ЛIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь
2021-01-14
- «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- ЛДПР партми си щхьэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ — Урысей печатым и махуэмкIэ!
- А махуэр пыщIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум — 1703 гъэм щIышылэм и 13-м Пётр Езанэм и унафэкIэ Урысейм дунейм къыщытехьащ къэралым япэ дыдэу щытрадза газетыр — «Ведомости» зыфIащар. Урысей журналистикэм зегъэужьыныр и лъабжьэ хъуащ Урысейм и политикэ гъащIэм, тхылъымпIэкIэ тедзауэ къыдэкIхэрщ цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэхъуажэ IэнатIэу, зи чэзу Iуэхухэм, ныкъусаныгъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр къызытехуэу лIэщIыгъуэкIэрэ къекIуэкIар. Печатырщ щIэныгъэри литературэри япэкIэ зыгъэкIуэтар, Урысейм и ехъулIэныгъэхэр щIы хъурей псом хэIущIыIу щызыщIар.
- Урысей печатыр мыхъуамэ, дунейм щызэлъащIысынутэкъым урыс классикхэм, философ щэджащэхэм, критикхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Газетхэр, журналхэр сыт щыгъуи щытащ щIэныгъэншагъэм, пцIымрэ гунэфагъымрэ зэрапэщIэт Iэщэ лъэщу.
- Фи IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну, сыткIи фефIэкIуэну, мурад нэхъ ин дыдэхэм фалъэIэсыну, фи къалэмыр жану, дэрэжэгъуэ фи куэду, зэIузэпэщу фыпсэуну, фэри фи Iыхьлыхэми узыншагъэ быдэ фиIэну сынывохъуэхъу.
- ЖИРИНОВСКИЙ Владимир,
- ЛДПР партым и унафэщI.