиер  щабэ
  • ЩыIэщ цIыху, и гум къыбгъэдэкI гуапагъэмрэ хэлъ хьэл-щэн дахэмрэ, малъхъэдисым хуэдэу, узыIэпашэу. Апхуэдэхэр нэхъыбэрэ пцIыхухукIэ, псэкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу, нэхъ зэхуэIэфI уохъу. Ди лэжьэгъу щыпкъэ ЖьэкIэмыхъу Маринэ зи гугъу тщIыхэм я щапхъэ нэсу къыдолъытэ.
  • Газетым дызэрызэпищIэм утепсэлъыхьмэ, Маринэ ящыщщ зэфIэпха Iуэхур фIыщIэ зыщIхэм, къыппэщылъ лэжьыгъэхэм утезыгъэгушхуэхэм. Абы и нэIэ ятригъэтщ журналист лэжьыгъэм пэрыхьагъащIэхэм, я ныкъусаныгъэхэр, я жагъуэ имыщIу, я пщIэ иримыудыхыу яригъэлъагъужу, я пщэрылъхэр тэмэму ягъэзэщIэным хуиущийуэ. Зи псалъэр гуапэ, зи ущиер щабэ а нэхъыжьым хуащI пщIэр нэхъ лъагэж ещI апхуэдэ цIыху хэтыкIэ екIум.
  • Редакцэм зы лэжьыгъи щекIуэкIыу къыщIэкIынукъым ар зыхуэмыIэижьрэ имыгъэтэмэмыфынрэ. Абыи щхьэусыгъуэ хэха иIэщ: корректору лэжьэн щIэзыдзауэ щыта Маринэ къикIуащ газет IэнатIэм и «дэкIуипIэхэм» ящыщ куэд, дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу икIи и чэзум зэригъэзэщIэным хущIэкъуу. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ къалэныр нобэ зыгъэзащIэ ЖьэкIэмыхъу Маринэ абы и лъэныкъуэкIэ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ лэжьакIуэшхуэщ. IэнатIэм щызыIэригъэхьа апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм къапэкIуэу Маринэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIа щIыхь тхылъхэр. Абы хуэфащэ дыдэуи къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри.
  • Лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ щытепщэ адыгэ унагъуэфIым щапIа Маринэ хэлъщ бзылъхугъэм хэлъыпхъэ хьэл дахэхэр: Iэдэбщ, щэныфIэщ, пщIэрэ нэмысрэ зыщIщ икIи цIыхур, гъащIэр фIыуэ зылъагъущ. А псоми пщащэр хуаущиящ гъащIэ гъуазэу иIа и адэ-анэу Музаринрэ Хьэфисэтрэ (я ахърэтыр нэху Тхьэм ищI). ЗэхэщIыкI куу зыбгъэдэлъ анэкъилъхущ ар, зэрыныбжьэгъу пэжым, жэуаплыныгъэ зыхэлъ лэжьакIуэшхуэу зэрыщытым хуэдэу. Сыт хуэдэ IуэхукIи бгъэдыхьэ — ар лэжьыгъэм ехьэлIауэ е уи щхьэ Iуэхуу щрырет — Маринэ дапщэщи гулъытэ хэха къыпхуищIынущ, лъэкI псомкIи къыбдэIэпыкъунущ. Абы и щапхъэхэр гъунэжщ, си щхьэкIи куэдрэ згъэунэхуащ.
  •  Зи IэнатIэм пэжу пэрыт, зи къалэнхэр гурэ псэкIэ зыгъэзащIэ, фIыуэ тлъагъу ныбжьэгъуфIым, ди шыпхъу пэлъытэм дынохъуэхъу укъыщалъхуа махуэмкIэ. Уи анэкъилъхухэмрэ абыхэм къащIэхъуэ щIэблэмрэ я ехъулIэныгъэхэм удэгушхуэу, уи лэжьыгъэм гупсэхугъуэ дэбгъуэтрэ мурадыщIэхэр уи бэу куэдрэ дунейм утетыну ди гуапэщ. ГъащIэм ущызрихьэлIэ лъэпощхьэпохэр дапщэщи тынш къыпщрыращI укъызыхэкIа унагъуэ зэгурыIуэм исхэм къабгъэдэкI лъагъуныгъэм, ныбжьэгъу пэжу уиIэхэм къапкърыкI гуапагъэм, уэ езым пхэлъ зэпIэзэрытыныгъэмрэ хьэл-щэн екIумрэ. ИрикIуэ уи гъуэгум, узыншагъэ быдэ уиIэу, гумрэ псэмрэ зыщIэхъуэпс псори къохъулIэу, фIыуэ укъэзылъагъухэмрэ пщIэ къыпхуэзыщIхэмрэ къахэхъуэ зэпыту. Уи махуэм ирихьэлIэу мы усэ сатырхэри тыгъэ пхудощI.
