ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэ  лъагъуныгъэр  ехъумэф

2020-12-03

  • Бланауэ  Быцэ и ныбжьыр  илъэс 95-рэ ирокъу
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщыхъуа фIы куэд зи нэгу щIэкIа, нобэми абыхэм хэплъэ бзылъхугъэ гуакIуэм и гукъыдэжымрэ гъащIэм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ нобэми къару яхелъхьэ ар къэзыухъуреихьхэм. Иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрырикъур игъэлъэпIащ Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Бланауэ Быцэ.

  • 2020 гъэ

     Ар къыщалъхуащ Брамтэ (Вольный Аул) хьэблэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэм. Илъэс пщыкIуплI фIэкIа мыхъуу 1939 гъэм ар хагъэхьауэ щытащ уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрал ансамблым, иужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Кабардинка»-м, и хорым.

  • 1946 гъэм хъыджэбз зэчиифIэр Ленинград дэт консерваторием ягъэкIуащ и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Ар къиухыу къэкIуэжа иужь, ансамблым и хормейстер-дирижёру лэжьэн щIидзащ. Гупым и гъусэу Быцэ дунейм и щIэлъэныкъуэр къызэхикIухьащ. Бланауэр и дирижёру ансамблым зыкъыщигъэлъагъуэрт Театр Иным и утыкуми, Чайковскэм и цIэр зезыхьэ пэшышхуэми, къуажэ клубхэми. Сыт хуэдэ утыку имыхьами, бзылъхугъэр зэхуэдэу хущIэкъурт макъамэм и къарур цIыхухэм   я деж зэрынихьэсыным. Бланауэ Быцэ гъуазджэм хуэлэжьэным щхьэузыхь хуищIащ илъэс щэ ныкъуэ пIалъэ. А зэманым къриубыдэу и гум имыхуж куэди илъэгъуащ.
  • 1945 гъэ

    Псом хуэмыдэжу Быцэ гукъинэж щыхъуащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур щагъэлъэпIар, 1957 гъэм Москва щекIуэкIыну гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтыну ди республикэм икIа гупышхуэм зэрыщIыгъуар, СССР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фурцевэ Екатеринэрэ артисткэ Орловэ Любоврэ вокзалым къащыIущIауэ зэрыщытар. Абы щыгъуэщ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэу «РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр къыщыфIащар.

  • Илъэс щэщIрэ щыкIэ Быцэ щылэжьащ Налшык дэт етIуанэ сабий музыкальнэ школым. Зи къару псори къыхуагъэфэ-            ща къулыкъум езыхьэлIа унафэщI гъуэзэджэу зэрыщытар абы дэлэжьахэм нобэр къыздэсым ягу къагъэкIыж.
  • — Налшык дэт музыкальнэ училищэр 1978 гъэм къэзуха иужь, сэ сыщылэжьэну саунэтIат а школым, – игу къегъэкIыж ДМШ №2-м егъэджэныгъэ IуэхумкIэ и унафэщI Молэ Светланэ. — Быцэ ипэкIи сцIыхурт сэ, ар си благъэщ. Ауэ, фи фIэщ зэрыхъун, зы мэскъалкIэ схудимычыхт, адрейхэм хуэдэ дыдэу къыстрикъузэ мыхъумэ. Пэжыр жыпIэнумэ, школым и лэжьакIуэхэм Быцэ анэм хуэдэут зэрахущытыр, и чэнджэщ, гулъытэ псоми ялъигъэсырт, хуей хъумэ, гъэсакIуэ, къыщхьэщыжакIуэ  нэси  яхуэхъуфырт.   ЕджапIэр абы и сабийм хуэдэт жыпIэкIи егъэлея хъунукъым — 1962 гъэм IуэхущIапIэр къызэIуахри, 1966 гъэм абы и уна-фэщI хъуат Бланауэр. Гулъытэшхуэ хуищIырт цIыху Iущхэр, егъэджакIуэфIхэр къришэлIэным, шэч хэмылъуи, арагъэнт школым щIэныгъэ лъагэ щIыщызрагъэгъуэтыфыр. Сыдэлэжьэн щыщIэздза ипэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ нобэми согъэщIагъуэ Бланауэ Быцэ и дуней тетыкIэр. Абы и ныбжьым иту мащIэщ Бы-          цэ хэлъ гу хуабагъэр, къарур, зэфIэкIыр, гъащIэ лъагъуныгъэр зыхъумэфыр.
  • КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и етхуанэ зэхуэсым и депутату щытащ Бланауэр. А зэманым абы иригъэкIуэкIащ цIыхухэр езым фIыуэ зыхищIыкI Iуэхум хэгъэгъуэзэным ехьэлIа лэжьыгъэшхуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, псоми гукъинэж ящыхъуат щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ республикэм щаIэ щытыкIэм теухуауэ ар къызэрыпсэлъэгъар. Быцэ ди  щIыналъэм щIыхь зиIэ и цIыхущ, КъБР-м и ЩIыхь тхылъым и цIэр иратхащ.
  • И Iэ-и лъэр ищIу зэрыпсалъэм Бланауэ Быцэ дирижёру зэрыщытар къегъэлъагъуэ. Абы иджыпстуи егъэнэхъапэ сыт хуэдэ Iуэхури убзыхуауэ, тэмэму щытыныр, хьэщIэхэр щхьэж къылъыс тIысыпIэм игъэтIысыныр. Иджыпсту, и дирижёр баш цIыкIур къиIэту, макъ куэд зыщIэлъ макъамэ щабэр ди тхьэкIумэм къиIуэнми ярейщ.
  • Илъэс 95-р къэпкIуа гъуэгуанэм ущриплъэж, Iущыгъэм и ныбжь дахэщ. Узыншагъэ быдэ иIэу куэдрэ Тхьэм ди япэ иригъэт нэхъыжьыфIыр. ИщIа IуэхуфIхэм къапэкIуэ гуфIэгъуэрэ гурыфIыгъуэкIэ дэтхэнэ и зы махуэри гъэнщIауэ щытыну ди гуапэщ. 
  • БЛИЙ  Даянэ.