Адыгэ литературэм и вагъуэ
2020-10-29
- ЦIыху цIыкIуу щыIэр насыпыфIэ зыщI
- Усыгъэм и жэнэтым сфIощI уэ сипшэу
- ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр
- къызэралъхурэ илъэси 120-рэ ирокъу
- Адрейхэм я гъуэгур къегъэнэху
- Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэ гъуэгу кIэщIыр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжмэ, абы псэукIэ тынш и натIэ итауэ пхужыIэнукъым: сабиигъуэ хуэмыщIа, пэжымрэ щIэныгъэмрэ хьэзаб пылъу къащыкIэлъикIухьа щIалэгъуэ, и псэугъуэ дыдэу Бобруйск дэт фашист гъэрыпIэм щиуха гъащIэ кIэщI. ИтIани, Алий и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсыжа усэ тхылъитIыр къапщтэрэ, къызэрымыкIуэу бзэ тынш дыдэкIэ тха абы и усэхэмрэ поэмэхэмрэ укъеджэмэ, щхьэхуимыту уогупсыс: «И насыпщ и лъэпкъыпсэм, мылIэжыну и Хэкум апхуэдэ сурэт телъыджэ къыхуэзыгъэнэфам».
- ЦIыху къэс уафэм вагъуэ щиIэу жаIэ. Абы къикIращи, вагъуэ къэси щIылъэм езым и цIыху щиIэжщ. Вагъуэр мэункIыфIри, цIыхур дунейм йохыж. Лъэпкъ къэси иIэгъэнщ вагъуэ щхьэхуэ. ЩоджэнцIыкIу Алий ди лъэпкъым и апхуэдэ вагъуэу жыпIэ хъунущ: ар блэху, усакIуэм и анэдэлъхубзэм и макъри жыжьэ Iууэ псэунущ.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и IэдакъэщIэкIхэм сыщриплъэж мы тхыгъэр фIыуэ слъагъу усакIуэм къигъэуша си гупсысэу аркъудейщ.
- СщIэжыркъым Алий зыми хуумыгъэдэфын и хъэтI псэгъэтыншым япэу нэIуасэ сыщыхуэхъуар. Иджы ахэр симыгъусэу зы махуи дунейм сытемытыфыну къысфIощI. Иджыри седжэжарэт жыуагъэIэ зэпытщ Алий и IэдакъэщIэкIхэм.
- Илъэс плIыщIрэ езанэм итурат ЩоджэнцIыкIур, и гъащIэм кIэух гущIыхьэ щигъуэтам щыгъуэ. УсакIуэ нэсым и хэгъэгум бий къебгъэрыкIуа щхьэкIэ, и къалэмыр зэригъэтIылъэкIыркъым. И лъэпкъращ абы и уэрэд нэхъыфIхэр зыхуиусыр, и лъэпкъым бгъурыту Iэщэ къещтэ, псалъэрэ фочышэкIэ бийм ебгъэрыкIуэну. Арат ищIар ЩоджэнцIыкIу Алии, Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь. Зауэр къыщыхъея япэ махуэхэм абы итха сатырхэм я гуащIагъыр нобэми зыхыбощIэ.
- Хэт икIи дапщэщ уса-кIуэм и гум япэ шэр къезыутIыпщар? Ар зыми къыбжиIэфынукъым. Ауэ хэти ещIэ а фочышэр жыхьэнмэм къызэрикIар: абы иукIыр зы цIыхуми, мелуан бжыгъэхэр докIуэд. Пушкин зыукIа Дантес и фочышэм зи псэ хихар урыс усыгъэм и дыгъэу къалъытэрт. ЛIэщIыгъуэ куэдым пхыкIынущ иджыри а шэм и узыр. А фочышэ дыдэрщ Лермонтовыр, Байрон, Петефи Шандор, Маяковскэр зыукIар… А шэр зэм усакIуэм и пщэм ешыхьэкIа кIапсэу зэролъадэ, Есениным къызэрыщыщIам ещхьу, зэм фашистым и фочым Испанием Гарсиа Лоркэ щиукIыну зыщеузэд, зэми фашист гъэрыпIэм ис ЩоджэнцIыкIу Алий мэжэщIалIагъэм щрегъэлIыкI.
- Иджыри лIэщIыгъуэ куэдкIэ егупсысынущ цIыхухэр: сыту куэдыIуэ хузэфIэкIынут илъэс 37-рэ фIэкIа мыхъуауэ зыхэджэла уэсыр и лъымкIэ изыIа Пушкиным; сыт хэдиз гупсысэ куу къигъэщIынут Лермонтовым и зэчий лъэщым, ар дунейр къутэжыхукIэ илъэс 27-м нэхърэ нэхъыжь мыхъужыну къыхуимыухамэ. Сыт хуэдиз гурыщIэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ и псэр хуэгъэусэнут Есениным, езы Урысейм и уафэм ещхь абы и нащхъуэхэр илъэс 30-м зэтримыпIэжамэ. ЩэщIрэ блырэ фIэкIа мыхъуа Маяковскэм-щэ? Лермонтовым и ныбжьым фIэмыкIа Петефи Шандор-щэ? А псори дэ игъащIэкIи къытхуэмыщIэну къуажэхьу къытхуэнэнущ.
- Шэч хэлъкъым, «Къамботрэ Лацэрэ» роман-эпопеемкIэ и лъэпкъым и псэукIамрэ лIакъуэ-лIакъуэкIэ Къэбэрдейм щызекIуа зэгурымыIуэныгъэхэмрэ я сурэт наIуэ къызэзынэкIа ЩоджэнцIыкIу Алий зригъэхъулIэфыну плъапIэ куэд адрей дунейм зэрыздихьам.
- Сэ фIыуэ сощIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зыбгъэдэзгъэувэ усакIуэхэм я лъагагъыр. Абыхэм адыгэ усакIуэр езгъапщэкIэ, езгъэлейуэ къысщыхъуркъым. Ар икIи зэгъэпщэныгъэкъым.
- Инкъым ЩоджэнцIыкIу Алий къызыхэкIа лъэпкъыр. Ауэ Пушкиным — урысхэм, Руставели — куржыхэм, Петефи — мэжэрхэм хуащIар и лъэпкъым хуэзыщIар, шэч закъуи хэмылъу, щэджащэщ.
- Гугъут икIи пщIэшхуэ пылът и лъэпкъ литературэм и лъабжьэр игъэтIылъу абы адэкIэ зэрызиужьыну гъуэгум тезыгъэува усакIуэм и къалэныр. ЩоджэнцIыкIу Алий и усы-гъэм адыгэ IуэрыIуатэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэхуихьэса лъэпкъыбзэм и IэфIыр зыщIишащ. Дунейпсо литературэм и ехъулIэныгъэхэр щапхъэ хуэхъури, дыщэзэрылэу къызэрыщэщащ зэманым и гур къыщеуэ, гугъэ дахэкIэ гъэнщIа пщэдейрей махуэм хуэплъэ ЩоджэнцIыкIум и мыкIуэдыжын сатырхэр.
- Алийщ адыгэ тхыбзэр зэфIэзыгъэувар. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я бзэ яIурылъыжу хэтыр лIыхъужь-хэм я закъуэкъым, атIэ псыежэхри, губгъуэри, щIылъэри, уафэри, дыгъэри, жыгхэри, Хэкум и уафэгум ит пшэхэри псэ яIуту щопсалъэ.
- А псом ущегупсыскIэ, уи гур хохъуэ, усакIуэ щIалэхэм я лIэкIэри пщыгъупщэркъым. Зыми ицIыхуркъым Лоркэ зыукIар, ауэ щыхъукIэ зэрыдунейуэ усакIуэр ягъэлъапIэ. Зыгуэр-кIэ дантесхэмрэ мартыновхэмрэ я цIэхэр дигу къинэми, абыхэм гъыбзэр игъащIэкIи якIэрыкIынукъым.
- УсакIуэр пхуэукIынущ, хьэпсми пхуидзэнущ, ауэ лъэпкъыпсэр къызыпхыпс абы и псалъэр пхуэгъэлIэнукъым икIи пхуэгъэпщкIунукъым. Дыгъэм ещхьщи, абы цIыхугур къегъэнэху, цIыхупсэр гуфIэгъуэрэ гушхуэныгъэкIэ егъэнщI, акъылыр нэху ещI, нэху псори кIыфIыгъэм пэщIегъэувэри, зы- ми гу зылъримыгъатэу токIуэ.
- ЩоджэнцIыкIур ящыщщ лъагъуныгъэкIэ гъэнщIа лэжьакIуэбэм хуэгъэза и псалъэ купщафIэр жиIэным къыхуигъэщIа усакIуэ гупым. Абы хузэфIэкIырт гъащIэр къызэрыунэхурэ цIыхугум щызэтрихьа гукъеуэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къигъэпсэлъэну.