  • ПСЭ КЪАБЗЭ
  • ЖьэкIэмыхъу Маринэ хузотх
  •  
  • Уэ уцIыху щыпкъэщ, шэч хэмылъу,
  • ПсэкIэ укъабзэщ, гукIи арщ.
  • Хэбдзын уи хьэлым зы хэмылъу
  • Ди Тхьэшхуэм уэ укъигъэщIащ.
  •  
  • Бзылъхугъэ дахэм уи гуапагъэм
  • КъегъэIурыщIэри цIыху куэд,
  • Абыхэм уэ къыпхуащI псэ тыгъэм
  • ИщIынкъым уэ уи гъащIэр нэд.
  •  
  • ЛэжьапIэм ущыпэрытщ дапщэщи,
  • IэщIагъэм уощIэри и щэху,
  • ЗэкIэлъогъакIуэ Iуэхур дэгъуэу,
  • Ар зэфIэкIыху умыщIэу псэху.
  •  
  • Апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэм
  • Къыпхуехь уэ пщащэм пщIэ, нэмыс.
  • Гупсысэ жаным, пхэлъ пэжыгъэм
  • Ухуешэ куэдыр здынэмыс.
  •  
  • Унагъуэращи, къыпхуэпIащIэу
  • Уэ ини цIыкIуи къопщIэпщIэкI.
  • Уи анэкъилъхухэм уахуэгуапэу
  •  ГумащIэу гъащIэр ядохьэкI.
  •  
  • Уэ цIыху гущабэм уи псэр къабзэу
  • Iыхьлыи благъи уадокIуэкI.
  • КъыфщIэхъуэ щIэблэм урагъуазэу,
  • Сабийхэм псэкIэ зыкъыуашэкI.
  •  
  • Гъатхэпэ дахэу уи махуэшхуэм
  • Лэжьэгъухэр нобэ уэ дыпкъуэтщ.
  • КъохъулIэу уи гурылъыфIхэр,
  • Ди щапхъэу куэдрэ уэ къытхэт.
  •  
  • Уи махуэ лъапIэр пхуэтIэтыну
  • Ныбжьэгъуу уиIэр дыхьэзырщ.
  • Ди гуапэщ жыжьэ унэсыну,
  • Ирехъу уи гъащIэр сыткIи щыз.
  •  
  • Уэ пщащэр удолъагъур фIыщэу,
  • УрыреIэ гъащIи насып ини,
  • Пхуэфащэщ мыухыж ди фIыщIэр.
  • Тхуэпсэу узыншэу, ди Маринэ!
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ,
  • КъБР-м щIыхьзиIэ и журналист.
  •   
  • НэхъыщIэм и псалъэ
  • Гумызагъэ
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и теплъэм гур хигъахъуэу, и купщIэр щIэнгъуазэ пэлъытэу зэрыщытыр куэдым жаIэу зэхызох. Ауэ а газетым и щIэджыкIакIуэхэмрэ нэгъуэщI IэнатIэ пэрыту къыддэлажьэхэмрэ ящIэркъым (махуэ къэс къызэрытхэмытым къыхэкIыу) ди редакцэм и зэхэтыкIэ екIумрэ ди лэжьэгъухэм я зэхущытыкIэ гуапэмрэ. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, илъэс 15-м щIигъуауэ сыщылажьэ IуэхущIапIэр унэ етIуанэ схуэхъуащ, ар къэзыхьар, дауи, нэхъыжьи нэхъыщIи, зы адыгэ жьэгу цIыкIу щызэбгъэдэс хуэдэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къэувагъащIэм и жэрдэмыр куэд щIауэ лажьэхэм даIыгъыу дызэрызэхэтыр арагъэнщ.
  • Ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм я нэхъыбэр гъэхьэзырыным и хьэлъэр нэхъыбэу зытегъэщIар ЖьэкIэмыхъу Маринэщ жысIэмэ сыщыуэнкъым. Ар апхуэдизкIэ цIыху гумызагъэщи, нэгъуэщIым щхьэщиха Iуэхум иджыри зэ еплъыжу, езым и къалэнхэр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу апхуэдэщ. КъыдэкIа газетым зы щыуагъэ кIуамэ, псом нэхърэ нэхъ Iейуэ зыхэзыщIэр Маринэу къысщохъу, апхуэдизкIэ ар и IэщIагъэм хуэпэжу, гумызагъэу мэлажьэри.
  • ЖьэкIэмыхъум и нэIэ щIэмыт зы Iуэхуи редакцэм щызэфIахыркъым. Ар псоми хуэнабдзэгубдзаплъэщ, сыт хуэдэ Iуэху кърахьэжьэми еунэтIыф, уеблэмэ, редактор нэхъыщхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ ежьэн хъуамэ, а къалэныр Маринэ егъэзащIэ. ЦIыху щыIэщ, зы мащIэ тIэкIу ищIамэ, ар гъэбэгъуауэ утыку щигъэлъэгъуэну хущIэкъуу, ЖьэкIэмыхъур нэгъуэщIщ — гурэ псэкIэ етауэ, щхьэкъэIэт имыIэу лэжьэнущ жэщыр хэкIуэтами, зыгъэпсэхугъуэ махуэу техуами, ауэ и цIэр жыпIэну, утыку ипшэну ухуежьэмэ, ар лейуэ къыщыхъунущ.
  • Дызыпэрыт IэнатIэм, газет къыдэгъэкIыным Маринэ химыщIыкI зыри щыIэкъым. Ар хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэнщ лэжьэн зэрыщIэздзэ махуэри. Абы журналист нэхъыфIым хуэдэу тхыгъэри итхынущ, и къалэныр аращи, екIууи зэригъэзэхуэжыфынущ, газет напэкIуэцIыр зэрызэхэлъынури игъэпсынурэ, ар компьютеркIи зэхуихьэсыжынущ. Мис а псом Маринэ и пщIэр еIэт, дэ, нэхъыщIэхэм, гъуазэ тхуэхъур, щапхъэ зытетхыр аращ. Абы хуэщIэ псор зэдгъэщIэнщ жытIэкIэ, дылъэщIыхьэнукъым, ди тхыгъэхэм къыщеджэжкIэ арэзы тщIымэ, фIыгъуэ гуэр хуэтщIауэ къыщохъу.
  • СфIэфIщ Маринэ и ущиекIэр. Абы лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ куэдым дыхуигъэсащ, адыгэ пщащэм хэлъын хуей цIыхугъэмрэ хабзэмрэ, гуп хэтыкIэмрэ цIыху бгъэдыхьэкIэмрэ езым дэтлъэгъуащ. Щымыарэзы гуэр къызыхуимыхуэ щыIэ, ауэ Маринэ къэгубжьауэ зэи слъэгъуакъым.
  • Редакцэм щылажьэ журналист ныбжьыщIэхэм пщIэ хуащI Маринэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ зыри щигъэуэнукъым, и псалъэ Iущрэ гулъытэрэ дэтхэнэми лъигъэсынущ, унафэщIхэм языхэзу щыт пэтми, пхъашэу псэлъэкIэ ищIэркъыми, уи гур сыт щыгъуи хузэIухауэ апхуэдэщ, зыгуэр пщэрылъ къызэрытхуищIри а Iуэхум дытригъэгушхуэущ.
  • Лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм лейуэ дытемыпсэлъыхьми, нэрылъагъущ, ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт Маринэ нэхъ гумащIэрэ нэхъ хьэлэлрэ зэрыгъуэтыгъуейр. Маринэ къэзыухъуреихь псоми ягу зэрыдыхьэным яужь итщ. Си щхьэкIэ, сызыгъэгушхуэн псалъэ дахэ куэд къызжиIащ, си лэжьыгъэм сыщыпэрыхьагъащIэм гъуэгу захуэ сытригъэуващ, нобэр къыздэсым редакцэм щызиIэ чэнджэщэгъу нэхъыщхьэр аращ.
  • НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ,
  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр. 2014 гъэ