Ислъамым и нур
2021-03-25
- Уаз
- Мазэу щыIэм я нэхъ лъапIэ
- ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы гъэм нэщI дохьэ мэлыжьыхьым (апрелым) и 13-м. ЗэхъуэкIыныгъэ гуэр иIэ хъумэ, хъыбар фэдгъэщIэнщ.
- Рэмэданыр мазэу щыIэм я нэхъ лъапIэщ. Абы щыхьэт тохъуэ КъурIэн лъапIэри хьэдисхэри.
- Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Рэмэдан мазэм къыфхуэдгъэкIуащ КъурIэныр — цIыхур гъуэгу пэжым зэрытетынур. Фэ фщыщу Рэмэдан мазэм нэсым а мазэр къинэщIын хуейщ. Сымаджэм е гъуэгуанэ тетым нэгъуэщI мазэм ипшыныжын хуейщ блигъэкIа махуэ бжыгъэм хуэдиз». («Бэкъэрэ» сурэм и 185-нэ Iэятыр).
- Алыхьым жиIащ: «Iэдэм и быным илэжь псори зейр езыращ, нэщI закъуэм къищынэмыщIа. НэщIыр зейр Сэращи, Сэ естыжынущ абы пэкIуэр».
- Мы Iэятым и мыхьэнэр мыращ: Сыт хуэдэ IуэхуфI цIыхум ищIэми зыхуилэжьыжыр и щхьэращи, абы къыпэкIуэ псапэр гъэбэгъуауэ Алыхьым хуитхынущ. Ауэ нэщI закъуэр цIыхум щIиIыгъыр Алыхьыращи, абы къыпэкIуэну псапэр псалъэ къудейкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ.
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Алыхьым щыгугъыу псэ къабзэкIэ Тхьэм папщIэ Рэмэдан мазэр къэзынэщIым ипэкIэ IэщIэщIа и гуэныхьхэр къыхуэгъунущ». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «ЦIыхум илэжьа зы IуэхуфIым къыпэкIуэу Алыхьым абы хуитхынущ псапэу пщIы. Языныкъуэхэм деж зы IуэхуфIым къыпэкIуэ псапэр 700-м нос». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «НэщI зыIыгъым къыпоплъэ гуфIэгъуэшхуитI: зыр щыхэщхьэжым деж, адрейр Алыхьым и пащхьэ щиувам и деж».
- Илъэсым зэ къытхуэкIуэ Рэмэдан мазэмкIэ Алыхьыр къытхуэупсащ, сыту жыпIэмэ, гуэныхьыр къыщытхуагъэгъу, лъэIур къабыл щыхъу мазэщ ар. Хьэдисым къыщыкIуащ: «Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъу нэщI зыIыгъыр, Тхьэм елъэIумэ, нэхъапэкIэ илэжьа гуэныхьыр къыхуэгъунущ. НэщI зыIыгъыу тэрэуихь нэмэзыр зыщIхэм, псом хуэмыдэу Къэдэр жэщ лъапIэр Тхьэм хуэпщылIу зыгъакIуэхэм, я гуэныхьыр къахуэгъунущ».
- НэщI мазэм къыпэкIуэ фIыгъуэ псори къызыгурыIуэ цIыхур хущIокъу нэхъыбэрэ псапэ зэрилэжьыным. Абы зыхещIэ тхьэмыщкIэхэм, къулейсызхэм ныбэкIэ ягъэвыр зыхуэдизыр икIи апхуэдэхэм зэрызащIигъэкъуэным хущIокъу, мэжэщIалIэхэм, тхьэмыщкIэхэм гулъытэ хуещI. НэщI исар хэбгъэщхьэжыну псапэшхуэщ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «НэщI ис цIыхур хэзыгъэщхьэжым и псапэри нэщIам ейм хуэдиз мэхъу».
