Театр утыкурщ къызыхуигъэщIар
2021-03-30
- КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Хъупсырджэн Албэч и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу. Республикэм и макъамэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI, классикэ макъамэхэр зи псэм хэлъу зыгъэзащIэ, илъэс 30-м щIигъуауэ утыкур зыгъэбжьыфIэ артист Iэзэр ящыщщ республикэр зэрыгушхуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэм.
- Хъупсырджэн Албэч Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1956 гъэм гъатхэпэм и 30-м къыщалъхуащ. Ди республикэм и Музыкэ училищэм, иужькIэ Астрахань, Воронеж къалэхэм щыIэ консерваторэхэм щеджащ.
- КъБР-м и Музыкэ театрым зэрыщылэжьа зэманым къриубыдэу абы оперэ, опереттэ зэмылIэужьыгъуэхэм партие нэхъыщхьэу 40-м нэблагъэ щигъэзэщIащ. Куэдым ягу дыхьащ Верди и «Травиата» оперэм — Жермон, Штраус и «Летучая мышь» опереттэм — Айзенштейн Генрих, Чайковский Пётр и «Евгений Онегин» оперэм — Онегиным, «Цыганский барон» оперэм — бароным я ролхэр зэрыщигъэзэщIар.
- Хъупсырджэн Албэч и анэ Хуту Iэпэпшынэм дахэ дыдэу еуэу щытащ. Аращ зэкъуэшиплIри макъамэм щIэзыпIыкIар, щIэдзапIэ, гъуазэ яхуэхъуар, макъамэр фIыуэ езыгъэлъэгъуар. Зэкъуэшхэр макъамэ Iэмэпсымэ гуэр (балалайкэ, мандалинэ, Iэпэпшынэ) йоуэ, уэрэди жаIэ, макъи яIэщ. Албэч зыхэмызагъэ макъамэ Iэмэпсымэ къэгъуэтыгъуейщ. Абы хуэдэу и къуэшхэри макъамэм хуеджауэ щытамэ, къыкIэрымыхуу уэрэджыIакIуэ хъуну къыщIэкIынт, ауэ, абыхэм гъуазджэр IэщIагъэ яхуэхъуакъым.
- И ныбжьэгъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэгуэр я деж щыхьэщIэу, и анэм сурэтхэр трихауэ щытащ. Абы щыгъуэм Мухьэмэд къыжриIат: «Уи анэр мыпхуэдэу Iэзэу Iэпэпшынэ еуэу уэ дауэ уэрэд зэрыжумыIэнур?!».
- — Си Iуэхур гъэщIэгъуэн дыдэу къекIуэкIащ. СызэрыцIыкIурэ футболрат нэкууи напIэуи сиIэр. Школым сыщыщIэс зэманым спорт лIэужьыгъуэхэм щыщу топ джэгумрэ атлетикэ псынщIэмрэ хуабжьу сыдахьэхат. Бахъсэн къалэм дэс ныбжьыщIэхэм я «Автомобилист» футбол клубым, иужькIэ ди республикэм и «Спартак» футбол клубым пIалъэ кIэщIкIэ сыщыджэгуащ. КъыздэгушыIэми я фIэщми сымыщIэу, си ныбжьэгъухэм куэдрэ къызаIуэкIырт, топ сыщыджэгукIэ хуабжьу сызэрыкIийр. Зэгуэрым, футбол гупитI дызэдэджэгурти, ди хьэрхуэрэгъухэм цыплъ хъужауэ зы лIышхуэ яхэтт, сыпэмылъэщу. Гъунэгъу дызэхуэхъуху дызэжьэхэуэрт, апщIондэхукIи сыкъыIуидзырт. Арати, Iэмал гуэр абы къыхуэзгупсысыну иужь сихьащ, моуэ гъунэгъу къыщысхуэхъу дыдэм сызэрифIэщкIэ сыкIиящ. Ар къащтэри, занщIэу джэлащ, удзым нэкIукIэ хэхуэу. Ар зылъэгъуахэм къадыхьэшхар пхужыIэнкъым. Абы щыгъуэм къызжаIат: «Уэ ущыджэгун хуейр футбол губгъуэракъым, атIэ театрым и утыкурщ!».
- Школ-интернатым щыщIэсым Албэч макъамэр фIыуэ илъэгъуауэ, духовой оркестрым хэтт, кларнетымрэ трубамрэ еуэу. КъищынэмыщIауэ, хорым хэтт, ауэ зэгуэр уэрэджыIакIуэ хъуну зэи игу къэкIыртэкъым, и макъым иригъэдэIуэну къыжраIэми. Зэхыхьэ гуэрым уэрэд жиIэну щрагъэблагъэм, «Сэрмахуэ» адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьым иригъэдэIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Ленинград консерваторэр къэзыуха Къуэдзокъуэ Владимир абы щыгъуэм къыбгъэдыхьэри къыжриIат: «Иджыри къыздэсым дэнэ уздэщыIар? Уэ пхуэдэщ дэ къэтлъыхъуэр. Макъ дахэ уиIэщи, Iэмал имыIэу уэрэджыIакIуэ ухъун хуейщ. Музыкэ училищэм пщэдей сыныщыппоплъэ». Футболыр зэрифIэфIыр, Налшык и «Спартак» футбол клубым щыджэгуну зэрыщIэхъуэпсыр къыгуригъэIуэну хэта щхьэкIэ, ар къедэIуэххакъым. АпхуэдизкIэ жиIэм шэч къытумыхьэну ар псалъэрти, Хъупсырджэныр егупсысащ: «Пэж дыдэу макъамэрауэ къыщIэкIынщ къыхэсхын хуейр». И анэ дэлъху Дыкъынэ Хьэмид абы щыгъуэм радиом щылажьэрт. Къуэдзокъуэ Владимиррэ абырэ фIыуэ зэрыцIыхурти, абы и деж ишащ. Музыкэ училищэм и унафэщI Хьэсанэ Мусэ егъэджакIуэхэр и гъусэу зэхуэсащ къедэIуэну. Фортепьянэм деж тIысри адыгэ уэрэд зыбжанэ жиIэри, экзаменыншэу училищэм къащтащ. ИлъэситIкIэ абы щIэса нэужь, Астрахань къалэм дэт консерваторэм еджакIуэ ягъэкIуащ. Абы илъэсищкIэ щыIауэ, Воронеж къалэм и консерваторэм щыпищащ и еджэным. А къалэм оперэ театр бэлыхь дэтти, зэман зэриIэу абы кIуэрт. Еджэныр къиухри, а театрым лэжьэн щыщIидзащ. А зэманым КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и унафэкIэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэ Супер Анатолий Воронеж къалэм кIуэри, Хъупсырджэныр Налшык къишэжащ. Абы лъандэрэ Музыкэ театрым щолажьэ.
