ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Экономикэм и дунейпсо махуэ

2020-10-31

  • ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 29-м щыIэ ахъшэ хъумапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр 1924 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Италием и Милан къалэм щызэхаша Япэ дунейпсо конгрессым (Ist International Savings Bank Congress) щызэIущIат.

  • КърихьэлIахэм а зэхыхьэм и иужьрей махуэм къыхалъхьащ къэрал куэдым я банкхэм щылажьэхэм я япэрей зэхуэсыр пщIэ зыхуэщIыпхъэу къызэралъытэм къыхэкIыу, дяпэкIэ зы илъэс къэмынэу а махуэр — жэпуэгъуэм и 31-р — ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и махуэу къащтапхъэу. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы зэIущIэм хэта, Италием щыщ профессор Равизза и жэрдэмкIэ, а махуэр абдеж дыдэм щагъэуващ Экономикэм и дунейпсо махуэу (International Saving Day).
  • И щхьэусыгъуэр аращи, ар гъэлъэпIэн хуейуэ къыхэзылъхьахэм зэрыжаIамкIэ, мы махуэр зыхуэгъэзар ахъшэр тэмэму зэкIэлъыгъэкIуэн зэрыхуейм и закъуэкъым, атIэ мы дунейм зэгъэзэхуапхъэу тет псоми гу ялъытапхъэу зэрыщытыр къыхэгъэщынырщ: зэманми, цIыхум и зэфIэкIми, хьэпшыпхэми, къинэмыщI абы хуэдэ псоми.
  • 1989 гъэм ООН-м къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, Экономикэм и дунейпсо махуэр къэрал псоми щагъэлъапIэ.
  • Бэрау Бышэ.