- Алий псалъэкIэ сурэт зэрыхуэщIым къыщынэртэкъым, ар икIи цIыхушхуэт. Иджыри псэущ абы и ныбжьэгъуу, и лэжьэгъуу щытахэр, ар илъагъуну, абы епсэлъылIэну къызыхуихуа цIыхухэр. А псоми зыжьэу къаIуэтэж Алий тхэным мурад хуэзыщIа щIэблэм защIигъакъуэу зэрыщытар, зэчий хъуаскIэ фIэкIа зыбгъэдэмылъми и хьэл щабэмкIэ еущийуэ зэрыбгъэдэтар.
- ГукъэкIыж мащIэкъым ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ щыIэр. И чэзур къэмысауэ пIэрэ ахэр псори зэхуэтхьэсыжу абыхэм тхылъыщIэхэр къахэдгъэхъуэным. И гъащIэ гугъумкIи, и хъэтI зэщIэлыдэмкIи къилэжьащ ар Алий.
- СщIэркъым адыгэ литературэм и уафэм иджыри къыщыпынэну вагъуэхэр зыхуэдэнур, ауэ сыт щыгъуи ЩоджэнцIыкIу АлийкIэ зэджэ вагъуэр абы щыблэнущ, сыту жыпIэмэ, аращ адрейхэм я гъуэгур къэзыгъэнэхуар.
- Тхьэгъэзит Зубер,
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.
- Лъэпкъым и набдзэ
- Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, лъэпкъым ди набдзэу дызэрыгушхуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр.
- Псори дыщIапIыкIащ дэ Алий и тхыгъэхэм, и роман, поэмэ купщIафIэхэм, и усэ жьгъырухэм; абы и Iэужь дахэхэр ди литературэм, ди щэнхабзэм я пхъуантэдэлъ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу, ди щIэблэр абыхэмкIэ гъащIэм хуедгъаджэу икIи хуедгъасэу дяпэкIи зэрыщытынум шэч хэлъкъым.
- Пэжыр и гъуазэу, цIыхугъэм, гу къабзагъэм, адыгагъэм я щапхъэу псэуащ Алий. Къэмылэнджэжрэ къэмыхэшэжу и псэр Хэкум щIитащ Алий. ФIым я щапхъэрэ лъэпкъ псом я литературэм къежьапIэ, лъабжьэ зэрыхуэхъун къару яхэлъу тхыгъэ телъыджэ куэд къыщIэнащ Алий. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зым щхьэкIи бгъэлъапIэ, бгъэпажэ хъунут ди усакIуэшхуэр, ауэ, хэти зэрищIэщи, а псомкIи къэщIыхьащ Алий цIыхубэм я гум щиухуауэ зэи мыкIуэдыжыну фэеплъ лъапIэр.
- Мы юбилей иным ирихьэлIэу сэ сыхуейщ Къэбэр- дей-Балъкъэр Республикэм и дэтхэнэ цIыхури къыхуезджэну: ди усакIуэ пажэ ЩоджэнцIыкIу Алий Хэкум щIита и псэ къабзэмрэ дунейм къытрина и IуэхущIафэ дахэхэмрэ яхуэпэжу икIи яхуэфащэу дыщывгъэт.
- КIУЭКIУЭ Валерий,
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент.
- 2000 гъэ
- Абы и усыгъэ вагъуэр
- Япэ зыщIым тIу ищIащ, жызыIа усакIуэшхуэм имыщIэу жиIакъым. Лъагъуэ пхышыныр IэджэкIэ нэхъ гугъущ, ар гъуэгужь хъуа нэужь урикIуэным нэхърэ. ЩоджэнцIыкIу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр.
- ФIы къыдэхъулIэми, ди гур щыхэщIа къэхъуами, ди япэ ищам дыкIэлъопIащIэ, нэхъ тегушхуауи докIуэ, сыту жыпIэмэ, гъуэгур къуейщIейми, ар мытыншми дощIэ, щыхупIэ иIэми, пэрытым игъэунэхуащ.
- Алий и усыгъэ вагъуэр уафэ къабзэкъым къыщыщIэкIар. Дунейр кIэгъэпшагъэ къудей мыхъуу, уафэ лъащIэр къызэщIэуфIыцIа зэпыту, уафэхъуэпскIыр жэщкIи махуэкIи къыхэлъэтыкIмэ, дунейр зэIыхьэнущ, жыпIэу укъыхигъэщтыкIыу щытащ.
- Ардыдэм дунейр тет зэпытурэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэр иухащ. Иджы уса-кIуэр щыпсэуа лъэхъэнэмрэ и поэзиемрэ зэхуэпхьмэ, дэтхэнэ зы усэми зэман гуащIэм и нагъыщэ телъщ. Ауэ нэхъыфIт, Алий фIыкIэ хуэупсэу ятха къомым усакIуэр апхуэдизу политикэм ирамыпхыу щытатэмэ. Езы Алий хузэфIэкIар мащIэкъым, зыхэмыта Iуэху хэтащ жыпIэу птхын хуэдэу, и Iэдакъэ къыщIэкIами уаситI хуэбгъэувын хуейщ, япэ ищри, ди щэнхабзэм лъагъуэ щыхишащи.
- КIЫЩОКЪУЭ Алим,
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь.
- ЩIэныгъэлIым и псалъэ
- АдыгэлI щэджащэ
- Илъэс 41-рэ — арат адыгэ лIакъуэ псоми ди набдзэ ЩоджэнцIыкIу Алий зэрыпсэуар. Ауэ куэд къимыгъащIэу куэд зылъэгъуа а цIыху телъыджэм хузэфIэкIащ зэи димыIа литературэм и лъабжьэр игъэтIылъын, абы зригъэужьын.
- АрдыдэмкIэ ЩоджэнцIыкIум зригъэузэщIащ лъэпкъ гупсысэм, адыгэхэм я тхыдэм, я къекIуэкIы-кIам, я хабзэхэм, иджырей псэу-кIэм, я хъуэпсапIэхэм хуэгъэпса Iуэхухэр тхылъеджэхэм я деж нигъэсащ. Кушмэзыкъуей щыщ мэкъумэшыщIэм и унагъуэм къыщалъхуа щIалэ щэджащэм фIы дыдэу илъагъу лъэпкъым щIэныгъэ егъэгъуэтыным, ар дунейпсо цивилизацэм лъэ быдэкIэ хэгъэувэным хуэунэтIауэ зэфIигъэкIам и мыхьэнэр зыхуэдизыр нэсу къащыгурыIуэну зэманыр иджыри къэсауэ къыщIэкIынукъым.
- Нобэ Алий и IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэщ адыгэхэм я щIэблэр. Дунейм и щIыпIэ куэду ди лъэпкъэгъухэр щикъухьахэм къыщащтэ абы и тхылъхэр икIи и усэхэм къыхах Iущыгъэ куухэр. ЩоджэнцIыкIу Алий и вагъуэр ди лъэпкъхэм куэдрэ яхуэблэнщ!
- ЩХЬЭЛАХЪУЭ Iэбу,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор,
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт.
- Мейкъуапэ къалэ. 2000 гъэ
- МАКИТОВ Сафар
- Ди Алий
- Нэхъыжь уахэсмэ, задебгъэкIурт жьыми,
- Уахэхуэм щIалэгъуалэми, Алий,
- Акъыл упахыу щытащ.
- Жьыми щIэми
- Уахуэпсэ къабзэт, ещхьу уэ сабийм.
- Куэд зымыгъащIэу куэд зылъагъу
- жыхуаIэр
- Уэ пхуэдэлI гуэрти, куэд уи нэгу щIэкIат.
- Къыттетт сыт щыгъуи, ди Алий уи нэIэр —
- Дэ дыщыпхъумэрт уи фэм уэ дэкIам.
- Укъыщалъхуа уи хэкум и насыпыр
- ХуэбгъэбжьыфIэну арти — ар уоIэт,
- Хэпшт уемызэшу щIэныгъэшхуэ псыпэр
- Уи псэр хуэпщIауэ лъэпкъым анэмэт.
- И насыпт уэ пхуэдэкъуэ зиIэ лъэпкъым:
- ГуфIэгъуи гуауи дэбгуэшащ абы,
- Ар уи гум, уи псэм — псори уи Iэпкълъэпкъым
- Лъыуэ щIэт псомкIи пщIырт, Алий, къабыл.
- Дунейр тIэу пкIэгъуэ пхуримыкъут уи хэкум,
- Хуэбус уэрэдыр бэм щипхъуатэм деж.
- УкъипсэлъыкIти, Алий, лъэпкъым и гум,
- Ар уэ езым сыт щыгъуи къыпхуэпэжт.