- Рэмэдан мазэм и иужьрей махуипщIым нэхъыбэрэ Алыхьым хуэпщылIыпхъэщ. Тхьэр арэзы зыхуэхъун ХьэIишэ жиIащ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр Рэмэдан мазэм нэхъ лейуэ Тхьэм хуэпщылIырт. Псом хуэмыдэу Рэмэдан мазэм и иужьрей махуипщIым». ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ нэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «Шэч хэмылъу, нэщIымрэ КъурIэнымрэ Къемэт махуэм цIыхум къащхьэщыжынущ. НэщIым жиIэнущ: Си Тхьэ, мы Уи пщылIым нэщI иIыгъащ, хуит сыкъэщI сэ абы сыкъыщхьэщыжыну». КъурIэным жиIэнущ: «Си Тхьэ, мы Уи пщылIыр еджащ Уи тхылъым (КъурIэным), хуит сыкъэщI сэ абы сыкъыщхьэщыжыну».
- Рэмэдан мазэм къытхуихьа фIыгъуэхэм ящхьэщ абы хэт Къэдэр жэщ лъапIэу КъурIэныр къыщытхуехар. Алыхьым жиIащ: «Шэч хэмылъу, Дэ ныфхуедгъэхащ ар (КъурIэныр) Къэдэр жэщым. Уэ сытым уигъащIэрэ Къэдэр жэщыр зищIысыр?! Къэдэр жэщым и хъерыр нэхъыбэщ мазэ миным я хъерым нэхърэ. А жэщым мелыIыч псори псэхэри щIылъэм щыIэщ. Апхуэдэу щытынущ нэху щыху».
- Тхьэр арэзы зыхуэхъуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Фэ къыфхуэкIуащ зихуэдэ щымыIэ Рэмэдан мазэ лъапIэр. Абы хэтщ лъэIур къабыл щыхъу жэщ лъапIэр (Къэдэр жэщыр). А жэщыр блэзыгъэкIым куэд фIэкIуэдащ».
- Аращи, Рэмэдан мазэри, абы хэт Къэдэр жэщ лъапIэри Алыхьым дыхуэпщылIу дгъакIуэмэ, ди насыпщ.
- НэщIыр къабыл хъун папщIэ
- НэщIыр къабыл хъун папщIэ дгъэзэщIэн хуей къалэнхэр щыIэщ.
- Бытырыр тыныр абыхэм ящыщ зыщ.
- Бытырыр
- Бытырыр умытынкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэщ. Ар Алыхьым къалэн тщищIащ. Бытырыр дымытмэ, мазэ псом къэднэщIам мыхьэнэ иIэнукъым. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисыр: «Рэмэдан мазэм къэвнэщIар уафэхэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум дэтынущ бытырыр фтыху. Ар щыфтам дежщ фи нэщIыр Алыхьым и пащхьэм щынэсынур».
- Бытырыр итыну
- къызытехуэхэр
- Бытырыр итыну къытохуэ дэтхэнэ зы муслъымэнми, абы и щхьэ, и унагъуэ зыхуей зэрыхуигъэзэн мылъку иIэмэ. Бытырыр унагъуэм балигъ мыхъуа сабийуэ исым папщIи тын хуейщ.
- Языныкъуэхэр хамэ къуажэхэм кIуэурэ абы щат бытырыр, ауэ диным къезэгъыркъым уэ ущыпсэу щIыпIэм ис хуэныкъуэхэм уаблэкIыу нэгъуэщI щIыпIэм ар щыптыныр. Уи жылэм бытырыр зытехуэ дэмысмэ, итIанэщ нэгъуэщI щIыпIэм исхэм епт щыхъунур.
- Хэт бытырыр зэтыпхъэр?
- Бытырыр зэптыну нэхъыфIхэр, уи Iыхьлыхэм хуэныкъуэ яхэтмэ, псом япэ ахэращ, апхуэдэ уимыIэмэ, итIанэщ адрейхэм щетыпхъэр.
- Сыт хуэдэ зэманым тыпхъэ бытырыр?
- Бытырыр птыну зэманкIэ нэхъыфI дыдэу ибжыр хьид нэмэзым ипэ къихуэущ. Ауэ Рэмэдан мазэм щыщу дэтхэнэ махуэми пты хъунущ. Хьид нэмэзым иужькIэ бытырыр птыну фIыкъым, ауэ икIи хьэрэмкъым. Абы щыгъуэми щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэр уимыIэу, щхьэзыфIэфIагъкIэ бытырыр хьид нэмэзым иужькIэ птыну хьэрэмщ.