- Хъупсырджэным къемыхьэлъэкIыу игъэзащIэ икIи нэхъ игу дыхьэ и партиехэм ящыщщ Верди Джузеппе и «Риголетто» оперэр. Зыри къыщымыщIу и кIэм нэсу ар жызыIэф баритоным зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъу къалъытэ. Апхуэдэу Мистер Икс и ариер Хъупсырджэным хуэдэу жызыIэфа Кавказ Ищхъэрэ псом имысу жаIэ. Артистым нэхъ игу дыхьэу игъэзэщIа партие нэхъыщхьэхэм ящыщщ Верди и «Травиата», Кальман Имре и «Сильва», Чайковский Пётр и «Евгений Онегин», Рахманинов Сергей и «Алеко» классикэ оперэхэмрэ Штраус Иоганн и «Цыганский барон», «Летучая мышь» опереттэхэмрэ. Нэхъ зэрыгугъум папщIэ пэмылъэщыну къыщыхъуами, ахэри къехъулIащ. НэхъыфIу илъагъу лэжьыгъэхэм, нэхъ дахэхэм яхебжэ а оперэхэмрэ опереттэхэмрэ.
- — Зи гъащIэ псор сценэм езыпха Албэч ди щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыху. Оперэ, опереттэ куэдым роль нэхъыщхьэхэр гукъинэжу щигъэзэщIащ абы. Апхуэдэу нэхъ гукъинэж сщыхъуахэм ящыщщ Гаджиев Рауф и «Кавказская племянница» опереттэм щигъэзэщIа Ариф и ролыр. Абы фIы дыдэу къохъулIэ адыгэ уэрэдыжьхэри. ЖыпIэнуракъэ, и лэжьыгъэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ пэрытщ, — жеIэ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ташло Алий. — Хъупсырджэн Албэч цIыхугъэ зыдэплъагъу лIы гъэсащ, нэхъыжьхэм пщIэрэ гулъытэрэ яхуещI, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэр еущий, еунэтI, егъэгушхуэ. Сыт хуэдэ IуэхукIэ уи дзыхь ебгъэзми ущигъэуэнукъым. Ущыхуэныкъуэм деж къыбдэIэпыкъуну хьэзыр ныбжьэгъу пэжщ.
- Дэтхэнэ зы уэрэджыIакIуэми иIэщ зэхъуапсэ лэжьыгъэ. Албэч и дежкIэ апхуэдэщ Бородин Александр и «Князь Игорь» оперэм Игорь и партиер щигъэзэщIэныр. КъищынэмыщIауэ, Чайковский Пётр и «Пиковая дама» оперэм баритоным щигъэзащIэ партиер куэд мыхъуми, къехъулIащ.
- Бекъул Леонид зи художественнэ унафэщI «Бжьамий» ансамблым Хъупсырджэныр щыхэтам щIыналъэ куэдым зыкъыщагъэлъэгъуащ — Сирием, Иорданием, Франджым, Европэм и нэгъуэщI къэрал куэдми. Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ екIуэкIа зэпеуэ, фестиваль куэдым япэ увыпIэхэр къыщахьащ. ЗдэкIуа щIыналъэхэм щыпсэухэм гуапэу ирагъэблагъэрт икIи кърагъэжьэжырт. Ди лъэпкъ хабзэхэр, фащэхэр, къафэхэр, уэрэдхэр ягу зэрыдыхьэр ялъагъурт, арат нэхъыщхьэуи къалъытэр.
- — Уи уэрэдхэм къедэIуэну зэхуэсахэр бгъэгуфIэмэ е я нэпс къебгъакIуэмэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ ептмэ, ягу удыхьэмэ — макъамэ гъуазджэм и къалэныр бгъэзэщIауэ аращ. Апхуэдэхэм деж цIыхухэм я гуныкъуэгъуэр пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми ящхьэщыбох. Аращ нэхъыбэм загъэпсэхуну ди концертхэм къыщIекIуалIэр, — жеIэ Хъупсырджэн Албэч.
- Албэчрэ и щхьэгъусэ Людмилэрэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Я пхъуищми гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ иратащ. Ахэри унагъуэ хъужауэ и пхъурылъхухэм ягъэгуфIэ, ягъэгушхуэ. Зи юбилейр зыгъэлъапIэ артистым узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ иIэу, ехъулIэныгъэ и куэду Музыкэ театрым и утыкур иджыри илъэс куэдкIэ игъэбжьыфIэну, жьыщхьэ махуэ хъуну ди гуапэщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.