- Нэхъыжь уахэсмэ, уабжырт нэхъыщIэфIу.
- НэхъыщIэм нэхъыжьыфIу удиIащ.
- Алий, гуращэу уиIам сэ пысщэфмэ,
- Уэ пхуэфэщэн къуэш сыпхуэхъуау аращ.
- ЗэзыдзэкIар
- ЕЛГЪЭР Кашифщ.
- ХЬЭКIУАЩЭ Мадинэ
- Си адэшхуэ
- Дыгъуасэ къухьэу нобэ къыкъуэкIыж
- Дыгъэм и нурым ещхьу, ухэлъщ си псэм.
- Зэм сфIощI игъащIэ псокIэ укъухьэж,
- КъысфIощI зэм уи куэщI сису.
- Ауэ сыт щыгъуи ныбдэслъагъур зыщ:
- Си дуней гъащIэм схузэIупхыу и бжэр,
- ЦIыху цIыкIуу щыIэр насыпыфIэ зыщI
- Усыгъэм и жэнэтым сфIощI уэ сипшэу.
- ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жи, Зэман,
- Щыхъумэт си пкъым си адэшхуэм и псэр,
- Абы насыпу сэ къысхуигъэнар
- ЦIыхубэм естыжыным сыщIохъуэпсыр.
- Сабий пфIэщIыну, абы мы дунейм
- Къыщыхъу гуфIэгъуэ псори фIэтелъыджэт
- Арщ къысщыхуауэ, гъащIэ, сэ уи ней,
- ПэIэщIэ сыпщIмэ а хьэл-щэн гъуэзэджэм.
- СыпкIэлъыпIащIэ пэтми, сыпщIэмыхьэу
- Уи ужь ситщ икIи нэгъуэщI сыхуэмейт,
- КъесхьэлIэфарэ уи гъуэгуанэ Iыхьэр
- Си насып вагъуэр хъутэм ещхь ууейм.
- Ныбжьэгъугъэм и Iэужьхэр
- Ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ и хьэл-щэнри, и гурыгъу-гурыщIэри, и гуращэ-хъуэпсапIэри, абы къикIуа гъуэгуанэу лъэпощхьэпокIэ гъэнщIа лъэхъэнэ ткIийхэри, и нобэрей псэукIэри, и пщэдейрей гъащIэри усыгъэм и Iэмал лъэщхэмкIэ къытхуэзыIуэтэжа ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэм лъапсэ куурэ къуэпс куэдрэ иIэщ. Абыхэм ящыщщ адыгэ усакIуэшхуэм и тхыгъэ щэджащэхэр урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ езыр щыпсэуам дунейм къытехьэу зэрыщытар.
- Пэжыр жытIэнщи, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэу илъагъужар мащIэ дыдэщ. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэр, дэтхэнэ лъэпкъ усакIуэ щыпкъэми хуэдэу, ЩоджэнцIыкIур утыкушхуэ ихьэну пIащIэу зэрыщымытарщ, зигъэиныну, адрейхэм закъыхигъэщхьэхукIыну зэрыпымылъарщ. Зи Iэужьыр ди литературэм шэсыпIэ хуэхъуа усакIуэшхуэм, езым и псалъэкIэ жытIэнщи, «хыр зи щапхъэ» пщIэ хуэфащэт, ауэ ар абы нэсу игъуэтауэ тхужыIэнукъым. ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм адыгэбзэр зэрыщыбзэрабзэм хуэ- дэу, урысыбзэри щыбзэрабзэу бзитIымкIи «Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса» тхылъхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщауэ къыдэгъэкIын хуейщ.
- Лъэпкъ усакIуэшхуэр къэхъуну-къэщIэнур къэзыщIэ цIыху Iущ, адыгэхэр тхьэгурымагъуэкIэ зэджэм еплъыт мэхъу — фашизмэр дунейм тегъэкIуэдыкIыным тегъэпсыхьа тхыгъэ зыбжанэ ЩоджэнцIыкIу Алий и Iэдакъэ къыщIэкIащ Хэку зауэшхуэм кIуэным и пэ къихуэу. Ахэр щIэх-щIэхыурэ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи ди республикэм къыщыдэкI газетхэм къытехуэрт. Абыхэм фIэщхъуныгъэшхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуащ фашизмэм мыгувэу кIэ зэригъуэтынур:
- УкIкIэ щыкIахэу фашистхэм
- Уэрщ и кIуэдыпIэр я лъапсэм.
- ЩоджэнцIыкIур къызыхэкIа лъэпкъ гуащIэу лъэпкъ пагэм и бынхэм, а усакIуэр къыщалъ-хуа адыгэ лъахэм щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ къикIуа и тхыдэм, нобэрей псэукIэщIэм и дуней дахэм еса совет хэкум захуегъазэри, усакIуэ тхьэгурымагъуэм мыпхуэдэу жеIэ:
- НаIуэщ уи тхыдэр си хэкум, —
- Бийр къозэгъыфыркъым уэ иным,
- Фашист нэпсейхэм я лъапсэр
- Щыкъутэжынущ уи дежым.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и дежкIэ шэч лъэпкъ зыхэмылъыжщ текIуэныгъэр дыдей зэрыхъунур. Дунейм къару фIыцIэу тетыр зэщIэзыгъэуIуэу лъыгъажэ зауэр къыдэзыщIылIа нэмыцэ фашист хьэIуцыдзхэм кIэ зэрагъуэтынур, адрей къэралыгъуэхэм щыпсэу цIыхухэми щхьэхуитыныгъэ зэрагъуэтыжынур хьэкъыу пхыкIауэ усакIуэм етх:
- Дэращ лъыгъажэм текIуэнур,
- Дэращ зи дыгъэр бзий хущхъуэр,
- Дэращ бэлыхьыр зыгъэсу
- Насыпым цIыхур хуэзышэр.
- Мы къэтхьа сатырхэр зыщыщ «Шагъдий гъэшхахэм техутэ» усэ гъуэзэджэр 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м къыдэкIа «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым япэу къытехуа нэужь, махуитI нэхъ дэмыкIыу, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ ар «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым къытрадзащ, «На коней, сыны Кабарды» псалъащхьэм щIэту. Ар зэзыдзэкIар ЩоджэнцIыкIу Алий фIыуэ ицIы-хуу щыта, абы и тхыгъэхэр япэу урысыбзэм къизыгъэзэгъахэм ящыщ Корнеев Николайт
- ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абы и усэ зыбжанэ зэзыдзэкIа Корнеев Николайрэ а зэманым я къалэмыр жану ягъэбзащ. А лъэхъэнэр Киреев Михаил мыпхуэдэу игу къигъэкIыжат:
- «Жэщым зэрымыжеяр, гугъу зэрехьар и нэгум щIэплъагъуэу, тIэкIуи щтэIэщтаблэу ЩоджэнцIыкIу Алий редакцэм къытхуихьауэ щытащ «Псоми Iэщэ къафщтэ» зыфIища усэр — гъуом хуэдэу, цIыхухэр къызэщIиIэтэу. А усэр, а лъэхъэнэм Налшык щыпсэууэ щыта, Курск щыщ усакIуэ Корнеев Николай урысыбзэкIи жану зэридзэкIащ. Губжь къаруушхуэкIэ, фIэщхъуныгъэкIэ гъэнщIат текIуэныгъэр къэзыхьы-ну «Шууей-лIыхъужьхэр» я «шагъдий гъэшхахэм» шэсыну къыхуезыджэ сатырхэр».
- Иужьрей дыдэу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Корнеев Николайрэ я усэ ди республикэм къыщыдэкI газетхэм къыщытехуэжар 1941 гъэм и жэпуэгъуэ мазэрщ. УсакIуитIми мыжурэ пэлъытэу яIыгъа къалэмхэм щIыгъуу Iэщэ къащтэри зауэм кIуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ис усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу хэкур хъумэжыным къыхуезыджэ, зауэм лIыгъэ щызехьэным къыхузэщIэзыIэтэ усэхэр зэхуэхьэсауэ тхылъу къыдэдгъэкIыну мурад тщIащ. Езэш жыхуаIэр зымыщIэ Алий ар къыддиIыгъри, занщIэу Iуэхум яужь ихьащ. Тхылъым фIэтщар абы и усэхэм ящыщ зым и цIэрщ — «Псоми Iэщэ къафщтэ!» КъыщыдэкIар 1941 гъэм и бжьыхьэкIэрщ. Ди усакIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым а тхылъыр IэкIэ зыIыгъа — псори зауэм щыIэт. Алии илъагъужакъым а тхылъыр. ФокIадэ мазэм и зы махуэ уэфI гуэрым сумкэ хужь и дамэм едзэкIауэ ар военкоматым и пщIантIэм дыхьащ»…
- ЩоджэнцIыкIу Алий зауэм хэкIуэдащ, и насып къихьри, Корнеев Николай а мафIэ гуащIэм псэууэ къыхэкIыжащ.