- Хьид нэмэзыр
- Хьид нэмэз щащIыр нэщIикIыж хьидымрэ къурмэн хьидымрэщ. Ар фарзкъым, ауэ гъэзэщIэн хуей суннэтщ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым зэи блигъэкIыу щытакъым хьид нэмэзхэр, дэри Iэмал зэриIэкIэ блэдгъэкI хъунукъым.
- Дэнэ хьид нэмэзыр щащIыр?
- Ар мэжджытым щыпщIыныр суннэтщ, ауэ унэм щыпщIми хъунущ.
- Сыт хуэдэ зэманым щIыпхъэ хьид нэмэзыр?
- Хьид нэмэзым и уахътыщ дыгъэр къыщыщIэкIым щегъэжьауэ шэджагъуэ хъуху. Ар рэкхьэтитI мэхъу. Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Хьид нэмэзыр щызэфIэкIам деж ар зыщIахэм яхэт мелыIычхэм ящыщ зым жеIэ: «ИрыращIэ псоми, Алыхьым гущIэгъу къыфхуищIу, фи гуэныхьыр къызэрыфхуигъэгъуар. ФекIуэлIэж фи унэхэм фыгуфIэу. Влэжьам къыпэкIуэ фIыгъуэ щыфхуатх махуэщ нобэ».
- Хьидыр шэууал мазэм и япэ махуэращ, ауэ абы къыкIэлъыкIуэ махуитIри лъапIэщ.
- Сыт шэууал мазэр зищIысыр?
- Рэмэданым и ужькIэ къакIуэ мазэращ шэууалыр. Шэууал мазэм и япэ махуихым нэщIыныр суннэтщ, абы псапэшхуэ пылъщ. Ар суннэту аращ. Iэмал имыIэу къэднэщIын хуейуэ щыткъым, атIэ, псапэу аращ. Абы теухуауэ хьэдисым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Рэмэдан мазэр къэзынэщIу абы къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщу махуих къэзынэщIыжыр хуэдэщ илъэс псом нэщIам». НэгъуэщI хьэдисым дыкъыщоджэ: «Рэмэдан мазэр къэзынэщIу абы къыкIэлъыкIуэ шэууал мазэм щыщу махуих нэщIам къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ и гуэныхьыр къыхуэгъунущ».
- Шэууалым щыщу махуихым зэкIэлъыпыту унэщIми хъунущ, апхуэдэу зыхузэфIэмыкIыр хэчыхьауэ нэщIми хъунущ.
- Хьид махуэм унэщI хъуну?
- Хъунукъым. Хьид махуэм нэщI яIыгъкъым. Хьид нэужьращ ущынэщIын хуейр.
- Нэмрэ хьэпэщыпхэмрэ ущызыхъумэр
- Нэми хьэпэщыпхэми ущахъумэнущ, мы Iуэхугъуэхэр бгъэзащIэмэ:
- Алыхьым къыттрилъхьащ махуэм тхуэ нэмэз тщIыну. Нэмэз нэужьым «Аль-Курси» Iэятым еджэн; къищынэмыщIауэ, «Ихълас», «Аль-Фэлэкъ», «Ан-Нас» сурэхэм еджэн хуейщ. Псом хуэмыдэу пщэдджыжь нэмэзымрэ жасы нэмэзымрэ я ужькIэ, итIанэ ужеижын и пэ къихуэу «Ихълас», «Аль-Фэлэкъ», «Ан-Нас» сурэхэм щэ еджэныр, «Бэкъэрэ» сурэм и иужьрей IэятитIми къеджэр щихъумэнущ хьэпэщыпхэми нэ Iейми. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым абы теухуауэ жиIащ: «Бэкъэрэ» сурэм и иужьрей IэятитIым пщыхьэщхьэм еджэ цIыхур Алыхьым щихъумэнущ Iейуэ къигъэщIа псоми». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «Аль-Курси» Iэятым жэщым еджа цIыхум нэху щыху мелыIыч къызэрыщхьэщытынум ипкъ иткIэ, шейтIаным гъунэгъу зыкъыхуищIыфынукъым».
