ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэмрэ  адыгагъэмрэ  и  Iэпэгъущ

2021-03-25

  • Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Нобэ фэдгъэцIыху Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Пщащэр ныбжькIэ щIалэщ, унагъуэ хъуагъащIэщ. Узыхьэху гупсысэ куухэмкIэ ар къыддогуашэ.

  • Мырзэкъан Ася

    Къанокъуэ Арсен тыгъэ кърет

    — Ася, уи IэщIагъэмрэ уэрэ сыт фызэзышэлIар?

  • — Школым сыщыщIэс зэманым гуманитар унэтIыныгъэм нэхъ сыдихьэхыу, бзэхэр сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. А лъэныкъуэмкIэ сунэтIащ школ нэужьым. Москва Лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэхэмкIэ Урысей университетым хамэ къэралыбзэхэр щадж и институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. Срилэжьэну нэмыцэбзэр къыхэсхащ. Сехъуапсэрт нэгъуэщI къэралхэм я щэнхабзэхэр зэзгъэщIэну, ар си лъэпкъым езгъэпщэжыну. Абы папщIи бзэр Iэмал лъэщ дыдэщ. Дунейпсо IуэхущIапIэхэм сыщылажьэурэ, си зэфIэкIми хэзгъэхъуэну тезухуащ. Иджыпсту сыщылажьэр «Hawe Hydraulik» нэмыцэ компаниещ. Германием езым и производствэ щиIэщ — гидравликэ Iэмэпсымэ щищI заводхэр егъэлажьэ. Дуней псом щекIуэкI проектышхуэхэм хэтщ, къэрал зыбжанэм езым и офис щиIэщ. Москва къыщызэIуихащ и офис — абы и генеральнэ унафэщIым срикъуэдзэщ. Компанием и фIагъыр цIыхухэм егъэцIыхуным, ди офисым къилэжьым хэхъуэным, хъер диIэным хуэунэтIащ си къалэныр.
  • — НэгъуэщIыбзэхэм ебгъапщэмэ, сыт хуэдэ адыгэбзэр?
  • — Адыгэбзэр нэмыцэбзэми, инджылызыбзэми, урысыбзэми изогъапщэ куэдрэ. Iуэху сщIыуэ къасщтэурэ зэзгъапщэу аракъым, атIэ махуэ къэс бзэ зыбжанэ къэбгъэсэбэпын хуей щыхъум деж, ар гупсысэкIэ зыбогъэзахуэ. Ещхькъым адыгэбзэр нэгъуэщIыбзэхэм, къахощхьэхукI. Анэдэлъхубзэр къыбдалъхуауэ уи лъымрэ уи Iэпкълъэпкъымрэ щыщ щыхъуам деж, дауи, гугъукъым. Ауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ди бзэр зэрагъэщIэныр къегугъуэкIыну си гугъэщ. Зэрыпасэрейр и макъхэм къыхощ ди бзэм. Москва лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэгъуалэм садеджащ. Псоми бзэ щхьэхуэ щаIурылъкIэ, щхьэж и бзэм теухуауэ гъэщIэгъуэну хэлъымкIэ дызэдэгуашэрт. А зэманым къызгурыIуащ си бзэм и дахагъэри и гугъуагъри. КъызгурыIуащ бзэм лъэпкъым и дежкIэ и мыхьэнэр. Апхуэдэ дыдэу цIыху щхьэхуэм и дежкIи лъапIэу щытын хуейщ бзэр — лъэпкъ къызэрыхъур цIыху щхьэхуэ-щхьэхуэхэр зэкъуэувэурэщ.