- КIУРАШЫН БетIал.
- 1990 гъэ.
- И гъащIэмрэ и лэжьыгъамрэ
- (1900 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м — 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м)
- 1900 гъэм — Кушмэзыкъуей (иджы Бахъсэн къалэ) щыпсэуа мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ.
- 1908 гъэм — Кушмэзыкъуей къуажэ школым щеджащ.
- 1914 гъэм — Бахъсэн мыдрисэм щIэтIысхьащ. Цагъуэ Нурий зригъэцIыхуащ. Цагъуэ Нурий егъэджэныгъэ IэнатIэм щыпэрагъэкIым, ар имыдэу Алий къэуващ, абы къыхэкIыуи еджапIэм къыщIадзыжащ. «Цагъуэм и университету» Дыгулыбгъуей къуажэм щыIэм щеджащ.
- 1915 гъэм и фокIадэ — 1916 гъэм и гъатхэпэ — Кавказ Ищхъэрэм папщIэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Дагъыстаным щыIэ, Темыр-Хъан Шурэ къалэм дэт мазибл курсхэм щеджащ.
- 1916 — 1917 гъэхэм — Кърымым щыщ Бахъшысэрей къалэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру дэта, Гаспинский И. и цIэр зезыхьэ тэтэр школым щIэсащ.
- 1917 — 1919 гъэхэм — Истамбыл къалэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру дэта школым щеджащ. Усэхэр тхын щIидзащ. «Нанэ», «Ильнос» усэхэр тырку журналым къытрыригъэдзащ.
- 1920 гъэм — Кушмэзыкъуей къуажэм къигъэзэжащ.
- 1920 гъэм и накъыгъэ — 1920 гъэм и шыщхьэуIу — Налшык къалэм къыщыдэкI «Налькавстрой» газетым щылэжьащ.
- 1920 — 1921 гъэхэм — Азербайджаным и Баку къалэм къыщызэрагъэпэща «КъуэкIыпIэ-политикэ хэха илъэс курс-хэм» щеджащ.
- 1921 гъэм — ЧК-м и органхэу Дагъыста-ным и Дербент къалэм щыIэхэм щылэжьащ (мазищкIэ).
- 1922 гъэм — хуабэ уз (тиф) къеуэлIащ. Налшык къигъэзэжащ. «Красная Кабарда» газетым корректору щылэжьащ (илъэс ныкъуэкIэ).
- 1923 гъэм — щIыпIэм къыщыхъуа лъэпкъхэм къахэкIыу егъэджакIуэхэмрэ совет IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ щагъэхьэзыр курсхэм щеджащ.
- 1923 — 1927 гъэхэм Кушмэзыкъуей къуажэм дэт школ №1-м адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ.
- 1925 гъэм — областым лъэпкъым щыщ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ и курсхэм щеджащ (бадзэуэгъуэм и 15 — фокIадэм и 15-хэм).
- 1925 гъэм — Цагъуэ Нурий и «ЩIалэ гъуазэ» тхылъым дидактикэ хабзэм тету зэхилъхьа усэхэр хигъэхьащ, «Къэрэхьэлъкъ» газетым ущииныгъэм хуэгъэза тхыгъэхэр къытрыригъэдзащ.
- 1926 гъэм — щIэныгъэншагъэр гъэкIуэ-дыжыным елIалIэу щIэблэмрэ нэхъыжьхэмрэ Кушмэзыкъуей къуажэм щригъэджащ. Адыгэ лъэпкъым щIэныгъэ егъэгъуэтыным хуэуэнэтIауэ зэфIигъэкIахэм папщIэ областым и ОНО-м Алий игъэ- кIуащ Москва къалэм щекIуэкIа экскурс-конференцым.
- 1927 (накъыгъэм и 9) — пэщIэдзэ школхэм папщIэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и алыфбей зэхэлъхьэным теухуа IуэхумкIэ екIуэкIа зэIущIэм хэтащ.
- 1928 гъэм — «Мадинэ» поэмэр итхащ.
- 1928 — 1929 гъэхэм — Кушмэзыкъуей къуажэм и курыт школ №2-м адыгэбзэм-кIэ щригъэджащ икIи Бахъсэн щIыналъэ мэкъумэш школым и унафэщI къалэнхэр игъэзэщIащ.
- 1929 гъэм — Псыхуабэ къалэм и педкурсхэм щеджащ (мазитIкIэ).
- 1931 гъэм — Цагъуэ Нурий, Елбэд Хьэ- сэн, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ я «Артель» Япэ ступеным и школым илъэс ещанэ хъуауэ щрагъаджэхэм папщIэ тхылъыр къыдэкIащ. «Хьэжыгъэ пут закъуэ» Iуэтэжыр итхащ.
- 1929 — 1934 гъэхэм — Бахъсэн районом и инструктор-методисту лэжьащ, егъэджакIуэхэмрэ гуп-гупурэ зэхыхьэ секцэхэм екIуалIэхэмрэ я IэщIагъэм щыхагъахъуэ курсхэм я унафэщIу щытащ. «Кхъужьей щIагъым» Iуэтэжымрэ «ЩIымахуэ жэщ» поэмэмрэ итхащ.
- 1934 гъэм — Псыхъурей къуажэм и кол- хоз университетым и унафэщIу икIи егъэджакIуэу, Къулъкъужын къуажэм дэт курыт школ иримыкъум и унафэщIу лэжьащ. Бахъсэн районом елъэIуащ республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и унафэм щIагъэувэну.
- 1935 гъэм — Налшык тхылъ тедзапIэм усэхэр щызэхуэхьэса и «Мадинэ» япэ тхылъыр къыщыдэкIащ.
- 1936 гъэм — КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я союзым щылэжьэну кIуащ, республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и КъызэгъэпэщакIуэ комитетым ириджэри. Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Ди Орджоникидзе» тхылъым и редактору щытащ. ПащIэ Бэч- мырзэ и фэеплъу «Уи кхъащхьэм» усэр итхащ. Адыгеймрэ Шэрджэсымрэ щыIащ. Адыгейм и тхакIуэхэм я I съездым хэтащ. Iэдииху чэщанэм еплъащ. Абы и щIыхькIэ итхащ «Iэдииху» усэр.
- 1937 гъэм — лъэпкъ театрым адыгэбзэр щригъэджащ. УсэбзэкIэ тха «Къамботрэ Лацэрэ» романым елэжьащ.
- 1938 гъэм — «Къэбэрдей уэрэдхэр» тхылъым и редактору щытащ. Усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса етIуанэ тхылъыр къыдигъэкIащ. «Къызбрун» поэмэ гуузыр къызытрищIыкIыну хъыбархэр зэхуихьэсу щIидзащ. Пединститутым еджакIуэ ягъэкIуащ. Къэбэрдей уэрэджыIакIуэ гупыр къызэгъэпэщыным елэжьащ. Композиторхэу Авраамов А. М., Шейблер Т. К., Покровский А. М. сымэ ядэлэжьэн щIидзащ. Къэрал филармонием и симфоние оркестрым Октябрь революцэр илъэс 21-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Кисловодск къалэм щита концертым щыIащ (жэпуэгъуэм и 25-м). Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым и литературэ къудамэм и унафэщIу щытащ.
- 1939 гъэм — Къэбэрдей уэрэджыIакIуэ гупым япэ концерт итащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и псалъэхэр зыщIэлъ «Ди Сталин» япэ адыгэ цIыхубэ уэрэдыр ягъэзэщIащ. Художественнэ самодеятельностым и республикэ олимпиадэм къыщыпсэ- лъащ. Урыс композиторхэм я оперэхэм я ариехэмрэ революцэм траухуа уэрэдхэм ящыщхэмрэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. «КъБАССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ. «НыбжьыщIэ хахуэ» поэмэр итхащ икIи ар шыщхьэуIум и 21-м къыдэкIа «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым къытрадзащ. «Бгыхэмрэ цIыхухэмрэ», «Пшэплъ», «Советхэм я пщэдджыжь» трилогиер зытха урыс тхакIуэ Либединский Ю. Н. зригъэцIыхуащ. Творчествэм и унэу Серафимович и цIэр зезыхьэм, Подмосковьем щыIэм, етIуанэу Либединский Ю. Н. щыхуэзащ.
- 1939 гъэм — Налшык къалэ Советым и депутату щытащ. Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Коста Хетагуров» юбилей тхылъыр къыдэгъэкIыным елэжьащ.