- ЛIыкIуэ лъапIэм срихьэщIащ
- Япэми зэрыжытIащи, пщIыхьэпIэр щыуэ егуэш: зыр Алыхьым уи нэгу щIегъэкI, адрейр шейтIаным уегъэлъагъу, ещанэр — цIыхум езым и псэр зэгупсысыр, и щхьэм илъыр илъагъуу аращ.
- ЦIыху щыIэщ (ауэ апхуэдэу дунейм тетыр мащIэ дыдэщ) къэхъуну- къэщIэнухэм ящыщ гуэрхэр Алыхьым пщIыхьэпIэкIэ яригъэлъагъуу. Апхуэдэхэм я нэгу щIэкI пщIыхьэпIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Мыхьэнэ зыри зимыIэр шейтIаным уигъэлъагъункIэ хъуну пщIыхьэпIэ мыхъумыщIэхэмрэ, махуэм цIыхум илъэгъуауэ е зэгупсысауэ жэщым и нэгу щIэкIыжхэмрэщ.
- Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и сэфэтым шейтIанри жинхэри ихьэфынукъым, аращи, лIыкIуэ лъапIэр пщIыхьэпIэу зылъэгъуам, лIыкIуэ дыдэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарыр) илъэгъуауэ аращ. Хьэдисым къыщыкIуащ мыпхуэдэу: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Сэ си сэфэтым шейтIаныр къихьэфынукъым». НэгъуэщI хьэдисым къыщыкIуащ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «СылIа нэужь, си кхъащхьэм къакIуэу сэлам зэ къызэзых цIыхум сэ пщIэ сэлам есхыжынущ, къищынэмыщIауэ, Алыхьым абыхэм къахуигъэщIынущ мелыIычипщI, сэлам къызэзыхам сэлам ирахыжу ахэр абыхэм ящхьэщытынущ. Зи къалэ дэсыжу е зи унэ исыжу сэлам къызэзыххэм папщIэ Алыхьым си псэр си Iэпкълъэпкъым къыхегъэхьэж, абыхэм сэлам есхыжын щхьэкIэ».
- Абы и щыхьэтщ мы хъыбар дахэри. Алыхьым и арэзыщIыныгъэм зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа Мухьэмэд ибн Абдуллэхь (Тхьэр арэзы зыхуэхъуным) къиIуэтэжащ: «Зэгуэрым, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и кхъащхьэм деж сыщысу зы лIы гуэр къыIухьащ. Абы КъурIэным щыщ Iэятхэр къибжа нэужь, жиIащ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ, си гуэныхьхэр Тхьэм къысхуигъэгъуну солъэIури, уэри укъысщхьэщыжыну сынолъэIу». Ар жиIэри, лIыр IукIыжауэ, сэ сыщыщхьэукъуэм, пщIыхьэпIэу слъэгъуащ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм къызжиIэу: «Мо лIы IукIыжам псынщIэу кIэлъыщIэпхъуи, жеIэ и гуэныхьыр Алыхьым къызэрыхуигъэгъуамкIэ хъыбарыфIыр».
- Мухьэмэд ибн Абдуллэхь (Тхьэр арэзы зыхуэхъуным) къиIуэтэжауэ нэгъуэщI зы хъыбар дахи къитхащ дин щIэныгъэлIхэм я тхылъым: «Зэгуэрым, Мединэм сыкIуэу гъуэгу сыздытетым, сыгъуащэри, жэщих-махуихкIэ Iейуэ гугъу сехьат, ерыскъыи псыи симыIэжу къарууншэ сыхъуат. Ебланэ махуэм сынэсащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм и кхъащхьэм. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым сэлам есхри, жысIащ: «Уа, лIыкIуэ лъапIэ! Сэ сыкъарууншэщ, сытхьэмыщкIэщ, сомэжалIэ. Ныжэбэ сэ уэ сыурихьэщIэщ».
