Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей печатым и махуэм теухуа и хъуэхъу
2021-01-14
- ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
- Урысей печатым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
- Махуэшхуэм нобэ зэкъуигъэувэр хъыбарегъащIэ IэнатIэм и къудамэхэу тедзауэ дунейм къытехьэхэм щылажьэхэм, къыдэзыгъэкIхэм, полиграфием епхахэм я закъуэкъым, атIэ медиазэгухьэныгъэм хиубыдэ псоми ехьэлIащ ар.
- Ди жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ прессэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр сыт щыгъуи творческэу я лэжьыгъэм бгъэдохьэ, набдзэгубдзаплъэу щытщ, я Iуэху еплъыкIэ яIэжщ, гумызагъэхэщ, я IэщIагъэм хуэпэжщ.
- Иджырей зэманым цIыхубэм хъыбар зэрыIэрагъэхьэ, ар зэрызэIэпах Iэмалхэм захъуэж, ауэ тедзауэ къыдэкIхэм иджыри щIэупщIэшхуэ яIэщ, псынщIэу икIи пэжу къагъэлъагъуэ жылагъуэм и псэукIэр. Фэ фи тхыгъэхэмрэ репортажхэмрэ республикэм щыпсэухэм щIэгъэкъуэн яхуохъу къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэр ягъуэтынымкIэ.
- ФIыщIэ фхузощI хьэлэлу фызэрылажьэм, Iуэхум и хэкIыпIэр къэзыгъэнаIуэ фи псалъэ жанхэм, фхэлъ гумызагъагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ папщIэ. Шэч къытесхьэркъым фи тхыгъэхэр адэкIи куэдым зэрахуэщхьэпэнум, абыхэм щIэупщIэ зэраIэнум.
- Си гуапэщ фыузыншэну, ехъулIэныгъэхэр фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуэунэтIауэ фи пщэ къыдэхуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр гъэзэщIэным ехъулIэныгъэ-щIэхэр къыщыфхьыну.