- 1940 гъэм — КъБАССР-м Лъэпкъ щэнхабзэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэу щытащ. IуэрыIуатэр зэхуахьэсыну ежьахэм яхэтащ. Къэбэрдей нарт эпосыр зэхилъхьащ икIи къыдэгъэкIыным хуигъэхьэзыращ. Налшык тхылъ тедзапIэм «Нарт эпос» тхылъыр къыщыдэкIащ. ПащIэ Бэчмырзэ къыщIэна тхыгъэхэр зэхуэхьэсыжыным икIи къытрегъэдзэным елэжьащ. «ПащIэ Бэчмырзэ» критикэ-биографие тхыгъэр «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым къытрыригъэдзащ (№256). Композитор Авраамов Арсений и гъусэу елэжьащ «Къызбрун» япэ къэбэрдей оперэр къызэгъэпэщыным. «Композитор Авраамов Арсений» тхыгъэр «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым къытрыригъэдзащ. КъБАССР-м гъуазджэм пы-щIа IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэ-щIым деж щыIэ Художественнэ советым щылэжьащ.
- 1941 гъэм — усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса ещанэ тхылъыр къыдэкIащ. Къэбэрдейм и автономиер илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу «Нырес си псалъэр уи деж» поэмэр итхащ. Зауэм кIуэну къыхуезыджэ усэхэр и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Зауэм кIуащ. Бобруйск и концлагерым илIыхьащ.
- Зыгъэхьэзырар
- ЩАКIУЭ Марьянэщ.
- Псоми ди зэхуэдэ Iуэху
- Зэчий ин зыбгъэдэлъым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм лъэхъэнэ къэс цIыхухэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэхэр, зэрадж-къызэралъытэ щIыкIэхэр зэхуэдэкъым. 90 гъэхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэм дэ къыхэтха дерсхэр нэхъ хэIэтыкIауэ хуэгъэзат лъэпкъым и гупсысэр, бзэр, щэнхабзэм и лъапIэныгъэхэр къэIэтыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным.
- Ноби дяпэкIи а мыхьэнэхэр бгъэтIылъ мыхъуу гъэзэщIэн хуейуэ къонэж. Ауэ лIэщIыгъуэ блэкIар щиух илъэсхэм наIуэ къэхъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий хуэдэ тхакIуэхэм я гуащIэм къигъэув нэгъуэщI дерсхэри: лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэи къэбгъэтIасхъэ зэрымыхъунур, къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр зэпыу имыIэу абы щIэгъэджыкIыныр, цIыхур къыщIигъэщIар, дунейм щIытетыр езым къыкIэлъыкIуэ щIэблэм гъуэгу яритыныр, гъащIэм пищэныр, Iэщэ имыгъэдэлъэныр, лъы имыгъэжэныр зэрыарар.
- ИтIанэ. ЩоджэнцIыкIум и поэмэхэр къэлъытэн хуейщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я мардэ зэмыщхьхэмкIэ. Дуней псом къебгъэцIыху хъун тхыгъэхэщ ЩоджэнцIыкIу Алий и къалэмым къыщIэ-
- кIахэр. Алий и IэдакъэщIэкI нэхъ лъэщ дыдэ, усэу тха «Къамботрэ Лацэрэ» романым ипкъ иткIэ художественнэ фильм техын хуейуэ зэманым къегъэув, ди экономикэр сыт хуэдизу щытыкIэ гугъум имытми. Апхуэдэ кинор зыхузэфIэкIыну творческэ къарухэри, хьэрычэтыщIэхэу, бизнесменхэу мылъкукIэ къызэзыгъэпэщыфынухэри, мы Iуэхур къыдихыу унафэ тэмэм хуэзыщIыфынухэри лъэпкъым и мащIэкъым.
- УсэбзэкIэ тха романыр киноуэ гъэувыным хуэхьэзырым хуэдэу, монтаж зэхэлъыкIэм тету тхащ. Дуней псом щыцIэрыIуэ кинорежиссёр Эйзенштейн Сергей Пушкин Александр и поэмэ «Полтава» жыхуиIэр зэпкърихыурэ жиIэгъащ урыс тхакIуэшхуэм гъащIэм и теплъэ нэхъыщхьэхэр монтаж гупсысэкIэм тету къызэрыхигъэщхьэхукIыр, къызэригъэнэIурытыр, «лейр зэрыпиупщIыр». Апхуэдэщ адыгэм ди усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIури.
- ЖытIам и тегъэщIапIэщ «Къамботрэ Лацэрэ» романым щыщ дэтхэнэ пычыгъуэри, псалъэм щхьэкIэ, ЗекIуэлIокъуэ Къамбот Тембот дадэм и пщыIэм зэреблэгъа щIыкIэр къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэр.
- ЗекIуэлIокъуэ си унэцIэщ,
- ХьэщIэн хуейуэ сыкъэкIуащ.
- Ехьэх Iэщэр, сыгъэпсалъэ,
- Сэри цIыхум сыкъилъхуащ…
- ЩыжриIэм, лIыжь жьакIэхур,
- ЩIегъуэжауэ, мэукIытэж.
- Жыжьэрыуэу и фочыжьыр
- Хуэму бгъуэщIым ирелъхьэж.
- ХьэщIэ щIалэм фIэхъус гуапэу
- А лIыжь хъыжьэр къыщекIуалIэм,
- ЛIы и щэнкIэ шагъдий фэкъум
- ЗекIуэлI и къуэр къыщепсыхым,
- Ар гъуэгуанэ зэрытетыр
- ЛIыжь жьакIэхум къицIыхуащ,
- Дэхуэхауэ зэрыщытым
- Шы жэщIамкIи гу лъитащ.
- … ЗекIуэлIокъуэр еблэгъащи,
- Щыхьыл жьахэр хуегъэкIуатэ,
- Мэз тенджызым и лIыхъужьыр
- ХьэщIэ щIалэм къобзэрабзэ.
- Сыту дахащэу тха! Убгъэдэтым хуэдэу болъагъу Тембот дадэ жьакIэхур, щIалэ къекIу ЗекIуэлIокъуэ Къамбот, «лIы и щэнкIэ шагъдий фэкъум», къепсыхауэ пщыIэм еблагъэр, шы жэщIар, хуэму бгъуэщIым иралъхьэж жыжьэрыуэ фочыжьыр, щыхьыл жьахэр… Мэбзэрабзэ ЩоджэнцIыкIу Алий и адыгэбзэр, налкъутналмэсу мэлыд. Апхуэдэ защIэу, адыгэбзэм и философие куупIэм къыщыщIэлъауэ тхащ и поэмэхэмрэ усэхэмрэ.
- Художественнэ тхыгъэхэм къадэкIуэу Алий хьэлэмэтыщэу къигъэсэбэпырт публицистикэм и къарур, образхэмрэ гупсысэхэмрэ зэщIэту зыхэухуэна тхыгъэхэмкIэ лъэпкъым зригъэузэщIырт.
- ЦIыхубэм хьэлэлу яхуэлэжьа зы усакIуэшхуи дунейм тетауэ е тету къыщIэкIынкъым езыр щалъхуа, и сабиигъуэр щекIуэкIа щIыпIэр имыгъэфIауэ, имыIэтауэ, цIэрыIуэ ищIыну хэмытауэ. УсакIуэри зи къарурэ зи гуащIэкIэ псэужхэм къахэкIа цIыхущ. Аращ абы «щалъхуа щIыпIэр фIыуэ зылъагъум дунейр зэрыщыту фIыуэ елъагъу» псалъэхэм къарыкI мыхьэнэр адрей цIыху псоми хуэдэу щIехьэлIар. Щалъхуа Кушмэзыкъуей къуажэм, Бахъсэн щIыналъэм щыIэ адрей къуажэхэм щыпсэу цIыхухэм заригъэузэщIурэ, публицист ЩоджэнцIыкIур игу пщтырагъкIэ гъэнщIа усыгъэхэмкIэ щIэбэнырт лъэпкъ псом и зыузэщIыныгъэм. ОНО-м щылэжьэныр имыдэу егъэджакIуэу школым кIуа щIалэм районым ис цIыхухэм усыгъэхэмкIэ захуигъазэрт лэжьыгъэ IэнатIэхэр егугъуу ирахьэкIыну: еджакIуэ цIыкIухэм — фIы дыдэу еджэну, егъэджакIуэхэм — зэманым хуэфащэу лэжьэну, мэкъумэшыщIэхэм — щIыр фIыуэ ялъагъуу, гъавэр хащIэу, бэвыгъэр я Iэужьыну, къуажэ Совет лэжьакIуэхэм — я пщэ къыдэхуэр къанэ щымыIэу ягъэзэщIэну.