- А псалъэхэр жысIэу, щIэх дыдэ сыщыIурихым, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа бегъымбар лъапIэр пщIыхьэпIэу слъэгъуащ. Абы къысхуишия щIакхъуэ Iыхьэм и зэхуэдитIыр сшхащ пщIыхьэпIэм сыхэту. ЩIакхъуэм и адрей зэхуэдитIыр си Iэм IэщIэлът сыкъыщыушыжам. Абдежым занщIэу сигу къэкIыжащ Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэм жиIауэ «Сэ си сэфэтым къихьэфынукъым шейтIаныр» хьэдисыр.
- Псалъэ пэж
- Мурадыр бзыщIын щIыхуейр
- ЩыIэщ цIыху лIэужьыгъуэ, и мурад псори хэIущIыIу ищIу. Ар фIыкъым. Мурадыр бзыщIын хуейщ, Iэмал зэриIэкIэ, а мурадыр къохъулIэху утемыпсэлъыхьмэ нэхъыфIщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыху псори зэхуэдэу Алыхьым къигъэщIакъым, хэти хъуэпсэнкIэ хъунущ, хэти фыгъуэнкIи хъунущ. Фыгъуэмрэ нэ Iеймрэ шынагъуэщ. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ фыгъуэмрэ нэ Iеймрэ уащызыхъумэн сурэхэр. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарми жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Фи мурадыфIхэр къывэхъулIэну фыхуеймэ, фыбзыщI а мурадыр. Шэч хэлъкъым сыт хуэдэ фIыгъуэми фыгъуэ зэриIэм».
- Аращи, сыт хуэдэ мурадри Алыхьым бгъэдэтлъхьэрэ, ди Iуэхур зэфIэкIыху дытемыпсэлъыхьмэ, дэркIэ нэхъыфIщ.
- Икрим диным къыщIихьар
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэр Алыхьым елъэIуащ: «Уа ди Алыхь закъуэ, Икрим гущIэгъу къыхуэпщIыну сынолъэIу!»
- ЛIыкIуэ лъапIэр щIэлъэIуа Икримыр хэт?
- Икримыр Абу Джэхьл и къуэщ.
- Абу Джэхьлыр хэт?
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм и бий нэхъ Iей дыдэхэм ящыщу щытащ Абу Джэхьл. Ар апхуэдизкIэ цIыху Iейт, бзаджащIэти, муслъымэнхэм хьэзабу яригъэшэчар псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Iиман къэзыхьахэм ящыщ куэд иукIащ абы. Абу Джэхьл псэуху лIыкIуэ лъапIэми муслъымэнхэми къеныкъуэкъуащ. Адэм и мыхъумыщIагъэ псоми къыщIэтэджа Икрими, дауи, хьэлыфI зыри хэлъакъым, ари ящыщт ислъам диным пэщIэтхэм, лей зезыхьэхэм. Муслъымэнхэмрэ джаурхэмрэ зэращIылIа зауэм абы и адэ Абу Джэхьл хэкIуэда нэужь, Икрим нэхъри гущыкI хуищIат ислъам диным, лейуэ зэрихьэри нэхъыбэ хъуат. Уеблэмэ, джаурхэри икIуэту, зауэ-банэ хэмыту муслъымэнхэр Мэккэм щыдагъэхьам, дзэ зэзыгъэпэщу абыхэм къапэщIэувар Икрим и закъуэт. АрщхьэкIэ абы и дзэр зэтраукIащ, езы Икрим Йемен Iэпхъуащ. Зэман дэкIри, абы кIэлъыкIуащ и щхьэгъусэ Ум Хьэкимэ. ЛIыкIуэ лъапIэми муслъымэнхэми я зэран лъэпкъ Икрим къызэрырамыгъэкIынур жриIэщ, и щхьэгъусэр къигъэдаIуэри, къришэжьэжащ. Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа лIыкIуэ лъапIэм ахэр Мэккэм къэсыжын и пэ къихуэу муслъымэнхэм захуигъазэри яжриIащ: «Абу Джэхьл и къуэ Икрим Iиман иIэу къытхыхьэжынущи, и адэр евмыхъуэн. Шэч хэлъкъым, лIар цIыху Iейуэ щытами, абы и цIэр IейкIэ къыщраIуэм и деж, быным и гур зэрыхэщIым».