  • — Уи сабиигъуэр сыт хуэдэу щыта?
  • — Сабиигъуэ дахэ сиIащ. Къармэхьэблэ сыкъыщыхъуащ. Ди къуажэр псоми къахегъэщхьэхукI ди щIыуэпсым. Уардэу къэзыухъуреихьа бгыжьхэр, псыежэххэр, удз гъэгъа губгъуэхэр си нэгум щIэтщ. Къуажэр къэзыгъэщIыжыр, и цIэр фIыкIэ зыгъэIур и цIыхухэращ. Хабзэжь дэлъу къекIуэкIащ а жылэр, и цIыхухэр гуапэщ. СфIэфIщ къуажэдэсхэм я зэхэтыкIэр: пасэрейм ижь къыщопщэ абы иджыри! Сэ си фIэщ мэхъу — цIыхур и щIыналъэм псэкIэ пыщIащ! Сабиигъуэм теухуауэ зы гукъэкIыжкIи сывдэгуэшэнут… ИлъэсипщI сыхъуу къыщIэкIынут абы щыгъуэ. Си анэшхуэм и деж хьэщIапIэ сыщыIэт Малкэ къуажэм. Гъунэгъу сабийхэм садэджэгуну секIуэкIат. ПщэфIахэти,  сэ сыхагъэзыхьа пэтми, сахуэшхатэкъым. Ауэ, пряник пщтыр ягъэжьати, абы сехъуэпсат, зэ къызэлъэIужамэ, сшхыну къыщIэкIынут (мэдыхьэшх). Анэшхуэм и деж сыздекIуэкIыжым согупсыс: «нанэ селъэIунщи, пряник езгъэщIынщ»… Куэбжэр къызэIусхыри, шэнт цIыкIу тесу пщIантIэм дэст ар, фалъэ цIыкIукIэ джэдыкIэ зэIиудырт — пряник игъэжьауэ, абы трикIэну джэдыкIэпс IэфIыр игъэхьэзыру арат. Егъэлеяуэ сыгуфIат, зэрызгъэщIэгъуэнури сщIэртэкъым — си гум илъыр къищIа хуэдэт. Абы щыгъуэ сшха пряникым и IэфIагъыр сэ иджыпстуи си Iум итщ.
  • — Сабиигъуэм уикIыу, балигъ узэрыхъуар щызыхэпщIар сыт щыгъуэ?
  • — Школыр къэзухыу Москва еджапIэ сыщыкIуам япэу зыхэсщIащ балигъ гъащIэр. Къуажэ унэ хуабэр къэзгъанэри, къалэшхуэм сыкъыдэхутат. Си закъуэт, си щхьэм Iэ къыдэзылъэхэм сапэIэщIэт. Сы-тыт сщIэнур — си бгыр щIэскъузэри, балигъ сыхъуащ. Зэгуэр сыстуденту Америкэм сыкIуат пIалъэкIэ сылэжьэну. Нэхъри жыжьэ сыхъуати, пэIэщIэ сыхъуат сабиигъуэм. Апхуэдэхэм деж гупсысэ куэд зыбогъэзахуэ.
  • — «Лъэпкъ» щыжаIэкIэ сыт уи нэгу къыщIэбгъэхьэр?
  • — Сыхуейт слъагъуну ди лъэпкъыр зэкъуэту, цIыхухэм я зэхуаку пэжагъ дэлъу, щIэныгъэкIэ, хабзэкIэ, щэнхабзэкIэ, лIыгъэкIэ дунейм дыкъыщацIыхуну! Иджыпс-ту ди пасэрейхэм яхузэфIэкIахэм дрогушхуэ, ауэ дэ езым мыхьэнэ зэттын хуей Iуэхугъуэ гуэрхэр тщогъупщэ. Нобэ нэхъыфI гуэр длэжьын хуейщ, къытщыгугъа хъунщ ди япэ итахэр абыкIэ. Дэ псалъэм папщIэ, ди щхьэр доIэт ди дадэжьхэр дигу къыщыдгъэкIкIэ. АтIэ дэри ди ужьым къихъуэнуIащ — мис абыхэм я щхьэр иредгъэхьэх хъунукъым. Аращ лъэпкъым папщIэ нэхъыщхьэр.
  • — Ася, уи гупсысэм зыгуэркIэ зригъэхъуэжу узэджа тхылъхэр уиIэу къыщIэкIынущ…