- ЩоджэнцIыкIу Алий образ гукъинэжхэмрэ гупсысэ куукIэ гъэнщIа публицистикэкIэ лъэкIащ Бахъсэн щIыналъэр Къэбэрдей псом щапхъэу яхуигъэувыну, Бахъсэн ГЭС-м и нурыр республикэм исхэм ятрыригъэдзэну. АрдыдэмкIэ наIуэ къохъу художественнэ къарууэ усакIуэм и тхыгъэхэм яхэлъым публицистикэм и мардэхэри зэрагъусэр, зэрабгъэдэтыр: занщIэу гу зылъумытэ «щапхъэ цIыкIухэр», ауэ мыхьэнэ зиIэхэр, нэIурыт ещI, ихъуреягъкIэ къыщыхъу-къыщыщIэхэр зэпкърех, и лъэхъэнэгъухэм я IуэхущIафэхэм, къыщалъхуа щIыналъэм, кIэщIу жыпIэмэ цIыхухэр зыхуейм, абыхэм ягу щIэгъум, ахэр зыхуэныкъуэм егъэпIейтей, гъащIэр ипэкIэ кIуэтэным, щIэм гъуэгу етыным щIобэн, абы зэран хуэхъухэм щысхьырабгъу имыIэу псалъэ жан, псалъэ шэрыуэхэр яредз.
- УсакIуэм а псор щIилэжьыр адыгэ цIыхущIэм и щхьэузыхьырщ, абы и къэкIуэнурщ, художник иным зэрихабзэу, гурэ псэкIэ зыхищIэу, лIэщIыгъуэм нэ жанкIэ къыпхроплъри, а къэкIуэнур зыхуэдэр дегъэлъагъуф. Ар зыгъэнаIуэр лъэпкъым хуиIэта художественнэ усыгъэхэм я закъуэкъым, атIэ а лъэпкъми абы и щIэблэми яхуэмыфащэ Iуэхугъуэхэр зылэжь цIыхухэм ятритхыхьа фельетонхэми икъукIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ.
- ЩоджэнцIыкIум и фельетон усыгъэхэм фIэкIа ухуейкъым езыр щыпсэуа лъэхъэнэм абы триха цIыху сурэтхэр зэрыIупщIыр икIи зэрыпэжыр кърибгъэлъэгъуэн папщIэ. Ауэ зэманыр кIуэтэху, нэхъри наIуэ къэхъуу хуежьащ нэгъуэщI социальнэ типхэр — цIыхухэр къизымыдзэ, ахэр зыхуей-зыхуэфIхэм зи нэр хуэзыуфIыцI, дэ дыкоммунистщ жаIэу кIэрахъуэхэр зыгъэдалъэ администратор-унафэщI «ткIийхэр».
- Гу хьэлэлрэ псэ къабзэрэ зиIэ лъэпкъ усакIуэр ятеплъэ хъууэ щытакъым апхуэдэ унафэщIхэм. Апхуэдэхэращ 30 гъэхэми, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми Совет властым, социализмэм я щIыхьыр цIыхубэм я пащхьэм щызыгъэлъэхъшар. Публицист ЩоджэнцIыкIум икъукIэ шэрыуэу игъэпса «КIэрахъуэшхуэ» фельетонымкIэ къыджеIэ апхуэдэ цIыхухэм я сэкъатыр: жаIэ псалъэмрэ ялэжь Iуэхумрэ зэрызэтемыхуэр.
- Хэт кIэрахъуэжьу гъущI бзаджэр
- ЛIыхъужь дамыгъэу зезыхьэр,
- Пщы хьэщIэжь хабзэу,
- ди губгъуэм
- Зыщигъэбэгыурэ зеджадэр?
- Хэт кIэрахъуэжьым теуIуэу,
- ЗигъэпсчэуIуурэ пагэжьыр,
- Зи шы лъэрыгъыр яубыду
- Ирагъэпсыхмэ гуфIэжыр?
- Апхуэдэ лIыхэр зыщIэкъур:
- Ныбэм къыхуэщтэр ишхын,
- Пшынэ зыщеуэм, ефауэ,
- И кIэрахъуэжьыр щыуэн…
- … Пшэ зэранщIакIуэ хьэсэбгъум
- Къытехуэразэр трекI,
- КIэрахъуэжь хьэлъэкIэ нэмыси
- ЗыхуезыгъэщIри IурекI!
- Ди лъэпкъ усакIуэшхуэм теухуа тхыгъэр духыну дыхуейт мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ.
- Алий и гупсысэ псынэм нобэр къыздэсым къыщIэдмыгъэлъащэу къекIуэкIащ. Ауэ иджыри апхуэдэу кIуэмэ, мыгувэу дыщIегъуэжынщ. Сыту жыпIэмэ, усакIуэ лъапIэм и творчествэр къэхутэным ехьэлIауэ гъунэ зрамылъа лъэныкъуэ куэд иджыри щыIэщ. А къэхутэныгъэхэм яIэну унэтIыныгъэ псоми дэ и гугъу тхуэщIынкъым, шэч зыхэмылъыр журналистикэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ публицистикэм и мардэхэм ит абыхэм яхэтын зэрыхуейрщ.
- Адыгэ щIэблэ къыдэкIуэтейм ноби арэзы укъищIу ябгъэдэлъкъым икIи ящIэркъым ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ и усыгъэ щыпкъэхэмрэ. Ахэр адыгэ лъэпкъым нэсу ябгъэдэлъхьэныр псоми ди зэхуэдэ Iуэхущ.
- БЖЭНЫКIЭ Мухьэб,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист,
- филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
- 2015 гъэ
- Гуимыхуж махуэхэр
- Япэ зэIущIэ
- Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм щапхъэу ягъэлъагъуэу дэт школым и унафэщIу сылажьэрт 1934 гъэм. Школыр инт, нэхут, Iэхуитлъэхуитт. Абы хэтт щIалэгъуалэм я школри. Ари сэ къызэгъэбыдылIат. КIэщIу жыпIэмэ, еджапIитIми сэ сраунафэщIт.
- Школым егъэджакIуэ гуп зэкъуэт щылажьэрт. Сэ хуабжьу сригушхуэрт абы. Ебгъаджэ цIыкIухэм я бзэр фIыуэ умыщIэу абыхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэплъхьэфынукъым. Ар къызгурыIуа нэужь, адыгэбзэр зэзгъащIэу щIэздзащ, ауэ гъэ еджэгъуэр иухырти, сызэрыхуейм хуэдэу сехъулIэртэкъым: куэд зэфIэзгъэкIын, куэдым сынэсын хуей хъурт.
- Накъыгъэ мазэм и япэ махуэхэм ящыщ зым уэзджынэр къеуэри, цIыкIухэр классым къызэрыщIэхащ. Пионер цIыкIухэм я Iэтащхьэмрэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым еджакIуэхэм яхэтыну зи къалэн егъэджакIуэмрэ щIыбым щIэкIри, адрейхэр егъэджакIуэхэм я пэшым дыщIыхьэжащ. СтIолым лIы мыцIыху гуэр бгъэдэст, егъэджакIуэхэм я урок сызыщIэсахэр зэрыстха журналым еплъу. Дыкъыщилъагъум, къэтэджри къыдбгъэдыхьащ. Дэ дызэрыцIыхуащ. Ар Бахъсэн районым щIэуэ инспектор-методисту къагъэкIуа ЩоджэнцIыкIу Алийт.
- Дэ зыкъомрэ дызэпсэлъащ. Алий школ Iуэхум куууэ хищIыкIыу къыщIэкIащ. Ди деж лэжьыгъэр зэрыщыгъэувам щыгъуазэ зыхуищIащ, си гукъеуэм щIэдэIуащ, си упщIэхэм дахэу, щабэу, Iэдэбу жэуап къаритыжащ, егъэджакIуэхэм я планыр къипщытащ. Ахэр зэфIигъэкIа нэужь, урок зыбжанэм щIэсащ. Псом хуэмыдэу Алий фIэфIт адыгэбзэ урокхэм щIэсын.
- А махуэм ар щIэсащ 1-нэ, 3-нэ классхэм. ПщэдджыжьыкIуэ цIыкIухэм еджэныр яухри зэбгрыкIыжащ. Алий етIуанэ махуэм къэкIуэну жиIэри щIэкIыжащ.
- ЕтIуанэ зэIущIэ
- Алий пцIы иупсакъым. ЕтIуанэ махуэм, накъыгъэм и 12-м, къакIуэри дерситIым щIэсащ. ИтIанэ къуажапщэм дэт школым дыкIуэну дежьащ.
- Бахъсэн Iуфэ дыIуту дыдокIуей. Алий адыгэбзэкIэ усэ къоджэ. Абы и бзэр къабзэт, дахэт, шэрыуэт. Усэ къеджэн щегъэтри, тэлайкIэ щыму докIуэ. Сэ сыхуейт Алий усэ къеджэну. Си гурылъыр къищIа нэхъей, абы усэ къеджэн щIедзэж — Пушкинымрэ Лермонтовымрэ я усэ. Ахэр гум дыхьэрт, псэм едэхащIэрт, уагъэпIейтейрт. Сэ а усэхэм куэдрэ седэIуат, ауэ а дакъикъэхэм хуэдэу зэи сагъэпIейтеякъым.