- Икрим Мэккэм къыдыхьэжу щилъагъум, лIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) апхуэдизкIэ гуфIати, къыщылъэтщ, пежьэри, гуапэу сэлам ирихащ абы. Лей куэд зезыхьа Икрим ЛIыкIуэ лъапIэм дилъэгъуа гуапагъыр и гум апхуэдизкIэ хыхьати, хьэкъыу пхыкIащ ар зэрыбегъымбарыр.
- Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым и Iэхэр ишийри, Алыхьым елъэIуащ: «Уа ди Алыхь закъуэ, Икрим гущIэгъу къыхуэпщIыну, и гуэныхьхэр хуэбгъэгъуну сынолъэIу!». А псори зылъэгъуа Икрим и нэпсхэр къещэщэхыу жиIащ: «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, ЛIыкIуэ лъапIэ, ислъам диным си зэран езгъэкIын папщIэ къару куэди мылъку куэди згъэкIуэдакIэ! Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, а згъэкIуэдам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ иджы згъэкIуэдыну, ислъам диным зезгъэубгъун папщIэ!»
- Икрим и псалъэхэр игъэпэжащ. Ар псэуху телэжьащ Алыхьым и арэзыщIыныгъэм, ислъам диным зригъэубгъун папщIэ и мылъкуи и къаруи щысхьакъым. Ислъам диным ар къыщIихьам и щхьэусыгъуэри ЛIыкIуэ лъапIэм дилъэгъуа гущIэгъумрэ, гуапагъымрэ, хьэл-щэн дахэмрэщ.
- Псэущхьэ телъыджэхэр
- Махъшэр
- Тхьэм и къарур бгъэщIагъуэ хъунукъым, ауэ Алыхьым къигъэщIа псэущхьэхэм ящыщу махъшэ къудейм ущегупсыскIэ, нэгъуэщI хэмытми, а зыр пхурикъунщ Iиман кърипхьыну.
- Алыхьым и псалъэу КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ: «Ямылъагъууара, махъшэр, уафэхэр, бгыхэр щIылъэр къызэрыдгъэщIар?!
- «Махъшэр апхуэдэу къэзыгъэщIа Алыхьым сыт хузэфIэмыкIынур» жиIэу аращ мы Iэятым и мыхьэнэр
- Сыт махъшэр адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр?
- Махъшэхэр икъукIэ бэшэчу къигъэщIащ. Махъшэм и цым къыпыкI сэбэпынагъым и мызакъуэу, ар ахуэдизкIэ Iувщи, дыгъэм и бзийр кIуэцIрыкIыркъым абы. Аращи, дыгъэ гуащIэри яхуошэч а псэущхьэхэм. КъищынэмыщIауэ, махъшэм и нэм елъагъу километркIэ пэжыжьэу щыIэр, и акъылри икъукIэ жанщи, зэ зрикIуа гъуэгур щыгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Махъшэм и тхы къыдэшам телъ щэм и фIыгъэкIэ мазэ псокIэ мышхэми къытехьэлъэнукъым. Махъшэм зэ ефэгъуэу псы литр 200-м нэс иреф, а псыхэр щихъумэ къэлътмакъ иIэу къигъэщIащ Алыхьым, аращ ар псы емыфэу зэман кIыхькIэ щIэпсэуфри. КъищынэмыщIауэ, пшахъуэщIым псыр къыщегъуэтыф а псэущхьэм. Псым нэсыным километр 60 иIэу зыхещIэ абы. Махъшэр апхуэдизкIэ къарууфIэщи, езым и хьэлъагъым и зэхуэдитIым хуэдизыр и бгым телъу километр 30-40-р махуэм икIуфынущ.
- Ари урикъунщ Алыхьым и къарум уегупсысыну.
- Мэжджыт цIэрыIуэхэр
- Илъэс щиплI зи ныбжь