  • — Ремарк и «Три товарища», Лондон Джек и «Мартин Иден» романхэм куууэ зыхэсщIэу седжащ. Асадов и усэхэр щIэх-щIэхыурэ къызощтэж. Сэ куэдрэ сызэгупсыс, гъащIэм хэслъагъуэ Iуэхугъуэ куэд абы и деж сыщрохьэлIэж — мыр си псэм пэгъунэгъу усакIуэщ. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм сыкIэлъыплъыжащ иджы — балигъ сыхъуауэ: школ зэманым зэрызыхэсщIамрэ иджы хэслъэгъуамрэ зэтехуэркъым.
  • — Къанокъуэ Арсен адыгэ щIалэгъуалэм папщIэ и проектым ущытекIуащ! Сыт абы теухуауэ уи гупсысэр, уи мурадыр?
  • — ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъу проект иубзыхуауэ щытащ Къанокъуэ Арсен. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ республикэхэм ящыщ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я нэхъыфIхэр къыхишу, къэрал зызыужьахэм я щIэныгъэ щыхагъэхъуэнымкIэ ядэIэпыкъуну, мылъку яхуиутIыпщыну — аращ Iуэхур зытещIыхьар. Сэри сехъуэпсащ абы сыхыхьэну. Сыстуденту конференцэ сыщыхэтхэм, хамэ къэралхэм я щIэныгъэлIхэм я гупсысэхэм сыщедаIуэкIэ къызгурыIуэрт — егъэджэныгъэ и IуэхукIэ абыхэм я системэр лъэщщ, зызыужьащ. Проект зэпеуэм сыхыхьэри, сыкIуэцIрыкIащ. Проектым ипкъ иткIэ, Европэм и бизнес школ зызыужьахэм узыхуей унэтIыныгъэ къыхэпхыу ущIэтIысхьэну хуит укъещI. Иджыпсту си дэфтэрхэр зэхузохьэс, еджапIэхэм сахоплъэ.
  • — «Зэпеуэм упхыкIащ» хъыбарым дауэ уIущIат?
  • — Проектым сыщыхыхьэм гугъэшхуи сиIэтэкъым. Сыту жыпIэмэ, куэд дыдэ хэтт, езы зэпеуэм къигъэув хабзэхэри ткIийт. Япэ Iыхьэр дэфтэрхэр пхыкIынырт. ИужькIэ, жьэрыIуатэу упсэлъэну урагъэблагъэрт. Зи дэфтэр пхыкIахэр щраджа махуэм сэ Германием лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкIуэн хуейуэ техуащ. ВидеокIэ запысщIэу си жэуапхэм езгъэдэIуэну къысхуадащ. Ауэ сэ сыгузавэрт — узэхуэзауэ ущызэпсалъэм и деж щIэныгъэр нэхъ богъэлъагъуэф. ЛэжьапIэм сыщIэст, сызэрыпхыкIамкIэ хъыбар къыщысIэрыхьам. Сыгъащ — дэнэт здэсхьынур си гум имыхуэж гуфIэгъуэр?!
  • — Сыт иджыпсту узыщIэхъуэпсыр?
  • — Си щIэныгъэм зэпымыууэ хэзгъэхъуэну, махуэ къэс сефIэкIуэну сыхуейщ. Си IэщIагъэкIи, си унагъуэкIи къысхуэщхьэпэну сыхуейщ гъащIэм сызыхуишэ гупсысэхэр. «НэгъуэщIым нэхърэ нэхъыфI умыхъу — уэ узэрыщытам нэхърэ нэхъыфI хъу» гупсысэм сытетщ. Дапхуэдэу сызэрыщытын хуейр, анэ сыхъумэ, си быным гъэсэныгъэ нэс естыфын щхьэкIэ?! Мы гъащIэм дахэрэ гуапэу хэслъагъуэр зэрызыхэслъхьэным и ужь ситщ. Зэгуэр сэ си быным щапхъэ сыхуэхъун хуейщ.
  • Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.