- Гу лъыдмытэу школым дынэсащ. ЕгъэджакIуэхэр гуапэу къытIущIащ. Алий дерсхэм щIэсащ, егъэджакIуэхэм епсэлъылIащ. Дыкъыщежьэжым абыхэм яжриIащ пщыхьэщхьэ сыхьэтихым методическэ зэIущIэ зэрыригъэкIуэкIынур. Школым дыкъэсыжри, Алий езгъэблэгъащ шэджагъуашхэ езгъэщIыну.
- Ар псэлъэгъу гъэщIэгъуэнт. УзыIэпишэрт, удихьэхырт. Ар ущигъусэм деж гу лъыптэртэкъым зэманыр зэрыкIуэм. Алий жыхуиIа сыхьэтихыр псынщIэу къэсащ. Школым и егъэджакIуэхэр къытпэплъэу щыст. Класс гуэрым дыщIыхьэри, Алий зэIущIэр къызэIуихащ. Ар зытеухуар гъэ еджэгъуэр зэраухырт, абыхэм ядегъэкIуэкIын хуей (абы щыгъуэ экзамен ятыртэкъым) гъэунэхуныгъэхэрт. ЗэIущIэм егъэджакIуэ куэд къыщыпсэлъащ.
- Алий зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ абыхэм я лэжьыгъэм фIыуэ хэлъми, яIэ ныкъусаныгъэхэми, ахэр гъэзэкIуэжын папщIэ лэжьын хуейхэми. Алий и чэнджэщхэм гупсысэ куу хэлът, щIэныгъэкIэ гъэнщIат.
- ЗэIущIэр куэдрэ екIуэкIащ — ар щиухар пщыхьэщхьэрщ. Ауэ кIуэжыну пIащIэртэкъым абы щIэсахэр. Алий къаухъуреихьауэ псалъэхэрт, Iэджэми щIэупщIэхэрт. Мыдрейми жэуап яритыжырт Iэдэбу, зэпIэзэрыту.
- Алий зэIущIэм хэта псоми фIыщIэ яхуищIри, къызбгъэдыхьащ, лъэныкъуэкIэ сыIуишри къызжиIащ си лэжьыгъэр и гум зэрырихьар, чэнджэщ щхьэпэ зыбжанэ къызитри ежьэжащ.
- Сэ Алий къызэрысщытхъуар си гуапэ хъуащ икIи абы дэрэжэгъуэ къысхилъхьащ. Си закъуэкъым апхуэдэ гурыщIэ зыгъэвар. Ди школым и егъэджакIуэ псоми псалъэ ятащ Алий и чэнджэщ Iущхэр къагъэсэбэпу гъэ еджэгъуэр фIы дыдэу яухыну.
- КРАШЕНИННИКОВЭ Раисэ.
- МЫСАЧЭ Пётр
- Ди Алий
- Хэт и унагъуэ сэ сихьами,
- ЖаIэу зэхэсхыр уэ уи гугъущ,
- Уэ зым фIэкI зауэм имыхьами —
- Ар гуауэу лъэпкъым хурикъунщ.
- Ди къуршыпс псоми я тхьэмадэу,
- Уэ фIыуэ плъагъуу уи Бахъсэн,
- КъысфIощI и макъкIэ пхуэжумарту
- Сыт щыгъуи фIэфIу пхуэусэн.
- Гурыхьщ Бахъсэным и уэрэдыр –
- СедаIуэ пэтми, зызмыгъэнщI,
- Уи хьэлщ дэслъагъури а псы уардэм —
- Абы уэ сыткIи узогъэщхь:
- Абы и ткIуэпсхэм ядз нэхугъэр
- Уи лъахэ-анэм и дыгъэпсщ,
- Апхуэдэущ уэри — уэ уи тхыгъэр
- ФIыгъэм зи лъэпкъыр хуэзыгъэпсщ.
- Хэт и унагъуэ сэ сихьами,
- ЖаIэу зэхэсхыр уэ уи гугъущ.
- Уэ зым фIэкI зауэм имыхьами —
- Ар гуауэулъэпкъымхурикъунщ.
- ЩАУЭЖЬ Сэлим
- Сэ схулъэкIатэм
- Уи гъащIэр мащIэу щытами,
- МыкIуэдыжынхэр уи тхылъщ.
- Ажалыр уэркIэ пIэщIами,
- ЦIыхубэм я гум ухэлъщ.
- Налкъутналмэсу уи тхыдэр
- Ущалъхуа хэкум щыблащ.
- Хьэзаб псэукIэу гъэ кIуахэр,
- Уи бзэм къиIуатэу бгъэщIащ.
- ХъуэпсапIэу гъащIэм щыуиIахэр
- Ди нобэм нахуэ ищIащ.
- Мадинэ сымэ я шыпхъухэр
- Уафэм хъыринэ щещIащ!
- Упсэущ, ди къуэшу Алий,
- Иджыри уэ упэрытщ.
- Фэеплъ псалъэфIхэр, Алий,
- Пхуатхауэ тхылъхэм ярытщ!
- Сэ схулъэкIатэм, усакIуэр
- Уэгу лъагэм IэгукIэ уисхьэнт.
- Гущэ хъыринэу гъуэлъыпIэр
- Мазэ къуапитIым пхуисщIэнт.
- Сэ схулъэкIатэм, пшынэбзэр
- Си гуапэу пIурыслъхьэжынт,
- Ди гъащIэ дахэу тхуэгъагъэр
- УэрэдкIэтхуэпIуэтэжынт.
- Ноби къытхуоблэ
- АЛИЙ… Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а цIэм ирипагэр. Ар дэри, Адыгейм и гуащIэрыпсэухэми, ди Алийщ. Ар я Алийщ усыгъэр фIыуэ зылъагъуу ди къэралыгъуэшхуэм ис псоми.
- АЛИЙ… А цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щылъапIэщ, Адыгейм Теучэж Дзыгъуэ, Хьэткъуэ Ахьмэд сымэ я цIэхэр зэрыщылъапIэм ещхьыркъабзэу.
- АЛИЙ… А цIэр щыжытIэкIэ ди нэгу къыщIохьэ а цIыхур къызыхэкIа адыгэ лъэпкъ уардэр.
- АЛИЙ… А цIэм пыщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху телъыджэхэм, и къуршыпс уэрхэм, и къурш уардэхэм я цIэхэри. Алий и цIэр щыжытIэкIи а псор тлъагъуу къытщохъу.
- АЛИЙ… И цIэр зэхэсх къудей мыхъуу, абы и щхьэри слъэгъуащ сэ. Щыслъэгъуар 1936 гъэм и кIэхэрщ. А гъэм Адыгейм и тхакIуэхэм я япэ съезд екIуэкIырт. А зэIущIэшхуэм кърихьэлIат адыгэ псоми фIыуэ тлъагъу, Кавказ Ищхъэрэ псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ усакIуэшхуэр. Абы съездым щыжиIа псалъэ гуапэхэр ноби си тхьэкIумэм ит хуэдэщ. Ар зэрыцIыху акъылыфIэр белджылыуэ къыхэщырт абы и псалъэхэм. ТхакIуэм и къалэным щытепсэлъыхьым абы жиIа псори сэ иужькIэ къыхэзгъуэтэжауэ щытащ езым и тхыгъэ гъуэзэджэхэм. Абыхэм уадэплъейуэ, зэрыплъэкIкIэ ахэр щапхъэ зыхуэпщIыныр дэтхэнэ зы адыгэ тхакIуэм дежкIи зэрынасыпышхуэр къызгурыIуащ.
- Алий и тхыгъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ ди дежи. Литературэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэр. Школхэм щадж абы и усэхэр, и Iуэтэжхэр, поэмэхэр. ЩоджэнцIыкIум и «Мадинэ», «Къамботрэ Лацэрэ», нэгъуэщI тхыгъэхэми къытращIыкIа спектаклхэр ди радиомрэ телевиденэмрэ куэдрэ щагъэув. Ауэ ди цIыхухэм дежкIэ ахэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ, абыхэм къащIэупщIэ, къащIэлъэIу щыIэ зэпытщ.
- СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэрашэ Тембот, ди тхакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Лъостэн Исуф сыми, нэгъуэщIхэми фIыуэ яцIыхуу щытащ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абыхэм ноби фIыкIэ ягу къагъэкIыж Алий, зыжьэуи жаIэж абы цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъар, псэ дахэрэ гу къабзэрэ зэриIар.
- Апхуэдэщ ди Алий. Адыгэ литературэм, ди усыгъэм нобэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ псомкIи фIыщIэ ин бгъэдэлъщ Алий. Си щхьэкIэ, си лъэпкъым сыт хуэдэ тхыгъэ тыгъэ хуэсщIми, абы ЩоджэнцIыкIу Алий и фIыщIэ хызолъагъуэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, литературэм и гъуэгум сыщытехьэм гъуазэу, хъуэпсапIэ лъагэу сызыхуэплъэу щытахэм ящыщщ Алий и усыгъэм къыхэлыдыкI нэхури.
- Зи цIэри зи щхьэри нэхуу щыта а цIыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури, цIыхум и нэр къэплъэху.
- ЖАНЭ Кърымызэ.
- Мейкъуапэ. 1980 гъэ
- Си гущIагъщIэлъ сатырхэр
- Илъэс 40-м щIигъу ипэкIэ Москва театр институт дыщIэсу дэ, адыгэ студием щыщхэм, цIыхугъэ тхуэхъуауэ щытащ а IэщIагъэ дыдэм хуеджэну Къэбэрдейм никIа щIалэ, хъыджэбз гуп. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дызэщыгуфIыкIащ. Дызэныбжьэгъунуи, дызэдэIэпыкъунуи дызэгурыIуащ. Зы тхылъи къызатауэ щытащ. Ар абы лъандэрэ си Iэпэгъуу гъащIэм къыщыздекIуэкI тыгъэ лъапIэ дыдэу къыщIэкIащ. Иджыри къэс ар си стIолым текIыркъым. Зи гугъу сщIыр дуней псом адыгэу тетыр дызэрыгушхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсарт.
- Къэбэрдей студием щеджэ си къуэш къэзгъуэтыжахэр езыхэм я лъахэм иIэпхъукIыу Адыгейр псэупIэ зыщIа Блашэ-Псынэ икIа сэ къыздэIэпыкъуащ си анэдэлъхубзэм щыщу хьэрф си мынэIуасэхэр зэзгъэщIэнымкIэ. Ахэр сэ къысхуеджащ си бгъэм къипкIыным хуэдэу си гур ину къезыгъэуа «Нанэ» усэм.
- Сэ Адыгейм сыкъыщыхъуауэ, сыщапIауэ, адыгеибзэм седжауэ икIи ар фIыуэ слъагъуу щыт пэтми, си къуэпс Къэбэрдейм щызекIуэ си анэдэлъхубзэ IэфIыр иджыри къэс зэрызмыщIар, абы и литературэм сызэрыщымыгъуэзар сигу къеуащ. Псом хуэмыдэу си гум хыхьар, иджыри зэ къытызогъэзэжри, «Нанэрщ». Абы щхьэусыгъуи иIэт…
- Сэ, фызабэкъуэм, зэпымыууэ сигу илът къуажэм къыдэзна си анэ закъуэр. Абы хуабжьу сыхуэзэшырт, сыкъыщыкIуэжыну пIалъэр къысхуэгъэсыртэкъым. Си анэм сэ къалэ жыжьэм сыщIиутIыпщари зауэм щыдэкIым ди адэр уэсят папщIэу къелъэIуати арат: «Ди къуэр егъаджэ, щIэныгъэншэу къыумыгъанэ, а зырщ си лъэIур».
- Иджы сэ си гъащIэр ЩоджэнцIыкIу Алий Истамбыл къалэжьым къритхыкIым езгъапщэрт, зэщхьыныгъэ гуэрхэри хэслъагъуэрт. Аращ а усэр, сэ занщIэу гущIагъщIэлъ щIысхуэхъуар. А жэщ дыдэм сымыжеижу усэр, гугъу лъэпкъи сыдемыхьу, гукIэ зэзгъэщIащ.
- Хьэуэ, сэ Алий ещхьу бэлыхьышхуэ сыкъыхэхутатэкъым. Ди къэралым и щыхьэрым и еджапIэ нэхъыщхьэ зыкъизыххэм ящыщ зым сыщIагъэтIысхьат, схурикъун ахъши къызатурэ срагъаджэрт. СыздэкIуэжыну си лъахэри къыспэплъэрт. АрщхьэкIэ Алий а усэр щитха зэманым и ныбжьыр зэрыта илъэс 17-м сэри ситт икIи хуабжьу зыхэсщIэрт куэд зи фэ дэкIа си анэ тхьэмыщкIэр къызэрызэжьэр, абы жэщхэр хуэмыгъакIуэу зэрызигъэкIэрахъуэр. Мис аращ усакIуэ уахътыншэм и сатырхэр си лъым хэзыгъэхьар.
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэ иужькIэ ЩоджэнцIыкIум и IэдакъэщIэкI псоми седжащ, иджыри соджэ, сыпсэухукIи ахэр къыздэгъуэгурыкIуэнущ, ауэ «Нанэм» пэсщIын абыхэм яхэткъым.
- Япэ курсыр къэзухыу къуажэм сыщыкIуэжам школым сыщезыгъэджахэри, щIэныгъэм хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэри япэу зыщызгъэгъуэзар «Нанэр» арат. Си анэм а усэм сыкъыщыхуеджэкIэ, и нэпсхэр щIилъэщIыкIырт, си щхьэм къыдилъэрт и Iэхэр. Ар иджыри IэфIу си гум илъщ.
- Артист IэщIагъэ сиIэу ди драмтеатрым сыщылэжьэну, си гъащIэ псор лъэпкъ гъуазджэм щхьэузыхь хуэсщIыну къыщызгъэзэжам радиом сыкъыщыпсэлъауэ щытащ, гугъу къыздехьауэ щытахэм, сыкъэзылъхуа си анэм фIыщIэ яхуэсщIу, си псалъэри зэрызухар «НанэмкIэщ»…
- ГъащIэр хьэлэмэту зэхэлъщ. Илъэс тIощI гуэрхэмкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым кхъухьлъатэм дитIысхьэмэ, сыхьэт бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу дунейм и щIы- пIэ куэдым текъухьа ди лъэпкъэгъухэм ящыщхэр тлъагъуну. Арати, илъэс 11 ипэкIэ адыгэ псоми я лIыкIуэхэр Тыркум щызэIущIат. Си насып къихьри, а зэхыхьэшхуэм сыщыIащ. Истамбыл гъуэгум сызэрытехьэм, си лъэпкъэгъухэр, си къуэшхэр, си шыпхъухэр зэрыслъагъунум сыщыгуфIыкIыу сыкIуащ. Си гур бгъэгум къикIыным хуэдэу къеуэрт, Истамбыл и Адыгэ Хасэм и пащхьэм сыкъыщихутам. Зэуэ си нэгу къыщIыхьащ игъащIэм сымылъэгъуа си къуэш нэхъыжь Алий икIи абы и усэ цIэрыIуэр щабэу къезгъэжьащ.
- Уэ пщIэрэ уи щIалэ цIыкIур
- Хы Iуфэм щепэзэзэхыу,
- ЩIыпIэ хамэм анэ-адэншэу
- Къуршыжьхэм ар
- къахуэбанэу?..
- Артист макъым зеIэт, илъэс куэд хъуауэ сызыгъэпIейтей сатырхэр къызжьэдолъэт:
- ЩыIэкъым мыбы зы махуи
- Iуащхьэмахуэ сигъэлъагъуфу,
- ЩыIэкъым мыбы зы ани,
- Нанэ, уэщхьу Iэ
- къыздилъэфу…
- СымыщIэххэу, си нэпсхэр къыщIож. Сатыр уахътыншэхэр зи гум хыхьа къызэдаIуэхэми я нэхэр нэпсым зэщIищтащ.
- Умыдзыхэ, си нанэ дыщэ,
- ЛIы ищIынщ уи къуэр
- IэштIымым,
- Зэман кIэщIкIэ ар
- нэкIуэжынщи,
- Щыплъэжынщ Бахъсэн аузым!
- Къеджэн сухащ, ауэ къызэдаIуэхэр мыбэуэж хуэдэт, щымт. Сэ сщIэжыркъым апхуэдэу куэдрэ щытами, ауэ зэуэ Iэгуауэ макъышхуэм сыкъыхишыжащ сызыхэхуа гупсысэхэм. Сыкъыдэплъеймэ, слъагъур телъыджэт: хэти гъырт, хэти гуфIэрт, хэти и макъ къызэрихькIэ къэгуоут: «Упсэу! Упсэу! Упсэу!»
- Ар си дежкIэ гуимыхужщ.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и IэдакъэщIэкI мыкIуэдыжынухэр адыгэхэм игъащIэкIэ къыддэгъуэгурыкIуэнущ. Ахэр ди лъэпкъым и гъуэгугъэлъагъуэ уахътыншэщ.
- МУРАТ Чэпай,
- Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ я артист,
- Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист.
- Мейкъуапэ къалэ